Мэрем пшыхь

ГъукIэ Маринэ

СыщIалэу фигу сыкъивгъэнэж

Iуэтэж

 «НэщанэуапIэ»… Арат выставкэм иужьрейуэ щагъэлъэгъуа сурэтым зэреджэр. ГъэщIэгъуэн Iэджэ ялъэгъуауэ, зыри щIэщыгъуэ ящымыхъужу къалытэ экспертхэри абы нобэ къыбгъэдэкIыжыфыртэкъым. ХьэщIэхэр сурэтым теухуауэ зэпеуэрт, щхьэж илъагъур жиIэрт. Зэ еплъыгъуэкIэ, адрей сурэтхэм яхэмылъу мыбы нэхъ лейуэ зыри иIэтэкъым. Ауэ итIанэми къару гуэрым уиIыгъым хуэдэу, абы зэ убгъэдыхьамэ, узыIэпишэрт.
Сурэтым итт хъыджэбз щхьэц фIыцIэ. Ар унэкум ист, и нэгум нэщхъеягъуэшхуэ кърихырт. Пэшым унэлъащIэ гуэри щIэту плъагъуркъым. Ауэ гъэщIэгъуэныр нэгъуэщIщ: щхьэгъубжэ IухамкIэ шабзэхэр къыдэлъэтурэ, хъыджэбзым и щхьэщыгум къыщалъэтыхь. Сурэтым и бгъум зыщIам и псалъэхэр цIыкIу дыдэу, хэплъагъукI къудейуэ тетхащ: «Сэ къысщохъу гъащIэм сринэщанэуапIэу. Абы и лIыгъэр здынэсыр къилъытэну хуей зэрыхъуу и шабзэхэр къызеутIыпIщ…»
Анастасия!

АнастасиекIэ зэджэ сурэтыщIыр нобэтэкъым къыщыунэхуар. Абы япэ дыдэу и сурэтхэр щигъэлъэгъуам - илъэсибл и пэкIэ - илъэс тIощIым иту арат. Псоми яфIэгъэщIэгъуэну ар утыкум къихьат. Зыми ямыцIыху, ауэ зэчиишхуэ зыбгъэдэлъ сурэтыщI Iэзэм и лэжьыгъэхэм псалъэ куэд тражыIыхьат: хэти жиIэрт, ар зи цIэр жыжьэ Iуну сурэтыщIу, хэти и лэжьыгъэхэр мыхьэнэшхуэ зимыIэу къыщIригъэдзырт. Ауэ нэхъыщхьэрати, гулъытэ гуэр хуамыщIу къыбгъэдэкIыжыртэкъым.
Анастасия и лэжьыгъэхэр дуней псом къацIыху щыхъу дыдэм ирихьэлIэу, езыр кIуэдащ. Дэнэ зы гъэщIэгъуэн щыIэми къэзыхутэну зыфIэфI журналистхэр а Iуэхум куэдкIэ иризэгуэпырт. Дэтхэнэми Анастасие и щэхур къищIэну пIащIэрт. Хэти хамэ къэралхэм я зым щыпсэууэ жиIэрт, нэгъуэщIми фадэм дихьэхауэ сымаджэщ гуэрым щилъэгъуауэ игъэIурт. Ауэ пэжыр зыт: илъэситI хъуауэ и нэгум зыри иплъатэкъым. УпщIэхэм кърихуэкI журналистхэм сэри сащыщт. Сэ иджы куэдрэ сигу къокIыж, хамэ цIыхухэм пэIэщIэ зищIу къуажэ пхыдза цIыкIум зи иужьрей махуэхэр щызыгъэкIуэну мурад зыщIа хъыджэбзыр къызэрызгъуэтыжар, абы и щэху си Iуэху зыхэмылъыр къэстIэщIу утыку къызэрислъхьар. Апхуэдэу сщыгъупщэркъым Анастасия къызжиIа псалъэхэри: «ЦIыхубзым дахагъэм мыхьэнэшхуэ ирет. Сыт хуэдэ зэманми дыдахэну дыхуейщ. Ныбжь къэс езым и фIыгъуэ гуэр иIэжщ, къыхэплъагъукIыфын хуейуэ аращ. Жьыгъэри дахэщ, щIалэгъуэм гу щыпхуа нэужь. Ауэ ущIалэу жьы ухъуамэ ар гуауэщ».
А псалъэхэр хьэкъыу зыпхыкIа хъыджэбзт Настя. Уз бзаджэ къыпкърыхьам и зэранкIэ зи дахагъэр ужьыхыу щIэзыдза сурэтыщIыр куэдрэ абы егупсысырт, нэпс Iэджи щIигъэкIын хуей хъурт. А псом щымыгъуазэ сэ, и теплъэкIэ къысхуэмыцIыхужу абы пцIы Iэджэ теслъхьэри утыку къислъхьат. Си статьям зэритымкIэ, Настя куэд щIауэ щыIэжтэкъым, абы и пIэкIэ хъыджэбз мыцIыху гуэрым сурэт ищIыурэ къыдигъэкIырт. Зэман дэкIа нэужьщ, сэ си щыуагъэр къыщызгурыIуэжар. Лажьэ зимыIэ хъыджэбз сымаджэм и иужьрей махуэхэм апхуэдэ псалъэмакъ зэрыхэзгъэтам сриукIытэжауэ, мащIэрэ къысхуигъэгъуну семылъэIуаи абы! Пэжщ, абы и пIэм ситамэ, сщIэртэкъым апхуэдэ схуэгъэгъуфынуми. Ау, ар сэри хэти нэхъри куэдкIэ нэхъ псэ дахэт, псэ къабзэт. Абы и гъусэу къуажэм щызгъэкIуа иужьрей мазэр игъащIэкIи сигу къинэжащ. Абы и лэжьыгъэхэм ухэсыныр, и псалъэхэм ущIэдэIуныр куэд и уасэт.
Анастасия дунейм щехыжым къысхуигъэнащ зыщIыпIэ щигъэлъагъуэну хунэмыса сурэтхэр, зэгуэр апхуэдэ Iэмал сиIэ хъумэ, цIыхубэм я пащхьэ къислъхьэн хуэдэу. Иджы, мис, ар зэрыщымыIэжрэ илъэс дэкIауэ, Настя къызэрызгъэгугъа лъэIур согъэзащIэ. Сыт щыгъуи хуэдэу «Анастасия» цIэр зэрызэхахыу, выставкэм цIыху куэд кърихьэлIащ. Абыхэм я дежкIэ а сурэтыщIым и лэжьыгъэхэр щыIэху езыри псэунут.
Ауэ мы зэIущIэм езы сурэтыщIри зэ «къыщыпсэ­лъамэ» си гуапэти, микрофоныр къызощтэ.
- Ди пшыхьым къеблъэгъа псоми фи пщыхьэщхьэ фIыуэ! Выставкэр щIэддзэн и пэкIэ зыфхуэзгъэзэну сыхуейт сурэтыщI Iэзэ Анастасия и тетрадхэм я зым щитхауэ щыта псалъэхэмкIэ: «Дунейм дыкъыщытехьэм деж, ди гъащIэм и иужьрей дакъикъэхэм зи нэгу диплъэнур дэнэ къыщытщIэнур? Сэ сыкъапщтэмэ, ар къызэрызыщызгъэхъур мыпхуэдэущ: фIыуэ слъагъу псоми сыкъаухъуреихьауэ, си гум пэгъунэгъу цIыхухэм я нэпсыр щIалъэщIыкIыу щысу, къэзгъэщIа гъащIэмкIэ сыарэзууэ сыпыгуфIыкIыурэ си нэхэр иужьрейуэ зэтеспIэжыну. Ауэ, узыхуейр щумыгъуэтамэ, гъащIэр зыплъыхьакIуэ зэшыгъуэм хуэдэ мэхъу. Абы хэлъыжыркъым IэфIагъи, дахагъи, насыпи. Сэ къызэхъулIакъым сызыхуея псор… Зэман схурикъуакъым… Ауэ зыхуэзгъэгусэркъым гъащIэм. Ар мащIэми - IэфIт, «упсэу» щIыжысIэн дакъикъэхэмкIэ гъэнщIат. Аращ псом нэхърэ нэхъыщхьэр…Сэ сощIэ, иужьрейуэ си нэхэр щызэтеспIэжыну дакъикъэм си нэгум гуфIэ илъынущ. Ар къэщIэрэщIэжынущ, нур къыщхьэщихым узэIэпишэу щытынущ. Мис апхуэдэуи фигу сыкъивгъэнэж: сыдахэу, сыщIалэу!»
Iэгуауэшхуэ гъэлъэгъуэныгъэр щекIуэкI пэшым къыщыIуащ. Сэ къысщыхъурт мыбы фIэлъ дэтхэнэ зы сурэтми зи дахэгъуэу дунейм ехыжа хъыджэбзым и гуфIэкIэр къищу…

ГушыIэ

Щхьэ шэч къытепхьэрэ?

Щхьэбаринэ Къасбот къуажэ псом я унафэщIт. Ауэ ар езым и унагъуэм щыпыпхэт. Абы и фызым бжьыпэр фIиубыдати, бауапIэ къритыртэкъым. Иджы фызым и унафэкIэ унагъуэр псэурт.
Къасбот и къуажэгъухэр а Iуэхум икъукIэ фIыуэ щыгъуазэрти, щIэх-щIэхыурэ къызыпхагъэIукIырт: «Зи унагъуэм унафэ хуэзымыщIыжыф цIыхур къуажэ псом я Iэтащхьэу ягъэувауэ драгъэукI!» АпщIондэху лIыр бампIэм ихьырт. Къасбот и щхьэгъусэм иужь дыдэу иджыри зэ епсэлъэжыну мурад ищIащ.
- Сэ сылIщ, ныбжькIи зы хьэнтхъупс шынакъкIи сынэхъыжьщ. Ауэ щыхъукIэ, унагъуэм унафэщIу исын хуейр сэращ. Унагъуэм унафэщIитI ис зэрымыхъунур зыщумыгъэгъупщэ! Аращ къуажэ къэс, район къэс, область къэс зы унафэщI фIэкIа щIамыгъэуври!
- Уэри зыщумыгъэгъупщэ, тIасэ цIыкIуу сиIэ, а унафэщIхэм ящыщ дэтхэнэ зыми и пщэ дэлъ къалэныр щыхуземыхьэм деж зэрыщхьэпрагъэдзыр. Ар зыуэ. ЕтIуанэрауэ, уэ къуажэ псор щыпхузехьэфкIэ, сэ ди унагъуэ цIыкIу закъуэм и унафэ схуэмыщIыну щхьэ шэч къытепхьэрэ?..
Абы иужькIэ Къасбот и IитIыр иIэтыпащ, ину хэщэтыкIри…
Дудар Хьэутий.

Ныбжьэгъу псори ныбжьэгъукъым

(Къэхъуа)

«Къуэш егъу нэхърэ ныбжьэгъуфI», - жиIащ пасэрейм. Ауэ ныбжьэгъур зыхуэдэр къыщыпщIэр гъащIэм гъэунэхупIэ ущригъэувэм и дежщ. Абы теухуа хъыбарщ мы си тхыгъэм зи гугъу щысщIыр.
ЗэныбжьэгъуиплI хъурт ахэр. Зэхуэзамэ, гуапэу зэбгъэдэту, зэхуэмызэмэ, зэхуэзэшу илъэс куэд лъандэрэ къызэдекIуэкIырт. Зыр философ цIэрыIуэ Алексейт, адрейр тхакIуэ-тхыдэдж Тыгъуэнт, ещанэр профессор Бэрэгъунт, еплIанэр, Дизыкъуажэ, абыхэм хуэдэу щIэныгъэшхуэ бгъэдэмылъми, хабзэмрэ нэмысымрэ емыбакъуэу, ныбжьэгъу папщIэ зи псэр зытыфыну цIыху къызэрыгуэкIт.
Зэгуэрым Дизыкъуажэ колхозым бригадиру ягъэувыну къыхуагъэлъэгъуащ. Колхоз унафэщIым абы къыжриIащ IэнатIэм пэрыувэн папщIэ и зэфIэкIыр зыхуэдэр къэзыгъэлъагъуэ щытхъу тхыгъэу щы зэригъэпэщын зэрыхуейр. Дизыкъуажэ абыкIэ къикIуэтынт: ныбжьэгъу щIыжаIэжыр апхуэдэ зы махуэтэкъэ?! Алексей, Тыгъуэн, Бэрэгъун сымэ захуигъазэри, щытхъу тхылъыр хуагъэхьэзырыну елъэIуащ.
Философым тIэкIу зрилъэфыхьащ, апхуэдэ лъэIукIэ зыкъызэрыхуагъэзар фIэмыфIыщэу жиIащ: «Мыр Iуэху цIыкIукъым, занщIэу зэфIэкIынукъым, сумыгъэпIащIэ». ТхакIуэмрэ профессорымрэ куэд дамыгъэкIыу сыткIи арэзы укъищIу щытхъу тхыгъэр ягъэхьэзыращ.
Тхьэмахуэ дигъэкIри, Дизыкъуажэ философым деж телефонкIэ псэлъащ, тхыгъэр хьэзырым щIэупщIэну «Iэжьэкъур щхьэ ипчрэ, укъызэмыпIэщIэкIыну бжесIатэкъэ, пхуэстхыну укъыщызгъэгугъакIэ, зыгуэр есщIэнщ. Хьэзыр хъумэ, колхоз правленэм и унафэщIым сэ естынщ, ар си цIыхугъэщи икIи сыпхуелъэIунщ Iуэхур псынщIэу зэфIигъэкIыну», - къыжриIащ абы.
МахуитI-щы дэкIауэ Дизыкъуажэ колхоз правленэм и унафэщIым хуэзауэ къыжриIащ философым и щытхъу тхыгъэр къазэрыIэрыхьар. «Сэ абы сыщIримыгъэплъыжар сыту пIэрэ?», - егупсысащ Дизыкъуажэ. ИужькIэ тхыгъэр щилъэгъуам абы и щхьэусыгъуэри къыгурыIуащ. Щытхъу тхыгъэр хъарзынэу къыщIидзами, и кIэм деж псори щызэхигъэзэрыхьыжат. «Абы и ныбжьыр хэкIуэтащ, сыт бригадиркIэ къыпхуищIэжынур?» - жиIэу итт.
 Дизыкъуажэ къыгурыIуащ философым и гум фIы зэримылъыр, я ныбжьэгъугъэри абдежым щиухащ. «Ныбжьэгъур щагъэунэхур махуейщ», - щIыжаIэжари апхуэдэ зыгуэру къыщIэкIынщ.
Пщыбий СулътIан.

Хабзэ

КхъуейплъыжькIэрыщIэ

Мыр унагъуэм къахэхъуа сабийм кIэлъызэрахьэ хабзэ дахэхэм ящыщщ. КхъуейплъыжькIэрыщIэр щащIыр щIалэ цIыкIу къахэхъуауэ щытмэщ. Абы пасэу зыхуагъэхьэзырын щIадзэ: фэ кIапсэ дагъэм быдэу ирагъафэ, матэ кхъуейр ягъэгъу, ерыскъы зэмылIэужьыгъуэхэр ягъэхьэзыр, кIэралъхьэну хьэпшыпхэр къащэху.
Метрих-блы я лъагагъыу пкъоитI хасэ. ТIури къызэщIиубыдэу зы пкъо и щхьэм тралъхьэж. И щхьэм ику дыдэм фIэдзапIэ хуащIри, абы кIапсэр иращIэ. кIапсэм и лъэныкъуиплIымкIи зэпэмыжыжьэурэ фIэдзапIэ цIыкIу хуащI. Кхъуей плъыжь гъэгъуар кIапсэм пэгъунэгъуу пащIэ, итIанэ хьэпшып зэмылIэужьыгъуэ куэд кIэращIэ: бэлътоку, IэлъэщI, бостеяпхъэ, джанэ, нэгъуэщI цIыкIуфэку куэд. Иджыпсту абы къыхэхъуащ хьэпшып лъапIэ куэд.
КхъуейплъыжькIэрыщIэм кърохьэлIэ унагъуэм я благъэхэр, я гъунэгъухэр. КIапсэм дэпщеину зи къарум къигъэгугъэхэр псори зэхэтщ, я чэзум йожьэри. И щхьэм нэсыр, япэщIыкIэ кхъуейм едзэкъэн хуейт, итIанэт адрейхэр еIусэну щыхуитыр. Хуиту кIэращIауэ джэрэз кхъуейр жьэкIэ къэбубыду уедзэкъэнри Iуэху псынщIэ цIыкIутэкъым. Бгыкъум кIэрыщIахэри къыпыпчыну гугъут. Иныкъуэхэр ищхьэм нэмысыфу къещэтэхыжт, абы нэсауэ кхъуейм едзакъэфри нэхъ мащIэжт.
Зэхьэзэхуэр гъэщIэгъуэну ирагъэкIуэкI, пкъом хьэпшып гуэр къыфIэзыхахэм псори йохъуэхъу, мыдрейхэм гушыIэ, ауан хэлъу хъуэрыбзэ гуэрхэр къыхуагупсыс.
Нэхъыжьхэр гуфIэгъуэр къызыхуаIэта сабийм йохъуэхъу, щIалэгъуалэр къофэ, мэгушыIэ.
Бгъэжьнокъуэ Барэсбий.

Хъыбар зиIэ псэлъафэ

«Лыри лыщ, лэпсри лэпсщ, къундэпсо тIэкIур
хъерыпсым хуэдэт» жызыIам нэхъей

Зы фызыжь цIыкIу къулейсыз дыдэу псэурт, зезыхьэни зыпIыни иIэтэкъым. И гъунэгъур къулейти, унагъуэм мурад ящIащ зрашалIэурэ ягъэшхэну. Фызыжьым къундэпсо фIэкIа иIэтэкъыми, и жагъуэ ямыщIын щхьэкIэ, езыхэр абы хуэныкъуэ хуэдэу, ар къахуихьыну ираухылIащ. Фызыжьым къундэпсор къихьт, ар лэпсым хакIэрти, шхэрт. Шха нэужь: «Лыри лыщ, лэпсри лэпсщ, къундэпсо тIэкIур хъерыпсым хуэдэщ», - жиIэрти тэджыжырт фызыжьыр.
КъыхуащIэр фIыщIэ зымыщI, езым ейм мыхьэнэ нэхъыбэ иритыну хэт цIыхухэм щхьэкIэ жаIэ.
Зытхыжар  Шал Мухьэмэдщ.

Тхыгъэ кIэщIхэр

УсакIуэм дежкIэ гуфIэгъуэщ
Усэр къыщыхуеблагъэр

ТхакIуэ! ФIыуэ укъэзылъагъу тхылъеджэ куэд зиIэнум ящыщ Тхьэм уищI. Ауэ зэи Тхьэм уимыщIкIэ уи тхылъеджэм зэрыжиIэм хуэдэу утхэн: утхэмэ - япэу зи щIыб къыпхуэзыгъэзэжынур аращ. Сыту уищIын абы, езыр фIыуэ зыщыгъуазэм фIэкI умытхмэ?!
***
ТхакIуэм лIыхъужьхэр художественнэу къигъэлъэгъуэнырщ и къалэныр, армыхъуамэ «мыр Iейщ, мор фIыщ, мыр захуэщ, мор къуаншэщ» жиIэу зэхидзын хуейкъым. Литературэмрэ прокуратурэмрэ я хабзэр зыкъым.
***
ЦIыху къэс иIэжщ езым и макъ. Ауэ къищынэмыщIауэ, усакIуэм иIэщ и гум и макъи.
***
Бгыщхьэм дэкIыну зызыгъэхьэзыр альпинистым къыздищтэр сэбэп къыхуэхъунур аракъым, атIэ Iэмал имыIэу зыхуэныкъуэнуращ. ТхакIуэми япэ къигъуэтыр и тхыгъэм хигъэувэ хъунукъым, хигъэувэн хуейр хэмытынкIэ Iэмал зимыIэрщ.
***
Литературэр пщIын щхьэкIэ, ТхакIуэу ущытын хуейщ, зыкъомым ар нэхъыщхьэу къамылъытэ пэтми.
***
Газет къеджэф зыкъомым я гугъэщ уси къеджэфу, ящIэркъым газетым тет адрей тхыгъэхэм хуэдэу усэми укъеджэ зэрымыхъунур, абы папщIэ Iэзагъэ, щIэныгъэ щхьэхуэ, дахагъэр куууэ зыхэзыщIэ гу уиIэн зэрыхуейр.
***
Зи шкIащIэр лIа жэмыр къашын папщIэ къызэрагъапцIэ хьэуазэкIэ къуа шкафым ещхьщ языныкъуэ усакIуэхэм, тхакIуэхэм цIыхухэм я пащхьэ иралъхьэ тхыгъэхэр…
***
УсакIуэм дежкIэ гуфIэгъуэщ Усэр къыщыхуеблагъэр. А сыхьэтыпэр гъэлъэпIэн хуейщ. Ар зищIысыр ищIэркъым Усэр къызэрыкIуэр зымыгъэунэхуам.
***
Усэ Iей зэратхым щхьэкIэ фымыгузавэ: ахэр дунейм къытохьэ куэд мыщIэу зэрылIэжынумкIэ суд тращIыхьауэ.
***
Творческэр ехъулIэныгъэкIэ къыщIэбдзэныр Iэмалыншэкъым, нэхъыщхьэр - ехъулIэныгъэкIэ бухынырщ.
***
ТхакIуэм дежкIэ нэхъыщхьэр мурад дахэ иIэхэр, игъафIэ образхэр зыхэмыкI гупсысэхэр аракъым, атIэ дунейм къытехьа, цIыхухэр зэджэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, «лэжьэн» щIэзыдза и тхылъырщ.
***
Уи усэхэм уэ езыр укъеджэжыным къикIыр - цIыхухэм я пащхьэ уиту, уи гурыщIэхэр, гупсысэхэр «къэбупцIэнынырщ», мис, мыращ сэ сызыхуэдэр, жыпIэу. АтIэ ар Iуэху тынш?! СыщыщIалэм абы нэхъ тыншу сытегушхуэрт, иджы нэхъ зыпыIуздз сыхъуащ…
***
Жыг лъабжьэм икIыу хъугъэпсыр къудамэ псоми зэрыкIуэм хуэдэ къабзэу, усакIуэми и гурыщIэхэмрэ и гупсысэхэмрэ ялъэIэсу щытын хуейщ усэм хэт дэтхэнэ псалъэри - абы щыгъуэщ усэр «къыщыгъэгъэнур».
Къагъырмэс Борис

 

НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ