ГъащIэм и щIэдзапIэ

ЩIыуэпсыр, бзылъхугъэр. А псалъэхэр я купщIэкIэ зэщхьщ, зэпэгъунэгъущ: тIури псэ зыIутым и щIэдзапIэщ. Дунейм и дахагъэр, гъащIэм и IэфIыпIэр ирапх абыхэм.

Налшыкдэс бзылъхугъэхэм я къалэ зэгухьэныгъэр и къудамэщ республикэм куэд лъандэрэ щылажьэ апхуэдэ щIыналъэпсо жылагъуэ IуэхущIапIэм. Абы и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ унагъуэм, жьэгу пащхьэм я хъумакIуэу щыт цIыхубзым хуэфэщэн гулъытэ жылагъуэм щигъуэтыныр, бзылъхугъэхэм я узыншагъэр егъэфIэкIуэныр, унагъуэм и пщIэр къэIэтыныр, нэгъуэщIхэри. А унэтIыныгъэхэм ехьэлIауэ Iуэхугъуэ щхьэпэ куэд зэфIегъэкI налшыкдэс бзылъхугъэхэм я къалэ зэгухьэныгъэм. Абыхэм ящыщщ цIыхубзым ехьэлIауэ махуэгъэпсым къыщыгъэлъэгъуа махуэшхуэхэр гъэлъэпIэныр, ар бзылъхугъэхэм, сабийр хъумэным, е унагъуэм епхауэ щрырет. Къалэм и IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щIэх-щIэхыурэ къыщызыдогъэпэщ зэIущIэ щхьэпэхэр, пшыхь гъэщIэгъуэнхэр, семинар купщIафIэхэр, зэпеуэ хьэлэмэтхэр, мазэ лэжьыгъэхэр. Абыхэм жыджэру хэтщ къалэдэс ныбжьыщIэхэри жылагъуэм пщIэ щызиIэ нэхъыжьыфIхэри, унэгуащэхэри къулыкъущIэхэри. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, «Унагъуэр узыншэмэ, къэралыр лъэщщ», «Ди лъэпкъ хабзэхэм ущыгъуазэ?», «ГъащIэм и дыгъэ», «Си узыншагъэр си IэмыщIэ илъыжщ», нэгъуэщIхэри.
Хъарзынэу мэлажьэ «Бзылъхугъэм и узыншагъэр лъэпкъ узыншэм и лъабжьэщ» проектыр. Абы къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ и узыншагъэр зыхуэдэм бзылъхугъэр езыр хуэнабдзэгубдзаплъэ щIыныр, социальнэ, медицинэ, нэгъуэщI IэнатIэхэми мыхьэнэшхуэ зиIэ а Iуэхугъуэм гулъытэ хэха хуегъэщIыныр.
Бзылъхугъэхэм я къалэ зэгухьэныгъэм и президиумым и зэхуэсхэм дыщыхоплъэ налшыкдэс унагъуэхэм ящыщу бын куэд зыпIхэм, сабий сымаджэ зэрысхэм я Iуэхухэм. Абыхэм сэбэп дахуохъу тлъэкI псомкIи: ерыскъыхэкIхэмкIэ, щыгъынхэмкIэ дадоIэпыкъу, илъэсыщIэ, махуэшхуэ тыгъэхэр яхудощI, мылъкукIэ защIыдогъакъуэ.
Ди жылагъуэ зэгухьэныгъэм и лэжьыгъэм жыджэру хэтщ Налшык и IэнатIэ зыбжанэм я лIыкIуэхэр. Ди лэжьыгъэмкIэ щIэгъэкъуэн къытхуэхъухэм ящыщщ къалэм и унафэщIхэр, МЧС-м и къудамэу КъБР-м щыIэр, «Горзеленхоз»-р, къалэм и медицинэ IуэхущIапIэхэр, еджапIэ нэхъыщхьэхэр. ЗэфIэтх Iуэхугъуэ псори зыхуэунэтIар бзылъхугъэм, къытщIэхъуэ щIэблэм, унагъуэм узыншагъэрэ зэIузэпэщыныгъэрэ яIэнырщ, гъащIэ мытыншым лъэ быдэкIэ хэтыфынырщ.
 Налшык и бзылъхугъэхэм я зэгухьэныгъэм и цIэкIэ къалащхьэм и махуэшхуэмкIэ сохъуэхъу ди бзылъхугъэ псоми: анэхэм, шыпхъухэм, пхъухэм, щхьэгъусэхэм. Унагъуэ насып яIэу, бын гузэвэгъуэ ямылъагъуу, абыхэм я гулъытэрэ псалъэ хуабэрэ щымыщIэу куэдрэ псэуну си гуапэщ. Налшык и махуэр псоми тхуэугъурлын Тхьэм ищI.

ДЫДЖЭШ Лидэ, Налшык и бзылъхугъэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI.
Поделиться:

Читать также: