Мэрем пшыхь

ЖыIэгъуэхэр

Чэнджэщ нэхъ хуэныкъуэр чэнджащэрейкъым.
Шыдми и макъыр фIэдахэжщ, армырамэ кIиинтэкъым.
Щхьэхынэм и гъащIэр кIэщIщ.
Адыгэ лъэпкъым зэгурымыIуэ къыхэзылъхьэр лъэпкъым и бийщ.
Алыхьым цIыхум къритам щыщу псэр япэ итмэ, абы къыкIэлъыкIуэр бзэращ.
Бзэр зыфIэкIуэд лъэпкъыр гъащIэмащIэщ.
ЗэгурымыIуэ лъэпкъым лъэпкъ Iуэху къыхуэIэтынукъым.
Зи бзэр зэзымыпэсыж лъэпкъым и кIуэдыжыгъуэр къоблагъэ.
Зи напэ зымыхъумэр напэншэмэ, зи хэку зымыхъумэр лIыгъэншэщ.
И лъэпкъэгъу дэхуэхам зыхуэзымышийр шхий и уасэкъым.
Лъэпкъ бгъэкIуэдынум, мыхъумыщIэу хэлъыр гъэбагъуэ.
Лъэпкъ бын зыгъасэм лъэпкъ щытхъу хуэфащэщ.
Лъэпкъым хуэлажьэм пщIэ лей къелэжь.
Зи акъыл кIэщIыр унафэ щIыным гугъу дехьыркъым.
Зи мылъку зыфIэмащIэр гъунэжщ - зи акъыл зыфIэмащIэр гъуэтыгъуейщ.
Зыхуэмыфащэр яIэтмэ, бегъымбару зыкъыщохъуж.
Куэд зыхузэфIэкIыр мащIэ защIэкIэ къэбгъэсэбэпмэ, и зэфIэкIым хощI.
Куэдым къыхэзыхыу мащIэм езытыфми фIыщIэ иIэщ, мащIэм къыхэзыхыу куэдым езытыфым и фIыщIэр нэхъыбэжщ.
Къыумылэжьа фIыщIэмрэ мылъкумрэ хъер пылъкъым.
Къулыкъудэубзэм зэубзэр IэщIэкIмэ, и адэм нэхърэ нэхъ егъей.
Къулыкъудэубзэм цIыхур сэлам ехыкIэкIи зэхедз.
Къулыкъум хэти пщIэ кърелэжь, хэти и напэр хелъхьэ.
Лэжьыгъэр уигу иримыхьми, уеувэлIамэ, и кIэм нэгъэс.
Мылъку зэплъэфалIэу уи напэ хэплъхьэ нэхърэ, мылъку гъэкIуэдыфи, уи напэ хъумэ.
Напэ зимыIэр дэтхэнэ Iэтащхьэми пэшэгъу хуохъу.

ГушыIэхэр

Уэри хуабжьу зыпхъуэжащ, ауэ…

Зэныбжьэгъу хъыджэбзитI зэхуозэ.
- Уи лъагъуж фIыуэ! Мыр уэра! Си фIэщ схуэщIыркъым! Илъэс 15-кIэ дызэрылъэгъуакъым! АпхуэдизкIэ пшэр ухъуати, занщIэу укъысхуэцIыхужакъым!
- Уэри икъукIэ зыпхъуэжащ. Уи чэсыргей бостей къуэлэн цIыкIур мыхъуамэ, сэри укъэсцIыхужыну къыщIэкIынтэкъым.
Узымыгъэгужьей хущхъуэ
Зы лIышхуэ хущхъуэ щапIэм щIохьэри, фармацевтым йоупщI:
- Узымыгъэгужьей, псантхуэмкIэ сэбэп хъу хущхъуэфI фиIэ?
- ДиIэщ, ауэ ар дохутырым пхуимытхауэ уэтщэ хъунукъым.
- Сэ абы сыхуейкъым. Уэ езым апхуэдэ зыбжанэ псынщIэу зыжьэдэдзэт - сэ сыхъунщIакIуэщ.
Зы шеибжьэ
Таможнэм и лэжьакIуэр къэралым къихьэж туристым йоупщI:
- Валютэ, Iэщэ, наркотик?
- Хьэуэ, упсэу. Зы шеибжьэ нэхъ къэсщтэнущ.

Дэ къытхуатх

ПСЫКЪУИЙ

Си адэшхуэ КIэрашэ Жэмал фэеплъ хузощI
Си къуэш нэхъыщIэ цIыкIу Вовэрэ сэрэ ди адэм Мэртэзей (иджы Тэрч къалэщ) дишат ди адэшхуэр къыткIэлъигъэплъыну. Езыр дзэ сымаджэщым гъуэлъын хуейт, зауэм хиха фэбжьым къигъэдзыхати.
Ди адэшхуэ Жэмал Мэртэзей гъущI гъуэгум пэмыжыжьэу щыпсэурт. Ардыдэми жэщым хъумакIуэу щылажьэрт. А зэманым абы и пщэрылъ нэхъыщхьэр Александровскэ жылэм дэт спирт заводым щхьэкIэ Канадэм кърашу станцым кърашэлIа нартыхур ихъумэнырт. Дэ махуэм ди гъусэт итIанэ лэжьакIуэ кIуэрт. Зэзэмызэ дыздишэрт и лэжьапIэм. Апхуэдэ махуэхэр дэ ди IутIыжт: нартыху самэшхуэхэм дыхэсу зыкъредгъэхьэхырт, зэми абы зыщIэдгъэмбрыуэнти, Жэмал зыфIэдгъэпщкIунт.
А псом и щIыIужкIэ, ди адэшхуэм мэкъуауэ дыздишэрт, Арыкърэ Александровскэ жылэмрэ я зэхуакум дэж псы цIыкIуми бдзэжьей ещэкIэм дыщригъасэрт. Бдзэжьей къуэлэныр щыкуэдт а псым. АрщхьэкIэ, сыплъэгъуамэ сыплъагъужынукъым жыхуаIэм ещхьу, уи лъакъуэхэм зыкъыжьыхадзэнти, асыхьэтуи бзэхыжынт. Дэри ерыщ декIуэрти, бдзэжьей гупышхуэр пIейтей тщIырт.
Жэмал пщIантIэм щыдэмысым, абы ипхъу нэхъыжь Сонярэ и малъхъэ МэчрэIилрэ я нэIэ дыщIэтт. Ахэр зы унэ къэбгъанэм адрейм щыпсэурти, щIэх-щIэхыурэ ди адэшхуэм къыкIэлъыкIуэрт, къыдэIэпыкъурт. Езыхэм бын зэрамыIэрагъэнт - егъэлеяуэ къытхуэсакъырт зэлIзэфызыр. ДгъэщIагъуэрт мылъагэ дыдэу узыIуплъэ бзылъхугъэмрэ метритIым щIигъу зи инагъ МэчрэIилрэ щызэдгъапщэкIэ. АрщхьэкIэ Соня и щхьэгъусэм сабийм хуэдэу хуэсакъырт: «Щэхуу, щэхуу», - къыджиIэрт абы, МэчрэIил жэщым лэжьауэ щхьэукъуэну зыщигъэукIурийм деж. Арати, зэран дымыхъун щхьэкIэ, дэ Жэмал дежкIэ дежэкIыжырт.
Ди адэшхуэм хадэ иныфI дыдэ зэрихьэрт. Абы и курыкупсэм хуэзэу псыкъуий щытт. Хьэлэмэту зэтраухуат абы и лэжьэкIэр. Псыкъуий лъащIэм бжьамий ирахьэхауэ, абы и кIуэцIым илъ цепыр ягъэкIэрахъуэурэ архъуанэу псыр абыкIэ къыдрашейрт. Ар хьэкхъуафэм къилъадэрти, бжьамийхэмкIэ губгъуэ псом щызэбграшыжырт: помидорми, нащэми, хъарбызми, хъэуанми, жыгми псыр щIэлъадэрт. Псыр екIуалIэрт Iэщхэр зэрыт Iуэми джэдэщми.
Мы псыкъуийм метрищ и куууагът. Къаншыуей щыдиIэр метр 30-м нэблагъэкIэ етIыхат. Дыдейм къыщхьэщыкIыу, ди адэшхуэм и псыкъуийм и кIуэцIри мывэ хъурей зэмыфэгъухэмкIэ къэгъэтIылъыхьыжат. Псыкъуийм ит псым ущызэкIэщIэплъу къабзэт, пшахъуэ хьэдзэ нэгъунэ хэплъагъукIыу. Зы бдзэжьей къуэлэнышхуэ, удзыфафэ хъужу, хэст абы. Нэхъыжь ди мыгъусэу, псыкъуийм дыбгъэдыхьэну ди адэшхуэм зэи хуит дищIыртэкъым. Дэ дызыхуеиххэр а зырт: махуэ псор абдеж щыдгъэкIуэфынут, бдзэжьейр дгъашхэу, абы деплъу.
Зы махуэ гуэрым ди адэшхуэм и унафэм дебэкъуащ. Тхьэмахуэ махуэу ар Май къуажэм (иджы къалэщ) щызэхэт жармыкIэм кIуат. Дэ, зэрыхабзэу, Сонярэ МэчрэIилрэ дыкъыхуигъэнащ. МэчрэIил лэжьыгъэ нэужьым зигъэпсэхуну гъуэлъащ, дэ ар къэдмыгъэушын щхьэкIэ, Соня ди адэшхуэм и щIапIэмкIэ щхьэхуиту диутIыпщащ.
Зыри къызэрыткIэлъымыплъым дыкъигъэбырсейри, Вовэрэ сэрэ мурад тщIащ псыкъуийм «щыпсэу» бдзэжьейр дгъэшхэну. ШхапIэм зы щIакхъуэ пIащIэ къыщыздэтщтэри, бжыхьым депкIащ (хадэбжэр IункIыбзэ къэбкIэ гъэбыдат). ДепIэщIэкIыу псыкъуийм дыбгъэдэлъадэри, щIахъуэ Iыхьэхэр бдзэжьей къуэлэным хуэддзыу дыхуежьащ. ТфIэхьэлэмэту дыкIэлъыплъырт бдзэжьейм зыкъыхидзурэ псым нимыгъэсу щIахъуэр къызэриубыдым.
Куэд дэмыкIыу а Iуэхури къытIэщIэужэгъуащ. Абдежым зэуэ сигу къэкIыжащ псыкъуийм дыгъэпс махуэм уехмэ, жэщым уафэм вагъуэхэмрэ мазэмрэ къызэритIысхьэм хуэдэу плъагъуу ди анэм къызэрыджиIэжар. Си къуэш цIыкIум сеупщIащ: «Ухуей махуэу вагъуэхэр плъагъуну?», - жысIэри. Ар занщIэу арэзы хъуащ.
АрщхьэкIэ сэ зыкъомрэ сытегушхуакъым псыкъуийм сехыну. ИкIэм-икIэжым бжьамийр субыдри, хуэмурэ сепщыхыу щIэздзащ. Куэд скIуатэкъым, мывэ псыIэхэм сецIэнтхъуэхыу си щхьэр щIигъанэу псы щIыIэмылым сыщыхэхуам. ЗыкъыщIэзгъэмбрыукIыжащ, ауэ псыр сэ нэхърэ нэхъ лъагэу псыкъуийм итщи, сыкъыхэкIыжыфыркъым. ЛъапэпцIийуэ сыщыту, си пэр псым къыхэсшиикIауэ собауэ. Бдзэжьей къуэлэнышхуэр гужьеящи, темыпыIэу псыкъуийм и хъуреягъкIэ зыщеутхыпщI. Абы и кIапэмкIэ си напэр кърихулэкIри, си нэм хъуаскIэр къыщIихащ. И щхьэмкIэ тет Вовэ вагъуэхэр слъагъурэ сымылъагъурэ зригъэщIэну къекIиех фIэкIа, сызыхэхуа гузэвэгъуэр къыгурыIуэркъым. Соплъэри, езыми зегъэхьэзыр псыкъуийм къипщхьэну. Сыгужьеипати, къарууэ сиIэр зыхызолъхьэри сыкъоIэ псыкъуийм сыкъыдэкIуеижыну. АрщхьэкIэ мывэ псыфхэм соцIэнтхъуэхыжри, псым сыхохуэж. СыкъэкIиящ: «Вовэ, псынщIэу жэи МэчрэIил къеджэ. Сыкъыдэпщеижыфынукъым!», - жысIэри.
Псыр апхуэдизкIэ щIыIэмылщи, бауэкIэщI сищIащ, си дзэхэр сфIызэтоуэ, си лъакъуэхэр зыхэсщIэжыркъым. ДакъикъитI-щы дэкIауэ, лIы зыбжанэ псыкъуийм къыIулъэдащ, МэчрэIил я пашэу. Ар занщIэу къелъэри сызэщIипхъуэтащ, адрейхэм сахуишийри, псыкъуийм сыкъралъэфыжащ. ЩIым яубгъуа щIакIуэм асыхьэту сыкIуэцIагъэджэрэзащ, хъыдан гъущэкIэ си Iэпкълъэпкъыр ялъэщIым, «арак» щахуэурэ, зыкъызагъэщIэжащ.
«Псыкъуийм уихуэн хуей щхьэ хъуа?», - къызоупщI псори. Сэ яжызоIэ вагъуэхэмрэ мазэмрэ слъагъуну сызэрыхуеяр. Хъыбарыр зэхэзыха гъунэгъухэри Жэмал деж къожэкI, къэхъуам и пэжыпIэр зэхагъэкIыну. Хэти къысхуогузавэ, сакъыгуроIуэри, языныкъуэхэри къысщодыхьэшх: «Плъэгъуа-тIэ вагъуэхэр?», - жаIэурэ. Сэри си фIэщу жэуап язотыж а псом сыкIэлъыплъыну зэман сызэримыIар, си псэр къезгъэлыным «сызэрыщIэбэнар».
Ди адэшхуэ Жэмал ямыгъэгужьеин щхьэкIэ, зэхэлъадэри жаIэнумрэ ящIэнумрэ уэрамдэсхэм къагупсысащ. Къалмыкъым и уэрамым ищхьэ дыдэм щыпсэу, ди адэшхуэм и ныбжьэгъу лIыр абы прагъэжьащ и къэкIуэжыгъуэм ирихьэлIэу. Иригъэблагъэри, Iэнэ къыхуищтащ. Ауэрэ здэуэршэрым, абыхэм гъусэ зыкъыхуащIащ МэчрэIил зи пашэ адрей цIыхухъухэми. АрщхьэкIэ щIалэ цIыкIуитIым къытщыщIар жызыIэфын къахэкIыртэкъым. Арати, чэзууэрэ хъуэхъур яIэтын щIадзащ. Ди адэшхуэм хуэхъуахъуэурэ, «щIалэ цIыкIуитIри зэрыгубзыгъэ, Iущыцэ, езыр-езыру я Iуэхур зэрызыфIагъэкIыжыф», - жаIэу хуежьащ.
Ди адэшхуэр зэщIэдэIукIри, зыгуэр гурыщхъуэ ищIащ. «Къэхъуар фымыбзыщIу иджы къыжыфIэт», - къахуэткIиящ щысхэм. Псоми зэуэ чэфыр ящхьэщыкIыжами ярейт. Сыт ящIэнт, шынапэурэ: «Псыкъуийм ихуащ», - къыдрашеящ абыхэм. Хабзэм тету Iэнэри зэхуимыщIыжу, ефэ-ешхэр къызэхинэри, ди адэшхуэр къыщылъэтыжащ.
Зыри къытщымыщIа хуэдэ нэжэгужэ дыкъэхъужауэ дыщысу ар къыщыдихьэлIэжым, къыдэшхыдэжакъым. «Сыт, цIыкIухэ, фыхуей иджыри псыкъуийм фелъэну?» - жиIэу къыдэупщIа фIэкIа.
Си къуэш цIыкIумрэ сэрэ псалъэ быдэ ттащ апхуэдэ щхьэпсыншагъэ афIэкIа зэрыдмыщIэнумкIэ. Ди адэшхуэрати, ди адэ-анэм дажриIэжакъым, дэри зыдбзыщIыжащ.
КIэрашэ Михаил.

Эссе
Зи хэкужь щызэдэтхъэжу
Тырку Республикэр щхьэхуэныгъэ куэд зиIэ къэралыгъуэ дахэщ. Ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэмрэ зи гугъу тщIы къэралымрэ зэпыщIауэ къокIуэкI. Ди лъэпкъым теухуахэр зэрыт дэфтэрхэм, тхыдэ романхэм, щIэныгъэлIхэм я IэдакъэщIэкIхэм ухэплъэмэ, адыгэхэмрэ тыркухэмрэ я зэпыщIэныгъэр зыхуэдами, абы къыпэкIуами, адыгэхэр Тыркум зэрыIэпхъуа, зэрыщыпсэуа щIыкIэми, ди лъэпкъэгъухэм а къэралым щаIа увыпIэми теухуа куэд къыхэбгъуэтэнущ.
Ар кIыхьу узытепсэлъыхь хъуну Iуэхущ, икIи гъэщIэгъуэнщ. Ауэ си тхыгъэ кIэщIым зи гугъу щысщIыну сызыхуейр иджырей Тыркурщ, сыкъызыхэкIа лъэпкъымрэ абырэ я зэхуаку дэлъ зэпыщIэныгъэрщ, ИнтернеткIэ фIэкIа сымыцIыху къэрал бейм си нэ къызэрыхуикIырщ, адыгэ жьэгум и мафIэр Тыркум щызыгъаблэ ди къуэшхэмрэ ди шыпхъухэмрэ я хъыбару сызыщыгъуазэхэрщ.
Зи дахагърэ инагъкIэ таурыхъхэм къыхэщыж телъыджэхэм хуагъадэ Истамбыл зэ кIуэну щIэмыхъуэпс щыIэу къыщIэкIынкъым. Сыту гухэхъуэ континентитIым тес щыхьэрыжьым и зыплъыхьыпIэ нэхъ ехьэжьахэм ящыщ, илъэс 400-м нэблагъэкIэ Уэсмэн къэралыгъуэм и пащтыхьхэр щыпсэуа, Европэ музейхэм ящыщу нэхъыбэ дыдэ зэкIуалIэхэм хабжэ Топкапы уардэунэр, Византием и «дыщэ лIэщIыгъуэм» и дамыгъэу ящIауэ щыта члисэ, 1453 гъэм мэжджыту ягъэпсыжа, Истамбыл и византие-чыристэн лъэхъэнэри, уэсмэн-муслъымэн зэманри къыпхуэзыIуатэ Айя-София музейр, тырку-ислъам архитектурэм и курыхыу ябж Султанахмет мэжджытыр, Европэмрэ Азиемрэ я зэхуаку дэт, Истамбыл тIу изыщIыкI, хы ФIыцIэмрэ Мраморымрэ зэпызыщIэ Босфор псы дэлъэдапIэр, абы и лъэныкъуитIыр зэпызыщIэ лъэмыж телъыджитIыр, мэжджыт бжыгъэншэхэр, зып­лъыхьыпIэ гъуэзэджэхэр зэбгъэлъагъуныр… Абы псэм зыщигъэпсэху къудейуэкъым къызэрысщыхъур, атIэ уи къэухьым зезыгъэужьын, дунейм хуиIэ еплъыкIэм зезыгъэубгъун, гъащIэм хэпщIыкIыр нэхъ куу зыщIын, нэгъуэщI лъэпкъ и щыIэкIэ-псэукIэм ущызыгъэгъуэзэн куэд ущрохьэлIэри, аращ нэхъыщхьэр.
Зэи сыщымыIа пэтми, и дахагъыр сурэтрэ хъыбаркIэ фIэкIа сымыщIэми, Тыркур псэкIэ спэгъунэгъу къэралщ. Си закъуэ хъункъым апхуэдэу къызыщыхъур. Зи лъэпкъым и проценти 10-м фIэкIа хэкум къимынэу, адрей яукIа къомым нэмыщI, хы ФIыцIэжьым зэпрашыу Тыркум и пшахъуэщIым ирапхъа ди адэжьхэм я щIэблэм я гупсысэщ сэ къэсIуатэр.
Си нэр къызыхуикI дахагъэр зы лъэныкъуэщ, нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ сыт сэ Тыркур спэзыгъэблагъэр? Абы щыпсэу адыгэхэрщ (зэрыхуагъэфащэмкIэ, мелуани 7-м ноблагъэ), хэхэс псалъэ жагъуэм зигу къиуIэу псэу, лIэщIыгъуэ зыбжанэм зи бзэрэ зи хабзэрэ къыпхызыха си лъэпкъэгъухэрщ. Ину фIыщIэ яхуэфащэщ хэхэс гъащIэм хэмышыпсыхьауэ нобэм къэскIэ адыгэу къызэтена ди къуэшхэм. Сыт щыгъуи си гуапэу сыкIэлъоплъ Тыркум щыпсэу адыгэхэм я псэукIэм, я гупсысэкIэм, я дуней тетыкIэм. КъБР-м и хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм къату куэдрэ дрохьэлIэ адыгэгу зиIэ, адыгэпсэ зыIут лIы щэджащэхэм, зи адэжьхэм я хабзэр унагъуэм щызыхъумэ, лъэпкъ IэпщIэлъапщIагъэр зи Iэпэгъу, анэдэлъхубзэр зи быным езыгъащIэ бзылъхугъэ щыпкъэхэм, Адыгэ Хасэхэр псы Iубыгъуэу къащыхъуу екIуалIэ щIалэгъуалэм ятеухуа нэтынхэм, тхыгъэхэм. АпщIондэхуи согупсыс хэхэс адыгэм къылъыкъуэкIа къарур хэкурысым ейм зэрефIэкIым, нэгъуэщI къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр я IэмалкIэ махэми, псэкIэ зэрыхахуэм.
УзыщыгуфIыкIыну зы хэлъщ мы Iуэхум - ар зи хэку ирахуа куэдым я хъуэпсапIэу щытар нобэ нахуапIэ зэрыхъурщ. Иужьрей илъэсхэм ди къэралхэм зэрахьэ политикэм елъытауэ, нэхъ зэкIэлъыкIуэ дыхъуащ, мащIэ дыдэщ, ауэ зи хэкум къэIэпхъуэжхэр къахокI хэхэсхэм, ди сабийхэр Тыркум макIуэ, езыхэм я щIэблэр хэкум къашэри зрагъэплъыхь, хьэрычэт Iуэху ящIэну къакIуэхэм я бжыгъэр хохъуэ, зэIущIэ гъэщIэгъуэнхэмрэ зэхуэс щхьэпэхэмрэ щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щызэхашэ илъэси 150-м щIигъукIэ зэпэIэщIэу щыта зэкъуэшхэр. «Хамэ хэку сыщытхъэ нэхърэ, си хэкужь сыщылIэ» - жиIащ хэхэс гъащIэр зи натIэ хъуа гуэрым. Зи хэкужь щызэдэтхъэжу псэун лъэпкъ зэгуэрым Тхьэм дищIыж!
Шыпш Даянэ,
Псыгуэнсу дэт курыт школ №3-м и 11-нэ классым щеджэ.

Чэнджэщхэр
Матэкхъуей зэрыхахыр
ЦIыбэ ящIу щытащ щынэм и куэм хэлъ къупщхьэр. А къупщхьэр ягъажьэри мис итIанэ цIыбэ къыхащIыкI. Ар бгъавэ хъунукъым, и Iупэр мэлъалъэри.
* * *
 Матэкхъуейр жэмыр лъхуэуэ махуищ дэкIа иужькIэ къаша шэращ къызыхащIыкIыу щытар. Мыпхуэдэуи хахырт: лъатэпсыр шатэпскIэ зэIахырт, ар шэм хакIэжырти абыкIэ матэкхъуей хахырт.
* * *
Хывышэм и тхъу гъэвэжар зэIымыхьэу мазитI-щыкIэ щытщ, щIыIэпIэ ямыгъэувми.
* * *
Джэджьей, гуэгуш шыр цIыкIухэм бжьыныху, бжьын цIынэхэм я тхьэмпэр цIыкIу-цIыкIуурэ зэпагъэлъэлъри хуэнщIейм хэпщауэ гъатхэм ирагъэшх. Абы витамин куэд хэлъщи, а шыр цIыкIухэр мысымаджэу, нэхъ къару яIэу къохъу икIи шхэрей мэхъу.
* * *
Зи лъхуэгъуэ хъуа жэмыр ирапхыркъым, зитхьэлэжынкIэ хъунущи.
* * *
Джэдкъаз яукIамэ, абы и куэр пхъужь Iыхьэу ябж.
* * *
Былым зэзым Аушыджэр дэсхэр «укIын IэфIкIэ» йоджэ.
 

НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар НэщIэпыджэ Замирэщ.
Поделиться:

Читать также:

25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ