Къэбэрдейм и хуитыныгъэм папщIэ

ХVIII лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм Урысейр зи къару илъыгъуэ къэрал лъэщ хъуащ, абы Кавказым щригъэкIуэкI политикэми зихъуэжу щIидзащ. И лъэр Тэрч псым и Iэшэлъашэм щыува нэужь, урыс пащтыхьым мурад ищIащ Кавказ гупэр, псом япэрауэ, Къэбэрдейр, зыIэщIиубыдэну. Къэбэрдейр зыIэщIимыубыдауэ, Кавказ гупэр къыхуэзэунутэкъым Урысейм, Кавказ щIыбри хуэIыгъынутэкъым. Къызлар къыщыщIэдзауэ Мэздэгу нэс быдапIэхэр щаухуащ, бгырысхэм фIаубыда щIым къэзакъ жылагъуэхэр кърагъэтIысхьащ. БыдапIэхэр щIаухуэр гурыIуэгъуэт - бгырысхэм, псалъэм папщIэ, къэбэрдейхэм, ебгъэрыкIуэн щхьэ- кIэт. Къэбэрдеипщхэмрэ лIакъуэлIэшхэмрэ ягу техуакъым я щIыналъэм быдапIэхэр къызэрыращIыхьыр, къэзакъ жылагъуэхэр къызэрырагъэтIысхьэр.

МЭЗДЭГУ быдапIэр Къэбэрдейм къращIыхьа нэужь (1763 гъэм), ар зауэм хэхуащ. Къэбэрдеипщхэр япэуващ я щIыр зэзыпхъуэхэм, ауэ IэщэкIэ яхузэфIэкIаIакъым; Бытырбыху ягъэкIуа лIыкIуэхэми къыхуадакъым Мэздэгу быдапIэр якъутэжын.
Урысеймрэ Тыркумрэ 1774 гъэм зэращIылIа Кючук-Кайнарджий зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, Къэбэрдейр Урысейм щыщ щIыналъэу ялъытауэ щытащ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, абыхэм унафэ тращIыхьащ къэралитIми я IэмыщIэ имылъ хэкум. Къэбэрдейр къыIэрыхьауэ, езым ей хъуауэ илъытэри, урыс пащтыхьым нэхъри къытрикъузащ абы, дзэр къриутIыпщащ, Мэздэгу быдапIэр якъутэжын дэнэ къэна, Кавказ линиекIэ зэджэр Азов нэс яукъуэдиящ: Къэбэрдейм щаухуащ Екатериноградскэ (1777), Георгиевскэ (1777), Солдатскэ (1779), Тэрчкъалэ (1784) быдапIэхэр, нэгъуэщIхэри. Абыхэм зэпэIэщIэ ящIын хуейт бгырыс лъэпкъхэр, псалъэм папщIэ, къэбэрдейхэмрэ шэшэнхэмрэ. Генерал Медем и пщэ къралъхьауэ щытащ «бгырысхэм яку дыхьэн, ахэр зыр адрейм ириуштын хуейуэ».
 Я щIыр фIаубыд щыхъум, къэбэрдеипщхэр урысыдзэм пэуващ, Марьинскэ, Георгиевскэ, Павловскэ, Ставропольскэ быдапIэхэм ебгъэрыкIуащ. Абы щхьэкIэ ахэр ягъэпшынащ урыс дзэпщхэм: генерал Якоби къэбэрдейхэм яригъэпшынащ сом мини 10, Iэщ мини 5, шы мини 2, мэл миниплIрэ щитхурэ яфIиубыдащ - урыс быдапIэхэм зэрытеуам щхьэкIэ. Якоби нэхърэ нэхъ тIасхъэтэкъым адрей урыс дзэпщхэри - Медем, Потапов, Цицианов, нэгъуэщI генералхэри. Къэбэрдей лIакъуэлIэшхэр жыIэщIэ ящIын папщIэ, абыхэмрэ мэкъумэшыщIэхэмрэ зэрызэщагъэхьэным щIэкъу зэпытащ урыс дзэпщхэр. Ищхъэрэ Кавказым ис дзэхэм я Iэтащхьэ генерал Потемкин зэрилъытэмкIэ, «пщыхэмрэ мэкъумэшыщIэхэмрэ зэпэщIэгъэувэн -хуейщ, ахэр зэгурымыIуэн щхьэкIэ».
1774 гъэм къэбэрдейхэм зыкъаIэтащ - пщыхэми мэкъумэшыщIэхэми. Пащтыхьым и дзэм зэрахьэ лейр яхуэшэчыжыртэкъым къэбэрдейхэм. Мин зыбжанэ пэуващ урыс генералхэм, абыхэм пашэ яхуэхъуащ ХьэтIохъущокъуэхэ Исмелрэ Адылджэрийрэ, Къетыкъуэ лъэпкъым щыщ Хьэмырзэ ХьэтIохъущыкъуэ сымэ. Пэува щхьэкIэ, урысыдзэм пэлъэщакъым къэбэрдейхэр, абыхэм я пашэхэр яубыдри хэкум ирагъэкIащ.
1799 гъэм ХьэтIохъущокъуэ Адылджэрий хэкум къихьэжын хузэфIэкIащ, абы шэрихьэт зауэ ярищIылIащ урыс дзэпщхэм. ХьэтIохъущокъуэ Адылджэрий дэшэсащ муслъымэн диным и бэракъым щIэт зауэлIхэри, ефэнды Абыкъу Исхьэкъ я пашэу. Лъэпкъым и нэхъыбапIэр зэкъуагъэувэн яхузэфIэкIащ абыхэм, зэрыпхъуакIуэхэм удын зыбжанэ ирадзащ.
1803 гъэм Кисловодск (Нартсанэ) быдапIэр яухуэн щIадзащ урыс дзэпщхэм, Псыхуабэ и Iэшэлъашэхэм къэзакъ станицэхэр кърагъэтIысхьэн щIадзащ. Къэбэрдейхэм зыкъаIэтащ аргуэру, лъэпкъым и нэхъыбапIэр зэщIэшэсащ. Генерал Глазенап къэбэрдейхэр зэтрикъутащ, къэбэрдей жылагъуэ 80-м щIигъу игъэсащ.
Къэбэрдейм быдапIэхэр къращIыхьын зэпагъэуакъым урыс дзэпщхэм. Къэбэрдейхэр нэхъри дакъузэн щхьэкIэ, быдапIэхэр щаухуэр адыгэ къуажэхэм я гъунэгъуут, абы къыхэкIкIэ адыгэхэм я щIыр кIуэ пэтми къэбзыхьа хъурт, я вапIэхэр, хъупIэхэр, мэкъупIэхэр яфIэкIуэдырт.
 1810 гъэм мэлыжьыхь мазэм Къэбэрдейм къызэригуащ генерал Булгаковым и дзэр. Зауэ гуащIэхэр щекIуэкIащ Бахъсэн, Щхьэлыкъуэ, Шэджэм, Налшык псыхъуэхэм. Мэлыжьыхь мазэм и кIэм Булгаковым гъусэ хуэхъуащ генерал Дельпоццэ и дзэри. Абыхэм ягъэсащ къэбэрдей жылагъуэ 200. Къэбэрдей къуажэхэр зэтригъэсхьа къудейкъым генерал Булгаковым - зэрыхузэфIэкIкIэ ихъунщIащ. Адыгэпщхэм Бытырбыху зэратхамкIэ, генерал хъунщIакIуэм, лъы зэригъэжам нэмыщI, игъэса жылагъуэхэм дихуащ Iэщ 6150-рэ, шы 515-рэ, хыви 125-рэ, мэл мин 44-м щIигъу; Булгаковым икъутащ унэ 9585-рэ, мэжджыти 111-рэ, къутыр мин. Къэбэрдей жылагъуэхэр щихъунщIэм, Булгаковым Iэрыхьащ фоч, сэшхуэ, къамэ, афэ джанэ куэд, гъавэу гу 1420-рэ.
КАВКАЗ лъэпкъхэм къращIылIэ зауэр 1816 гъэм щыщIэдзауэ нэхъри зэщIэплъащ, абы унэтIыныгъэщIэ игъуэтащ - а гъэм дзэпщ къулыкъур и пщэ далъхьащ Кавказ зауэм и тхыдэм щыцIэрыIуэ генерал Ермолов А.П. «Бгырысхэр игъэбэяун щхьэкIэ», генерал гущIэгъуншэм къимыгъэсэбэпа Iэмал къэнэжакъым. Ермоловым зэрилъытэмкIэ, бгырысхэр залымыгъэ защIэкIэ дэкъузэн хуейт, ахэр уи IэмыщIэ пхуиубыдэнутэкъым Iэщэрэ залымыгъэкIэ фIэкIа. Абы щхьэкIэ быдапIэхэр дэнэ лъэныкъуэкIи щыухуэн хуейт, бгырысхэм я щIыр яфIэубыдауэ къэзакъ жылагъуэхэр игъэтIысхьэн хуейт. Аркъудейкъым: я хьэсэхэмрэ я гъавэмрэ бгъэсмэ, бгырысхэр IумпIафIэ хъунут - аращ Ермоловым и дзэм къалэн ящищIар. Дзэр ебэкъуакъым абы и унафэм: Ермоловым и зэманым бгырыс лъэпкъхэм, псалъэм папщIэ, къэбэрдейхэм, къыкIэлъызэрахьа залымыгъэм гъуни нэзи иIэкъым - а зэманырщ Къэбэрдейм и щIыналъэм и нэхъыбапIэр щыфIэкIуэдар.
1821-1822 гъэхэм пащтыхьым и дзэм бгы лъапэхэм нэс зыщиукъуэдиящ, Балъкъ, Бахъсэн, Шэрэдж, Урыху псыхъуэхэм быдапIэхэр дащIыхьащ, къэбэрдейхэр бгым ираубыдащ, тафэхэм щаIэ гъавэщIапIэхэмрэ хъупIэхэмрэ пэIэщIэ ящIащ ахэр. Дзэм и штаб нэхъыщхьэм и Iэтащхьэм 1822 гъэм бадзэуэгъуэ мазэм и 28-м Къэбэрдей линием (Къэбэрдейм иращIыхьа быдапIэхэм) теухуауэ Ермоловым хуитхащ: «Абыхэм къаухъуреихьын хуейщ къэбэрдеищIыр». Ермоловым зэрилъытэмкIэ, къэбэрдейхэм къытраха щIым «ибгъэтIысхьэ хъунущ урыс жылагъуэхэмрэ къэзакъхэмрэ».
Къэбэрдейхэм я щIыр къызэрибзыхьар, зэрафIиубыдар фIэмащIэ хъуащ Ермоловым: лъэпкъ Iуэхухэми лъэпкъ унафэхэми къыхэIэбащ, «ПIалъэкIэ лажьэ Къэбэрдей судкIэ» зэджэр къызэригъэпэщри. Къэбэрдейм и унафэр абы IэщIалъхьащ, къэбэрдейхэм къыхуагъэнар я унагъуэ Iуэхухэм я закъуэщ.
Зи цIэ къитIуа быдапIэхэр я хэкум къызэрыращIыхьам, Балъкърэ Псыжьрэ дэса жылагъуэ куэд зэрызэхакъутам, я лъапсэм зэрырахуам къызэщIаIэтащ къэбэрдейхэр, быдапIэхэм ебгъэрыкIуащ, Круглолесскэ, Солдатскэ станицэхэр зэхакъутащ. Ермоловыр зэуакIуэ къежьэри, жылагъуэ куэд игъэсащ. Псыжь Iэпхъуа лIакъуэлIэшхэм я IэмыщIэ илъа пщылIхэр «щхьэхуит» хъуауэ игъэIуащ Ермоловым. Генерал бзаджэм абыкIэ и мурадыр гурыIуэгъуэт - лъэпкъыр игъэплъэкъуэнрэ къэбэрдейхэр езыр-езыру зэщигъэхьэжынымрэт ар зэщэр. Пщыхэм я унафэм щIэта мэкъумэшыщIэхэр «щхьэхуит» хъуауэ илъытэри, Ермоловым пщыхэр къигъэгугъащ Iэщэр ягъэтIылърэ я пIэ итIысхьэжмэ, япэм яIа хуитыныгъэ псори яритыжыну. Ар зи фIэщ мыхъуа пщыхэм Iэщэр ягъэтIылъакъым, Псыжь адрыщI Iэпхъуэри Инжыджрэ Уарпрэ я тIуащIэм зэщагъэбыдащ, абыхэм къэбэрдей хьэжрэткIэ еджэ хъуащ. 1825 гъэм къыщыщIэдзауэ, къэбэрдей хьэжрэтхэр зэпымыууэ езэуащ пащтыхьым и дзэм.
ПАЩТЫХЬ правительствэм фIыуэ ищIэрт кавказ бгырысхэр я хуитыныгъэм щыщIэзэу зэманым Къэбэрдейм мыхьэнэуэ иIэр. Урыс дзэпщхэм зэралъытэмкIэ, 1825 гъэм и ужькIэ Къэбэрдейм къару щIагъуэ имыIэжми, абы и пщIэр иджыри щылъагэт бгырыс лъэпкъхэм я деж, къэбэрдеипщхэр чэнджэщэгъу ящIырт абыхэм, ахэр хуеймэ, бгырысхэр къызэщIаIэтэфынут, унафэр IэщIахами, арат абыхэм уатеплъэкъукI щIэмыхъунур. Къэбэрдейр дакъузэн, я IэмыщIэ ираубыдэн яхузэфIэкIами, урыс дзэпщхэм дзыхь хуащIыртэкъым Къэбэрдейм, ар зауэм хыхьэжмэ, бгырыс лъэпкъхэр нэхъри ерыщ екIуэнкIэ зэрыхъунур къагурыIуэрти. 1846 гъэм хьэкъ ящыхъуащ ар урыс дзэпщхэм: а гъэм и мэлыжьыхь мазэм Дагъыстанымрэ Шэшэнымрэ я Iимам Щамил, зауэлI мин 20 щIыгъуу, КъэбэрдеймкIэ къиунэтIащ, ар гъусэ къыхуэхъумэ, къуршым щхьэдэх Куржы гъуэгури иубыдын, Псыжь адрыщI ис шэрджэсхэми запищIэн мурад ищIауэ.
Щамил и мурадыр къехъулIакъым: Тэрч къэсауэ, дзэшхуэ щыпагъэувым икIуэтыжын хуей хъуащ. Къэбэрдей мэкъумэшыщIэ куэдым зыщIагъуащ Щамил, пщырэ уэркъыуи 37-рэ гъусэ хуэхъуащ, абыхэм яхэтащ къэбэрдей лIакъуэлIэш цIэрыIуэ Анзор Мыхьэмэтмырзэ, ар Шэшэн ЦIыкIум и нэIиб (Iэтащхьэ) ищIащ Iимамым.
Пащтыхь правительствэр игъэгузэващ къэбэрдей куэд Щамил гъусэ зэрыхуэхъуам - Iимамым IупэфIэгъу дэхъуахэм унафэ ткIий тращIыхьауэ щытащ.
Кавказ зауэм зэрыхадзэ лъандэрэ Къэбэрдейр зыщIэбэнар и хуитыныгъэрщ, хэкур зэрыпхъуакIуэхэм я IэмыщIэ зэримыхуэнырщ, и щIыналъэр зэрихъумэнырщ.

ДЗЭМЫХЬ Къасболэт,
тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ.

Дигу дгъэкIуэд мыхъунуи дыкъызэщIорыуэж

Май мазэм нэхърэ нэхъ дахи дэнэ къипхын. Адыгэхэм абы щхьэкIэ накъыгъэ мазэ жаIэ. Удзхэр щыгъагъэ, дунейм и дахэгъуэ, и щIэрэщIэгъуэ жыхуиIэщ. Ауэ а мазэ дахэм и 21-р ди лъэпкъым и махуэ фIыцIэу щыгъын фIыцIэ зыхущатIагъэщ. Адыгэм хэкукъутэр къытхэзылъхьа Урыс-Кавказ зауэр щиуха щыгъуэ махуэщ.

ЦIЫХУМ щагъэпщкIуу щыта тхыгъэ куэд зауаем теухуауэ къыдэкIыжащ иужьрей илъэс зыбгъупщIым, ауэ тхылъ мин бжыгъэкIи нэсу пхуэIуэтэжыну къыщIэкIынтэкъым адыгэ лъэпкъым абы щыгъуэ къытепсыхауэ щыта гуауэшхуэм и пэж псор. АтIэми, хъарзынэщ апхуэдэ тхылъхэр зэрыщыIэр. ЦIыхухэр зэгуэр зыщIэгупсысыжынкIэ, нэхъ лей ин дыдэу дунейм къыщыхъуахэм щхьэкIэ Iичрам къахьыжынкIэ хъумэ, абыхэм кърагъуэтэнщ ди лъэпкъ тхыдэм и пэж куэд…
Къэтхьынщ зы щапхъэ закъуэ. Къудащ Елбэздыкъуэ зэритхыжымкIэ, инэрал Глазенап зи дзэпщ зэрыпхъуакIуэхэм зы теуэгъуэм хуэзэу зэтрагъэсхьауэ, зэтраукIауэ щытащ адыгэ жылагъуэу 80-м щIигъу!.. Гуузу зэтраукIахэм яхэтащ кхъахэ хъуа лIыжь-фызыжьхэри, быдзышэр зыIурымыгъущыкIа сабийхэри, зи къэшэгъуэ дахэу щIалэ зэкIужхэри, зи унэ ихьэгъуэ хъыджэбзхэри. Ауэ щыхъукIэ, къуажэ пщIейкъым пащтыхь инэрал лIыукIыр зи пашэ зэрыпхъуакIуэхэм абы щыгъуэ зэтрагъэсхьар, зэтраукIар зэрыхъур. Абыхэм къатеп-щIыкIыжын хуея адыгэ минищэ бжыгъэхэри тхагъэщIащ, я къуэпсхэр ягъэгъуащ.
Къэбэрдейр яшха нэужь, лъапсэрыхыр зыхалъхьэпар хы ФIыцIэм и Iуфэ жэнэт щIыпIэхэр, Псыжь, Лабэ, Щхьэгуащэ псыхъуэхэр зи лъахэу кIахэ адыгэкIэ дызэджэхэрщ.
Уи нэпсыр къемыкIуэу ущIэдэIуфкъым абы щыгъуэ адыгэм лейуэ къалъысамрэ гукъутэгъуэу я нэгу щIэкIамрэ тражыIыхьхэм. Абы и хъыбар пэжым ухуеймэ, политикэм и дэкIуэдэжэу ятха тхыгъэхэм къапэкIухьи, нэхъ иужьыIуэкIэ къыдагъэкIыжа тхылъхэм иджыхь, ди гъыбзэжьхэм ящIэдэIу. Псэ хьэлэл зиIэу а зауэ гущIэгъуншэм и гуауэр зи гум къимыгъыкIарэ абы имыгъэпIейтеярэ цIыху щIагъуэ щыIакъым, зи гугъу тщIа гъыбзэхэр зыуса джэгуакIуэ мыцIыхухэм я деж къыщыщIэдзауэ мы дуней псом щыцIэрыIуэ цIыхушхуэ гуэрхэм я деж нэсыху. ГущыкI зыхуащI бжьыгъэу ди тхыдэм къыхэнащ а зауэм хьэкIэкхъуэкIагъэ щызезыхьа пащтыхь дзэзешэ лъыифхэм я унэцIэхэр: Ермолов, Глазенап, Булгаков, Цицианов, Гудович, Евдокимов, Засс, Вельяминов… Куэд хъурт ахэр, цIыху хейхэмрэ лъэпкъ хейхэмрэ лъыкI-псыкI ящIыну къагъэкIуа хьэщхьэвылъэхэр. Мыри щIэхъумэн хуейкъым: хьэкIэкхъуэкIагъэкIэ зыкъыкIэрамыгъэхуу абыхэм яхэтащ къулыкъурэ мылъкурэ щхьэкIэ адыгэ псэ куэд зыгъэна, мин бжыгъэхэм я хэкур ябгынэным хэлIыфIыхьа ди лъэпкъэгъу гуэрхэри. Гува-щIэхами тхыдэм нэсу сэтей къищIынщ абыхэм ялэжьа щIэпхъаджагъэхэм я пэжыпIэр.
Лъэпкъым и жылэр, и купкъыр абыхэм щахъумэн щхьэкIэщ нэпскIэ шыуа ИстамбылакIуэ гъуэгужьым адыгэхэр теувэн хуей щIэхъуари. Жыхьэнмэ гъуэгум нэхърэ зыкIи нэхъыфIтэкъым ар ди лъэпкъым дежкIэ, сыту жыпIэмэ адыгэ куэд, куэдыщэ хы ФIыцIэжьым бдзэжьей Iус щыхъуащ, минищэ бжыгъэм я кхъащхьэхэр дунейм тригуэшащ.
«Бийм хуэмыгъуэн, дэ тхуэмэхуэн» жыхуаIэм хуэдэу мыхъуами, псэуну, зиужьыну, хэхъуэну пабгъэ адыгэ лъэпкъыр абы икIуэдыкIыпакъым… Шыкурыр Тхьэм ейщи, «Уадыгэ?» - «Сы-адыгэщ» жаIэу зэупщIыжынрэ жэуап зэзытыжынрэ диIэу дыкъелащ, дигу дгъэкIуэд мыхъунуи дыкъызэщIорыуэж. Апхуэдэ акъыл къытлъыкъуэкIрэ, нэгъуэщIхэм дыкъыдахыжыным дыщымыгугъыу, дэтхэнэ адыгэри абы дыхущIэкъуу дыпсэумэ, шэч хэлъкъым лъэпкъ лъэщ дызэрыхъужынум. Ар къыддиIыгъынкIэ Тхьэм делъэIуурэ жыдоIэ: уи гъуэгу дахэ ухъу, ди лъэпкъ дыщэ! Лъэпкъпсо нэщIэбжьэу къытщыщIынур абы ирикIуауэ Тхьэм жиIэ.

IУТIЫЖ Борис.
2005 гъэ, накъыгъэ мазэ.

Ижь-ижьыж лъандэрэ

Дунейпсо тхыдэм и япэ лъэбакъуэхэм къыдэбжэ лъэпкъщ шэрджэсхэр. Абыхэм я тхыдэр апхуэдизкIэ жыжьэ къыщожьэри, ахэр Китайм, Мысырым е Персием фIэкI зэбгъапщэ хъун гъуэтыгъуейщ; адыгэхэм елъытауэ адрей лъэпкъхэр тхыдэм и гъуэгуанэ кIыхьым щытехьар дыгъуасэ хуэдэщ, ныбжькIэ абыхэм къапэхъун лъэпкъ зыбжанэщ дуней псом тетыр, ахэр лъэпкъ псоми йофIэкI тхыдэм къыщакIуа гъуэгуанэмкIэ - зы лъэхъэни къэхъуакъым шэрджэсхэр хамэ лъэпкъ гуэрым и IэмыщIэ щилъа.

Зауэм къыщыщыхагъэщIаи, бгыхэмрэ псыхъуэ зэвхэмрэ быдапIэ ящIын хуей щыхъуаи, езыхэм бжыгъэкIэ къебэкI зэрыпхъуакIуэхэм къащыпикIуэтаи къэхъуащ ахэр, ауэ зы щIэблэ ныбжь нэхърэ нэхъыбэкIэ ахэр хамэ унафэм щыщIэта зэи къэхъуакъым, я бийхэм я IэмыщIэ зралъхьакъым. Я щхьэ хуитщ ахэр ноби, я лъэпкъ унафэхэмрэ я хабзэхэмрэ иропсэу.
 Я тхыдэр жыжьэ къызэрыщежьэм и закъуэкъым ахэр адрей лъэпкъхэм къазэрыхэщыр - ахэр ирогушхуэ ижь-ижьыж лъандэрэ зэрылъэпкъ щхьэхуитым, зым и IэмыщIи зрырамыгъэубыдэн зэрахузэфIэкIам. Абы щыхьэт тохъуэ шэрджэсхэм я лъэпкъ тхыдэр. Я бжыгъэкIэ куэд хъуркъым ахэр, я щIыналъэм апхуэдизкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ, езыхэр апхуэдизкIэ лъэпкъ лъэщщи, ижь-ижьыж лъандэрэ цIэрыIуэ хъуауэ къогъуэгурыкIуэ; абыхэм я хъыбар къызэранэкIащ Геродот, Флакк Верий, Мелэ Помпоний, Страбон, Плутарх, нэгъуэщI пасэрей тхакIуэ куэдми. Абыхэм я тхыдэр бащэщ, я хуитыныгъэр яхъумэурэ, и кIэ къихуамэ, илъэс 2300-м щIигъуауэ, ахэр пэщIэтащ я псэм къеща зауэшы хъыжьэ Iэджэм, ноби я мурадкъым я лъэпкъ хуитыныгъэр урыс пащтыхь залымым и IэмыщIэ иралъхьэн. Я щхьэхуитыныгъэмрэ игъащIэ лъандэрэ къадэгъуэгурыкIуэ я лIыгъэмрэ къахуренэ абыхэм!

Глисон и журнал.
Лондон, 1854 гъэ, щIышылэ мазэ.

Хэплъэгъуэщ дызыIут IэнатIэр

Къэбэрдей Лъэпкъ Хасэм и пащхьэм ХьэтIохъущокъуэ Исмел 1805, 1806 гъэхэм щыжиIа псалъэ

ХьэтIохъущокъуэ Исмел адыгэ лъэпкъ цIэрыIуэм къыхэкIащ, 1787-1791 гъэхэм екIуэкIа урыс-тырку зауэм хэтащ, иужькIэ, дунейм ехыжыху, Къэбэрдейм къыщыхъуа Iуэху псоми хэхутащ, и цIэр адыгэхэм ящыгъупщакъым нобэр къыздэсым, М. Ю. Лермонтовым и поэмэ цIэрыIуэм («Измаил-бей») и лIыхъужь нэхъыщхьэщ.
1805 гъэм Гумыщхьэ щызэхэта адыгэ лъэпкъ хасэм зэрыщыжиIамкIэ, ХьэтIохъущокъуэ Исмел илъэс тIощI и пэкIэ щIалэ дыдэу икIауэ щытащ Къэбэрдейм, и адэм и унафэм ипкъ иткIэ, «щIэныгъэ зригъэгъуэтын папщIэ».

ИЛЪЭС тIощIым нэсащ сэ хэкум пэIэщIэ сызэрыхъурэ. 1794 гъэм пIалъэ кIэщIкIэ сыкъыфхыхьэжауэ зэрыщытам и гугъу сщIынкъым. Си хэкум и Iуэху зытетым щыгъуазэ зыхуэсщIыным сыхунэмысауэ, си насыпыншагъэм къыдэкIуэри, абы щыгъуэ сыфхэкIыжауэ щытащ. Си щхьэкIэ къызэуэлIа псом сытепсэлъыхьынкъым, сыту жыпIэмэ сэ сезыгъэзыр си псэм и щIасэ си хэкур нобэ зыIут IэнатIэрщ, сызыхуэлажьэри абы и фейдэ зыхэлъымрэ тыншыгъуэ зэриIэнымрэщ. Си хэкум сэбэп сыхуэхъун мурадкIэщ сэ унэм сыщIикIари, ди лъэпкъ цIэрыIуэм сыхэсыжатэмэ, гухэхъуэгъуэу сиIэнкIэ хъуну псори къыщIызэзнэкIари, гъащIэм и IэфIыгъэкIэ къызэтэ щIалэгъуэм сыщIемыблари. А псори IэщIыб щIэсщIар, вжызоIэ сэ, щIэныгъэм зезыгъэузэщIа, цIыхур зэгурызыгъэIуэфын хабзэхэр зэзыгъэпэщыфа лъэпкъхэр зэзгъэцIыхун щхьэкIэщ. Си лъэпкъэгъухэм фIыгъуэ къезгъэуэлIэн папщIэ, бжьэм хуэдэ сыхъуным сыщIэкъуащ сэ, сэбэп хъупхъэр зэщIэскъуэурэ си хэку лъапIэм къисхьэныр си хъуэпсапIэти. Зи пщIэр лъагэ тхьэмадэхэ, фэ фпэIэщIэ сызэрыхъуар сигу къеуэми, ар зыхуэзгъэшэчащ, сыкъыфхыхьэжа нэужь, зыгуэркIэ сэбэп сыхъуфмэ, ар сэркIэ зэрынасыпым шэч къытесхьэртэкъыми. Къэзгъэзэжауэ сыфхэтщ нобэ. Ауэ сыт сыкъызрихьэлIэжар, ди Тхьэ! Си лъахэм и унэхъугъуэ махуэр си нэгу щIэбгъэкIын щхьэкIэ, ди Тхьэ, уигу къыщIызэбгъар!.. Насыпыншагъэу къыдэуэлIа псор фи деж щыслъагъуркъым сэ. Ар сигу къызэреуэр вжесIэу аращ. СывэупщI къудейщ: щхьэ ехуэха къэбэрдей лъэпкъым и пщIэмрэ и щIыхьымрэ? Хэт ар зи лажьэр? Пщыхэми, уэркъхэми, зэрылъэпкъыуи щхьэ зыщывгъэгъупща хэкум и хуитыныгъэмрэ абы зегъэузэщIынымрэ нэхъ лъапIэ щыIэнкIэ зэрымыхъунур? Ижь лъандэрэ пщIэрэ щIыхьрэ зиIа ди лъэпкъыр зэрыхэкIуэдэжыр флъагъуркъэ? Фигу къеуэркъэ ар, жызоIэ! Хьэуэ, КъурIэным сытеIэбэурэ тхьэ фхуэсIуэнщ гукъанэ фхуэсщIын мурад сызэримыIэмкIэ. Щхьэж и гукъанэ ирырекъухи, Тхьэм девгъэлъэIу ди лъэпкъым фIыгъуэ хуэдлэжьыфын щхьэкIэ, гуащIэрэ акъылрэ къытхилъхьэну.
 Ди адэм и унафэм седаIуэри, си гум къыщIитхъыу сикIауэ щытащ сэ ди хэкум. Урысейм сыкIуащ, сфIэмыфIми. Я хабзэри сигу техуэртэкъым сащыхыхьагъащIэм. Гугъу сыдехьурэ зэзгъэщIащ я бзэр, ар зэзгъэщIа нэужьщ я хьэл-щэн нэхъ щысцIыхуар. Дэ тхэмылъ куэд ядэслъэгъуащ абыхэм, ядэслъэгъуащ дэ зэдмы- гъэкIу куэди. Урысейр къэралышхуэщ, щIэныгъэмрэ зыужьыныгъэмрэ зыщиубгъуащ. Урыс къэралыр къулейщ, и къарур, и гуащIэр инщ, цIыху мелуан щэщIрэ хырэ исщ абы икIи, пащтыхьыр хуеймэ, а цIыху бжыгъэм и Iыхьэ щанэр зауэлI хуэхъунущ. Къэрал лъэщым дыщригъунэгъукIэ, ар къызэрытщхьэпэным и ужь дитын хуейщ дэ, ди щхьэр тхъумэжын папщIэ. Фи фIэщ фщIы, си лъэпкъэгъу лъапIэхэ, ди акъыл дитыжмэ, ди гъунэгъу лъэщым и ней зыщыдгъахуэ зэрымыхъунур.
 Ди гум зэи имыху ди адэжь Iущхэм я уэсятщ а къэрал лъэщым и жьауэм дыщIэтын хуейуэ. Фэри зэрыфщIэщи, динкIэ ди благъэ Тырку къэралыр къарууншэ дыдэ хъуащ…
 Персхэри муслъымэнщ, ауэ я лIыщхьэхэр зэгурыIуэркъым, зы унафэ яIэкъыми, зыр зым щыхьэжауэ зэрошх. Куэд щIакъым, дызыпэмылъэщынум дыпэуври, ди щхьэр хэтлъхьащ, ди пщIэри ехуэхащ. Акъыл зиIэмрэ и хэкур фIыуэ зылъагъумрэ къыгурыIуэнщ дыщыунэхъуну махуэр къызэрыблагъэр. Зи щIыхьыр лъагэ хасэ, дэ псоми долъагъу икIи зыхыдощIэ ди хуитыныгъэр тфIэкIуэдынкIэ шынагъуэ зэрыхъуар. Апхуэдэ насыпыншагъэр, и щхьэр течауэ жысIэнщи, зи лажьэр дэращ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ дэ, уеблэмэ зэунэкъуэщхэми, ди акъыл зэтехуэркъым. Абы къыхэкIкIэ ди лъэпкъри зэкъуэткъым, псори зэзыгъэдэIуэн тхьэмадэ диIэжкъым. Пщы щIалэхэр нэхъыжьхэм едэIуэжыркъым, я нэр щIалагъэм къыщепхъуэри, гу лъатэркъым ди лъэпкъым и кIуэдыжыгъуэр къызэрыблэгъам: щхьэзыфIэфIхэм я зэранкIэ лъэпкъым къытохуэ ди гъунэгъухэм я губжьыр, дяпэкIи къытехуэнущ, абы дытетынумэ.
 Гъуэщахэр гъуэгу захуэ тришэжын щхьэкIэ, Тхьэм игу къобгъэри егъэунэху ахэр, ар зэхамыщIыкIмэ, нэхъри къахуогубжьри, и ней къащохуэ. Ди бегъымбарыращ ар жызыIар, насыпыншагъэм фыхэхуауэ сыкъывихьэлIэжыгъащ зы гъэ сыкъыщыфхыхьэжам, ар къывгурыIуэжауэ гу лъыстэркъым ноби, къывгурыIуэным и пIэкIэ нэхъей фекIуауэ солъагъу, сыфхоплъэри. Тхьэм игу къыдэбгъакIэ шэч сощI иджы: зауэм къытхуихьам ищIыIужкIэ емынэ уз бзаджэм ди лъэпкъым и зэхуэдитIыр икIуэдыкIащ. И нэр исыжкъым дэ дызыхэт тхьэмыщкIагъэр зымылъагъум, и щхьэр зэкIуэкIащ Тхьэр къызэрытхуэгубжьам гу лъызымытэм.
 Фи фIэщ фщIы, пщIэ зыхуэсщI си лъэпкъэгъухэ, ди Iуэхур абы куэдрэ тет зэрымыхъунур. ДызэрызэгурымыIуэм, ди акъыл зэрызэтемыхуэм и зэранкIэ си лъахэ насыпыншэр хэкIуэдэжауэ Тхьэм симыгъэлъагъукIэ - абы дынэсащ дэ. Тхьэм симыгъэлъагъукIэ абы лъапсэкIуэдыр къыхуэкIуауэ, ди нэхъыжьхэр, ди цIыхубзхэмрэ ди сабийхэмрэ, зэщIэгъуагэу, гузэвэгъуэр ятелъу, бийм гъэрыпIэм щрихуэну махуэ мыгъуэм Тхьэм дыщихъумэ. Апхуэдэ шынагъуэр къызэрытщхьэщыхьар зыхэсщIэрти, аращ Бытырбыху зи ужь сыщита Iуэхур къэзгъанэу пIэщIэгъуэкIэ сыкъыщIэкIуэжар. Сэ си нэкIэ слъэгъуащ, щыхьэти сытехъуэфынущ дызыпэува къэралыр къыщичыным зэрынэсам. Сэ слъэгъуащ къыттелъэлъэнкIэ хъуну щыблэм зэрызыкъызэщIищIар. ФызэтеувыIэ, лъэпкъ насыпыншэ, фи акъыл фихьэж, фегупсыс дэр нэхърэ куэдкIэ нэхъ лъэщым дыпэлъэщынрэ дыпэмылъэщынрэ, ди щхьэр хэдвмыгъалъхьэ, фызэчэнджэщ мы хасэм кърихьэлIахэр, ди лъэпкъым къылъэIэса шынагъуэр зыщхьэщытха зэрыхъунум и унафэр фщIы. КъурIэным сытеIэбэурэ псом япэ тхьэ сIуэнщ унафэр захуэмэ, цIыхур зыгъэжакъуэ хьэгъапхъэхэм ар ящысхъумэнкIэ – си псэр пытыху, лъы ткIуэпс къысщIэмынэжыху. Ауэ сыволъэIу, кIыхьлIыхь зывмыщI, шынагъуэр къытщхьэщыхьакIэщ, зэман диIэж-къым. Ди зэман мащIэр къэдвгъэгъэсэбэп, псоми къытщхьэпэн Iуэху икIэщIыпIэкIэ длэжьын папщIэ. Зыщывмыгъэгъупщэ зэрызэгурымыIуэм и зэранкIэ къэрал куэд зэрыхэкIуэдэжар, фигу ивгъэлъ лъэпкъ псо дэнэ къэна, уеблэмэ унагъуэ закъуэри, унафэщI ямыIэмэ, я къарур кIуэщIурэ, зэрыунэхъур…

Исмел-Псыгъуэ

ХЬЭТIОХЪУЩОКЪУЭ Исмел-Псыгъуэ къэбэрдей пщы лъэпкъ цIэрыIуэм къыхэкIащ, ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ (иджы Зеикъуэ) 1750 гъэм къыщалъхуащ. Езым зэритхыжамкIэ, «и адэм и унафэм едаIуэри», Исмел 1785 гъэм Урысейм кIуауэ щытащ, абы щеджащ, щIэныгъэ куу щигъуэтащ. «И адэм и унафэм едаIуэри» псалъэхэм куэдым урагъэгупсыс. Исмел и адэр, ХьэтIохъущокъуэ Темрыкъуэ, Урысейм мамыру дэгъуэгурыкIуэным и телъхьэ къэбэрдеипщхэм ящыщащ, ауэ урыс дзэпщхэм ящыхьэжри, Тыркумрэ КърымымкIэ еплъэкI хъуауэ щытащ нэхъ иужьыIуэкIэ; хьэж ищIа нэужь, Кърымым къыщызэтеувыIэри, абы зыщиIэжьащ, къыщигъэзэжым Iэщэ къыздишащ, Къэбэрдейр Тыркумрэ КърымымкIэ «ириIуэнтIэкIын» мурад иIауи къыщIэкIынущ.
 Къэбэрдейм къихьэжа нэужь (1771 гъэм и ужькIэ), Темрыкъуэ хуэм-хуэмурэ къыгурыIуащ Къэбэрдейр Тыркуми Кърымми я IэмыщIэ иплъхьэ зэрымыхъунур, аращ и къуэм, Исмел, Урысейм кIуэн, абы щIэныгъэ щызригъэгъуэтын -хуейуэ унафэ щIыхуищIар: къэбэрдейхэм Урысейм фIэкI нэгъуэщI гугъапIэ зэрамыIэр къыгурыIуащ.
 ИлъэсипщIым нэблагъэкIэ щеджащ Исмел Урысейм, дзэм къулыкъу щищIащ, урыс-тырку зауэхэм хэтащ, Измаил быдапIэр къыщащтэм щыгъуэ зэрихьа лIыгъэм папщIэ Георгий орден къратащ. Александр Езанэр пащтыхь хъуа нэужь, Исмел 1801-1804 гъэхэм Бытырбыху щыIащ, къэрал Iуэху и пщэ къыдалъхьауэ. Урысей къалащхьэм здыдэсым, ХьэтIохъущокъуэ Исмел и нэIэ тет зэпытащ езым и хэкум. Къэбэрдейм и Iуэхур хэплъэгъуэ хъуат а зэманым: урыс дзэпщхэм зэрахьэ лейр ягу темыхуэу, пщы, лIакъуэлIэш, уэркъ куэдым зыкъаIэтащ, жылэр гуитIщхьитI хъуащ. Iуэхур абы нэсауэ, ХьэтIохъущокъуэ Исмел 1804 гъэм Къэбэрдейм къихьэжащ. Къэбэрдейм и унафэр шыбгъэрэ сэшхуэкIэ зыщIын мурадым къыщIэтэджахэм япэуври, Исмел хузэфIэкI псори илэжьащ, «псэм нэхърэ нэхъ игъэлъапIэ хэкур» мафIэм къыхишын щхьэкIэ. Дунейм тетыху, аращ ХьэтIохъущокъуэ Исмел зыхуэлэжьар - Урысеймрэ Къэбэрдеймрэ яку мамырыгъэ дэлъхьэн, адыгэхэр щIэныгъэмрэ зыузэщIыныгъэмрэ я гъуэгум тешэн.
 А гупсысэхэращ Исмел Урысейм и лIыщхьэхэм я пащхьэ ирилъхьа тхыгъэхэм («Краткое описание жителей Горских Черкес», «Записки о жителях Кавказа», н.) лъабжьэ яхуэхъуар. А тхыгъэхэм зэрыщыжиIэмкIэ, Къэбэрдейм и Iуэхур къыщызэщIэплъар Кавказ линэкIэ зэджэр яухуа нэужьщ: абы и зэранкIэ Къэбэрдейм щIы куэд фIэкIуэдащ, бгырысхэр вакъэ зэв ирагъэуващ - аращ пщыхэми, уэркъхэми, зэрылъэпкъыуи ягу темыхуар. Къэбэрдейм фIэкIуэда щIыр къратыжын хуейщ, дзэпщхэмрэ къулыкъузехьэхэмрэ къэбэрдейхэм ижь-ижьыж лъандэрэ къадэгъуэгурыкIуэ лъэпкъ хабзэхэм хэIэбэ хъунукъым, Урысейм и IэмыщIэ зралъхьа нэужьи, къэбэрдейхэм я лъэпкъ Iуэхухэр езыхэм зэфIахыжын хуейщ - абыкIэ пэрыуэгъу къахуэмыхъумэ, Къэбэрдейр Урысейм къыбгъэдэкIынукъым.
 Нэхъ белджылыуэ жыпIэмэ, Къэбэрдейм автономие гуэр иIэн хуейщ - акъылышхуэрэ щIэныгъэ куурэ уиIэн хуейт, а зэманым апхуэдэ гупсысэхэм уи щхьэр нэсын папщIэ. Апхуэдэ цIыхуу щытащ ХьэтIохъущокъуэ Исмел, Урысейм фIэкI Къэбэрдейм нэгъуэщI плъапIэрэ гугъапIэрэ зэримыIэр къыгурыIуауэ.

МЫЩОКЪУЭ Гъузер.

Ахэр къызэрыгъуэгурыкIуар

АНДРИАНОПОЛЬ 1829 гъэм щызэрыщIылIа     трактатым ипкъ иткIэ, тенджыз ФIыцIэм и къуэкIыпIэ Iуфэр (Шэрджэсыр) Урысейм лъысауэ илъытащ Портэм (Тыркум), абыкIэ зэгурыIуащ къэралитIыр. Кавказ лъэпкъхэр езым ейуэ илъытэми, ахэр Тыркум и IэмыщIэ зэи илъакъым. Шэрджэс хы Iуфэм быдапIэ зыбжанэ щаIащ тыркухэм, ауэ ахэр шэрджэсхэм я унафэм зэи хагъэIэбакъым, ар дэнэ къэна, шэрджэсхэр абыхэм езауэ зэпытащ, я щхьэр кърагъэIэтакъым, зэзауэ хъумэ, тыркухэр зэтраупщIатэущ шэрджэсхэр къызэрыгъуэгурыкIуар. Тыркум «кърита» лъахэр Урысейм IэщэкIэ къизэун хуей хъуащ, абы Шэрджэсым ирищIылIа зауэр щIэх зэпыуакъым.

ТОРНАУ Фёдор.
«Кавказ офицерым и гукъэкIыжхэр». 1865 гъэ.

Си нэгу щIокI

МЫ ЛЪАХЭМ сыкъызэрихьэ лъандэрэ си нэгу щIокI      илъэс щэ ныкъуэм щIигъуауэ бгырысхэм кIэлъызэрахьэ лейр, ахэр зэрыдакъузэнщ ди дзэпщхэр иджыри къэс зи ужь итыр. Лажьэ ямыIэми, залымыгъэ кIэлъызэрахьэ абыхэм. Дакъузэмэ, яхуэмыфащэ иралэжьылIэмэ, ахэр нэхъ IумпIафIэ хъун я гугъэщ ди генералхэм, ауэ ар щхьэгъэпцIэжщ. Ягу Iей къытхуилъакъым къэбэрдейхэм, ахэр лъэпкъышхуэ дыдэу, ныбжьэгъугъэ къыткIэлъызэрахьэу щытащ игъащIэм. Ди император Пётр Езанэм фIыуэ къыгурыIуэрт а лъэпкъ лъэщыр дарэгъу къэщIын зэрыхуейр, абы игъэунэхуащ къэбэрдейхэм дапщэщи укъызэрагъэпэжынур, аращ ахэр бий пщIы нэхърэ къыдэпхьэхмэ, ныбжьэгъу пщIымэ, щIэнэхъыфIыр. Урысейм и IэмыщIэ зралъхьауэ залъытэж езы къэбэрдейхэм, абыхэм я лъэпкъ хабзи я Iуэхуи дыхэмыIэбэн хуейуэ солъытэ сэ, арыншамэ, я щIыб къытхуагъэзэжынкIэ шынагъуэщ. Ар къагурыIуэркъым ахэр Iэщэрэ залымыгъэкIэ дагуэн мурад зиIэхэм - ар захуагъэкъым, апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм къэбэрдейхэр тпигъэкIуэтынущ. Лей къызэрыкIэлъызэрахьэр ялъагъури, къэбэрдейхэр къыщичыным нэсащ, дэ дазэрыхущытыр ягу техуэркъым абыхэм, зызэщIаузадэращ ахэр абы езыхулIар: я лъахэр къэдбзыхьащ, я хъупIэхэр къатетхащ, езыхэр бгы лъапэхэм щIэтхуащи, я щхьэр къызэредмыгъэIэтыным дыхэтщ. Апхуэдэ залымыгъэ кIэлъызетхьэ хъунукъым къэбэрдейхэми адрей бгырыс лъэпкъхэми. Къэбэрдейхэм я нэхъыбапIэр ихьащ уз бзаджэмрэ зауэмрэ. А лъэпкъ лъэщыр бэлыхь зэрыхэддзам и сэбэп къекIауэ пIэрэ Урысейм?

* * *

 Генерал Булгаков и дзэр мэлыжьыхь мазэм и 14-м Къэбэрдейм ихьэри Бахъсэн, Щхьэлыкъуэ, Шэджэм, Налшык псыхъуэхэм щызэуащ. Булгаковым зэрыжиIэмкIэ, къэбэрдейхэм апхуэдэ удын къатехуакъым игъащIэм; къэбэрдей къуажэ щитI игъэсащ, зэтрифыщIащ абы, Iэщ мин 20 яфIихуащ. А зекIуэм и ужькIэ къэбэрдейхэм я гур щIэх къихьэжынукъым, Линиеми къытеуэнукъым, - аращ Булгаковым жиIэр.
Генерал Тормасов А.П. пащтыхь Александр Езанэм 1810 гъэм бадзэуэгъуэ мазэм и 16-м хуитхам щыщ.

* * *

 Зиусхьэн императорыр еджащ бадзэуэгъуэ мазэм къыхуэптхам. Генерал Булгаковым Невский Александр и орденыр хуэмыфащэущ зиусхьэн императорым зэрилъытэр. Хъыбар къызэрытIэрыхьамкIэ, Булгаковым къэбэрдей жылагъуэ куэд игъэсащ, ихъунщIащ, абы нэхъри тпэIэщIэ ищIащ къэбэрдейхэр.
Дзэ министр Барклай де-Толли генерал Тормасовым 1810 гъэм шыщхьэIу мазэм и 24-м къыхуитхам щыщ.

 

 

Поделиться:

Читать также: