Мэрем пшыхь

Псалъэжьхэр

Псапэ куэд хъуркъым

♦Мыщащхьэ плъагъуу мыщэ лъэужь умылъыхъуэ.
♦Псалъэ IэфIыр мэгъущIэри, псалъэ дыджыр мэщIытэ.
♦УзэпэгэкIыр къопэгэкIыж.
♦Узэралъагъуу уафIощI, узэрафIэщIу уалъытэ.
♦УзрихьэлIэ шхыныфIщ.
♦Шу хьэщIэр ягъэшэсыж, лъэс хьэщIэр пщIантIэм дашыж.
♦Узэрымыса бысым умыуб.
♦Псэр ящэри напэ къащэху.
♦ПцIищэ нэхърэ зы пэж.
♦Гупыр зыгъэгупыр гуп и уасэщ.
♦Мыщэ жея къыумыгъэуш, лIы мышынэ умыгъэгубжь.
♦Ажэбжьэ зэрына зэригъэкIыфыркъым.
♦Уи напщIэ темыль тумылъхьэ.
♦Зи нэгу къабзэм игури къабзэщ.
♦Псапэ куэд хъуркъым.
♦Делэ гуэшэгъу нэхърэ губзыгъэ дэуэгъу.
♦ЩыжаIэм щыпаупщIыркъым.
♦Нэмыс пщIымэ уи щхьэщ зыхуэпщIыжыр.
♦Уи мыщауэгъу гъусэ умыщI.
♦Нэмысыншэр насыпыншэщ.
♦Пхуэмыфащэ щауэгъу умыщI.
♦Зи бзэ ныкъуэм гуныкъуэгъуэ ущигъащIэркъым.
♦Ишхыр фIэмащIэщ, ищIэр фIэкуэдщ.
♦Пщащэр пагэмэ, ябгынэж.
♦Дахэр зыгъэдахэр и набдзитIщ.
♦Бзаджэм и бзаджагъэр япэ кърегъэщ.

Фэ фщIэрэ?

Ныбжьым емылъытауэ

Илъэси 8 фIэкIа щымыхъум Моцарт итхат и япэ сонатэхэмрэ симфониехэмрэ…

*    *    *
И ныбжьыр илъэс 17-м щитым Жаннэ д,Арк Орлеан хуит къэзыщIыжа дзэм и Iэтащхьэу щытащ…

*    *    *
«Руслан и Людмила» поэмэр тхыным и ужь щихьам Пушкин и ныбжьыр зэрыхъур илъэс 18 къудейт…
 
*    *    *
Рахманиновыр илъэс 19 хъууэ зэхилъхьауэ щытащ «Алеко» оперэр…

*    *    *
Канар хытIыгухэм къэхутэныгъэ щыщригъэкIуэкIым Миклухо-Маклай зэрыхъур илъэс 20-т…

*    *    *
Васко да Гамэ и ныбжьыр илъэс 29-рэ щыхъум Индием кIуэ псыщхьэ гъуэгур къызэIуихауэ щытащ…
*    *   *
Попов и ныбжьыр илъэс 39-м иту радиор къигупсысащ…

*    *    *
Сервантес и «Дон-Кихот» тхыгъэр щитхар и ныбжьыр илъэс 58-рэ щыхъурщ.

Гупсысэр - псалъэкIэ

Къигъэзэжамэ, ипхъуэтэжынт

Аддэ къурмакъей лъащIэм къыщIэплъэфрэ бэлыхьищэр пыщIауэ къыдэплъэфейуэ упсэлъэн жыхуэпIэр Iуэху къызэрыгуэкIыу къэзылъытэр хуабжьу щоуэ. АтIэ апхуэдиз гъуэгуанэр къызэзынэкIыу бзэгупэм къетлъэфалIэ, абдежми къыщызэтедмыгъэувыIэу дунейм къытедутIыпщхьэ дэтхэнэ псалъэри хэщыпыхьарэ курых защIэу дгъэIу щхьэ мыхъурэ? Хъищэм игъэкIарэ кхъузанищэкIэ ухуэнщIыжауэ а игъащIэкIэ къытхуэмыубыдыжынур тэмэму къыщIэдмыпсэлъыфым и щхьэусыгъуэр сыту пIэрэ? Абы и лъэныкъуэкIэ зэрыжакъуэр, акъыл зэблэплъ зэриIэр, гупсысэ жьгъей зэрыбгъэдэлъыр ищIэжу мы дунейм зы цIыху тезгъуэтамэ, а псор гурызгъэIуэным сытегушхуэнут. Ауэ Iейм IейкIэ упэмыджэжмэ, сытыфэ къыптеуэрэ, жыхуиIэм хуэкIуащ цIыху цIыкIум я псэлъэкIэр. КуэдыкIейр фIым, дахагъэм, зэхущытыкIэ екIум, нэхъуеиншагъэм, гущIэгъум, лъытэныгъэм, псом ящхьэжырщи, цIыхугъэм щыужащ.
Моуэ ужьыхауэ, гуитIщхьитIыгъэм и Iэдэм диубыдауэ, фыгъуэ-ижэным иригъэшауэ, IуитIбзитIыным иужьыгуауэ, гужьгъэжькIэ зэIуща щIагъыбзэкIэ псэлъэным иудыныщIауэ щыплъагъукIэ, лъэныкъуэ куэдкIэ урегъэгупсыс я гъащIэм. Узэхъуэпсэнуи зы IэпапIэ къыпхухэмыубыдыкIыурэ, уи псэр пелъэсыкI, уи гур щIыIагъэ гуэрым хуеутIыпщ. Къэплъэнэф, жьажьэ, гурымыкъ, Iуплъэгъуей, акъмыкъ, къэрабгъэ, лъагъугъуей щIэхъукI апхуэдэ зыгуэрми къыхукъуэплъа, къежэлIа насыпыр Iэрылъхьэ зэрищIынур хузэхэмыгъэкIыурэ, IуигъэкIуэтыжынущ. Къыщыхъунущ ар езым и закъуэ къыIэрымыхьэн фIыгъуэу, къыфIэщIынущ и гъунэгъуи и жагъуэгъуи я Iыхьэ хэкIыну. А псор зэпишэчыху, зэриудэкIыху, насыпыр къэзыутIыпщари къаутIыпщари къемылIалIэу и гъуэгу теувэжынущ…
ФэрыщIыгъэм, Iимансызыгъэм, нэжэсыгъэм и Iумэтым ихуа хъуа гуэрым и гугъу ящIу щызэхэпхкIэ, мыпхуэдэ гупсысэр уигу къыпфIыдримыдзеижын плъэкIыркъым.
ДыкъэзыгъэщIауэ, псори зэлъэIуу зыми емылъэIужым зыгуэрым зыхуигъэзат зыхуей дыдэмкIэ елъэIумэ, хуищIэну. Мы зыри дыщIигъужат: абы хуищIэр тIукIэ гъэбэгъуауэ и гъунэгъум хуищIэну. Зызыхуагъэзар адэкIи-мыдэкIи емыплъэкIыу, мыр жэуапу къитащ: «ЗанщIэу си нэ лъэныкъуэр хьэфиз щIы», - жиIэри.
Шэч хэмылъу, гъэунэхупIэ изыгъэувам ита псалъэр игъэпэжащ. Ауэ фIэщщIыгъуейщ Езы дыдэм абы игу щIэмыгъужауэ, ил иримыузыжауэ, зэрелъэIуа къудейм хущIемыгъуэжауэ…
Жамбэч Рабия.

ГъэщIэгъуэнщ

Тхылъ щхьэпэ

Америкэм къыщыдэкI журналхэм ящыщ зы тхакIуэхэмрэ артистхэмрэ я деж щыщIэупщIащ цIыху щымыпсэу хытIыгум кIуэуэ щытамэ къыздащтэну тхылъыр зыхуэдэмкIэ. Жэуапхэр зыкIи зэщхьтэкъым: Шекспир Вильям и IэдакъэщIэкIхэр зэрыт, Свифт Джонатан и тхыгъэхэр щызэхуэхьэса…
А упщIэмкIэ тхакIуэ Честертон Гилберт зыщыхуагъэзам жиIащ:
- Апхуэдэ щытыкIэ укъыщихутам и деж тхылъ нэхъ щхьэпэр кхъухь зэращIыр зэрытырщ.

И лъэIур хуащIащ

«Алиса в стране чудес» таурыхъ цIэрыIуэр зэхэзылъхьар Оксворд университетым математикэмкIэ щезыгъэджа Кэррол Льюисщ. Ар и лэжьыгъэм къыщыдэхуэхэм деж итхауэ щытащ щIэныгъэлIым.
Инджылызым и пащтыхь гуащэ Викторие а таурыхъым къеджа нэужь, хуабжьу игу ирихьащ икIи Кэррол и Iэдакъэ къыщIэкIа адрей тхылъхэр икIэщIыпIэкIэ къыхуахьыну унафэ ищIащ.
Пащтыхь гуащэм и лъэIур псынщIэ дыдэу хуагъэзэщIащ. Ауэ абы хуабжьу игъэщIэгъуащ Кэррол и адрей тхылъ псори математикэм теухуауэ къызэрыщIэкIар.
 
Гугъу хэлъкъым

Профессор Швейцер Альберт щIэныгъэ зэхуэмыдэхэмкIэ доктор диссертацэу 3 пхигъэкIат. Абы и цIыхугъэ, щIэныгъэ гъуэгум техьагъащIэ щIалэ гуэр еупщIащ:
- Доктор лэжьыгъэу 3 пхыбгъэкIыныр дауэ пхузэфIэкIа?
- А псори Iуэху къызэрыгуэкIщ, - жиIащ Швейцер къызыфIимыгъэIуэхуу. - ЩIэныгъэхэм я доктор ещанэу къыщIысфIащар тIу сиIэти аращ, етIуанэр щIыпхызгъэкIыфар щIэныгъэхэм я доктор цIэр зесхьэти аращ, япэр къыщIэзлэжьар щIэныгъэ степень сиIэтэкъыми аращ.
Къэбарт  Мирэ.

Балигъхэм папщIэ таурыхъ

Гуэрэныгу Iуащхьэм…

Зи мычэзу Хасэ зэхыхьэрт. Псори къызэхуэсауэ тхьэмадэм пэплъэрт. Емынэжьейрэ Иныжьыкъуэрэ темыпыIэжу къыщылъэтхэрти, я пIэм имызагъэу къикIукI-никIукIт. Хьэщхьэвылъэхэмрэ хьэIуцыдзхэмрэ зэхэлъэдэжауэ зэудзэIужхэрт. ИкIэм-икIэжым псори зыпэплъэ Уэзрэдж Ябгэр къэсащ, сыт щыгъуи хуэдэу адакъэшым тесу. IумпIэр яубыдщ кърагъэпсыхри, и жьакIэ бжьиблыр зэрилъафэу тахътэм зыщригъэщэтэхри, макъ итхъунщIыкIакIэ къахэгъуэхъуащ:
- ЩIыкъатибл сыздэщыIэм къысIэрагъэхьащ адыгэхэр аргуэру зэгурымыIуэжу хьэргъэшыргъэшхуэ яку къызэрыдэхъуам и хъыбар кIапэ. Иджы ар къэдгъэсэбэпу датеуамэ арат... Мы адыгэхэм зыгуэр къахуэдмыгупсысмэ, даIэщIэкIуэдэпэнущ. Сыт худиIэмал? Хэт сыт Хасэм къыщыхилъхьэн? - жиIэу зищиплъыхьым, УдщIэж гу къылъитэри: - Хъулъхугъэщ дэ Хасэм къедгъэблагъэр, НэжьгъущIыдзэ, ауэ уи анэм и хьэтыркIэ хъыбарыншэ утщIакъым, - зыхуигъэзащ Уэзрэдж уд щылъхум.
УдщIэж уд фызыжьым ипхъуу къыщащIэм, Хасэм къекIуэлIахэм ней-нейуэ, Iумпэм ящIу зэпаплъыхьащ. Набдзэгубдзаплъэу уемыплъми, гу лъыптэрт а пщащэм и нитIыр зэрызэмыфэгъум: ижьыр уафэ къащхъуэмэ, сэмэгур щIылъэ щхъуантIэт.
УдщIэж къэтэджщ, тхьэмадэм мащIэу щхьэщэ хуищIри тIысыжащ. Уэзрэдж ябгэу абы къыжьэхэплъэри Иныжьыкъуэ дежкIэ зигъэзащ, къыхэдзэ жыхуиIэу.
- ФощIэж псоми си адэр Сосрыкъуэ зэрыIэщIэ­кIуэдар… И нэ закъуэр ирищIащ, и щхьэри езы тхьэмыщкIэм и джатэмкIэ фIихри, нартхэ мафIэр къахуихьыжауэ щытащ. Ар хузэфIэкIащ а лъэнкIапIэ Iушэм. Фи кIуэдыр си кIуэдкIэ си тхьэлъанэщ.
- Дэри дигу къоуэ уи адэр жэмыхъуэрылъхум зэрыIэщIэкIуэдар. Дэ ар яхуэдгъэгъункъым нартхэ я щылъху адыгэхэм. Хъунщ, тIысыж. Емынэжьей, къыджеIэт мыдэ зыгуэр. Зыбущэхуауэ куэдрэ ущысыну?
Емынэжьей хьэлъэ-хьэлъэу зыкъиIэтри ипкъ зещэтэжыр утыкум ирилъэфащ.
- Сэри си щIыхуэ ятелъщ адыгэхэм. Си адэр иукIам и мызакъуэу, иш Къарэ Лъакъуищри Iэрыхьауэ щытащ СосрыкъуапцIэ. Тхьэгъэлэдж и ху нэдыр щихьыжым, нарт хъыджэбзри здихьыжащ. Яхуэзмыгъэгъун сэ ар Сосрыкъуэ и щIэблэм. Си адэм ишри, Къарэ лъакъуиплIри, къащIэхъуа шыщIэхэри сэращ зылъысын хуейр.
Хьэщхьэвылъэхэр зэхэсхэм къахэкъугъыкIащ:
- Шы къарэ псори уэ зым нэхъ пхуэфащэу ара?
- Ибогъэлейр Емынэжь и къуэм…
- Дэри ди Iыхьэ къыхэкIын хуейщ…
- Зэ фытесабырэ, емынэ жьэгу хъун къом! - Уэзрэдж Ябгэр къахэгъуэхъуащ. - ШыщIэ къамылъхум уанэ щIытефлъхьэр сыт? Апхуэдэщ фэ сыт щы­гъуи фи зэхэтыкIэр. ФыдаIуэ япэ щIыкIэ. Къихьэ уэри утыкум, - жьэхэлъащ ар удым и пхъум.
УдщIэж мыпIащIэу псэлъэн къыщIидзащ:
- Адыгэхэм даIэщIэкIуэдэнущи зыгуэр къэгупсысын хуейщ, жывоIэ. Ауэ япэкIэ дыплъэн ипэ, ди тхыдэм дривгъэплъэж. Сосрыкъуэ и щхьэ закъуэтэкъым мафIэр щIихьыжар. Нарт хэкум исхэм абы и фIыщIэкIэ я жьэгу мафIэр зэщIагъэстыжащ. Тхьэгъэлэдж и гъавэр Емынэжь тезыхыжу щIыр вагъэплъу къыщIэмынари а лIы фIыцIэ гъущIынэрщ зи фIыщIэр. Сосрыкъуэ и закъуэ адыгэхэм яIар? Мыщэ и къуэ Батыр бланэр фщыгъупщэжа? А щIалэракъэ Благъуэр зыукIыу къуажэдэсхэм я псыежэхыр къэзутIыпщыжар. МафIэр, Гъавэр, Псыр. Сосрыкъуи Батыри я щхьэзакъуэ насыпкъым лIыукIыпIэм щIихьар. Абыхэм я щхьэр халъхьэнуми, адыгэ лъэпкъым папщIэ къикIуэтынутэкъым.
Фэ псоми фощIэж ди нэхъыжьхэм яхэлъа къарур, бланагъэр зыхуэдэу щытар. Дэ абыхэм дращIэблэми, ди жагъуэ зэрыхъущи, дапэлъэщынукъым къарукIи, IэмалкIи, хьэгъэщагъэкIи… Хэт аргуэру фызыпэщIэувэнур? Сосрыкъуэрэ Батыррэ я щIэблэм фапэлъэщыну фигурэ фи щхьэрэ щхьэ зэтелъыххэ?
- ЖиIэр сыт, НэжьгъущIыдзэм?! Уи щхьэцыр кIыхьми, уи акъылыр кIэщIщ, уд щылъхум. Дэ тхуэдэ къикIуэтыр?! ФемыдаIуэ НэжьгъущIыдзэ. Уащхъуэдэмыщхъуэу датевгъауэ, иджыпсту абыхэм я бийхэри къафIэмыIуэхужу, езыр-езыру зэгурыIуэжхэркъым. Аращ сэ си унафэр, - кIийрт Уэзрэдж Ябгэр хъийм икIауэ.
ЗэпIэзэрыту щыт УдщIэж къэхъур къыгурымыIуэу япэщIыкIэ и нитIыр къихъуэпскIыкIащ, итIанэ къыхэскIыкIри и щIыфэр тхытхащ. И кIуэцIыкIыщIэм уафэхъуэпскIыу хуэш щIыIэмылыр ирижэри, и щхьэ куцIыр цIыху Iэгум илъу и нэгум къыщIэуващ. Абы зыкъищIэжри, и нэ зэмыфэгъухэмкIэ уафэнэзым кIуэцIрыплъащ, итIанэ нэрымылъагъу гъуэгум триукъуэдиящ. Абы къилъэгъуащ… Адыгэхэр. Лъэпкъыр Гуэрэныгу Iуащхьэм къыхуэкIуэрт, щIы щIагъым илъэсищэ бжыгъэкIэ зи дунейр щызыхьа дзэ фIыцIэм, иджы адыгэщIыр зыутэм, пэувыну.
Абдежым УдщIэж, дызыхэт мыгъуэр сыт, жыхуиIэу, къызэхуэсахэр ауан ищIу къыпыгуфIыкIащ. И Iупэхэр щызэтежым Уэзрэдж къилъэгъуащ абы гъущIыдзэ лъэпкъ зэрыIумытыр. Ар абы игъэщIэгъуэху, хъыджэбзым зэуэ зигъэкIэрахъуэу щIидзэри, нэхъ псынщIэ хъуху нэхъ фагъуэ хъууэрэ, икIэм-икIэжым хьэуам хэткIухьыжыпащ, бжэнтхьэху удз гъэгъа къащхъуэр губгъуэм къринэри.
И нэгу щIэкIам егупсысыну Уэзрэдж Ябгэр хунэсакъым: Iуащхьэ лъапэр Адыгэхэм къаухъуреихьакIэт…
Мэлей  ФатIимэ.

Интернетым дыкъыщоджэ

Дыркъуэ

ЩIалэ тэмакъкIэщIым и адэр зыкъомрэ кIэлъыплъа нэужь, гъущI Iунэ къэп хуигъэуври, унафэ хуищIащ зэ къэгубжьыху бжыхьым зы гъущI Iунэ хиукIэну.
Япэ махуэм бжыхьым гъущI Iунэ пщIы бжыгъэ къыхэхутащ. КъыкIэлъыкIуэ тхьэмахуэм щIалэм нэхъ зиIыгъыжыф хъуагъэнт, гъущI Iунэ бжыгъэр нэхъ мащIэ хъурт, зыхуэсакъыжырт. ЩIалэм къыгурыIуащ гъущI Iунэ хэбукIэн нэхърэ зыпIыгъыныр зэрынэхъ тыншыр.
Арати, щIалэр зэи къыщымыгубжьа махуэ къэсащ. Абы и хъыбар и адэм щыхуищIым къыжриIащ, зыгуэрым ущIэмыкIиеу, и жагъуэ умыщIу махуэр бгъэкIуамэ, пщыхьэщхьэм зы гъущI Iунэ къыхэпчыж хъуну.
Зэман куэди дэкIащ, ауэ зы махуэ гуэр къуэр гуфIэу адэм деж щIыхьащ, «хэзукIа гъущI Iунэхэр къыхэчыжын сухащ», - жиIэри. Адэм къуэм и Iэр иубыдри бжыхьым иришэлIащ.
- Хъарзынэу упэлъэщащ, ауэ мы бжыхьым гъуанэу къытебнар плъагъурэ? Мыр зэи адрейхэм хэгъуэщэжынукъым. ЦIыхум игу щIыхьэн гуэр щыжепIэм и деж мис апхуэдэ дыркъуэ гум къытренэ. Абы иужькIэ дапщэрэ къыпхуигъэгъуну уелъэIуми, уIэгъэр кIыжыркъым. Абы ухуэсакъыну сынолъэIу, щIалэ.
Шыпш Даянэ.

 

НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар НэщIэпыджэ Замирэщ.
Поделиться:

Читать также:

25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ