Мэрем пшыхь

Псалъэ пэжхэр

Адыгэм гухэ и хабзэкъым

♦Адыгагъэр кIуэдмэ, лъэпкъри кIуэдащ.
♦Дунейр бгъэкIэ пхуэхьынукъым.
♦Зэ лъэпэрапэм щэ ирегъэкъу.
♦Лъахэр щыгулэзым уарзэр гулъэмыжщ.
♦Лъэпкъ пагэм и щIыхьыр хамэми и щIасэщ.
♦Дунейр щалъху псоми я зэхуэдэкъым.
♦Зи пэжыпIэ умыщIэм унафэ тумыщIыхь.
♦Адыгэм гухэ и хабзэкъым.
♦АдыгэлI и зекIуэ лIыщIыгъуэ и уасэщ.
♦И хэкум пэIэщIэр насыпыншэщ.
♦Къарур къыщыщIыхьэм пэжыр щIэкIащ.
♦Захуагъэр мафIэми искъым, псыми ихькъым.
♦Къэралыгъуэм бзыпхъэ трах.
♦Дунейр игущ, Хэкур и псэщ.
♦КъыщомыдэIум пэжыр щокIуэд.
♦Жьыгъэм нэкIур зэрегъалъэри, хамэщIым псэр зэрегъалъэ.
♦Зы лIым утекIуэми, цIыхубэм уатекIуэнукъым.
♦Пэжым гъущIри пхреуд.
♦Хэкужь щызынэм и анэри игъэпэжынкъым, и адэри игъэунэнкъым.
♦Шэр нэхъапэ зытехуэр пэж лъыхъуэхэращ.
♦ЦIыху нэхъ лъапIэ щыIэкъым.
♦ШылъэгумкIэ шэдри жэнэтщ.
♦Бэрэжьейр мэщхьэлъэри, щхьэж и лъэпкъ йокIуэж.
♦ЩумыщIэжым деж пэжыр умыбзыщI.
♦Дунеижьым и щытыкIам щымыгъуазэр дунеищIэми щыгъуэзэгъуей мэхъу.
♦Щхьэж и къуажэ и гупсэщи, щхьэж къыщалъхуам и псэр хэлъщ.

Шэрджэс Алий.

 

Фэ фщIэрэ?

КъэкIыгъэхэм я цIэр

Банэ фIыцIэ - барбарис.
Хьэбзэгу - подорожник большой.
ЩIыгыныху - сельдерей пахучий.
Бжэнтхьэпэху - василёк.
БжакIэ - костер пестрый.
Ажэгъуэпщ - рябчик.
КIей - ясень.
АIуудз - лилия однобратственная.
Къабзий - рогоз широколистный.
Къамылгъашэ - тростник обыкновенный.
УдззэрыкI - хвощ.
ТIомпIыш - красавка кавказская.
Фоуку - василек бледно-желтый.
Шамбыр - бамбук.
Шыгъулдыплъыжь - брусника обыкновенная.
ШыкIуртIымей - кедр.
Дахэ - белена черная.

Нарт Щэуей и хъыбархэм щыщ

Къанж и къуэм и лIыгъэр

Къанж и къуэ Щэуей, и ныбжь нэсу нартхэм къахыхьауэ ядызекIуэми, лIыгъэ-шыгъэкIэ хузэфIэкIынур къаригъэлъагъуртэкъым, зекIуэ ежьэн хъумэ, шу закъуэт, гъусэ ищIыртэкъым.
- Нэрыбгейм и къуэ закъуэм и лIыгъэ здынэсыр дэ къыфхуэтхутэнщ, - жари, Iэнейм и къуитIыр къэуващ.
- Дауэ къызэрыфхутэнур? - жаIащ нартхэм.
- ЗекIуэ щежьэкIэ и ужь дихьэнщи, ищIэм деплъынщ, - жаIащ Iэнейм и къуитIым.
- И ужь фихьауэ фыкъищIэмэ, фIы щIывигъэхынкъым, фыIэщIэкIуэдэнщ.
- ЗыкъедгъэщIэнкъым, и ужь зы теуэгъуэкIэ дитынщ, къызэплъэкIмэ, дыкъимылъагъуу.
Къанж и къуэ Щэуей, зекIуэ ежьэн хъури, гъуэгу техьащ. Iэнейм и къуитIри кIэлъыдэкIащ, и лъэужьым теувэри.
Махуищ гъуэгу икIуауэ, Къанж и къуэр къызэплъэкIащ: шууитI къыкIэлъыкIуэрти, епсыхри зыщIигъэхьащ.
- Iэнейм и къуитIыр дэнэ фежьа? - къеупщIащ Къанж и къуэр. - Хэт и лъэужь зефхуэр?
Iэнейм и къуитIыр Iэнкун хъуащ.
- Гъусэ дыпщIмэ, гъусэ дыпхуэхъунщ, - жаIащ абыхэм.
 Iэнейм и къуитIыр гъусэ ищIри, Щэуей гъуэгу техьэжащ.
Гъуэгу техьэжри, махуищ гъуэгу зэпачащ.
Махуищ гъуэгу зэпачауэ, тIуащIэм дыхьэж шы лъэужь ирихьэлIащ.
- Сэ тIуащIэм сыдыхьэнущ, - жиIащ Къанж и къуэм. - Мы лъэужьыр здэкIуэр къэзмыхутауэ къэзгъэзэжынукъым. Iэнейм и къуитIыр мыбдеж фыкъыщыспэплъэ. Зы мазэкIэ къэзмыгъэзэжмэ, фыкIуэж - фыкъыщIыспэплъэжын щыIэкъым.
Iэнейм и къуитIым ар къажриIэри, Щэуей тIуащIэм дыхьащ, шы лъэужьыр ирихужьэри.
Махуэ гъуэгу зэпичауэ, банапцIэ чо ирихьэлIащ Къанж и къуэр.
Чом зы пщащэ къыдэкIащ - нэгъуэщI къыIэщIэлъэгъуакъым.
- Уи закъуэ щхьэ удэс тIуащIэм? - еупщIащ Къанж и къуэр пщащэм. - Мыбы къыдыхьэ лъэужьыр хэт и лъэужь?
- Ди адэм и шы лъэужьщ, - къыжриIащ пщащэм. - Ди адэм тIуащIэм сыкъыдигъэтIысхьауэ сыдэсщ, ди адэм и шы лъэужьым кърикIуэфым сритынущ - ар и псалъэщ. Махуэ гъуэгу пкIужмэ, ди унэм псы Iуфэм ущрихьэлIэнущ. Ди адэр зекIуэ ежьауэ къэтщ, унэм исыр ди анэм и закъуэщи, укIуэмэ, адэкIэ зэрыхъунум ди анэм ущигъэгъуэзэнщ.
Къанж и къуэр шэсыжри, махуэ гъуэгу икIуауэ, псы Iуфэм зы унэ щрихьэлIащ. И шыр фIэдзапIэм фIидзэри, езыр хьэщIэщым ихьащ.
Iэнэ кърихьэри, хьэщIэщым бысым гуащэр къихьащ. И Iуэху зэрыхъуар щыжриIэм, бысым гуащэм Къанж и къуэ Щэуей къыжриIащ:
- ЛIыжьым и къэсыжыгъуэщ, унэм къихьэжмэ, уи Iэнэм къэтIысынурэ фызэдэшхэнущ. Фызэдэшха нэужь, къыбжиIэнущ: «НакIуэ, ди хьэщIэ, зыкъэтплъыхьынщ». Уигъэшэсынурэ уришэжьэнущ. Ди мэл пщыIэми утришэнущ, ди Iэхъушэри уигъэлъагъунущ, ди шыбз гуартэми ухигъэдэнущ - къыхэпхынур уэ пщIэжынщ.
Бысым гуащэм зэрыжиIауэ, пщащэм и адэр зекIуэ къикIыжри, къыдыхьэжащ, хьэщIэм къыбгъэдэтIысхьэри жэщищ-махуищкIэ къыбгъэдэсащ.
Жэщищ - махуищкIэ къигъэхьэщIа нэужь:
- НакIуэ, ди хьэщIэ, зыкъэтплъыхьынщ, - къыжриIащ Къанж и къуэм, игъэшэсри иришэжьащ.
Мэл пщыIэм тришэри, лIыжьым къыжриIащ:
- Узыхуейм хуэдиз пыху.
- Мэл щхьэкIэ сыкъежьакъым, - жиIащ Къанж и къуэм. - ЗекIуэ сыкъежьащ.
Мэл пщыIэм тришыжри, лIыжьым и Iэхъушэр къригъэлъэгъуащ.
Iэщи къыIихын идакъым Къанж и къуэм:
- Былым щхьэкIэ сыкъежьакъым, - жери.
Шыбз гуартэри къригъэлъэгъуащ:
- Шы пхуэхъун хэплъагъуэмэ, узот, - жери.
- Шыи сиIэщ, си шым нэхъыфI сыхуейкъым, - жиIащ Къанж и къуэм.
ЛIыжьым гу лъитащ хьэщIэр къызытекIухьам.
- Си пхъум псэлъыхъу и мащIэкъым, - къыжриIащ итIанэ. - Уэр фIэкIа зыхуэфащэ къахэкIакъым: зыр былымым итхьэкъуащ, зым шы ихуащ. Сэ сызыхуейр шырэ былымрэ щхьэкIэ тIуащIэм къыдыхьэ щауэкъым.
Iэнейм и къуитIым «нобэ мазэ мэхъу» щыжаIэм, Къанж и къуэ Щэуей тIуащIэм къыдэкIыжащ, и шыплIэм пщащэ дэсу.

 

Прозэу тха усэ

Уэшх хьэщIэ

Уэшхым содаIуэ. ЛъапцIэу сыхэтщ. Зыри жимыIэу, куэд къызеIуэкIри, уэ узогъэщхьыр уэшхыр. Уафэм къыщожьэ, щIылъэм лъоIусри, ткIуэпсхэр мэщащэ. Сыту сфIэмащIэ уэшхыр… СызыхуэпIащIэ ткIуэпсхэр уафэм еубыдыжри, сэри салъэIэсыжкъым. Си гум илъыжкъым гуауэ. Ауэ… уэшхыр къемышхыуи дауэ?! Сэ ар къысфIощI уэрауэ… СощIэ, жыпIэнур сощIэ…УкъысхуэкIуат уэшх хьэщIэу. Уи гур нэщхъейрэ нэщIу. УщыIукIыжым, къешхырт…
 Си гум илъыжкъым гуауэ. Си гум щызопI макъамэ. Уэшхым схузэхилъхьауэ. Зыми зэхимыхауэ.

Гугъуэт Заремэ.

 

ЦIыкIухэм папщIэ

Iуащхьэ щыгум

Цыжьбанэр гъуэлъыжрэ пэт ныбжьэгъум и фий макъ къызэхихащ. Ар къыщыщIэкIым къилъэгъуащ и ныбжьэгъур уафэм зэрыдэплъейр. Цыжьбанэр къызэрыщIэкIар зэхимыхауэ абы и нэр уафэм етат.
- Сыт абы къыпхуридзыхыну узыхуейр? - дэгушыIащ Цыжьбанэр ЩIыIубым.
- НакIуэ, Iуащхьэм дытегъэс, - жиIащ абы Цыжьбанэм и упщIэр зыщхьэдигъэIухри.
Цыжьбанэми фIэфIт пщыхьэщхьэм хэплъэу, хэдэIухьу Iуащхьэм тесыни, хьэуэ къыхигъэкIакъым. Ныбжьэгъум и ужь иту кIуэ Цыжьбанэм игъэщIагъуэрт къандзэгу жьэхэмыуэу е мылъэпэрапэу ЩIыIубыр Iуащхьэм зэрыдэкIыр.
- Дыкъэсащ. Сыту пщыхьэщхьэ телъыджэ!
- Хьэуа щIыIэтыIэр сыт и уасэ!
- Жэщ хьэпIацIэхэм я макъ зэпэджэжхэр-щэ!
- Пэжщ. Мо мазэгъуэр плъагъурэ?
- Сыт хуэдэу езы а мазэр?
Цыжьбанэр зэIынащ. «Плъагъурэ» жиIэн хуеякъым, иджы сыт щIегъуэжкIэ, и ныбжьэгъум и жагъуэ ищIащ.
- И зо, зэхэпхрэ? И гугъу къысхуэщIыт мазэм. Уэ зэрыплъагъуращ сызыхуейр.
Цыжьбанэм зыри жимыIэу ину щэтащ.
- ИIэ, хуэмыху. Уэ къызжомыIэм хэт къызжиIэн?
ЩIыIубым и псалъэхэм ар трагъэгушхуащ.
- Мазэр, пщIэрэ, ЩIыIуб цIыкIу, хъуреябзэщ. Ныщхьэбэ уафэм пшэ телъкъыми, вагъуэхэри мазэри IупщIу болъагъу. Мы Iуащхьэм сытесу сыщеплъкIэ, вагъуэхэри мазэри нэхъ ину, нэхъ лыду къысщохъу.
- Сэри мы Iуащхьэм сыщытесым деж мазэри вагъуэхэри слъагъуу къысщохъу. Пшэ зытемылъ жэщ уафэ къабзэм мазэр зигъэщIагъуэу вагъуэхэм тхъуэплъышхуэу къахощ. Абы къыпих нурым хьэуар ходжэгухь. И ныбжьэгъу жьыр къепщамэ, щIиупскIэнути, ныщхьэбэ абы тIэкIу хуэзэшу къысщохъу. Уеблэмэ и пIэм икIыну хуэмейуэ зигъэжьажьэу уафэгум зыщеIэжьэ, зыгуэрым пэплъэ нэхъей. ЩIылъэм тетхэр дызэреплъыр ещIэ, езыми зэрыизыр, и дахагъэр и напщIэ телъщи зегъэщIагъуэ. Сытми аращ… НакIуэ.
Цыжьбанэм пидзыжын имыгъуэту мазэм хуеплъэкIыурэ ЩIыIубым и ужь иувэжащ.

Мэлей ФатIимэ.

 

ПщIэну щхьэпэщ

Нартыху цIынэр щагъавэкIэ шыгъу хадзэркъым

Ерыскъы Iей щыIэкъым, цIыху Iейщ щыIэр.
Шэрджэсхэм хьэгулывэр бегъымбар шхыну ябжу щытащ, абы хущхъуэгъуэ куэд зэрыхэлъым щхьэкIэ. Хьэм къыхэщIыкIа шхыныгъуэхэр ирагъэшхыу щытащ зи къупщхьэ къутахэм - къапщтэмэ, зи дзажэ къутам хьэ мырамысэ ирагъэшхырт, ар захуэу кIыжын щхьэкIэ. Абы хэлъщ къупщхьэр зыгъэкIыж пкъыгъуэхэр, къапщтэмэ, фосфор, кальций, нэгъуэщIхэр.
ЦIыхум и тхьэкIумэр щыузым и деж, къэрмэфибл дагъэ ирагъаткIуэри мэхъуж.
Лыр нарзаныпскIэ бгъавэмэ нэхъ щIэхыу мавэ икIи лэпс IэфI къыщIовыкI.
Мыгъэлыгъуауэ хуэрэджэ купкъ, щIыдэ, пщIий куэд пшхымэ, щхьэр егъэуз.
Къурмэн ятохуэ: бжэным - мазих нэужьым, мэлым - мазибл нэужьым, Iэщышхуэм - илъэсым щIигъуамэ.
Хьэлыуэр щаубэкIэ я Iэр куэдрэ псыф ящIмэ, хьэлыуащхьэр тоуцIыныкI.
Мэжаджэр щагъажьэкIэ къэмычэн щхьэкIэ и щIыIум шху щахуэ.
Нартыху цIынэр щагъавэкIэ шыгъу хадзэркъым. Шыгъум хьэдзэхэр зэрегъалъэ, вэгъуей ещI, IэфIи хъуркъым.
Къубатий Борис.

 

Чэнджэщхэр

Гъуаплъэ хьэкъущыкъукIэ тхъу зэрахьэркъым

ДжэдыкIэ ивыкIар псынщIэу псы щIыIэм хэплъхьэ­мэ, и фэр текIыгъуафIэ мэхъу.
Тхьэв япщам и щхьэм Iэмал имыIэу хьэжыгъэ траудэ е щэкI трапхъуэ. Апхуэдэу умыщIмэ, тхьэвыр къэтэджыгъуей мэхъу, и щхьэри тогъукI.
Пщагъэр псы хуабэпцIкIэ зэIах, хуабагъыр градус 27-32 хъууэ. Псы щIыIэкIэ пщагъэр ягъэткIумэ, тхьэвыр тэджыгъуей мэхъу, псывэIуэ ящIмэ - пщагъэр хэкIуэдэнущ.
Гъуаплъэ хьэкъущыкъукIэ тхъур зэрахьэркъым, абы щIэх щызэIохьэри.
Хьэжыгъэр (нартыху хьэжыгъэри, гуэдз хьэжыгъэри, нэгъуэщIри) шхыныгъуэ къыхащIыкIын и пэ къихуэу Iэмал имыIэу кхъузанэкIэ яухуэнщI, жьы щIихун щхьэкIэ.
ГъэшхэкIхэр нэхъ куэдрэ зэIыхьэркъым зэрыт хьэкъущыкъур бинткIэ щхьэщыпхыкIауэ щIыIэпIэ бгъэувмэ.
Къэбыр щагъавэкIэ псы куэд щIакIэмэ цIынэ мэхъу, и IэфIри щIех.
КIэртIоф укъэбзар псы щIыIэм хэлъмэ фIыцIэ хъуркъым.
КIэртIоф пIастэ ящIыну кIэртIоф гъэвар бэлагъкIэ яуб. Иджы нэхъыбэм кIэртIоф гъэвар лыхьэжым щIагъэкI хъуащ. Ар нэхъ псынщIэу зэфIэкI щхьэкIэ, абы кIэртIоф пIастэр фIыцIэ ещI икIи витамин С-р егъэкIуэд.

 

НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар НэщIэпыджэ Замирэщ.
Поделиться:

Читать также:

25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ