Дунейм щыхъыбархэр

Залымыгъэ мылэжьыным и дунейпсо махуэщ. ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм 2007 гъэм къищта унафэмкIэ ягъэуващ, Индием и лъэпкъ-щхьэхуитщIыжакIуэ зэщIэхъееныгъэм и пашэу щыта Ганди Махатмэ къыщалъхуа махуэм трагъахуэри.

Социальнэ егъэджакIуэм и махуэщ
СНГ-м хыхьэ къэралхэм щагъэлъапIэ цIыхухэм профтехщIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэр
1552 гъэм Иван Грознэм и дзэм Къэзан къалэр къащтащ икIи Къэзан хъаныгъуэр Урысейм къыгуагъэхьащ.
1803 гъэм москвадэсхэм япэ дыдэу ялъэгъуащ гъуэзкIэ гъэпща зэрылъатэ шарышхуэм зиIэтауэ.
1936 гъэм зи судыр ящIам нэхъыбэ дыдэу тралъхьэ илъэс бжыгъэр хъуэжыным теухуа унафэ къыщащтащ СССР-м. ЩIэпхъаджагъэ хьэлъэ зылэжьам илъэси 10-м и пIэкIэ илъэс 25-рэ тутнакъэщым щигъэкIуэну ягъэуващ.
1942 гъэм Краснодон къалэм къыщызэрагъэпэщащ «ЩIэблэщIэ гвардие» щэхурылажьэ комсомол зэгухьэныгъэр.
1945 гъэм Къэбэрдей пединститутым школ-интернат къыщызэIуахащ.
1987 гъэм япэу телевиденэм игъэлъэгъуащ «Взгляд» нэтыныр. Ар къызэрагъэпэщащ икIи илъэс куэдкIэ ирагъэкIуэкIащ Малкин Анатолий, Лысенкэ Анатолий, Любимов Александр, Листьев Владислав, Политковский Александр, Эрнст Константин, Демидов Иван, Хангэ Еленэ, хьэрычэтыщIэ Довгань Владимир сымэ, нэгъуэщIхэми. А нэтынырщ япэу утыку къыщихьар иужькIэ цIэрыIуэ дыдэ хъуауэ щытащ Цой Виктор и «Кино» гупыр, нэгъуэщI куэди.
1452 гъэм къалъхуащ Инджылызым и пащтыхьу щыта Ричард Ещанэр.
1869 гъэм къалъхуащ Индием и лъэпкъ-щхьэхуищIыжакIуэ зэщIэхъееныгъэм и пашэхэм ящыщ зыуэ щыта Ганди Махатмэ.
1882 гъэм къалъхуащ совет дзэ къулыкъущIэ, Совет Союзым и Маршал Шапошников Борис.
1904 гъэм къалъхуащ союзпсо радиом и диктор, СССР-м и цIыхубэ артист, Хэку зауэшхуэм и зэманым «Совинформбюро»-м и хъыбарыщIэхэм къеджэу щыта Левитан Юрий. Аращ Берлин къызэращтамрэ Хэку зауэшхуэр СССР-м и текIуэныгъэкIэ зэриухамкIэ совет цIыхубэм хъыбар яригъэщIэну дзыхь зыхуащIауэ щытари.
1951 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, Урысей Федерацэм, КъБР-м, АР-м, КъШР-м я цIыхубэ артист Тут Заур.
1954 гъэм къалъхуащ сурэтыщI-живописец Ерчэн Исуф.
1966 гъэм къалъхуащ урысей актрисэ, теленэтынхэр езыгъэкIуэкI, Урысейм щIыхь зиIэ и артисткэ Вележевэ Лидие.
1970 гъэм къалъхуащ пауэрлифтинг спорт лIэужьыгъуэмкIэ плIэнейрэ (1996 - 1999 гъэхэм) дунейм и чемпион хъуа Хъуажь Юрий.

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Унажэ бжэгъу и Iыхьэщ.

 

Зыгъэхьэзырар Джатокъуэ Марьянэщ.
Поделиться:

Читать также:

25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ