Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

«Экономикэ зыужьыныгъэмрэ хабзэщIэхэр зи лъабжьэ экономикэмрэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
№ 232-ПП

2020 гъэм   жэпуэгъуэм и 15-м Налшык къалэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
«Экономикэ зыужьыныгъэмрэ хабзэщIэхэр зи лъабжьэ экономикэмрэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2012 гъэм щIышылэм и 17-м къыдигъэкIа унафэ №1-ПП-мкIэ къащтам, мы унафэм щIыгъу гуэдзэным къыщыгъэлъэгъуа зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ Алий

Лэжьыгъэ Iуэхухэр зэIухауэ зэтегъэувэнымкIэ, лэжьапщIэмкIэ щIыхуэхэр пшыныжынымкIэ, пенсэ кIуэгъуэм зи ныбжьыр нэблагъэ цIыхухэм лэжьыгъэм и лъэныкъуэкIэ яIэ хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ
комиссэм хэтхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
№ 258-ПП

2020 гъэм   щэкIуэгъуэм и 9-м   Налшык къалэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
Лэжьыгъэ Iуэхухэр зэIухауэ зэтегъэувэнымкIэ, лэжьапщIэмкIэ щIыхуэхэр пшыныжынымкIэ, пенсэ кIуэгъуэм зи ныбжьыр нэблагъэ цIыхухэм лэжьыгъэм и лъэныкъуэкIэ яIэ хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ комиссэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2019 гъэм щIышылэм и 25-м къыдигъэкIа унафэ №2-ПП-мкIэ къащтам, къыкIэлъыкIуэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
а) Комиссэм хэгъэхьэн мы къыкIэлъыкIуэхэр:
Бэрбэч А. Хь. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министрыр
Попов Д. П. - Ипщэ транспорт прокуратурэм Налшык къалэм транспортымкIэ и прокурорыр (зэгурыIуауэ);
б) Iэхъуэбэч Щ. А. и къулыкъум зэреджэр мыпхуэдэу къэхьын: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм промышленностымкIэ, энергетикэмрэ сатумкIэ и министрыр»;
в) Лисун Е. А. и къулыкъум зэреджэр мыпхуэдэу къэхьын: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм финансхэмкIэ и министрыр»;
г) Соблыр Б. Хь. и къулыкъум зэреджэр мыпхуэдэу къэхьын: «Къэрал мылъкур тхынымкIэ, кадастрымрэ картографиемкIэ Федеральнэ къулыкъущIапIэм и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщIым и къуэдзэр (зэгурыIуауэ)»;
д) Комиссэм къыхэгъэкIыжын Къуныжь В. Хь.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ Алий

Поделиться: