Къуэдзокъуэхэ я нэхъыжьыфI

Бадзэуэгъуэм и 16-м и ныбжьыр илъэс 85-рэ ирокъу Къуэдзокъуэ лъэпкъ гъуэзэджэм и нэхъыжьыфI Анатолэ. Адыгэр зэрыщыту дызэрыгушхуэ лIы ахъырзэманщ ар – бэнэкIэмкIэ Совет Союзым щэнейрэ и чемпионщ, спортым и мастерщ, Къэбэрдей-Балъкъэрым физическэ щэнхабзэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ.

БлэкIа лIэщIыгъуэм и 50-60 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым хуабжьу щаIэту щытащ СССР-м бэнэкIэмкIэ спортым и мастер Къуэдзокъуэ Анатолэ. Тхьэшхуэм къыхуигъэфэща пелуан теплъэмрэ зэфIэкIымрэ хуэфэщэн Iэзагъ дыщIызыгъужа, урыхупс ефа щIалэщIэм и ехъулIэныгъэхэм псори щыгуфIыкIырт икIи ирипагэрт. Газетхэр, радиор, къэунэхуагъащIэ телевиденэр увыIэгъуэ ямыIэу тепсэлъыхьырт зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэм ар щIэх-щIэхыурэ зэрыщытекIуэм.
Щысабийм щегъэжьауэ Толэ фIэфIт бэнэн. Хьэблэми къуажэми абы къыщыпэлъэщын къэгъуэтыгъуейт. Нэхъыбэми ар зрагъэбэныр езым нэхърэ нэхъыжь, нэхъ хьэлъэхэрт. Арагъэнущ Къуэдзокъуэм пасэу бэшэчагъ инрэ зышыIэныгъэшхуэрэ щIызэхилъхьар – апхуэдэхэм и деж уи зэфIэкI псори къанэ щымыIэу утыку къиплъхьэн хуейт, армырамэ укъыхагъэщIэнут.
КъыдэкIуэтейри, Старэ Урыху къуажэм 1935 гъэм бадзэуэгъуэм и 16-м къыщалъхуа щIалэр зэ­хьэзэхуэ инхэм хашэу щIадзащ. Абы хьэрхуэрэгъу къыхуэхъуу хуежьащ Кулиев Борис, Зенин Василий, Цховребов Андрей, Темираев Александр, Яковенкэ Николай сымэ хуэдэ бэнакIуэ лъэщхэр. Ахэр Урысей Федерацэмрэ Совет Союзымрэ я командэ къыхэхахэм ираджэ зэпытт икIи зэфIэкI лъагэ зиIэхэт.
И хьэрхуэрэгъухэр лъэщми, Къуэдзокъуэ Анатолэ зэпеуэ куэдым щытекIуэрт. Псом хуэмыдэу ар щытепщэт зи щIыхьыр ихъумэ «Урожай» ДСО-м.
Гум имыхужынщ 1958 гъэр. Ставрополь къалэм щекIуэкIырт Къуажэ спортсменхэм я союзпсо спартакиадэ. Анатолэ зыхэт алыдж-урым бэнэкIэмкIэ зэхьэзэхуэм килограмм 87-рэ нэс зи хьэлъагъхэм я деж щызэхуэсат текIуэныгъэм фIэкIа зы плъапIи зимыIэ щIалэ Iэчлъэч пщыкIутI. Абыхэм яхэтт къэралым къыщыхэжаныкIыну хунэсахэри. Дауи, утыку къихьагъащIэ Къуэдзокъуэр къизыдзэ щIагъуэ щыIэтэкъым: бэнакIуэхэмрэ тренерхэмрэ зэрацIыху щыIэтэкъым, IэщIагъэлIхэри щыгъуазэтэкъым.
- Сэ къэзгъэлъэгъуэн хуейт си зэфIэкIыр здынэсыр, си лъэр алэрыбгъум занщIэу щызгъэбыдапхъэт, - игу къегъэкIыж Анатолэ. – Къысхуэщхьэпэлъагэ ныкъуэкъуэгъухэм зезгъэцIыхужыну хуабжьу сыщIэхъуэпсырт.
Лъэныкъуэ зригъэзауэ, мыпIащIэурэ зи Iэпкълъэпкъыр къызэщIэзыгъаплъэ щIалэщIэм гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэтэкъым. И пщэ гъумым, Iэбыдэ-лъэбыдэхэм къищынэмыщIауэ ар сыткIи зэкIужт – лъагэт, дахэт, зэщIэкъуат.
Алэрыбгъум къытехьэну къыщраджэм, мыпIащIэурэ, абы къихьащ. Адрей лъэныкъуэмкIэ къыщыпэплъэрт Армением къикIа Спандарян.
Судьям хуит къызэрищIу, абыхэм зызэрапщытащ. И хьэрхуэрэгъум и зэфIэкIыр здынэсыр зэримыщIэм къыхэкIыу Толэ сакъырт. Мыгувэу къыгурыIуащ узыщышынэн Iуэхум зэрыхэмылъыр. Ещанэ дакъикъэм щыщIэдзауэ ермэлы щIалэр алэрыбгъум къыщрихуэкIыу щIидзащ, псэхугъуэ иримыту. Спандарян хуэмышэчыжыххэ щыхъум, фэбжь игъуэта хуэдэу зищIыурэ, зэIущIэр къызэтригъэувыIэрт. АрщхьэкIэ а хьилагъри куэдрэ къыхуэсэбэпакъым - бэнэныгъэм зэрызэпыIуидзым папщIэ судьяхэм щэнейрэ дагъуэ къыхуащIри, текIуэныгъэр Къуэдзокъуэм иратащ.
КъыкIэлъыкIуэ зэIущIэми куэдрэ елIэлIакъым. И хьэрхуэрэгъур дакъикъитIым къриубыдэу хигуащ.
Ещанэу къыпэувар адрейхэм нэхърэ нэхъ лъэщт. Узбекистаным къикIа Салиевыр адыгэ щIалэм и ебгъэрыкIуэныгъэхэм дакъикъиблкIэ пэщIэтыфащ.
Утыку къихьэгъуэ къэсыхукIэ Толэ нэхъ тегушхуа хъурт. И теплъэ къудейм къигъэлъагъуэрт ар зыми къызэрыпимыкIуэтынур. Абы папщIэ пщIэнтIэпсыр дэнэ къэна, лъыи игъэжэну хьэзырт.
Алыдж-урым бэнэкIэм, бэнэкIэ хуитым е самбэм елъытауэ, зыщыбгъэзэну нэхъ гугъущ. ЕбгъэрыкIуэм и Iуэхур нэхъ хьэлъэщ зызыхъумэжым нэхърэ. Иужьым къижыхь защIэкIэрэ и хьэрхуэрэгъум зыщихъумэфынущ. Зыр адрейм щыхукIэщIэуи ямылъагъуу фэбжь щытридзэри мащIэрэкъым. Апхуэдэхэм ящыщ зым Къуэдзокъуэ Анатолэ и блыпкъыр щагъэузащ. Ауэ ар щхьэусыгъуэ хъуфынутэкъым дыщэм щыщIэбэныну кIэух зэIущIэм хэмытынымкIэ. И хьэрхуэрэгъури хуабжьу лъэрызехьэт – Совет Союзым спортымкIэ и мастер Кульчицкий Владимирт. Иркутск икIа щIалэмрэ Старэ Урыху щыщ пелуанымрэ хуабжьу икIи кIыхьу зэныкъуэкъуащ. Зэм Кульчицкэм, адрейм Къуэдзокъуэм тепщэныгъэр яубыдырт. ИкIэм-икIэжым Толэ и ерыщагъымрэ зышыIэныгъэмрэ текIуэныгъэр къыхуахьащ!
Ставрополь къалэм щекIуэкIа Къуажэ спортсменхэм я союзпсо спартакиадэм Къуэдзокъуэм зэIущIитху щригъэкIуэкIати, псоми щытекIуащ. Абы и фIыгъэкIэ килограмм 87-рэ нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм чемпион щыхъури, дыщэ медалыр, дипломыр, саугъэт лъапIэр къыхуагъэфэщащ. Анатолэ а зэхьэзэхуэ иным къыщигъэлъэгъуащ къару мыкIуэщIрэ Iэзагъ лъагэрэ зэриIэр, текIуэныгъэм ерыщу зэрыхущIэкъур.
Дэтхэнэ зы спортсменым и дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ блэкIар зыщыбгъэгъупщэу псори щIэрыщIэу къыщIэбдзэжыным. Учемпионми, укъыхагъэщIами, фэбжь бгъуэтами – а псори, зэман докIри, ящогъупщэж. Адрей зэхьэзэхуэхэм щIэрыщIэу утыку укъыщихьэжын хуейщ, зыри щымыIам хуэдэу. Узэрынэхъ лъэщыр зэIущIэ къэс хьэкъ ящыпщIыпхъэщ уи гъэсакIуэхэми, хьэрхуэрэгъухэми, къоплъыну къэкIуахэми. Ар зыхузэфIэкIращ спортсмен нэсыр. Апхуэдащ Къуэдзокъуэ Анатолэ. ТекIуэныгъэ инхэм абы и щхьэр ягъэунэзакъым, зи зэфIэкIымкIэ дэрэжэгъуэ зритахэм ядефэ-ядешхэу ежьэжакъым, атIэ зыгъэсэныгъэ мыухыжхэм, шхэкIэ, зыгъэпсэхукIэ зэпIэзэрытым сыт щыгъуи тетащ. Аращ илъэс куэдкIэ утыкур щIигъэбжьыфIэфари нобэми лъэ быдэкIэ дунейм щIытетри.
Къуэдзокъуэм хуабжьу хуэугъурлащ 1960 гъэр. А илъэсым Налшык, Краснодар, Мэхъэчкъалэ, къэралым и нэгъуэщI щIыпIэхэм щызэхэта зэпеуэ куэдым абы бжьыпэр щиубыдащ. АрщхьэкIэ текIуэныгъэ нэхъыщхьэр щызыIэригъэхьар Куржым и къалащхьэ Тбилисищ. Арат щызэхэтар къуажэ спортсменхэм я союзпсо зэхьэзэхуэр. Щхьэзакъуэ зэпеуэм къищынэмыщIауэ, абы щызэныкъуэкъунут гупхэри. Анатолэ, зэрихабзэу, зыхэтар алыдж-урым бэнэкIэмкIэ килограмм 87-м нэс зи хьэлъагъхэрат. Иджы абы щызэхуэсат бэнакIуэ пщыкIух, зым нэхърэ адрейр нэхъ лъэщыжу.
Урыху щIалэр абы зыми къыщыпикIуэтакъым. ЗэIущIихым текIуэныгъих къыщихьри, къуажэ спортсменхэм я деж Совет Союзым чемпион щыхъуащ. Ар езы Къуэдзокъуэм къищынэмыщIауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрыщыту и ехъулIэныгъэ инт. Анатолэ Iэтауэ республикэм къыщрагъэблэгъэжащ икIи пщIэ лъагэ щыхуащIащ. Абы щыгъуэращ къыщыхуагъэфэщар «СССР-м спортымкIэ и мастер» цIэ лъапIэр.
Къуэдзокъуэ Анатолэ лъэныкъуэ куэдкIэ зэфIэкI ин зиIэ спортсмент. Алыдж-урым бэнэкIэм къищынэмыщIауэ, ар хэтащ бэнэкIэ хуитымкIи лъэпкъ бэнэкIэмкIи зэхьэзэхуэхэм. Нэхъ хьэлэмэтыжращи, атлетикэ псынщIэми мыIейуэ зыкъыщигъэлъэгъуащ икIи Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ къыхэхам дэщIыгъуу щIыналъэ зэпеуэхэм къыщыхэжаныкIащ.
1966 гъэм ди лъахэгъур вице-чемпион щыхъуащ Эстонием и Вилянд къалэм щыIа Къуажэ спортсменхэм я союзпсо спартакиадэм. Абы щыгъуэм ар зыхэтар бэнэкIэ хуитращ. Килограмм 87-рэ зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм текIуэныгъитху зэкIэлъхьэужьу къыщихьри, Къуэдзокъуэр финалым нэсащ.
КIэух зэIущIэр хуабжьу хьэлъэт. Дыщэ медалыр зыIэригъэхьэн папщIэ Анатолэ хигъэщIэн хуейт Совет Союзым и командэ къыхэхам ираджэ, Европэм и чемпион, дунейпсо зэхьэзэхуэ ин зыбжанэм къыщыхэжаныкIа, Осетие Ипщэм щыщ Цховребов Андрей. Ди жагъуэ зэрыхъущи, абы ди щIалэр ефIэкIыфакъым икIи дыжьын медалымкIэ арэзы хъуащ.
Къуэдзокъуэ Анатолэ илъэс куэдкIэ хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ къыхэхам икIи ди республикэм и щIыхьыр ихъумэу зэпеуэ зыбжанэм екIуу зыкъыщигъэлъэгъуащ. Ар КъБАССР-мрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ лъэпкъ бэнэкIэмкIэ Iэджэрэ я чемпионщ. А лIэужьыгъуэмкIэ 1974 гъэм «Урысей Федерацэм спортымкIэ и мастер» цIэр къыфIащащ.
Бэнэныр щигъэта иужькIэ, илъэс зыбжанэкIэ Къуэдзокъуэм игъэсащ спортсменхэр. Абы и унафэм щIэту Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ къыхэхар мызэ-мытIэу Кавказ Ищхъэрэм лъэпкъ бэнэкIэмкIэ и зэхьэзэхуэхэм щытекIуащ.
Къуэдзокъуэ Анатолэ и фIыщIэр гулъытэншэ хъуакъым. 1995 гъэм абы къыхуагъэфэщащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щэнхабзэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр. И куэдщ щытхъу, фIыщIэ тхылъхэр, кубок, вымпел, саугъэт зэмылIэужьыгъуэхэр.
Псом ящхьэращи, Анатолэ пщIэ лъагэ щиIэщ къызыхэкIа лъэпкъми зи зэфIэкIымкIэ зи пщIэр лъагэу иIэта республикэми. Адыгэ хабзэр сыт щыгъуи зи гъуазэ нэхъыжьыфIыр, иращIыкIыфакъым гъащIэм щигъэва удын хьэлъэ зыбжанэм икIи нобэ я щапхъэщ къытщIэхъуэ щIэблэм, я дэрэжэгъуэщ зыщыщ Къуэдзокъуэхэрэ щалъхуа Старэ Урыху (иджы Хьэтуей) къуажэмрэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрыщыту. Узыншэу илъэс куэдкIэ иджыри Тхьэм къытщхьэщигъэт!
 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

И щхьэгъусэ Раисэ и гъусэу.

Жыласэ Заурбэч.
Поделиться: