Сом мелуани 8-м щIигъу къуэды

ФщIэн папщIэ

Зэратх Iэмэпсымэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, гъатхэпэм и 14 - 20-хэм къриубыдэу гъуэгум зэрыщызекIуэ хабзэр 13838-рэ къызэпаудащ. Хабзэр къызэпызыудахэм псори зэхэту къуэдыуэ тралъхьащ сом мелуани 8-рэ мин 292-м щIигъу. А махуэхэм япшынащ сом 3393300-рэ.

Къуэдыр махуэ 60-м къриубыдэу япшын хъунущ. Абы фIагъэкIамэ, Iуэхур Суд приставхэм Iэрагъэхьэ.
Административнэ къуэдыр хабзэм игъэува пIалъэм (УФ-м и КоАП-м и 20.25 статья) къриубыдэу ямыпшынмэ, ар хуэдитIкIэ ягъэбагъуэ е сыхьэт 50-кIэ цIыхур ягъэлажьэ.     
Къуэды птелъмэ къыщыпщIэфынущ Урысейм и Къэрал автоинспекцэм и сайтым - www.gibdd.ru.

БАХЪСЭН Ланэ.
Поделиться:

Читать также: