Адыгэ пщащэр зэрагъасэу щытар

Хабзэ

Адыгэхэм сытым дежи мыхьэнэшхуэ иратырт щIэблэр гъэсэным. Бын мыхъумыщIэр къызыхэкIа унагъуэм и мызакъуэу, ар зыщыщ лъэпкъым  дежкIи напэтехыу къалъытэрт. Абы къыхэкIыу нэхъыжьхэр ткIийуэ кIэлъыплъырт гъэсэныгъэм. А Iуэхум теухуа хабзэ пыухыкIахэр щыIэт. Ахэр зыхуэдэр къэзыгъэлъэгъуэж тхыгъэ Iэджэ щыIэщ. Нобэ дыкъытеувыIэнщ хъыджэбз цIыкIухэр зэрагъасэу лъэпкъым къыдекIуэкIа хабзэхэм. Абы тетхыхьыжащ филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат Гъут Ланэ.

 

 «Адыгэхэм пасэу щIадзэрти, хъыджэбз цIыкIухэр хуа­­­гъа­­­сэрт, захуэу, дахэу я лъакъуэ цIыкIухэр зэбгъурыту щытыным. ЩысыкIэми хабзэ пыухыкIа иIэт: я лъа­къуэхэр зыр адрейм традзэну къезэгъыртэкъым. Ахэр щагъа­сэрт унагъуэ кIуэцIым, хамэхэм я пащхьэ гъэса хьэзыру къихутэн хуэдэу. Аращ, уи унэ зыщыгъаси, хасэм кIуэ, щIыжаIэр. Псори щыту зыгуэрым езым и быным дагъуэ хуищIыжамэ, ар езыр хабзэмыщIэу къалъытэрт.

          Хъыджэбзхэр илъэситху-хы зэрыхъуу, нэхъ дахэу яхуэпэн щIадзэу щытащ. КIэщIу жыпIэмэ, хъыджэбз цIыкIухэр нэхъ ягъафIэрт. Абыхэм зэи текIиеу щытакъым. МыхъумыщIагъэ гуэр ящIами, тIэкIу зэранами: «Ухъыджэбз цIыкIукъэ уэ?», – жаIэрти абыкIэ ягъэукIытэрт, еущиерт, армыхъумэ щIэкIиертэкъым, я гур ираудыртэкъым.

          Хабзэм сабийр щIупIыкIынуи, хьэл-щэн дахэ къебгъэщтэнуи, дауи, тынштэкъым. Апхуэдэу щыт пэтми, пщащэ цIыкIухэр щысабий дыдэм щегъэжьауэ хуагъасэрт гукъэкI яIэу, Iэ щабэ-Iу щабэу, цIыху зрагъэхъуэпсэфу щытыным, хьэл-щэн дахэ хэлъу загъэлъэгъуэным. Ахэр акъыл жану, зэхэщIыкIри гушыIэри яхэлъу, ерэ фIырэ зэхагъэкIыфу, бзаджагъэ тIэкIуми хуэмыхамэу, шынэ-укIытэри яхэлъу къагъэтэджырт. Апхуэдэу хьэл-щэн дахэ зыхэлъ хъыджэбз цIыкIухэм «ЦIыху къэгъэпцIэкIэ ещIэ», – хужаIэу щытащ. Ар щIыжаIэр пцIы иупсу аратэкъым, и дуней тетыкIэм, и псэлъэкIэм хэти зэрыдихьэхыфырат.

          Псом нэхърэ нэхъ хьэлыфIу, ауэ зыхэбгъэлъынуи нэхъ гугъуу адыгэм къалъытэу щытар бэшэчагъырщ. Хъыджэбзхэр абыи хуаущийрт. Адыгэ лъэпкъ гъэсэкIэм къызэ­рыхэщыжымкIэ, ахэр нэхъ щабэуи, нэхъ Iущуи щытын ­хуейт, я губзыгъагъэм къыхэкIыу тIэкIуи нэхъ бзаджэу пIэрэ жыпIэми, цIыхум Iей къыхужамыIэфын хуэдэу. Мис а псор зэхэплъхьэмэ, арауэ къыщIэкIынщ адыгэ пщащэм и да­хагъымрэ и щэныфIагъымрэ хъыбарыфI куэд щIытеIу­кIам и щхьэусыгъуэр.

          КъыхэдгъэбелджылыкIыну дыхуейт, пщы-уэркъ уна­гъуэм къыхэкIа хъыджэбз цIыкIухэр нэгъуэщI унагъуэхэм щапIу, щагъасэу зэрыщытар. Сабийр зыпI быф адэ-анэхэми ялъэкI къамыгъанэу цIыкIухэр япIырт, яущийрт. НэгъуэщI унагъуэм щапI хъыджэбз цIыкIур илъэс иримыкъуауэ, и дзыгъуэ щхьэцыр трамыхауэ ягъэлъагъуэу щытакъым. Щхьэцыр тезыхыу щытар цIыхухъу нэхъ зэ­пIэзэрыт угъурлырат. Дзыгъуэ щхьэц техынми хабзэ щхьэхуэ иIэщ: щхьэр зыупсымрэ зыIыгъымрэ аркъэнкIэ къаухъуреихьырт, бзаджэнаджэм щахъумэн, ар къемы­кIуэ­лIэфын хьисэпкIэ. Абы иужькIэ щхьэр зыупсыр хъуахъуэр­ти, япэщIыкIэ сабийм и щхьэ джабэ ижьыр кърихьэхырт, итIанэ щхьэ гупэр, итIанэ щхьэ щIыбыр, псом яужьу – сэмэгурабгъу лъэныкъуэр.

          Щхьэр упсын щиухым деж, зыупсыр цIыкIум ехъуэ­хъурт. Щхьэц трахар зы къэмынэу зэщIакъуэжырт, яшыхьыжырти, быф анэм иратыжырт (мэкъумэшыщIэ унагъуэм къыхэкIарэ сабийр и унагъуэ дыдэ къыщыхъуу щытмэ – и анэ дыдэм). Щхьэр зыупсами а махуэм тыгъэу фэилъхьэ­гъуэ хуащIырт (зыхузэфIэкIхэм). Адрейхэми абы и цIэр зыгуэркIэ ирамыIуэу къагъанэ хабзэтэкъым. Щхьэцыр пIурытыжым деж хъыджэбз цIыкIум и анэ дыдэм Iэра­гъэхьэжу щытащ, иужькIэ пщащэр унагъуэ ихьэмэ, езым иратыжырти, и щхьэгъусэмрэ езымрэ я щхьэцыр бзылъхугъэм зэрихьэрт.

          ЦIыхур дунейм ехыжа нэужь, дзыгъуэ щхьэцыр дыщIалъхьэжу щытащ. ЗэрыжытIащи, пIурым и щхьэр яупсу быф анэм иратыжа нэужь, хьэщIэхэм ирагъэлъагъурт. Быф адэм сабийр и Iэблэм тесу хьэщIэхэм чэзууэрэ ябгъэдихьэрт, езыхэми Iэ къыдалъэрт. Хабзэм тету хъыджэбз цIыкIухэм бзылъхугъэр зыхуэныкъуэн гуэрхэр тыгъэ хуащIырт. ПIургъэлъагъуэми гуфIэгъуэ Iэнэ яухуэу щытащ, къафэ-джэгу иращIэкIыу щытащ.

НэгъуэщI унагъуэ щапIами езыхэм я унагъуэ дыдэм щапIами, хъыджэбз цIыкIухэр ягъасэрт, адыгэ хабзэр ялъы­тэу, абы тетыфу. Псалъэм папщIэ, нэхъыжьхэм пщIэ хуащIын хуейт, кIэщ-Iущ цIыкIухэу, жамыIэпхъэ жамыIэу, мыпсэлъэрейуэ, ауэ щыпсалъэкIэ я псалъэр купщIафIэу, езыхэми укIытэ яхэлъу щытын хуейт. Хъыджэбзыр нэхъы­жьым жьэгъуашхэу бгъэдэтынуи ауэ шхэуэ, псы ефэу зыкъригъэлъагъунуи емыкIушхуэт, уеблэмэ, цIыхухъум ар унагъуэм щыщуи, е нэгъуэщI зыгуэруи щрети, – дэшхэну хуиттэкъым, шхэуэ зыкъригъэлъагъунуи хабзэмыщIагъэт. Ауэ псы къудей ефэн хуей хъумэ, къыщамылъагъун гуэр щымыIэмэ – зрагъэзэкIырти, я щIыбагъ къэгъэзауэт псым зэрефэр. Аращ адыгэхэм Iуэху яIэмэ щхьэхуэу цIыхубз Iэнэрэ цIыхухъу Iэнэрэ яухуэу щIыщытар.

          Пщащэм фызкъэмышэу дэлъху иIэмэ, абы и хьэпшыпым кIэлъыплъынри, унэ зэщIэкъуэнри, пщIантIэ зехьэн-гъэщIэрэщIэнри зи пщэ къыдэхуэри арат. А псом къыщынэмыщIауэ, ар и анэм и дэIэпыкъуэгъут. Ахэр дэрбзэрынми, тхыпхъэ хэдыкIынми хуэIэзэу, къэфэкIэ екIу, псэлъэкIэ Iущ, цIыху хэтыкIэ дахэ яIэу къэтэджын хуейт.

     ЗэрыжытIащи, пщащэхэм хьэл-щэн дахэ яхэлъу, хабзэ ящIэу, нэмыс цIыхухэм xyaщly ягъасэрт. Апхуэдэу нэхъыфIу гъэсахэр джэгур ягъэдэхэну яшэу щытащ, дэтхэнэ зы щIалэми, дауи, апхуэдэ хъыджэбзыр щхьэгъусэ ищIыну ­ехъуапсэрти, нэхъ цIэрыIуэ хъуа пщащэхэм я хъыбарыр хэку псом щаIуатэрт, зэIэпахыу. Уеблэмэ, апхуэдэхэм джэ­гуакIуэхэм усэ, уэрэд щыхузэхалъхьэ куэдрэ къэ­хъурт».

Поделиться: