ШахматхэмкIэ дунейпсо чемпионхэр

(Ещанэ Iыхьэ. ПэщIэдзэр щIышылэм и 16-мрэ 18-мрэ тетащ).

Каспаров Гарри дунейпсо чемпион хъуа иужькIэ, мыгувэу Совет Союзыр зэхэщэщэжащ. ЧемпионыщIэм абы Iэмал къритащ дэнэкIи игъэзэну. 1993 гъэм Каспаровымрэ шахмат тажым щIэбэныну къызылъыса инджылыз Шорт Найджелрэ Дунейпсо Шахмат Федерацэр (ФИДЕ) ягъэкъуэншащ зэфIэкI зэримыIэмрэ Iулъхьэм зэрызэщIищтамкIэ. Ахэр абы къыхэкIри Профессионал Шахмат Ассоциацэ (ПША) къызэрагъэпэщащ икIи и жьауэм щIэту я зэIущIэр Лондон щрагъэкIуэкIащ. А зэпэщIэтыныгъэм Каспаровыр тыншу щытекIуащ. ФИДЕ-м а зэIущIэр къилъытакъым икIи игъэIуащ езым и чемпионат зэрыригъэкIуэкIынур. Дунейпсо чемпиону щыт Каспаровым дэджэгуфын папщIэ Шорт финал ныкъуэмрэ финалымрэ щыхигъэщIахэу Карпов Анатолийрэ Тимман Янрэ зэIуагъащIэри, я чемпионыр яубзыхуащ. Ар Iэрыхьащ ди хэкуэгъум. Апхуэдэ щIыкIэкIэ дунейпсо чемпионитI къызэдэгъуэгурыкIуэ хъуащ: ПША-м и цIэкIэ - Каспаровыр, ФИДЕ-м ейуэ - Карповыр.

1995 гъэм Каспаров Гарри и чемпионыгъэр ихъумащ, Индием щыщ Ананд Вишванатан хигъащIэри. Илъэситху дэкIри, абы текIуащ икIи ПША-мкIэ етIуанэ дунейпсо чемпион хъуащ Крамник Владимир (Урысей Федерацэ). АрщхьэкIэ а зэманым езы Профессонал Шахмат Ассоциацэр хэкIуэдэжакIэт, мылъкукIэ зыкъыщIэзыгъэкъуэн имыгъуэтыжу.
Абы щыгъуэми ФИДЕ-м и чемпионатхэр, зэрихабзэу, зэпимыгъэууэ иригъэкIуэкIащ. Карпов Анатолий США-м щыщ Камский Гатэ ефIэкIри, аргуэру бжьыпэр зыIэригъэхьащ. АрщхьэкIэ 1996 гъэм чемпионыр зэраубзыху щIыкIэр яхъуэжащ. Абы ипкъ иткIэ дунейм и шахматист нэхъыфI зыбжанэ зэхуашэсырти, зыр адрейм кIэщу дагъэджэгуурэ, нэхъыфIыр ягъэбелджылыт. ПША-мкIэ нэхъыфIхэу Каспаровымрэ Крамникрэ апхуэдэ зэхьэзэхуэм хэтын ядакъым. Япэм Карповыр щытекIуащ, зэрычемпионым къыхэкIыу занщIу финалым ягъэкIуати. АрщхьэкIэ иужькIэ апхуэдэ хабзэм тету джэгун идэжакъым, чемпионым ефIэкIыныгъэ лъэпкъ иратыжатэкъыми. Арати, ФИДЕ-м къызэригъэпэща зэпеуэщIэхэм япкъ иткIэ дуней псом и чемпион хъуахэщ: 1999 гъэм - Халифман Александр (Урысей Федерацэ), 2000 гъэм - Ананд Вишванатан (Индие), 2002 гъэм - Пономарёв Руслан (Украинэ), 2004 гъэм - Касымджанов Рустам (Узбекистан).
2002 гъэм ирихьэлIэу шахматхэр щытыкIэ гугъум ихуащ. Дуней псом чемпионитI иIэ хъуащ (ПША-мкIэ - Крамник, ФИДЕ-мкIэ - Пономарёв). Абы щыгъуэми ЩIы хъурейм щынэхъыфIу куэдым къалъытэр Каспаровырат - арат зи рейтингыр нэхъ ин дыдэр икIи зэхьэзэхуэ лъэщ зыбжанэм щытекIуар. Мурад ящIащ зэкъуэувэжыну. АрщхьэкIэ ФИДЕ-м къыхузэгъэпэщакъым и чемпионымрэ (Пономарёвыр, иужькIэ Касымджановыр) Каспаровымрэ зэдигъэджэгуу, дуней псом щынэхъыфIыр зэхигъэкIыну. Абы игъэгубжьа Каспаровыр 2005 гъэм шахматхэм къыхэкIыжащ, и рейтингыр адрейхэм куэдкIэ ефIэкIыу щыт пэтми.
КъекIуэкIыгъуитIым кърикIуам ипкъ иткIэ дунейпсо чемпионыр яубзыхуну а илъэс дыдэм ФИДЕ-м зэхиубла зэхьэзэхуэм Каспароври Крамники хэтын ядакъым. Абы чемпион щыхъуащ Болгарием щыщ Топалов Веселин.
ИкIэм-икIэжым, 2006 гъэм, дунейм и шахматист нэхъыфIхэр зэкъуэувэжащ. ФИДЕ-м иригъэкIуэкIа зэхьэзэхуэм иужьу щытекIуа Топалов Веселинрэ ПША-мкIэ псоми ефIэкIа Крамник Владимиррэ зэпэщIагъэуващ, абы щытекIуэр шахматхэмкIэ и зи чэзу дунейпсо чемпиону ягъэIуну.

Крамник Владимир (1975 гъэм мэкъуауэгъуэм (июным) и 25-м Краснодар крайм хыхьэ ТIуапсы къалэм (СССР) къыщалъхуащ) - урысей шахматистщ. 2006 гъэм ФИДЕ-р зэкъуэувэжа иужькIэ, шахматхэмкIэ епщыкIуплIанэ дунейпсо чемпион хъуащ.
Ботвинник и школым шахматхэм зыщыхуигъэсащ. Профессионал Шахмат Ассоциацэм иригъэкIуэкI дунейпсо зэпеуэм 2000 гъэм щытекIуащ, Каспаров Гарри Лондон щыхигъащIэри. ИлъэсиплI дэкIри а цIэр ихъумащ Венгрием щыщ Леко Петер ефIэкIри. Дунейм и шахматист нэхъыфIхэр щызэхуашэсыжа 2006 гъэм ЩIы хъурейм щынэхъыфIу къалъытащ, ФИДЕ-м иригъэкIуэкIа зэпеуэмкIэ чемпион Болгарием щыщ Топалов Веселин текIуэри.
Дунейпсо кубокыр 2013 гъэм зыIэригъэхьащ. Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам хэту ШахматхэмкIэ Дунейпсо Олимпиадэм щэнейрэ щытекIуащ, Европэмрэ дуней псомрэ я гуп чемпионатхэм япэ увыпIэр щиубыдащ.

Ананд Вишванатан (Виши) (1969 гъэм дыгъэгъазэм (декабрым) и 11-м Мадрас къалэм (Индие) къыщалъхуащ) - индийскэ шахматистщ. 2007 гъэм шахматхэмкIэ епщыкIутхуанэ дунейпсо чемпион хъуащ.
1948 гъэм къыщыщIэдзауэ ди къэралым (СССР-мрэ УФ-мрэ) и шахматистхэм илъэс 59-кIэ (ФИДЕ-р щызэкъуаудар хэмыту) яIыгъа дунейпсо тепщэныгъэр къызэпиудащ Индием щыщ Ананд Вишванатан. 2007 гъэм, ФИДЕ-р зэрызэкъуэувэжрэ илъэс дэкIауэ, дунейпсо чемпионатыр ирагъэкIуэкIащ къекIуэкIыгъуитIу зэхэту. Абы хагъэхьа шахматисти 8-ри тIорытIэ зэдэджэгуащ икIи, очко 14-м щыщу 9 зыIэригъэхьэри, Ананд бжьыпэр иубыдащ. Ар зы очкокIэ зефIэкIащ етIуанэ хъуа Крамник Владимир.
ИужькIи Ананд и чемпионыгъэр щэнейрэ (2008, 2010, 2012 гъэхэм) ихъумэжыфащ, нэхъ лъэщыж къыкъуэкIыхукIэ.

 

 

Карлсен Свен Магнус Ээн (1990 гъэм Тёнсберг къалэм (Норвегие) къыщалъхуащ) - норвежскэ шахматистщ. ЕпщыкIуханэ дунейпсо чемпионщ, нобэми а цэр зэрехьэ.
Тхыдэм щыяпэу шахмат джэгукIэ лIэужьигъуищымкIи Карлсен дунейпсо чемпион хъуащ: 2013 гъэ лъандэрэ - классическэ шахматхэмкIэ, 2014-2016 гъэхэм - рапидымкIэ (шахмат псынщIэхэмкIэ), 2014 - 2015, 2017 - 2018 гъэхэм - блицымкIэ. Нэхъ щIалэ дыдэу (илъэс 13-рэ мази 4-рэ махуэ 27-рэ и ныбжьу) гроссмейстер хъуахэм ящыщщ.
Классическэ шахматхэмкIэ дунейпсо чемпион хъуащ, 2013 гъэм Ананд Вишванатан ар щалъхуа Индием и Мадрас (иджы Ченнаи) къалэм щыхигъащIэри. Илъэс дэкIри, ахэр Сочэ къалэм щызэIущIащ икIи аргуэру Карлсен текIуащ. Ещанэуи, еплIанэу абы и шахмат тажыр 2016, 2018 гъэхэм ихъумэжыфащ, Карякин Сергейрэ (Урысей Федерацэ) Каруанэ Фабиорэ (США) ефIэкIри.

Жыласэ Заурбэч.
Поделиться:

Читать также: