Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр республикэм и турист кIуапIэ щIыналъэхэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщыным ехьэлIа Iуэхухэр зи нэIэ щIэт, ведомствэхэм зэдай комиссэм хэтхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ

№20-ПП
2021 гъэм мазаем и 19-м                    Налшык къалэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и турист кIуапIэ щIыналъэхэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщыным ехьэлIа Iуэхухэр зи нэIэ щIэт, ведомствэхэм зэдай комиссэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2015 гъэм мэкъуауэгъуэм и 10-м къыдигъэкIа унафэ №119-ПП-мкIэ къащтам, мы къыкIэлъыкIуэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
а) ведомствэхэм зэдай комиссэм хэгъэхьэн мы къыкIэлъыкIуэхэр:
Бейтыгъуэн К. Хь. - Налшык къалэ округым и щIыпIэ администрацэм къалэм, курортымрэ туризмэмрэ зегъэужьынымкIэ и департаментым и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэр (зэгурыIуауэ)
КIэрэф Р. Хь. -  Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ щыIэ министерствэм и полицэм и унафэщIым и къуэдзэр (жылагъуэ хабзэр хъумэнымкIэ) (зэгурыIуауэ);
б) Уэтэр М. М. и къулыкъум зэреджэр мыпхуэдэу къэхьын: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Курортхэмрэ туризмэмкIэ и министерствэм туризмэмрэ санаторэ-курорт лэжьыгъэмрэ зегъэужьынымкIэ и управленэм и унафэщIыр (ведомствэхэм зэдай комиссэм и секретарыр)»;
д) ведомствэхэм зэдай комиссэм къыхэгъэкIыжын Атаров В. Т., Атмурзаевэ З. С.

 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ Алий
Поделиться: