Сабий къалъхуагъащIэхэр зыпхуемыгъэсэн щыIэкъым

Ибукэ Масару 1908 гъэм мэлыжьыхьым и 11-м Токио километрищэкIэ пэIэщIэ Ник­ко къалэм къыщалъ­хуащ. Электростанцым инженеру щылажьэ абы и адэм машинэ къыжьэхэуэу, щIалэ цIыкIур  зеиншэ щыхъуам, илъэситI фIэкIа и ныбжьтэкъым. Масару и анэм щIалэ цIы­кIур и гуащэ-тхьэмадэм къахуигъанэри езым унагъуэщIэ иухуэжат. Адэшхуэ-анэшхуэм лъэпкъ хабзэхэм щIапIы­кIа сабийм зэрыцIыкIурэ фIэ­хьэлэмэтт Iэмэпсымэхэр зэ­рызэпкърылъ щIыкIэр.
Курыт еджапIэр къиуха­ нэужь, Масару Вэсэдэ университетым и электротех­ническэ факультетым щIотIысхьэри фIы дыдэу що­джэ, къыдеджэхэм «гений-IэщIагъэлI» къы­фIащауэ. 1933 гъэм университетыр къэзыух ныбжьыщIэм и диплом лэжьыгъэм Париж щекIуэкIа гъэ­лъэгъуэныгъэм саугъэт къыщихьауэ­ щытащ. 1933 - 1936 гъэхэм Масару щы­лэжьащ сурэтымрэ макъымрэ зытх Iэмэпсымэхэм щелэжь фотохимичес­кэ IуэхущIапIэм. 1946 гъэм Ибукэ зрегъэцIыху япон физик цIэрыIуэ Моритэ Акио. Абыхэм яку къыдэхъуа зэ­ныбжьэгъугъэм и Iэужьщ зэман дэкIа нэужь «Sony» фIэщыгъэмкIэ дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа фирмэр. Магнитофонхэр, япэ дыдэу дунейм къытехьа сурэттех лIэужьыгъуэ­щIэ­хэр, CD-Iэмэп­сымэхэр, ­ноутбукхэр, ма­къым зэредаIуэ тхьэкIумэIулъ­хьэхэр, дискхэр, кIэ­­щIу жыпIэмэ, ди но­бэрей гъащIэм хэмыту къызыфIэдмыгъэщIыф нэ­гъуэщI Iэмэп­сымэ куэди къы­щIигъэкIырт а фир­мэ лъэрызехьэм. Ибу­кэщ зыунэтIар Iуэху­щIапIэр зытемыкIыну гъуэгур:­ «Дэ­ хабзэншагъкIэ зэи мылъку­ хьэрэм зэтхьэлIэнукъым. ЦIыхухэм я сэ­бэп­ къызэрыкIын Iэмэпсымэхэм ди къа­ру къызэрихькIэ делэжьынущ. Къы­щIэдгъэкI Iэмэпсымэхэр механическэрэ элект­роннэкIэ дымыгуэшу, ди щIэныгъэр зэуэ лъэныкъуитIми къы­зэ­рыщысэбэпынум ды­хущIэкъунущ. Къыддэлажьэ IуэхущIапIэхэр я щхьэ хуитыжу, ди зэпыщIэныгъэхэр едгъэфIакIуэ зэпыту щытынущ. Ди лэжьакIуэхэр я­ Iэзагъымрэ хьэл-щэнымрэ елъытауэщ­ къызэрытщтэнур. Ди лэжьапIэм мы­хьэнэ зимыIэ IэнатIэ хэтынукъым. Ди лэжьакIуэхэм яхузэфIэкIым къыпэкIуэу ахъшэ саугъэтхэр яхуэтщIынущ, ди къаруи деблэжынукъым, абыхэм я псэукIэр едгъэфIэкIуэн папщIэ».
«Илъэсищ ирикъуамэ - гуващ» тхы­лъыр Ибукэ сабий цIыкIу дыдэхэм я гъэ­сэныгъэм триухуа тхылъщ. ТхакIуэм къызэрыхигъэщымкIэ, ар езым и гуны­къуэ­гъуэр щхьэусыгъуэ зыхуэхъуа лэжьыгъэщ: Масару и щIалэ нэхъы­жьым и узыншагъэр иригъэфIэкIуэн папщIэ, гъэсэныгъэ Iуэхухэм куууэ хэт, дунейм щыцIэрыIуэ япон шы­кIэпшынауэ (скрипач) Сузуки Шиничи чэнджэщэгъу ищIат. Абы ижь къызэрыщIи­хуар и лъаб­жьэщ Ибукэ «ЗэчиифIэхэр щагъа­сэ» школ къызэрызэ­Iуихами «Сабийм па­сэу зыщрагъэужь зэгухьэныгъэ» Японием къызэрыщызэригъэпэщами.
Зы щIалэрэ хъыджэбзитIрэ иIэу, илъэс пщIейрэ ебгъуанэм иту Ибука Масару 1997 гъэм дыгъэгъазэм и 19-м Токио дэт и унэм дунейм щехыжащ. Нобэ тыдодзэ  нэхъ пасэу зи гугъу фхуэтщIа «Илъэсищ ири­къуамэ - гуващ» тхылъым щыщ Iыхьэхэр.

Ибукэ  Масару

Илъэсищ ирикъуамэ - гуващ

ЦIыкIухэр сабий садым гъэсэн щыщIэбдзэныр кIасэIуэщ

Хэти ищIэж къыщIэкIынщ школым щыщIэсым щыгъуэ, я клас­сым псоми япэ ищыныр зыкIи къы­зытемыхьэлъэ, адрейхэм къа­хэжаныкI еджакIуэ зэрыщIэсар. Апхуэдэ дыдэу гупым яхэст сыт хуэдизу емыIэми, «емы­джэфхэм» къахэмыкIыф еджакIуи.
Сэ школым сыщыщIэса­ зэманым егъэджакIуэхэм ды­зэ­рытрагъэ­гуш­хуэ хабзэу щы­тар мы пса­лъэ­хэмкIэщ: «Губзыгъагъри акъылыншагъри цIыхум къыдалъхур­къым, псо­ри зэлъытар уэ узэ­ры­зэлIэлIэжырщ». ИтIани си нэгу щIэкIым IупщIу къигъэлъагъуэрт «отличник»-р сыт щыгъуи зэры-отличникыр, «емыджэфыр» сыт щыгъуи зэремыджэфыр. Акъы­лым и Iуэхум ухэмыIэбэфыну къыс­фIэщIырт. Дауэт гу зэ­рылъумытэнур апхуэдэ зэ­щхьэ­щыкIыныгъэш­хуэм?!
Иджы сызыхуэкIуа гупсысэращ: цIыхум бгъэдэлъ Iэзагъри хьэл-щэн­ри узыхэмыIэбэфыну щыткъым, абыхэм я нэхъыбэр ныбжь­ гуэрым диту зыхыдолъхьэ. Куэд щIауэ зодауэ: цIыхум псори къыдалъхурэ, хьэмэрэ бгъэдэлъ хьэлымрэ щIэныгъэмрэ гъэсэныгъэм е егъэджэныгъэм елъыта? Нобэр къыздэсым а зэдауэхэм жэ­уап пыухыкIа езытыфын теорие нэгъэса щыIэкъым. Щхьэ куцIым и лэжьэкIэм теухуа къэхутэныгъэ­хэмрэ сабийм дэплъагъумрэ уи фIэщ ящI акъылым пасэу зебгъэужьыным и щэхур щхьэ          куцI налъэхэм уэру зыщаужь япэрей илъэсищым зэрыщыгъэпщкIуар. «Гений хьэзыруи» «акъылыншэ дыдэуи» зы сабий къалъхуркъым. Псори зэлъытар япэрей илъэсхэм щхьэ куцIыр зэрагъэлажьэ щIыкIэрщ. Абы хиубыдэр сабийр дунейм къы­щытехьам щегъэжьауэ япэрей илъэ­сищырщ. Гъэсэныгъэр са­бий са­дым щыщIэбдзэну кIа­сэIуэщ.

Дэтхэнэ сабийри фIыуэ еджэфынущ, псори зэлъытар зэрырагъаджэ Iэмалырщ

Тхылъеджэм фIэгъэщIэгъуэ­нынкIи хъунщ сэ - инжене­рым, IуэхущIапIэ абрагъуэм­ и президентым, цIыхур пасэу гъэ­сэн щIэдзэн зэрыхуейм и Iуэху зесхуэн щIы­щIэздза щхьэу­сыгъуэхэр. Абыхэм я зы Iыхьэр цIыхубэм епхащ: сэ­ къысфIэмыIуэхуу щыткъым­ но­бэрей ди щIалэгъуа­лэм­ къи­гъэхъу Iэуэлъауэхэр. СызоупщIыж: сыт хуэдизкIэ нобэрей егъэджэныгъэр къуан­шэ а щIалэхэр гъащIэм зэрыхуэмыарэзымкIэ? Си щхьэ­кIи щхьэусыгъуэ схуэхъуа гукъеуэ си­Iэщ: си сабийр акъылкIэ и ныбжь­хэм ялъэщIыхьэртэкъым.
Си къуэр цIыкIуху, пэжу ебгъаджэу щытми, абы адрейхэм хуэдэ цIыху еджа къыхэкIыну си фIэщ хъуртэкъым. Си нэр къэзыгъэплъэжар Сузуки Шиничи профессорырщ. Абы жеIэ: «Сабий къыкIэрыхуа щыIэкъым - псори зэлъытар зэрыра­гъаджэ Iэмалырщ».
Сузуки «ЗэчиифIэхэр зэрагъа­сэ» зыфIища Iэмалым и фIыгъэ­кIэ къехъулIахэр, цIыкIунитIэхэр шы­кIэпшынэ (скрипкэ) зэрырагъауэр япэу щыслъагъум, адэм и пщэрылъым ипкъ иткIэ, си сабийр и чэзум бгъэдэслъхьапхъэм зэрыхэзгъэкIыжам сыхущIегъуэжат.
Япэ дыдэ студент ныбжьы­щIэ­хэм къагъэхъей зэрызехьэ­хэм я щхьэусыгъуэр зэхэзгъэкIыну сы­щыхуежьэм, си фIэщу егъэ­джэныгъэм и мыхьэнэм сегуп­сысурэ зыгурызгъэIуэну сыхэтащ ди зэхэтыкIэм апхуэдиз игъуэджэрэ мыарэзыныгъэрэ къыхэзыхьэр. Япэ­щIыкIэ сигу­ къэкIащ игъуэ­джэр университетым ирит щIэныгъэм къы­хэкIыу. АрщхьэкIэ нэхъ­ куууэ сыхэгъуэзэху, гу лъыстащ ардыдэм курыт еджапIэми узэ­рыщыхуэзэм. ИтIанэ пэщIэдзэ­ школми сеплъащ. ИкIэм сызы­хуэкIуаращ: сабий садым кIуэн щIэзыдза сабийр бгъэсэжыну ухуежьэмэ, укъыкIэры­хуа­уэ аращ. Зэ­рымыщIэкIэ а си гупсысэр профессор Сузукирэ абы и лэжьэгъухэмрэ зэрахуэ Iуэхум епхауэ къыщIэкIащ.
Сузуки и метод гъуэзэджэр илъэс щэщI хъуауэ къегъэ­сэ­бэп. ИпэкIэ абы къекIуэкI хаб­зэ егъэджэныгъэ Iэмалхэм­кIэ пэщIэдзэ классхэмрэ еджа­кIуэ нэхъыжьхэмрэ иригъа­джэу щытащ. Профессорым гу лъитащ еджакIуэ нэхъыжь­хэм я деж еджэфхэмрэ емы­джэфхэмрэ егъэлеяуэ зэры­щы­зэщхьэщыкIыр. Арати, абы япэщIыкIэ мурад ещI сабий нэхъыщIэхэр иригъэджэн щIи­дзэну, итIанэ - нэхъ цIыкIухэр. Профессорыр хуэм-хуэмурэ хуэ­кIуащ нэхъыщIэ дыдэхэр иригъэджэным. Сузуки сабийхэр шыкIэпшынэ еуэкIэ щIригъасэр езыр шыкIэпшынауэти арат. А Iэмалыр егъэджэныгъэм и къу­дамэ псоми къыщыбгъэсэбэп зэрыхъунур къыщызгурыIуэм, сэри «сабийхэр пасэу егъэджэн» Iэмалым нэхъ куууэ селэжьын щIэздзащ.

«Сабийхэр пасэу егъэджэн» Iэмалым абыхэм цIыхушхуэ къахищIыкIын мурад иIэкъым

ЦIыхухэр куэдрэ къызоупщI: сабийм пасэу зебгъэужьмэ, абы «гений» къыхэкIыну? Жэ­уап язот: «Хьэуэ!» Акъыл куу­рэ Iэпкълъэпкъ узыншэрэ къе­зытын щIэныгъэ хыуп­щэу, цIы­хуфI­рэ акъылыфIэу къэб­гъэ­хъун щхьэкIэщ сабийм пасэу зегъэужьын щIыхуейр.
ЦIыху къэс къыдалъхуауэ IэпкълъэпкъкIэ щыщIэныгъэ имыIэмэ, нэ­хъыбэр зэхуэдэщ. ИужькIэ сабийхэр делэрэ губзыгъэу, еудыхарэ бзаджэу щIы­зэ­хадзыжымкIэ къуан­шэр гъэсэныгъэращ. Дэтхэнэ зы сабийми и чэзум хуэфащэ гулъытэ, щIэныгъэ игъуэтмэ, абы цIыху Iущ, зэпIэзэрыт къыхэкIынущ.
Сэ сызэреплъымкIэ, цIыкIунитIэм пасэу зегъэужьын щIэ­дзэн щIы­хуейр сабий насыпыншэ щымыIэн папщIэщ. Ар макъамэ дахэ щIрагъэдаIуэр, хьэмэ шыкIэпшынэ щIра­гъауэр абы макъамэтх гъуэ­зэджэ къыхащIыкIын папщIэкъым. Хамэбзэ щIрагъащIэри ар бзэ щIэныгъэлI ящIын щхьэкIэкъым, уеблэмэ «садикыфIым» кърагъэщтэн му­радкIэкъым. Мыхьэнэ зиIэр сабийм къыдалъхуа, гъунэ зимыIэ Iэзагъ зэмылIэужьыгъуэ­хэм гъуэгу­ етынырщ, нэрыбгэ цIыкIум и гъа­щIэми езы дунейми гуфIэгъуэр нэхъ щыбэгъуэн хуэдэу.

Адэр сабийхэм нэхъыбэрэ ядэуэршэрын хуейщ

Балигъ дыхъуа нэужь, куэд­рэ гу лъыдотэ ди бынхэм махуэшхуэ гуэр я нэгу къыщIыхьэжым ещхьу, «папэ и гъусэу» ирахьэкIа сыхьэт IэфIхэр ягу къызэрагъэкIыжым. Уна­гъуэм апхуэдэ куэдрэ къыщы­хъуркъыми аращ абы и щхьэусы­гъуэр. Си къуэ­ нэхъыжьым нобэми ещIэж зэгъусэу тщIа псори: псалъэм папщIэ, зэгуэр кхъуа­фэжьейкIэ хым дызэрытетар, дыкъыщыкIуэжым джэш плъыжь зэрытшхар... Сэ сщIэ­жыххэркъым ар, къыщыхъуар илъэс щэщI ипэкIэщи.
Хабзэ хъуауэ, адэм уна­гъуэм «мыдэн» IэнатIэр щрехьэкI. Ар псо­ри зытетыпхъэм зэрытетыным кIэлъоплъ, махуэкъэс гъащIэм зэ­рыхэIэбэр зэ­зэмызэххэщ. Сабийм и адэр зи чэзу шхыдэгъуэр къыщысым деж фIэкIа имылъагъу­мэ, ар абы хамэу, зыгуэр къыщы­хъуам деж къраджэ дохутырым ещхьу къыфIэщIынущ. Хамэгу-ха­мащхьэу къэхъу сабий зыгъэгусэрейм адэр фIыуэ илъагъуу къыщыщIэкIыр закъуэтIакъуэххэщ. Адэ ткIийм игъэса сабийм «гений» къыхэкIыу цIэрыIуэ хъунри хэлъщ, ауэ ар хьэлыншэрэ еудыхыгъуафIэу къэтэджынущ. Мыдрей лъэныкъуэкIэ уеплъми, адэр ефэреймэ, и щхьэгъусэм хуэпхъашэ­мэ, гъэ­сэ­ныгъэ Iуэху зэримы­хуэххэмэ, абы къыщIэхъуэ быныр дэхуэхыпэу щIэп­хъаджащIэ хъункIи хъунущ. Апхуэдэхэри мащIэкъым.

Егъэджэнри гъэсэнри анэм нэхъ къытохуэ

Абы сэ къизгъэкIыркъым адэхэм гъэсэныгъэ Iуэхур зэры­щыту я щуIэгъэхэм я пщэ далъ­хьэн хуейуэ. Щхьэгъусэм ныбжьэгъу пэжрэ дэ­Iэпыкъуэгъурэ хуэхъун - аракъэ лIым и уна­гъуэм ирилъхьэну зы­хуей гъэсэныгъэм гъуэгу езытынур? Унэм унагъуэ узыншэ зыхэхъукI зэхущытыкIэ щыухуэныр анэм и къару за­къуэкIэ зэфIэкIын Iуэхукъым.
Зымахуэ автобусым сису зы унагъуэ гу ялъыстащ. Илъэсищ зи ныбжь хъыджэбз цIыкIур дихьэхауэ и адэм еуэршэрылIэрт. ТIури зытепсэлъыхьым итхьэкъуат. Анэри абдеж дыдэм щытт, зыри зэхимых нэпцI зи­щIауэ, журнал гуэр зэтри­дзу. Гу лъыстэрт адэр уэршэр къу­дей мыхъуу, мыхьэнэшхуэ зи­Iэ Iуэху гуэрым теухуауэ и пхъум­ зэрепсалъэр, мамэр къы­хэIэбэртэкъым. А хъыджэбз цIыкIум бзылъхугъэ те­лъыджэ къызэрыхэкIынур сигу­ къэ­кIащ абдеж. Балигъым зыри къы­зэ­рымыкI уэршэру къыфIэщIым сабийм гурыфIыгъуэшхуэ хех.
Гъэсэныгъэр зэрыщыту анэм и пщэ дэлъу, адэр зэзэмызэ, анэр къыщелъэIум деж фIэкIа хэмыIэбэмэ, унагъуэм шэч къы­тумыхьэжу цIы­хуфIкIэ узэджэн нэрыбгэ щыпхуэгъэсэнукъым. Зэ­ман зэрамыIэри зэрешари щхьэусыгъуэ яхуэхъун ­хуейкъым мамэхэмрэ папэхэмрэ я сабийхэм ядэпсэлъэну.

Сабийхэр нэхъыбэху, нэхъыбэрэ зопсалъэ

Иджырей Японием хабзэ щыхъуащ зэрышагъащIэ­хэр адэ-анэми благъэхэми япэ­IэщIэу щхьэхуэу псэууэ, сабиищ нэхъыби ямыIэу. Сэ унагъуэм сы­щысабий за­къуэт, а зэманым апхуэдэхэр закъуэтIакъуэххэт. Къуэшрэ шып­хъурэ зиIэ си ныбжьэгъухэм се­хъуапсэрт. Сыт щыгъуи сабийхэр хуабжьу щы­зэ­рыгъэкIий, щыджэгу,­ Iэуэлъауэш­хуэ зэрылъ уна­гъуэхэм сихьэным сыхуэпабгъэрт. ГъэщIэ­гъуэнщ япэу унагъуэм къихъуэ быныр фIыуэ яхуэгъасэми, ар гъа­щIэм и фIэщу щыгуфIыкI сабий нэжэгужэ зэрымыхъур. Си ныб­жьэгъу зэ­къуэшищым я курытыр къи­мыкIуэту, игурэ и щхьэрэ зэ­телъу, уеблэмэ хуэбзаджэу щытт, и къуэшхэм и жагъуэ къащI­ми, зэи гъыртэкъым. Сэ си закъуэтэкъым апхуэдэхэм гу лъызытэр.
ИтIани сыт зы адэ-анэм къыщIэхъуа сабийхэр апхуэдизу хьэлрэ зэфIэкIкIэ щIы­зэхуэмыдэр? ЕтIуа­нэри ещанэри япэрей сабийр зэрагъафIэм хуэдэу ягъафIэркъым адэ-анэм, абы къыхэкIыу абыхэм я щхьэ Iуэху нэхъ зэрахуэжыфу мэхъу.
Сабий нэхъыжьым и къэухьым зебгъэужьыну сыт хуэдизу уе­мы­лIалIэми, абы зэи игъуэтынукъым етIуа­нэмрэ ещанэмрэ къызэ­ралъхуу ягъуэт гъусэхэм хуэдэ. Пэжщ, ахэр сытым дежи нэхъыжьым пеуэн хуей мэхъу, ауэ абы и фIыгъэкIэ къа­рууфIэу, гъащIэр я щIэщы­гъуэу    къотэдж. А щытыкIэр нэхъри щы­нэхъ IупщIщ ещанэ, еплIанэ сабийхэм я деж. Ахэр IэпкълъэпкъкIи жану, псэкIи быдэу къыдэкIуэтеину езы гъащIэм ирехулIэ.
Гу лъатащ, псалъэм пащIэ, сабийр шыкIэпшынэм щрагъасэ дерс­хэм кIуэмэ, къуэш е шыпхъу­ щыдеджэкIэ ар нэхъыфIу зэ­ре­джэм. Унагъуэ тхьэмыщкIэхэм къыщыхъуа сабий зэчиифIэхэр ехъулIэ­ны­гъэ лъагэхэм лъо­Iэ­сыф. Адрей щхьэусыгъуэхэм къа­дэкIуэу, ап­хуэдэ сабийм къы­зэрымыкIуэ Iэзагъ къызы­къуихыныр сабий куэд зэрыс, абы и фIыгъэкIэ дэтхэнэ зыми къыдалъхуа фIым тыншу зыщиужь унагъуэм нэхъ къыщохъулIэ.

Адэшхуэ-анэшхуэхэм сабийм и зыужьыныгъэр ирагъэфIакIуэ

Куэдрэ къохъу унагъуэщIэр щхьэ­­хуэу щыпсэум деж,  адэ­ш­хуэ-анэшхуэхэр гъэсэныгъэ Iуэхуми езы унагъуэм и гъащIэ­ми пэIэщIэу къыщынэ, къащы­хэIэбэкIи ар зэ­раныгъэ къэзышэ Iуэхуу щалъагъу. Ди жагъуэ зэрыхъущи, дызэрыт лъэхъэнэм ар хабзэ щыхъуащ. Иныкъуэхэм къафIощI дадэ-нанэхэм сабийр ягъэфIэIуэу IэубыдыпIэншэ ящIу.
Апхуэдэ гупсысэкIэр нэхъ зи хьэлыр зэманым декIуу, щIэуэ къе­жьэр зыIэщIамыгъэкIыу къы­­зыщыхъуж анэхэращ. Сэ соцIыху фэтэр цIыкIунитIэм щIэс унагъуэ, Iуэху ящIу я унагъуэш­хуэм къахэ­кIауэ. Адэшхуэ-анэ­шхуэхэм ядэ­псэу­мэ, я сабийхэр фIыуэ яхуэмыгъэсэну къащохъу абыхэми.
Iэмалыншэу пIэрэ ар, уна­гъуэ узын­шэ бухуэн папщIэ? Сабийхэм я гъэсэныгъэм и ­гугъу пщIымэ, Iуэхум узэреплъщ. Пэжщ, Японием нобэми уащрохьэлIэ нысэхэм чэнджэщ ират хуэдэурэ я щхьэр щIезыгъэхьэ гуащэхэм, япэрей къуэрылъхур ягъэу­дафэрэ унагъуэм ис адрей цIыхухэр къафIэмыIуэхуххэу. Ап­хуэдэ пасэрей хабзэжьхэри кIуэ­дыжакъым. ИтIанэми шэч хэлъкъым ныбжьитI-щы щызэтрихьэ уна­гъуэхэм зыщIыпIи щумыгъуэ­тын фIыгъуэ зэрилъым. Дадэ-на­нэхэращ хабзэ, Iущыгъэ зэхозыгъэлъхьэфынур, ныбжь    зы­б­жанэм я зыхущытыкIэм цIыху гумащIэ уа­мы­щIынкIэ Iэмал иIэкъым. Сабийр сэхъункIэ зэрыхъунур хокIуэдэж абы игъуэтыну лъагъуныгъэм, таурыхъхэм, хъыбархэм, гукъэкIыжхэм, гъащIэр щIэщыгъуэ зыщI нэ­гъуэщI Iуэхугъуэ куэдым къыздахьыну фIым.
Япон щIэныгъэлI Кайэ Сейджи къеIуэтэж и сабиигъуэм нэхъыбэ дыдэу зижь къыщIи­хуар адэшхуэ-анэшхуэрауэ зэ­ры­щы­тыр. Къуажэ тхьэмадэу щыт адэшхуэр апхуэдизкIэ ткIийти, зэрыпсчэу сабийм гъын щигъэтырт. ТкIийт адэшхуэр, ауэ захуэт. ЩIэныгъэлIым и гур илъу, IэпкълъэпкъкIи къарууфIэу къэтэджащ. И гъащIэ псом цыкIуэкIым бгъэдэса и анэшхуэр бзылъхугъэ Iэсэлъа­сэт. Ара къыщIэкIынщ щIалэр тэмакъкIыхь, набдзэгуб­дзаплъэ зыщIар: хадэ ипщIэмэ, зы удзыжь­ хадэм къимынэжыху игу загъэртэкъым. Психолог  Таго Агирэ гу лъитащ Кайэ Сейджи дуней псом щыцIэрыIуэ цIыху щэныфIэ зыщIар и плъа­пIэм къимыкIуэту ­хуеIэф хьэл зэтет къызэрыхалъхьам и фIыгъэу.

Гуащэ хьэпшыпхэр куэдыIуэмэ, сабийр гулъытэншэ мэхъу

Си гугъэмкIэ, Японием сабийхэм гуащэ хьэпшып куэдыщэ щрат. Куэдрэ тыкуэнхэм гу щылъызотэ игу ирихьа джэгуа­лъэр къызы­хуамыщэху сабийр дунейр къигъачэу щыгъуэг­кIэ адэ-анэм ар зыщIэлъэIур яхуэ­мышэчу къыхуа­щэхуу. Арщ­хьэкIэ цIыкIунитIэхэм ядэлажьэ гъэсакIуэхэм ящыщ куэ­дым сабийр зыхуей псор хуу­мы­щIэныр нэхъ яфIэигъуэщ, абы къи­кIыркъым ар фIыуэ умылъагъуу. Психолог куэдми зэраб­жымкIэ, сабийм ихъуреягъ­кIэ зэрыджэгун хьэпшып куэ­­дыIуэ щилъагъумэ, и гулъытэр зэтокъутэри, зыри къы­хухэгъэщхьэхукIыркъым. Псом нэхърэ нэхъыфIу сабийр зэрыджэгур зы хьэпшып закъуэщ, а зым джэгукIэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыхуигупсысу. Абы и нэгум пхъэ къутахуэри шейнычым и щхьэтепIэ ныкъуэкъа­чэри псысэм щыщ унэ е гуэл телъыджэу къыщIэувэнкIи хъунущ, тыкуэным къыщащэхуа гуащэм ­нэхърэ куэдкIэ нэхъ хьэлэмэту.
Аращи, сабийр гупсысэу евгъэсэну фыхуеймэ, зыщIэлъэIу псори къыхуэвмыщэху. Фи мурадым абы нэхъ фытригъэIэбэнущ, фикIуэту фызыщымыгугъа гугъуехь фыIумыуэжу.

Губжьымрэ фыгъуэмрэ сабийм ищIэнур зэримыщIэр къагъэлъагъуэ

ЦIыкIунитIэм зыхищIэр псалъэкIэ къыхуэIуатэркъым. Адэ-анэр абы и нэкIум «къеджэфу» щытын хуейщ, и гум щекIуэкIыр къащIэн папщIэ.
Шэчышхуэ къытызохьэ анэхэм езыхэм къазэрыфIэщIым хуэдэу сабийхэр къазэрыгурыIуэм. «Iуэху ящIэурэ» сабийм зыхи­щIэр къа­зэрыфIэIуэхупхъэм хуэ­дэу къащы­фIэмыIуэху, ар къыщIэгубжьар е къы­щIы­зэфIэзэрыхьар щамы­лъагъу куэдрэ къохъу.
Сабий психолог, Токио университетым и профессор Ямашитэ Тошио сабийр къэзыгъэ­губжь щхьэусы­гъуэу мыхэр къыхигъэщхьэхукIащ:
1) IэпкълъэпкъкIэ зыгуэр къоуз;
2) МэмэжалIэ е ешащ;
3) И гур хэзыгъэщIа е зыгъэшына гуэрым и ужькIэ гузавэм иубыдащ;
4) Зэрырикъун хуэдизкIэ Iэпкъ­лъэпкъыр игъэхъейркъыми, къыпкъ­рымыкIа къарур «мэны­къуакъуэ»;
5) Зыхуейр пхигъэкIыну хэтщ;
6) Адэ-анэ тэмакъкIэщIхэм ядоплъей;
Мы къебжэкIым къегъэлъа­гъуэ сабийм гузэрыдзэ езыгъэщI щхьэу­сыгъуэхэр абы и Iэгъуэблагъэм къыщылъыхъуэн зэры­хуейр. Къэзыгъэгубжьар зы­гурывмыгъа­Iуэу фешхыдэмэ е гу лъывмы­тэххэмэ, сабийр абы нэхъри нэхъ щхьэзыфIэфI, ерыщ ищIыну къудейщ.
Адэ-анэм къафIэщIынкIи­ хъу­нущ я сабийр «къагурыIуэу», ауэ щыхъукIэ езым абыхэм япэIэщIэу зилъытэжу, абы и гур хигъэщIу. Адэ-анэм мы­хьэнэ зиIэ хуэныкъуэныгъэр щхьэ­зыфIэфIагъым хамыгъэгъуащэу къыхацIыхукIын хуейщ. Апхуэдэ ткIиягъ узыншэ здэщымыIэ унагъуэм сабийр хьэлыншэ щохъу.
ЕфыгъулIэныгъэр сабийм илъэ­ситI хуэдэхэм деж зыхещIэ. Абы и щхьэусыгъуэнкIи хъу­нущ ­къуэш е шыпхъу зэригъуэтар. Псом хуэ­мыдэу ар дыболъагъу сабий нэхъыжьым: изакъуэху абы псори ейт. А сабийм уеблэмэ адэмрэ анэмрэ щызэпсалъэкIэ, зыр адрейм ирифыгъулIэнкIи хъунущ. Абы къыхэкIа гузэрыдзэр сабиягъыу убжыныр щыуагъэщ.
КIэщIу жыпIэмэ, сабийр щхьэу­сыгъуэншэу къытехьэркъым. Абы зыхищIэм уемыгуп­сысу, уешхыди­ ущытхъуи хъунукъым. Адэ-анэм я къалэныр щхьэусыгъуэр ягъэ­кIуэ­дынращ, ар ирагъэгъэпщкIунракъым.

Усэ гукIэ зэгъэщIэным сабийхэр нэхъ гурыхуэ ещI

Тхьэрыкъуэр зытес
къудамэм телъ уэсыр мэткIу.
Еплъыт, джэду цIыкIур сакъыу тоувэ
бжьыхьэ тхьэмпэ пыщэщахэм.
Сабийми къепщыхь, мэдыхьэшх,
Нышэдибэ илъэситI ирикъуащ ар.
Мыр «хайку» жыхуаIэ япон усэхэм ящыщщ курыт лIэщIы­гъуэхэм псэуа усакIуэ Кобаяси Исса итхауэ.
Сабийм къыдалъхуа Iэзагъ­хэр щра­гъэфIакIуэ ди еджапIэм гуры­хуагъым зрагъэужьын папщIэ, ап­хуэдэ усэхэр щызра­гъащIэ. Хайку­ усэ лIэужьы­гъуэр абыкIэ къэбгъэ­сэбэпыну фIыщ. Ахэр, япэрауэ, кIэщIщ, зэгъэ­кIуащи, гум иубыдэгъуа­фIэщ. КъищынэмыщIауэ, ахэр сабий усыгъэр зэрыщытыпхъэ мардэми нос: «гукIэ зрагъэщIэну къыхах усэхэм сабийр щэныфIэ ящIын хуэдэу дахэу, гурыщIэ хэIэтыкIахэр зыхыуагъащIэу, гъа­щIэм и кIыхьагъкIэ гум щыпхъумэну зыхуэфащэу щытын хуейщ».
ЯпэщIыкIэ сабийхэм махуэ къэс зы усэ зрагъащIэ. Къы­кIэлъыкIуэ ма­хуэм ар зытеу­хуам яхутопсэ­лъыхьри, усэщIэ зрагъэ­щIэну кърат. Апхуэдэ щIыкIэу ар нэхъ гурыхуи мэхъу, игури хо­хъуэ. ЩыщIи­дза къудейм усэр игу ириубыдэн папщIэ ар абы пщIэнейрэ едэIуэн хуеямэ, етIуа­нэ, ещанэ зэгъэщIэ­гъуэм усэм щэ е плIэ зэредаIуэу, я гум къо­нэ, уеблэмэ зэ закъуэ зэхахмэ щрикъуи къохъу. Сэ къызэрызжаIамкIэ, сабийм зы илъэсым Исса и усэу 170-рэ зрегъэщIэф.
Къэпщытэжыныр зэгъэ­щIэ­­ным и лъабжьэщ. Ар шэч зыхэмылъ ха­бзэщ. Зы сатыр щыгъупщэжамэ, зэрыусэу игу кърырегъэкIыж. Ап­хуэдэ щIы­кIэу гурыхуэ хъуа сабийм псысэ псо плIэ е тхуэ къызэреджэу игу ириубыдэфу мэхъу. Тхылъеджэ гуэрхэм шэч къытрахьэнкIи хъунщ­ мы Iэмалым сабийр гурыхуэ зэрищIым. Сэ­ри си гугъат Исса и хайкухэр сабийхэм къагурымыIуэну. АрщхьэкIэ апхуэдэ дерсхэм я мурадыр гукIэ зрагъэщIэн къудейкъым, цIыкIухэм дахагъэм и пщалъэхэр егъэцIыхунри, и акъылым зегъэужьынри, езым къыдалъхуа Iэзагъхэр къызы­къуихын гукъыдэж етынри я плъапIэщ.
Сабий щхьэ куцIым усэ кIэ­щIу щэ е щитI хуэIыгъынущ. Ауэ гуры­хуагъми, къыумыгъэ­сэбэпмэ, кIэ­роху. Нэхъыбэрэ къэбгъэсэбэпыху, нэхъри зеужь. Сабийм и гурыхуа­гъым зебгъэужьыну щынэхъыфIыр абы зэджам е зэдэIуам къытригъэ­зэжыну фIэфIыхущ.

 

 

Зыгъэхьэзырар ЧЭРИМ Марианнэщ.
Поделиться:

Читать также: