Зэхьэзэхуэм хуэхьэзыру къытщохъу

Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым 2020 - 2021 гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм гъатхэпэм и 6-м щIэзыдзэжыну и кIэух Iыхьэм зыхуэзыгъэхьэзыр «Спартак-Налшыкым» и зыгъэсэныгъэхэм Нартсанэ (Кисловодск) къалэм щыпищащ мазаем и пэщIэдзэм.

Зыгъэсэныгъэхэр кIуэ пэтми щIэхуабжьэ зэпытт. Бэшэчагъым и лъабжьэр мазэм нэблагъэкIэ зыгъэтIылъа «Спартак-Налшыкым» и тренерхэм иджы нэхъыбэу зытрагъащIэр гупым хэтхэм я Iэзагъым хэгъэхъуэнымрэ ахэр джэгупIэ губгъуэм щызэгурыгъэIуэнымрэт. Абы папщIэ зэныбжьэгъугъэ зэIущIэхэр щIэх-щIэхыурэ къызэрагъэпэщащ икIи хьэрхуэрэгъу ящIынухэм хэплъыхьыщакъым.
Нартсанэ я пIэм щизэгъа къудейуэ, мазаем и 7-м, налшыкдэсхэм джэгугъуитI зы махуэм ирагъэкIуэкIащ. ЯпэщIыкIэ ахэр IущIащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм топджэгум щыдихьэххэм я лигэм (ещанэ дивизион) нэгъабэ щытекIуа Ивановскэ жылагъуэм щыщ «Ставрополь-АгроСоюз» командэм и футболистхэм.
ЗэщIэщтхьа икIи уэсым зэщIищта губгъуэм лъэныкъуэхэм я зэфIэкIыр здынэсыр къыщагъэлъэгъуэну Iэмал щIагъуэ яIакъым. Апхуэдэу щыт пэтми, зэIущIэм и 49-нэ дакъикъэм «Спартак-Налшыкым» и капитан Пащты Руслан я хьэрхуэрэгъухэм я гъуэм пэмыжыжьэу щраудын хуей хъуащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и футболист нэхъыфIу нагъабэ къалъыта а щIалэм метр пщыкIузым и деж щыту бжыгъэр къызэIуихащ.
Абы фIэкIа къыхэжаныкIыну зыми хузэфIэкIакъым икIи налшыкдэсхэм текIуэныгъэр 1:0-у зыIэрагъэхьащ. Ди «Спартак»-м хэту а зэIущIэм зыкъыщагъэлъэгъуащ гъуащхьэтет Къардэным (Къумыкъу Аслъэнбэч ихъуэжащ 60-нэ дакъикъэм), гъуащхьэхъумэхэу УнащIэм, Молэмусэм, Ольмезовым, Дэхъум (Сэбаншым, 60), гъуащхьэхъумэныкъуэхэу Белоусовым, Уэрэзейм (Къумыкъу Ислъам, 70), Жангуразовым (Къурмэным, 70), Пащтым, гъуащхьауэхэу ХъутIэмрэ Бацэмрэ.
Нэхъ пщыхьэщхьэхуэкIуэу етIуанэ зэныбжьэгъугъэ зэIущIэри зэхэтащ. «Спартак-Налшыкым» абы къыщигъэсэбэпар япэм щымыджэгуахэмрэ зэман мащIэкIэ фIэкIа адрейм зыкъыщызымыгъэлъэгъуахэмрэщ: Антиповыр, КIэдыкIуейр, Шумахуэр, Тебэрдыр, Мэкъуауэр, Джатэрывэр, Iэпщацэр (Сэбаншыр, 70), Хьэшырыр, Бахъсэнокъуэр, Багъэтырыр, Гугуевыр. Ахэр нэхъ гуащIэжу къыщIэкIащ. Премьер-лигэм ехъулIэныгъэкIэ хэт Грознэ и «Ахмат»-м и щIалэгъуалэ гупым налшыкдэсхэр 6:2-уэ текIуащ. Ди щIалэхэм ящыщу топхэр дагъэкIащ Хьэшырым (тIу), Бахъсэнокъуэм, Шумахуэм, Гугуевым, Багъэтырым.
Мазаем и 12-м аргуэру зэIущIитI зэуэ ирагъэкIуэкIащ. Сыхьэт 11-м «ЕсэнтIыгу арена»-м къихьащ етIуанэ дивизионым и Япэ гупым зэгъусэу хэт хэгъэрейхэмрэ ди щIалэхэмрэ. Нэрылъагъут налшыкдэсхэр абы зэрыщынэхъ лъэщыр, арщхьэкIэ лъэныкъуэхэр зэрытемыгъакIуэу командэхэр загъэпсэхуну икIащ. Ахэр топ зырызкIэ зэхъуэжат, Гугуев Магомед къызэрыхэжаныкIам «ЕсэнтIыгум» хуэфэщэн жэуап къритыжауэ.
Джэгум и етIуанэ Iыхьэм «Спартак-Налшыкым» и тепщэныгъэр нэхъ иныж хъуащ. Абы и фIыгъэкIэ Пащты Русланрэ Джатэрывэ Къазбэчрэ бжыгъэр 3:1-м нагъэсащ икIи ди командэр трагъэкIуащ.
Япэ зэIущIэр зэриухыу етIуанэми а стадион дыдэм щыщIидзащ. Хэгъэрейхэм ядэджэгуахэм загъэпсэхуну Iэмал иратри, налшыкдэсхэм адрейхэр кърагъэхьащ. Я хьэрхуэрэгъури нэгъуэщIт - Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щыпашэхэм ящыщ Мэхъэчкъалэ и «Легион Динамо»-рат.
А зэIущIэр нэхъ хьэлэмэтыж икIи нэхъ гуащIэж хъуащ. Аргуэрыжьти, «Спартак-Налшыкым» тепщэныгъэр джэгупIэ губгъуэм псынщIэ дыдэу щиубыдащ. Апхуэдэу щыт пэтми, бжыгъэр къыщызэIуихыфар сыхьэт ныкъуэ джэгуа иужькIэщ. Ар зыхузэфIэкIар гъуащхьауэ Бацэ Къантемырщ.
Джэгум и етIуанэ Iыхьэм командэхэм я футболист куэд яхъуэжащ. Абы «Спартак-Налшыкым» и тепщэныгъэр фIигъэкIуэдакъым икIи мыгувэу бжыгъэр игъэбэгъуащ – Iэпщацэ Марат зэуа топыр мэхъэчкъалэдэсхэм ящыщ зым техуэщ, и кIуэкIэм зихъуэжри, гъуэм дыхьащ.
«Легион Динамо»-р игъэгубжьащ 0:2-уэ зэрыфIахьым. Ар къаруушхуэкIэ ебгъэрыкIуэ хъуащ икIи апхуэдэхэм ящыщ зым пенальти къилэжьащ. Метр пщыкIузым и деж щытуи Дагъыстэным къикIахэм ди гъуэр яхухэгъэщIакъым. Абыхэм я гъуащхьауэ Магомедов Рашид зэуа топым ди гъуащхьэтет Къардэн Имран къригъэгъэзащ!
Джэгур и кIэм нэблэгъэпауэщ «Легион Динамо»-р къыщыхэжаныкIыфар. Метр пщыкIузым и деж щыту хузэфIэмыкIар Магомедовым иужькIэ ди штрафнойм иту зригъэхъулIащ.
Арати, мазаем и 10-м ЕсэнтIыгу щыIа зэныбжьэгъугъэ зэIущIитIми «Спартак-Налшыкыр» щытекIуащ. Махуищ ипэкIэ ардыдэр ди щIалэхэм Нартсанэ щахузэфIэкIат. Мыгувэу щIэзыдзэжыну Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щыIэну зэхьэзэхуэми апхуэдэу зыкъыщагъэлъэгъуамэ, драгъэхъулIат. АрщхьэкIэ апхуэдэ гугъэхэм гур куэдрэ ягъэфIакъым.
Мазаем и 16-м ЕсэнтIыгу щригъэкIуэкIа зэIущIэм ди щIалэхэм аргуэру хьэрхуэрэгъу къахуэхъуат тхьэмахуэ ипэкIэ хагъэщIа Мэхъэчкъалэ и «Легион Динамо»-р. Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым 2020 - 2021 гъэхэм щыIэ зэхьэзэхуэм и етIуанэ Iыхьэм тхьэмахуитIым нэблэгъауэ Нартсанэ зыщыхуэзыгъэхьэзыр командитIым джэгупIэ губгъуэм кърагъэхьахэр я къарукIэ зэхуэгъэдэгъуейт. Япэ дивизионым хэт Брянск и «Динамо»-м къыкIэлъыкIуэ махуэм IущIэну къызыпэщылъ налшыкдэсхэм Дагъыстэным и къалащхьэм къикIахэм иджы пэщIагъэувар щIалэгъуалэрат, нэхъ лъэрызехьэ зытIущ гъусэ хуащIри. Мис ахэр: Къардэныр (Къумыкъу Аслъэнбэч ихъуэжащ 70-нэ дакъикъэм), УнащIэр, Молэмусэр, Колесниковыр, Къуэдзокъуэр, Сэбаншыр (Къумыкъу Ислъам, 65), Пащтыр (Торосян, 46), Уэрэзейр, Ашур, Жангуразовыр, Къурмэныр. «Легион Динамо»-м и футболист нэхъыфIхэр къриутIыпщхьащ, тхьэмахуэ ипэкIэ къызэрыхагъэщIар ягъэзэкIуэжын мурад яIэу.
Джэгум хуэфэщэн хэлъхьэныгъэ хуащIащ иужь махуэхэм къеха уэс Iувымрэ дызыщыужа уаемрэ. ЩIалэхэм топыр дахэ-дахэу къахуэгъэIурыщIэртэкъым, езыхэр щIэх-щIэхыурэ щIэцIэнтхъукIырт. Апхуэдэ щытыкIэм нэхъ щIэхыу есащ мэхъэчкъалэдэсхэр. Дакъикъэ пщыкIух дэкIауэ арат ахэр 2:0-у япэ щищам.
«Спартак-Налшыкым» абы иужькIэ зызэщIикъуэжащ. Иджы тепщэныгъэр къанэ щымыIэу зыIэщIэлъыр арат. Ди щIалэхэм я ебгъэрыкIуэныгъэ лъэщхэм мыгувэу ехъулIэныгъэхэр къахуихьащ икIи, загъэпсэхуну щикIым ирихьэлIэу, Пащтымрэ Сэбаншымрэ бжыгъэр зэхуэдэ ящIыжат. АрщхьэкIэ судьям къыщIигъуа зэманым «Легион Динамо»-р аргуэру япэ ищыжащ, Эльдарушев Абу-Саид метр пщыкIузым и деж щыту къахудигъэкIа топым и фIыгъэкIэ.
Джэгум и етIуанэ Iыхьэм ирихьэлIэу нэхъри зэщIэщта губгъуэм лъэныкъуэхэм къащыхуэгъэлъэгъуэща щыIэкъым. А махуэм убыдыгъуей хъуа Эльдарушевым ещанэ топри ди гъуэм къыдигъэкIри, зэIущIэр 4:2-уэ иухащ.
«Спартак-Налшыкым» и гуп нэхъыщхьэр къыкIэлъыкIуэ махуэм Брянск и «Динамо»-м «ЕсэнтIыгу арена»-м щыдэджэгун хуеят. АрщхьэкIэ уэсыр нэхъ Iувыжу къытрилъхьати, губгъуэр нэхъ Iеиж хъури, зэIущIэр щагъэIакъым.
Мазаем и 24-м абыхэм зэныбжьэгъугъэ зэIущIэ «ТIуапсым» драгъэкIуэкIащ. Бацэ Къантемыр дигъэкIа топ закъуэм и фIыгъэкIэ ди щIалэхэм текIуэныгъэр зыIэрагъэхьащ.
 Зыгъэсэныгъэхэм щиух дыдэм «Спартак-Налшыкыр» иджыри зэ «ЕсэнтIыгу арена»-м щыджэгужащ. Абы къащыпэщIэтащ етIуанэ дивизионым и ЕтIуанэ гупым щыпашэхэм ящыщ зы Белгород и «Салют»-р. Аргуэрыжьти, ди щIалэхэр 1:0-у текIуащ. Ещанэ дакъикъэм къыхэжаныкIащ Гугуев Магомед. Налшыкдэсхэм яхэту а махуэм зыкъагъэлъэгъуащ Антиповым, Мэкъуауэм, Шумахуэм, Ольмезовым, КIэдыкIуейм, Дэхъум, Iэпщацэм, Багъэтырым, Хьэшырым, Бахъсэнокъуэм, Гугуевым. ЗэIущIэм и етIуанэ Iыхьэм абыхэм къахыхьащ Жангуразовыр, ХъутIэр, Пащтыр, Уэрэзейр, Колесниковыр.
Иужь джэгугъуитIым зэрыщытекIуам я гукъыдэжыр къиIэтауэ ди щIалэхэм Налшык къагъэзэжащ. Махуэ зыщыплI загъэпсэхури, Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым мы тхьэмахуэм щыщIэзыдзэж зэхьэзэхуэм зыхуэгъэхьэзырын ирагъэжьащ. Гъатхэпэм и 7-м «Спартак-Налшыкым» и стадионым къыщригъэблэгъэнущ ди къуэш Адыгейм къикIа Мейкъуапэ и «Дружба»-р.
Къэбэрдей-Балъкъэрым топджэгум щыдихьэххэр зэпеуэм зэрыхуэзэшам икIи фIыуэ ялъагъу гупыр зэралъэкIкIэ абыхэм зэрытрагъэгушхуэнум шэч хэлъкъым. Нэгъабэ зэхьэзэхуэр зэпагъэуным и пэ къихуэу зэIущIихкIэ зэкIэлъхьэужьу ди щIалэхэм зыри къазэрыпэмылъэщар икIи иужь джэгугъуиплIым я гъуэр зыми къызэрыхимыгъэщIэфар куэдым IэфIу ягу къинащи, адэкIи я ехъулIэныгъэхэмкIэ дэрэжэгъуэ къратыну щогугъ.

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

Жыласэ Заурбэч.
Поделиться: