МЭРЕМ ПШЫХЬ

Хабзэ
Пасэрей Iэнэ пэрысыкIэ

Пасэрей адыгэхэм нэмысышхуэрэ хабзэшхуэрэ яхэлъу щытащ. Адыгэ хабзэр фадафэ Iэнэми щащыгъупщэу щытакъым. ГуфIэгъуэкIэ цIыхухэр зэхыхьамэ, абы щызэрихьэлIа псори зы гупу зэхэтIысхьэртэкъым. Нэхъыжь здэщыс Iэнэм щIалэгъуалэ щытIысыну хабзэм къезэгъыртэкъым. Ар нэхъыжьымрэ нэхъыщIэмрэ зэхуащI нэмысым къыхэкIыу арат. Нэхъыжьхэм яхуэфэщэ нэхъыщIэхэр щхьэгъэрыту яIэт. ЩIалэгъуалэри ныбжькIэ зэрызэхуэхъункIэ зэхагъэкIырти, гуп щхьэхуэурэ унэхэм щIагъэтIысхьэрт.
 Нэхъыжьхэмрэ нэхъыщIэхэмрэ унэ щхьэхуэ щIэс пэтми, я Iуэху зыIутыр зрагъащIэрт. ЩIалэгъуалэ Iэнэм щыщу щIалитI, фадэбжьэрэ шхын тепщэчрэ яIыгъыу нэхъыжьхэм я деж ягъакIуэрт: «ФыкIуи ди нэхъыжьхэр зэвгъэлъагъу, я Iуэху зыIут зэвгъащIэ, ди хъыбари яхуэфхь», - жаIэрти. Абы ещхьыркъабзэу нэхъыжьхэри нэхъыщIэхэм якIэлъыкIуэрт. Апхуэдэу ягъэкIуахэр хуабжьу къащыгуфIыкIыу ирагъэблагъэрт, я фадэбжьэри Iахырти техъуэхъухьырт. ЛIыкIуэхэр ягъэтIыстэкъым, фадэбжьэ нэужьым фIыщIэ къыхуащIу, къыдэкIуатэу хъуэхъу хужаIэурэ къыщIагъэкIыжырт.
МыдэкIэ къыздэкIуэжам: «Гуп махуэ апщий!» - жаIэрти къахыхьэжырт. Зыхуэфащэхэри тэджырти кърагъэблэгъэжырт, гуп махуэбжьэ иратырти ирагъафэрт. Унафэр зэрагъэзэщIамкIэ къэкIуэжахэм фIыщIэ хуащIырти, я пIэ ирагъэтIысхьэжырт.
ГуфIэгъуэр зейр гупхэр зыщIэс унэхэм щIыхьэурэ яхэплъэрт, зыхуей-зыхуэныкъуэхэр зригъащIэрти, щхьэгъэрытхэм унафэ яхуищIырт псори къызэрагъэпэщыну.
Гуп зыхэсым зы тхьэмадэ яIэти, псори абы и унафэт зэрекIуэкIыр. Гупым ящыщ щIэкIын хъумэ, щхьэгъыртхэм ящыщ гъусэ хуэхъурт. ЩIэкIахэр къыщыщIыхьэжкIэ, япэ итым сэлам къитырт. Гуп махуэбжьэр а сэлам къэзытам иратырт, абы гъусэ иIэмэ, бжьэр абы иритырти иригъафэрт. Фадэр кърагъахъуэрти, ефам къратыжырт, абы ар езым къезытам IэщIигъэувэжырт, мыдрейм бжьэр къезытам IэщIигъэувэжырти, итIанэ и тIысыпIэ игъуэтыжырт. Бжьэр езым и ужь итым ириту иригъэфэныр Джылахъстэней хабзэщ. Къэбэрдей лъэныкъуэм езы зратам иреф.
Гупым яхэмысауэ зыгуэр къыщIыхьамэ, зыхуэфащэхэр тэджырт. Тхьэмадэр тэджу хабзэтэкъым. КъыщIыхьар нэхъыжьми нэхъыщIэми, фIэхъусыбжьэр иримыфауэ тIыс хъунутэкъым.ФIэхъусыбжьэм техъуэхъухьыртэкъым. Ар ирифрэ бжьэр къезытам иритыжа нэужь, хуэфащэ тIысыпIэр хуагъэлъагъуэрт.
Гуп тхьэмадэр щIэкIын хъумэ, къыщIыхьэжыху унафэр и пщэ дэлъу зыгуэр и пIэм къринэрт. Езы тхьэмадэм щхьэгъэрытым и мызакъуэу, гуп зыхэсым ящыщи дыщIэкIырт, нэмыс хуащIу. Ар къыщыщIыхьэжкIэ гупыр псори тэджырт. Гуп махуэбжьэ ирату иримыфауэ тIысыну хуиттэкъым. Абы ещхьыркъабзэт, хьэщIэр щIэкIын хъуми.
Iэнэм фадэр щызекIуэми, пасэм адыгэхэр чэф хъуным щышынэу щытащ. «Чэф игъуэтащ» зэрызыхужрамыгъэIэным хущIэкъурт.

Щоджэн Хьэзешэ.

ГушыIэхэр
Уи гъуэншэджыр яжьыщIат

ЗэрыжаIэжымкIэ, мы Iуэхугъуэр къыщыхъуар аддэ зауэжьым и пэ цIыхухэр  щыгъыныджэу щыщыта лъэхъэнэрщ. Мухьэдин еджэным тримыкъузащэу екIуэкIырт, зыщIригъэхыурэ школым щымыкIуэри нэхъыбэт. Апхуэдэу махуитIкIэ школым мыкIуауэ, псыхъуэм джэгуу дэт щIалэм и егъэджакIуэ Мухьэмэд къыхуозэ.
- Сыт, уэ щIалэр, школым уныщIемыкIуалIэр махуитI хъуауэ?
- Уэрей, сынэкIуэнутэм, ауэ дыгъуасэ си гъуэншэджыр яжьыщIати хъуакъым.
- Нобэ-щэ?
- Нышэдибэ школым сынэкIуэну сынежьауэ фи дежкIэ сыщыблэкIым, сыплъэри, уи гъуэншэджыр жьыщIауэ фIэлъти, укъэмыкIуэн си гугъэри згъэзэжащ.

Думэн  Мурадин.

ЖыIэгъуэхэр
АдыгэлI и псалъэ епцIыжыркъым

Факъырэми насыпыфIэу зыкъелъытэж, и къэлътмакъым из щыхъуам деж.
Къазшырыфэ бостей къилъыхъуэурэ, къазым и фэм зихъуэжащ.
Щхьэгъусэу къэпшэнум уепсэлъэныр дагъуэ хуэпщIынымкIэ къыщIумыдзэ.
Шы къарэ дахэ мыжэ нэхърэ жагъэфI зиIэ алащэ къэбыфэжь.
ЦIыхум и гум удыхьэн папщIэ, абы и бгъэр зэгуэбгъэжын хуейкъым.
Шы джалъэм гъуэгуанэшхуэ къызэпичауэ арщ, цIыху джалъэм и гъащIэ гъуэгуанэр иухащ.
Къыпхумейм уемылъэIу - уи щхьэр пуд хъунщ.
ЕрыскъыкIэ къэпхь гуэныхьыр гуэныхь псом я лейщ: ар жыхьэнмэ дакъэжь мафIэщ, ар зэи пхуэпшыныжынукъым.
Пхъу зиIэри мэгузавэ, къуэ зиIэри мэгузасэ: пхъур яшэри пыкIащ, къуэм къишэри хэкIащ.
АдыгэлI и псалъэ епцIыжыркъым.
Жьым утесми, псым уемыпыдж.
Уи лIыгъэр къэбгъэлъэгъуэн папщIэ, зауэ IэнатIэ ухуей-тIэ?
Бжьэ зи куэдым фор и хьэщIэ шхынщ.
ЦIыху бзаджэм уебзэрабзэкIэ, и бзэр IэфI пхуэщIынукъым.
Куэд зымыгъащIэу куэд зылъэгъуа.
Напэ хужь - гу фIыцIэ.
Зи щхьэр уз Дизыкъуажэ гуфIэрт, узын илъщ си щхьэм жиIэри.
Ехъуапсэри архъуанэм хэлъащ, жи.
Къаплъэнэф нэхърэ псори зылъагъу хьэфиз.
ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ, жаIэ, атIэ сыт лIыфI къуэфI щIыхуэмыщыр?
Акъылыр цIыхум и лъагагъым елъытакъым.

КIуантIэ Iэзид.

Адыгэ лIакъуэхэр
Мэхъуэшхэр

Я бжыгъэкIи, щIыналъэкIи мэхъуэшхэр адрей адыгэ лъэпкъхэм нэхърэ нэхъ мащIэщ. Ахэр беслъэнейхэм я гъунэгъуу къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ щыпсэуащ, Хуарзэ, Псыхур, Iэл псыхэм я тIуащIэхэр яIыгъыу. Я лъэпкъыцIэр къызыхэкIар нахуэкъым.
Мэхъуэшхэм я псэлъэкIэр кIахэ адыгэхэм ейм нэхъ ещхьщ, ауэ зи гъунэгъу беслъэнейхэр зэрыпсалъэми мащIэу тохуэ. Я гъунэгъухэм зрагъэзэгъыу, зауэ-банэ хэмыту, ауэ я щхьэхуитыныгъэхэр мэхъуэшхэм яхъумэжыфу къэгъуэгурыкIуащ. КъухьэпIэмкIэ щыIэ адыгэхэм къащхьэщыкIыу абыхэм пщы яIащ - Бэгъэрсокъуэхэ. Абы хуэжыIэщIэу зэрыщытым и фIыгъэкIэ мэхъуэшхэр зэгурыIуэхэу икIи хуэщIауэ псэуащ. Нэхъыбэу ахэр Iэщ гъэхъуным елэжьхэрт, апхуэдэу я щIыр пшэрти, гъавэ бэви къытекIырт.
XVIII - XIX лIэщIыгъуэхэм адрей адыгэ лъэпкъ псоми я щхьэм кърикIуам хуэдэ мэхъуэшхэр хъуащ: Кавказ зауэм и цIыхуу куэд хэкIуэдащ, куэдми адэжь лъахэр ябгынэри Тыркум Iэпхъуащ.
Мэхъуэшхэри адыгейуэ ятх, адыгей литературэбзэм иропсалъэ. Абыхэм уащыхуозэ адыгэ диаспорэ здэщыIэ къэралхэми.

Натыхъуейхэр

XIX лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм я бжыгъэкIэ натыхъуейхэр (натхъуаджэхэр) адыгэ лъэпкъхэм я нэхъ инхэм ящыщащ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, абыхэм я бжыгъэр мин 240-м нэсырт. Натыхъуейхэм я щIыналъэр ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ Пщызэ псым, къуэкIыпIэмкIэ - Адэгум нэсырт, я щIыбымкIэ абазэхэхэр къыщыст. Ахэр щIым телэжьыхьырт, Iэщ, бжьэ ягъэхъурт; сату дащIырт Тыркум, Кърымым, Урысейм. Иужьрейм къыщащэхурт шыгъу, гын, щэкI, гъущIхэкI Iэмэпсымэхэр. Езыхэм ящэрт фо, шэху, тхъу, гуэдз, цы, нэгъуэщIхэри.
XVIII - XIX лIэщIыгъуэхэм пщырэ пщылIрэ щымыIэу, демократ жылагъуэ зэхэтыкIэм тету натыхъуейхэр псэуащ. ЩIыналъэм лъэпкъ унафэхэр щызезыгъакIуэр хасэрт. Натыхъуей адыгэхэр ерыщу щIэбэнащ я щхьэхуитыныгъэм. Кавказ зауэр иуха нэужь, адрей адыгэ лъэпкъхэми хуэдэу, абыхэм я нэхъыбэр залымыгъэкIэ Тыркум ягъэIэпхъуащ. Хэкужьым къинэжар мащIэ дыдэщ. Иджы Адыгэ Республикэм Натыхъуей фIэщыгъэцIэр зэрихьэу зы къуажэ закъуэщ щыIэр.
Натыхъуейхэр «адыгей» жиIэу ятх, адыгей литературэбзэм иропсалъэ.

Сабийхэм папщIэ
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег

НыбэхуэфI

СытIысамэ пщэдджыжьышхэ,
Си хьэ цIыкIур къыздотIыс.
Сэ а цIыкIур здызогъашхэ,
Сэ хузощI абы хьэ Iус.

Сэ иджыри шхэн щIэзмыдзэу,
Хьэм и фалъэр еунэщI,
И нэ цIыкIухэр щIиукъуанцIэу,
ТхьэмыщкIафэ зэуэ зещI.

Сэ изот абы си Iыхьэр -
Зы дакъикъэм егъэкIуэщI.
Согъэтхъэж апхуэдэу си хьэр -
Сыт епщIэнур - ныбэхуэфIщ?!

Сыхьэткъеуэ

Ныбэфыжь езыр хъужауэ
ФIэлъщ блынджабэм сыхьэткъеуэ -
Бым, бым, бым…
Сыхьэткъеуэр къеуэхункIэ,
Руслан цIыкIу щIэмычэу къоскIэ -
УитI, уитI, уитI…
Къыздихьауэ зы пхъэ уадэ,
Ису фIощI абы Мэз дадэ -
Быргъэ, быргъэ, быргъэ…
- Сыхьэткъеуэм къивгъэкIыжи,
ИрекIуэж я дей Дадэжь, - жи -
КIуэж, кIуэж, кIуэж…
Мэз Дадэжьыр къемыдаIуэ,
ЩIалэ цIыкIури мэлъаIуэ -
КхъыIэ, кхъыIэ, кхъыIэ…
- Уэ Дадэжьыр умыувыIэм,
Еплъ, сэ папэ ужезмыIэм -
Еплъ, еплъ, еплъ…
ФIэлъщ блынджабэм сыхьэткъеуэ,
Iэуэлъауэркъым куэд щIауэ -
Щымщ, щымщ, щымщ…

Сабийгъэджэгу

Дадэ: «гу-гу», «гу-гу» -
Еужьгъэ хугу.
Нанэ пIастэ
ТхуещI,
Къытхухех
Хьэнтхъупс.
Iэнэм дотIыс,
ПIастэр пщтырщ:
«Тсс!..»

КIуркIунау

«КIур-кIур», «КIур-кIур»,
КIуркIунау,
Уи джэ макъыр гъэбэяу.
Сыжеину согъуэлъыж,
Уэ си жейри стумыхуж.
Си дзэ цIыкIухэр згъэкъэбзащ,
Напэ цIыкIури стхьэщIащ,
СокIуэр сщIыну сэ лэу-лэу,
КIуэж уи унэ, КIуркIунау!..

Дисэ

Къызатати
МыIэрысэ,
Ар естащ
Дыгъуасэ Дисэ.
СымышIэххэу
Нобэ Дисэ
Къысхуихьащ сэ…
Мырамысэ!

Дыгъэр къыздоджэгу
Дыгъэр гуащIэу къопсыр,
Си нэкIум къытопсэ,
ИзокъуэкI пщIэнтIэпсыр -
НакIуэ псым, - жи, - си псэ!..

Цыжьбанэ

Цыжьбанэ пэ дзасэ
Ди хадэм щопсэу.
Имышх мыIэрысэ,
Естати зы псо.
«Цырхъ» макъ зэхихамэ,
Цы топу зэропщхьэ.
ЩIакхъуэ вэгъу естами,
Къыкъуихыркъым и щхьэ.

Си мамэ

Мамэ щIэсмэ,
Унэр хуабэщ,
Псэр мэтыншыр,
Гур мэпсэху.
Мамэ гуфIэм,
Дыгъэм хуэдэщ.
Мамэ гъащIэр
Тхуегъэнэху.

НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ