Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм дыкъэзыухъуреихь дунейр щыхъумэным, щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэр къыщыгъэщIэрэщIэжынымрэ къыщыгъэсэбэпынымрэ я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

№16-ПП
2021 гъэм мазаем и 15-м               Налшык къалэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм дыкъэзыухъуреихь дунейр щыхъумэным, щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэр къыщыгъэщIэрэщIэжынымрэ къыщыгъэсэбэпынымрэ я IуэхукIэ» и къэрал программэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2019 гъэм щэкIуэгъуэм и 27-м къыдигъэкIа унафэ №206-ПП-мкIэ къащтам, мы унафэм щIыгъу гуэдзэным къыщыгъэлъэгъуа зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
и Правительствэм и УнафэщI
МУСУКОВ Алий

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ граждан жылагъуэм и институтхэмрэ щызэдэлэжьэныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

№17-ПП
2021 гъэм мазаем и 15-м                Налшык къалэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ граждан жылагъуэм и институтхэмрэ щызэдэлэжьэныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2019 гъэм жэпуэгъуэм и 28-м къыдигъэкIа унафэ №190-ПП-мкIэ къащтам, мы унафэм щIыгъу гуэдзэным къыщыгъэлъэгъуа зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
и Правительствэм и УнафэщI
МУСУКОВ Алий

Хьэжыгъэ къыщIэзыгъэкIхэм гуэдзыр къыщащэхум трагъэкIуэдам щыщ Iыхьэ хуапшыныжын папщIэ субсидиехэр зэрыхухах Хабзэхэр къэщтэным теухуауэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

№18-ПП
2021 гъэм мазаем и 19-м                 Налшык къалэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
Хьэжыгъэ къыщIэзыгъэкIхэм гуэдзыр къыщащэхум трагъэкIуэдам щыщ Iыхьэ хуапшыныжын папщIэ субсидиехэр зэрыхухах Хабзэхэу мы унафэм щIыгъу гуэдзэным щыубзыхуахэр къэщтэн.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
и Правительствэм и УнафэщI
МУСУКОВ Алий

ЩIакхъуэ зыгъажьэ IэнатIэм щылажьэхэм щIакхъуэр, булъкIэхэкIхэр щIыным, ахэр щэным трагъэкIуэдам щыщ Iыхьэ хуапшыныжын папщIэ субсидиехэр зэрыхухах Хабзэхэр къэщтэным теухуауэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

№19-ПП
2021 гъэм мазаем и 19-м              Налшык къалэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
ЩIакхъуэ зыгъажьэ IэнатIэм щылажьэхэм щIакхъуэр, булъкIэхэкIхэр щIыным, ахэр щэным трагъэкIуэдам щыщ Iыхьэ хуапшыныжын папщIэ субсидиехэр зэрыхухах Хабзэхэу мы унафэм щIыгъу гуэдзэным щыубзыхуахэр къэщтэн.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
и Правительствэм и УнафэщI
МУСУКОВ Алий

Поделиться: