Адыгэхэр: дуней псом щынэхъыжь дыдэ лъэпкъхэм ящыщ зыщ

Зэгуэтха тхылъышхуэм Тыркум щыпсэу убыххэм я зы нэхъыжьыфI къиIуэтэжа гъэсэпэтхыдэ дигу къигъэкIыжащ. Зэгуэрым ныбжь дахэ зыгъащIэу, куэд зи нэгу щIэкIа убых тхьэмадэ жьакIэхум и къуэ закъуэр ириджэри: «Къуажэ хэгъуащхьэм нэс удэкIрэ шыгъэ-лIыгъэ щыбгъэ­лъагъуэу, абдеж къыщыхъум фIэ­кIаи дунейм къыщекIуэкIым ущымыгъуазэу щыIэныгъэр къыбгурыIуэнукъым, зэхэщIыкIи уиIэнукъым, езы­ гъащIэми щIагъуэу ухэзэгъэнукъым. КIуэ, дунейр къэплъыхь, зэ­гъэ­цIыху, акъыл зэгъэгъуэти къе­кIуэ­лIэж. ФIыкIэ сыт узэджэнур, Iейуэ сыт плъытэнур, цIыху гъащIэми нэхъыщхьэу сыт щыбгъэувынур - мыхэр зищIысыр зэхэгъэкIи, акъы­лыр уи щхьэм, хьилмыр уи гум илъу къэгъэзэж», - жриIащ.
ЩIалэми адэм и псалъэр тIэужыIэ ищIакъым, кIэщIу гъуэгум зыхуигъэхьэзырри ежьащ. МащIэрэ къэтами, куэдрэ къэтами, зыдэкIа жылэм псэууэ абы зыри щымыгугъыжу ­къи­гъэзэжащ. Дунейр зауает, зи щхьэр къезыхьэкIыр куэд хъурт, фа­къы­рэIус къыхэзыхыу хэтри мащIэ­тэкъым. Зи щыгъыныр зэхэчэтхъа, зи жьакIэ-пащIэр зэщIэкIэжу бэлацэ хъуа щIалэр зыми хъымпIар ищIыну къыщIэкIынтэкъым, бгы джабэм ­къехыу псым къызэпрыкIа нэужь, лъейр зылъихыу и лъапэр къуажэм къызэрыдишиям гу лъамытатэмэ…

ИгъащIэми убыхым зэрахьэ гъуэ­гу­текIыж унэихьэж хабзэжьыр щIалэм щыдалъагъум, ар зэрымыхамэр къагурыIуащ, и гъуэгур и занщIэу убых тхьэмадэм и унэм нэкIуэпакIуэу щы­хуиунэтIми, нэхъ набдзэгубдзаплъэхэм зи хэтри къащIащ. ЩIалэм и плIэм ­едзэкIа нэдым илъ мывэхэм я зэунтIэIу макъыр цIыхур нэхъ гъунэгъу хуэхъуху нэхъ IупщIу зэхахырт, ар зи уэндэ­гъуагъри джэдыкIэ къутэным хуэдэу хуэсакъыу зэрихьыр псоми гъэщIэ­гъуэн ящыхъурт. ЩIалэр и адэ и унэ щынэблагъэм, ар тхьэмадэм зэри­къуэм къуажэдэсхэм зыми шэч къытрахьэжакъым.
Унэ гупэм къит кхъужьей жыгышхуэм щIэт тетIысхьэпIэм екIуэкIыу лIыжь уэршэрхэр тест, щIалэр щахыхьам. Абы нэдыр и плIэм кърихри, тхьэмадэхэм я пащхьэ ирилъхьащ. И Iэ ижьыр иIэтщ, и бгъэгум трилъхьэри, и щхьэр абыхэм яхуигъэщхъащ, псалъэ къратыным пэплъэуи лъэбакъуитI хуэдизкIэ икIуэтыжащ. Жылэр зэрыщыту зэхуэсащ жыпIэну къэхъугъэр яфIэхьэ­лэмэтлажьэу зэхэтт. Нэхъыжьхэм ящыщ зы къэтэджри, къуажэдэсхэм я цIэкIэ къэкIуэжа щIалэм фIэхъус ирихащ, пщэрылъ щащIам теухуауэ кърихьэлIар жиIэнуи хуит ищIащ.
ЩIалэр нэдым бгъэдыхьэщ, и щхьэр фIиубыдыкIри, фIыуэ иудыныщIащ, нэдым и зэрыIуэт щхъыщхъымрэ мывэ зэудэкIымрэ я макъыр пэIудзауэ щытхэми ялъэIэсу. «Мыр зыми емыщхь си бзэращ - федаIуэт, зэхэфхрэ Ацэпс и Iущащэ макъыр, Ажэкъуэ къриху жьы щабэм и дэхащIэр, Щачэ къуэладжэ къибыбыкI ди къуалэбзухэм я Iурэ­сырэр, ди убых анэхэм я гущэкъу уэрэдыр… Ди бзэкIэ къыдэмыпсалъэр дэтхэнэра? Ар ди дунейщ, ар ди псэщ, ар дигущ», - жиIащ щIалэм.
Арэзы зэрыхъуар я нэгу къищу я щхьэр ящIри, лIыжьхэм ящыщ зы къэ­тэджащ щIалэм еупщIыну:
- АтIэ, сыт фIыкIэ узэджэнур? - жи­Iэри.
ЩIалэм нэдыр итIатэри, илъыр хуэсакъыпэурэ къригъэщэщащ. Я инагъкIэ зэхуэмыдэу, ауэ дэбагъуэ фIэкIа умыщIэну хуэзэпэхъурей защIэу абы къилъэлъащ мывэ зыкъом. ФIыуэ ­нэхъ ину икIи зыхэпщIэу нэхъ хьэлъэу абыхэм яхэлъ мывэ хъуреишхуэр къищтэри, щIалэм жэуап къитащ:
- Сыт фIыр жыпIэмэ, щIэныгъэм нэхъыфI щыIэкъым. Дунейм теткъым пщIэм хуэдэу узыIэтыни узыгъэгъуэзэни. ЦIыхур сыт ищIысми ирикъунущ, зримыкъунур щIэныгъэщ, щыIэныгъэм и дагъэр аращ, - ар жиIэри, мывэм и зы лъэныкъуэр яригъэлъэ­гъуащ щытхэм - ар джафабзэт.
- Сыт-тIэ Iейуэ къэплъытэнур? - еупщIащ щIалэм етIуанэу лIыжьыр.
- ЩIэныгъэм нэхъыкIи щыIэкъым. ЩIап­хъэр цIыкIу щIэхъукIыжу, умы­щIап­хъэм утекIуэдэжынущ. ЩIэныгъэ захуэр зэрыуэзэрыбг хъуркъым, ар сыт щыгъуи зэшхуэзэесщ. Щримыкъум къоныкъуэкъу, щрикъум къощхьэпэ. - ЩIалэм мывэр аргуэру къиIэтри, адрей лъэныкъуэмкIэ цIыхухэм яригъэлъэгъуащ - ар хьэцкъэ защIэт.
- Ари екIуу жыпIа хъуащ. АтIэ сыт ­гъащIэм щынэхъыщхьэр?
- ЦIыхум нэхъыщхьэ щыIэкъым. Ар зэрылъапIэр къыщыпщIэри къуажэ хэгъуащхьэм телъ пхъэ дакъэжьым ­утесущ, - щIалэр еIэбыхри, мывэ зыбжанэ къищтащ. - Хэку, хабзэ, напэ, ­гулъытэ, гущIэгъу щIыжытIэр цIыхум хуэтщI уасэращ, цIыхугъэ кIэлъызетхьэращ. Iэджэ хэкуи сыщыIащ, жылэ куэдми сыдыхьащ, ауэ си цIыхущхьэр щыслъагъужар нэхъапэ дыдэу си жылэрщ, сыщалъхуа си Хэкурщ. Абдеж щызгъуэта щIэныгъэращ сэ сызихэтыр сщымыгъупщэу дэнэкIи сыкъыщезыхьэкIар. ЗэрыжаIэщи, хабзэжь хэкужь къранэркъым. Мис аращ сэ къэсщIари къызгурыIуари. - ЩIалэм ар жиIэри мывэ Iэбжьыбыр лъагэу иIэтащ, зыр чэмкIэ зым къыпхуищIэн зэры­щымыIэр игъэлъагъуэу, щызэ­рыIыгъым деж уасэ зэриIэр цIыхум я нэгу щIигъэкIыу.
(Хъыбарыр къэзыIуэтэжым и гур къызэфIэнащ, убыхым хэкужьи диIэжкъым, хабзэжьи зетхьэжыркъым, жи­Iэри…)
Мы гъэсэпэтхыдэр дигу къэзыгъэкIыжар иджыблагъэ дунейм къы­техьа, «Адыгэхэр: дуней псом щынэхъыжь дыдэ лъэпкъхэм ящыщ зы» тхылъыр къыщызэIутхым, япэу зи нэгу диплъа убых бзылъхугъэ, дуней псом щынэхъ дахэ дыдэу къалъыта Бжьынэу Кариман Хъалис и сурэтырщ. Ди насып къихьри, 2002 гъэм Кариман нэIуасэ дыхуэхъугъат. Ар къыщытцIы­хуам фIыуэ и ныбжь хэкIуэтами, щIэж хъарзынэ иIэт, и дахагъэр и нэгум имыкIуэдыкIыжауэ иджыри гуакIуэт. «Си дахагъыр си напщIэм щытемылъа къэхъуакъым, - жиIат абы щыгъуэм Кариман. - Ауэ сыт щыгъуи лъагъуэ ­бгъузэ гуэр сызэрытетыр зыдэсщIэжу сыпсэуащ. ЛъэпкъкIэ сытыркутэкъым, тыркун хуейуэ зыпаубыдхэм сакъы­хэкIати, е псалъэкIэ, е IуэхукIэ а ­лъагъуэм сыдэхамэ, мы дызыхэсхэм си дахагъэм къахуихьа цIэрыIуагъым щай фIыцIи щIамытыжу пщIэншэ хъунут. Ар сигу къыщридзэ куэдрэ къохъури, псэкIэ Убыхым сыщынэсыр мащIэкъым - зыпцI хэлъкъым дуней псом «Кариман» щIыжаIам а нэсу схуэмыгъэпэжа си хэкужьым, си Убыхым, и фIыщIэ зэрыхэлъым. Убыхым жьэ­гужь иIэжтэкъыми, и мафIэри зэхэдгъэкIыжащ…».

ГуащIэвымрэ
гуащIэмрэ

Зы сурэтым апхуэдиз гупсысэм ущыхилъасэкIэ, адрейхэми хъыбару якъуэ­лъыр нэхъыбэжщ, жыпIэурэ зэпыбоплъыхь нэхъапэкIэ адыгэхэм ямы­Iауэ, зы лъэбакъуэ чыгъуэкIэ куэд къызэщIэзыубыдэфа «Адыгэхэр: дуней псом щынэхъыжь дыдэ лъэпкъхэм ящыщ зы» фIэщыгъэр зыгъуэта щIэнгъуазэр.
Дунейм тхылъыщIэ къыщытехьэм деж, лъэпкъ щэнхабзэр ипэкIэ зэрыбакъуэм, щIэныгъэми зы далэ зэрыхи­гъахъуэм шэч хэлъкъым. Ауэ щыIэщ иджыри зыфI, абы ущегупсыскIэ Iэджэ гугъапIи къыдэушу - ар тхылъым и мыхьэнэрщ, къэкIуэну лъэхъэнэхэм хэбэкъуэну, лъэпкъ щIэжыр имыгъэкIуэсэну иIэ гуащIэрщ. Мис апхуэдэ дыдэущ зэрытлъагъур ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и нэIэ щIэту иджыблагъэ «Принт-Центр» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIа адыгэ щIэнгъуазэ хьэлэмэтыр. Ар зэхэ­зылъхьари тедзэным хуэзыгъэ­хьэзы­рари Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэм» и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ а газетым и литературэ обозреватель, тхакIуэ Чэрим Марианнэрэщ.
Тхылъыр фафIэшхуэщ, къызэры­кIуэкъым, щыпIыгъым деж къыуит ­гукъыдэжым и мызакъуэу, къызэгуэпхрэ итым ущыкIуэцIрыплъкIи узыIэпешэ. Ар зэхэзыгъэувахэр я IэдакъэщIэкIым ауэ сытми «сурэткIэ гъэщIэрэщIа щIэн­гъуазэ хрестоматиекIэ» еджакъым. ЖыпIэну ирикъунщ напэкIуэцI 652-рэ хъу тхылъым сурэт къудейуэ 1538-рэ зэритыр, бзэм, щэнхабзэм, фIэщхъуныгъэм, пасэм щегъэжьауэ нобэм нэс адыгэм къикIуа жылагъуэ икIи политикэ тхыдэ гъуэгуанэм, географием, нэгъуэщI Iэджэми ехьэлIа жыIэгъуэрэ щыхьэтыгъэ защIэу мин зыбжанэ къызэрызэщIиубы­дэр. Апхуэдиз информацэр тхылъеджэм зэригъэзэхуэфын щхьэкIэ, щIэнгъуазэр Iыхьэ 22-рэ хъууэ зэпыудащ, дэтхэнэми игъуэта фIэщыгъэмкIэ узыхуейр псынщIэу къыуигъэ­гъуэту. Псалъэм папщIэ: щIэнгъуазэм щхьэхуэ-щхьэхуэу щызэпэщIэхащ «Шэрджэсейр - адыгэхэм я хэкущ», «Адыгэ мамлюкхэр», «Къэнжал зауэр», «Урыс-Кавказ зауэр», «Адыгэхэр Хэкум зэрырагъэкIамрэ хамэ лъэпкъ­хэр я щIыгум къызэрырагъэтIысхьамрэ», «Теплъэмрэ фащэмрэ», «Бзэмрэ тхыбзэмрэ», «ФIэщхъуныгъэмрэ динымрэ», «Адыгэ шхыныгъуэхэр», «Адыгэ­шыр», нэгъуэщI куэдми ехьэлIа Iуэхугъуэхэр.
Зи гугъу тщIы щIэнгъуазэм лэжьыгъэшхуэ ещIэкIа хъуащ. Тыншкъым икIи псынщIэкъым адыгэхэм ятеухуауэ щыIэ къэхутэныгъэ бжыгъэншэхэм Iэрыхуэу, купщIафIэу, псалъэм хэбухуэнэф хъууэ жыIэгъуэхэмрэ щы­хьэтыгъэхэмрэ къыхэп­щыпыкIын­ыр. Ауэ щыхъукIэ, иджырей дунейм цIыхур занщIэу зэпхъуэр гупсысэр щызэщIэкъуа псалъэ кIэщIхэмрэ псалъэ шэрыуэхэмрэщ. Ар иджырей лъэхъэнэм и нэщэнэ хъуауи жыпIэ ­хъунущ. Тхылъыр зыгъэхьэзырахэр а псор щызэхуахьэсми хущIэкъуащ щIэныгъэ лэжьыгъэхэм, зекIуэ тхыгъэхэм, гукъэ­кIыжхэм къыхах пычыгъуэхэр зэры­хъукIэ нэхъ кIэщIу къахьыну, лъэпкъым и щэныр, и хабзэр, и блэкIар, бгъэдэлъ хъугъуэфIыгъуэхэр нахуэу къы­зэ­раIуэтэнуми, IупщIу нэгум къызэ­рыщIагъэувэнуми елIэлIащ. Iуэху пылъщ апхуэдиз псэлъафэр щIэн­гъуазэр зэрыгуэша Iыхьэхэм хэбгъэзэгъэжынми. «ГуащIэвыр къепсри, гуа­щIэм хэпсащ», жаIэ адыгэхэм. Iуэху тынш щыIэкъым, ар зытещIыхьа гупсысэр бэм яхуэгъэзамэ. Къытегъэзэж къыхэмыкIыу, щхьэж зэрыхуэфащэкIэ жыIэгъуэхэр тхылъым и кIыхьагъкIэ щызэкIэлъыгъэкIуа ­хъуащ, нэм къызэрищтэнум, гум зэриубыдыным хуэдэуи зэпэщIэхауэ гъэпсащ. Тхылъыр зэхэзылъхьахэр гуа­щIафIэти, я IэдакъэщIэкIыр но­бэрей лъэхъэнэм сыт и лъэныкъуэкIэ пэджэжу, уеблэмэ ипэ ищу пIэрэ жыпIэну щIэнгъуазэ нэсым и жыпхъэм иту ягъэпсащ. А лъэныкъуэмкIэ укъеплъ­мэ, ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ Чэрим Марианнэрэ адыгэхэм хуа­лэ­жьа Iуэхутхьэбзэм и инагъыр къэ­лъытэ­гъуейщ.
Апхуэдэу къыхэгъэщын хуейщ, сурэт щIэнгъуазэр «Черкесика» тхылъ зэужьым хэту къызэрыдэкIар. ЩIэуп­щIэ зиIэ, адыгэ литературэ щэнхабзэм и фIыпIэм халъытэ къэхутэныгъэхэрщ, зэдзэкIыгъэхэрщ, тхыгъэхэрщ абы хэту дунейм къытехьэр. ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием деж щылажьэ «Адыгэ щIэнгъуазэ» институтым илъэсипщIым къриубыдэу тхы­лъибгъу къыдигъэкIащ, мыр еп­щIанэщ. Сурэт щIэнгъуазэм, шэч хэмылъу, зэужьыр игъэбеящ.
ЩIэнгъуазэм и мыхьэнэм и гугъу щищIкIэ, абы пэублэ псалъэ хуэзыщIа, УФ-м ФедерацэмкIэ и Советым и сенатор, ЩIДАА-м и президент Къанокъуэ Арсен жиIэм уемыувэлIэнкIэ Iэмал иIэкъым: «Ди лъэпкъым и тхыдэр зэфIэгъэувэжын зэрыхуейм къы­щымынэу, пэжу зыгурыгъэIуэни ­хуейщ. Ар тхузэфIэкIынукъым, щIы ­хъурейм и щIыIум адыгэм лъэужьу къытрина псори къызэщIэдмыкъуэжауэ, ди щIэныгъэлIхэмрэ хамэ къэралхэм щыщ тхыдэджхэмрэ бжьыпэр зыIыгъ бзэ лъэрызехьэхэмкIэ кърахьэлIа тхыгъэхэр зы дымыщIыжауэ».
Иужьрей илъэс минищрэ щитхум адыгэм тратхыхьари тражыIэхьари мащIэкъым. ЩIыпIэ куэдым щызэбг­рыдзарэ зылъэIэсыгъуей сурэтхэмрэ жыIэгъуэхэр къызыхахыжа тхыгъэ ­гъуэтыгъуейхэмрэ тегъэщIапIэ ящIу зэхагъэува щIэнгъуазэр дяпэкIэ ирагъэкIуэкIыфыну къэхутэныгъэхэм я псыпэхэшу жыпIэ хъунущ. Дэтхэнэ зы теплъэгъуэми жыIэгъуэми я щIыб щIэныгъэшхуэ дэлъщ, сэтей щыхъунум пэплъэу. Ахэр зэуIу щыхъукIэщ дэри мы щIы хъурейм щыдубыд увыпIэр зыхуэдэр къыщыдгурыIуэнур, ди лъэпкъыщхьэми хуэфащэ уасэр щыхуэтщIынур. ЩIэнгъуазэм пщэ­рылъ зыщищIыжыр лъэпкъыу зыкъэтщтэжрэ дызэплъыжмэ, ди нэгу щIэ­кIамрэ ди адэжьхэм я щIэинымрэ дригушхуэу дрипсэлъэфын къудейм и ­закъуэкъым, атIэ нэхъ куужу ды­кIуэцIригъэплъынри, ди Iуэхум нэхъ бгъуэуэ дыхигъэплъэнри хьэкъ къытщещI. «Адыгэм къызэринэкIа тхыдэ гъуэгуанэм апхуэдиз и кIыхьагъ, и ­кууагърэ пэт, джа зэрыхъуа и лъэны­къуэкIи зэрызиубгъуа щIыкIэкIи арэзы укъищIыным фIыуэ пэжыжьэщ нобэр къыздэсым», - етх Къанокъуэм. Мыр джэпсалъэу къэплъытэну ирокъу.

Дунейр зи кIыхьагъ тхыдэ

Лъэпкъым и щыIэныгъэм сыт хуэдиз зэхъуэкIыныгъэ хэмыхъухьами, лъэхъэнэ кIыхьхэм цIыхугъэр зэрилъытэ мардэхэм зэрызригъэхъуэж щIагъуэ щымыIэу къыкIуэцIрыкIащ. ЩIэн­гъуазэм хыхьа пычыгъуэхэм уще­джэкIэ, хамэщI къикIыу ди щIыналъэ зыплъыхьакIуэ къакIуэхэм дапщэщи гу лъатэ икIи къыхагъэщ зэпыт адыгэм и теплъэм узэритхьэкъур, хьэщIэм ­гулъытэу хуищIыр зэрыгъунэншэр, я хъыджэбзхэр зэрыгуакIуэр, я щIалэхэр шыгъэ-лIыгъэкIэ зэрыкъэмылэнджэ­жыр. ФIым сыт щыгъуи уехьэху, ауэ хамэ лъэпкъхэм щыщ цIыхухэр къыщыптетхыхькIэ, къыпхужаIэр яфIэмащIэу дахэр къыщыпхуагъэфащэкIэ, умыгушхуэнкIэ, уи щыIэныгъэр укъызэралъытэм хуэбгъэ­кIуэжыну ухущIэмы­къункIэ Iэмал иIэкъым.
Сыт и уасэ, псалъэм папщIэ, адыгэхэм къащыжыну Польшэм къикIа лыхьыдзэм и унафэщI, полковник Лапинский Теофил 1857 гъэм итхам укъеджэну: «Адыгэр лъэпкъ хахуэщ, къызэрымыкIуэуи гушхуэ кIуэцIылъщ. ПщIэншэу лъы игъэжэн фIэфIкъым, бзаджагъэ жыхуаIэри ищIэркъым, мыхъумыщIагъи къыпкIэлъызэрихьэнукъым. ЗекIуэм къикIкъым, зэпымычу гъуэгу тетщ, арщхьэкIэ и адэжь щIыналъэм пэIэщIэныр и жагъуэщ. И гур здэщыIэр и цIыкIущхьэр щигъэкIуа мэзхэмрэ бгыхэмрэщ. Щхьэхуитыныгъэр зыхуигъадэ щыIэкъым. Къэгъэп­цIэгъуафIэщи, щабэу уепсалъэмэ, сабийм хуэдэщ, къыдэпхьэхыфынущ, захуагъэм уемыбакъуэмэ, уепхъэшэкIми, игу тригъэхуэнущ. ЗэуапIэм Iухьэмэ, и лIыгъэ теухуауэ къыхужаIэнум фIэлIыкI зэпытщ. НэгъуэщIым и хахуагъым пщIэ хуещI, ар и бийуэ щытми. Iуэхуншэу къыпщыхъуу, и мылъкуи, и уни хэкIуадэми, къыфIэIуэху щымыIэу, шыр игъэджэгуу дэту къыпфIэщIми, ар и унагъуэм гурэ псэкIэ хуэпэжщ. Адэ-анэм ярит хьэкъыр зэрылъагэмкIэ, унагъуэм щы­зэрихьэ хабзэмрэ зэгурыIуэмкIэ жыжьэ нэсарэ зыужьыныгъэшхуэ ­игъуэтауэ къызыщыхъу дэтхэнэ лъэпкъ­ми щапхъэ хуэхъуфынущ». Мы зы жыIэгъуэм фIэкIа хэмытами, ирикъунущ щIэблэр ирибгъэсэну, фIым ирихуэбущиину.
Хьэмэрэ Лондон 1854 гъэм къы­щыдэкIа «Глисон и сурэт журналым» адыгэщIым фIыуэ пэжыжьэ щIыналъэм щыпсэу цIыхухэм уи лъэпкъыр зэрырагъэцIыхуа мы жыIэгъуэр хьэлэмэткъэ: «Хуитыныгъэр зи щIасэ адыгэ лъэпкъым зауэм ипэкIэ иIа щыIэкIэ-псэукIэр, унагъуэм щызэрихьа хабзэхэр, гъунэгъумрэ хьэщIэмрэ, биймрэ ныбжьэгъумрэ зэрахущытар, Кавказ щIыналъэм абы щиIыгъа увыпIэмрэ щиIа пщIэмрэ дунеяплъэ­хэм, щIэныгъэлIхэм, динырылажьэхэм, усакIуэхэм, зэрыпхъуакIуэхэм, тIас­хъэщIэххэм ягу къызэринэжар, дауи, зэщхькъым. Абы нэхъ гъэщIэгъуэныж ищIыну дыщогугъ щIэныгъэ тхыгъэшхуэхэр игъэкъарууну хущIэмыхьэ нобэрей тхылъеджэм папщIэ кIэщIрэ шэрыуэу адыгэ лъэпкъым теухуа псалъэ гукъинэжхэр щызэхуэхьэса «Адыгэхэм ятеухуауэ» тхылъыщIэм и пычыгъуэу фи пащхьэ итлъхьэр.
Адыгэхэр лъэпкъ нэхъыжь дыдэхэм ящыщщ. Абыхэм я тхыдэр апхуэдизкIэ жыжьэ зоIэбэкIыжри, Китайм, Мы­сырым, Къэжэрым я гугъу умыщIмэ, адыгэхэм я блэкIам елъытауэ, дэтхэнэ зы хэкуми зи гугъу ящIхэр дыгъуасэрей хъыбарщ.
Адыгэхэр нэгъуэщI телъыджэ гуэркIи псоми къахощ: ахэр зэрып­хъуакIуэм и унафэ зэи щIэтакъым. ИкIуэтащ, къуакIэбгыкIэхэм зыщагъэпщкIуащ, къаруушхуэкIэ ираудыхащ, ауэ къатегуплIахэм я хабзэхэм фIэлIыкIа мыхъумэ, зызыхуагъэщхъа къару щыIэкъым. Дызэрыт лъэхъэнэми ахэр, я хабзэ зэрахьэжу, я нэхъыжьхэм я унафэ щIэту мэпсэу. Мы лъэпкъыр гъэщIэгъуэн зыщI Iуэхущ мыри: щIы хъурейм тет дэтхэнэ ­лъэп­къри и тхыдэ жыжьэм зэбгъэп­лъэкIыжмэ, адыгэхэм я закъуэщ щхьэхуиту зэрыщытам щыхьэт техъуэфу къахэкIынур.
БжыгъэкIэ куэд мыхъухэми, я щIыналъэм апхуэдизкIэ купщIэшхуэ ­ехъу­мэри, пасэрей цивилизацэхэм а лъэпкъыр фIы дыдэу щацIыху. Адыгэхэм я гугъу ящI Геродот, Флакк, Помпоний, Страбон, Плутарх сымэ хуэдэ тхакIуэ щэджащэхэм.
Илъэс минитIрэ щищым щIигъуауэ дунейм нэхъ лъэрызехьэу тета тепщэхэм щахъумэфа хуитыныгъэм и лIыхъужь пшыналъэщ абыхэм я Iуэ­рыIуатэр, таурыхъхэр, хъыбарыжьхэр».
Арыххэу, сурэт щIэнгъуазэм жыIэ­гъуэу ихуам, шэч хэлъкъым, зэхэ­щIыкIыр нэхъ лъагэ зэрищIым, адыгэ щIэныгъэм щыщIэм зэрыхигъэхъуэ­жым. ИтIанэми, щхъуэкIэплъыкIэ защIэу тхылъым ит сурэтхэм а псор уи нэгу къыщIагъэхьэ, узэпаIыгъэу тэлайфIкIэ укърахьэкI.

Щикъухьащ адыгэр
дунеижьым

ЩIэнгъуазэм щIыпIэфI щаубыд егъэзыгъэкIэ хамэщIым къыщыхута ди лъэпкъэгъухэм ятеухуа информа­цэ бейми. Жылагъуэ лэжьакIуэу, цIыху цIэрыIуэу къыдигъэцIыхум я бжы­гъэр мащIэкъым, я Iэдакъэ­щIэкIыу дызыщигъэгъуазэри куэд мэхъу. ЩIэн­гъуазэм зи гуащIэ хэзылъхьа Хьэ­фIыцIэ Мухьэмэд езым и гъащIэ псор щхьэузыхь зыхуищIа Iуэхур - хыр зи зэхуаку хъуа лъэпкъыр зэпы­щIэжыныр - зэрыабрагъуэр къыхощ абыи сурэт гъэтIылъыгъэхэм. ГъащIэр зы лъэныкъуэкIэ напIэдэхьеигъуэу блэкIми, ар теплъэгъуэ куэду зэрызэтепщIыкIыр, хэкужьым щыгъагъэу зыщызыужьын хуея хъугъуэфIы­гъуэбэр хамэщIым зэрыхэшып­сы­хьыжыр уигу къеуэу сурэтхэм уахоплъэ, пфIэкIуэдам и пщIэр гуащIэу зыхыуигъащIэу, уиIэр хъумэн зэрыхуейм уригъэгупсысу.
Ди бзылъхугъэ дахэхэр, ди спортс­мен лъэрызехьэхэр, ди жылагъуэ лэжьакIуэ гуащIафIэхэр, ди дзэпщ губзыгъэхэр, зы псалъэкIэ жыпIэмэ - ди адыгэ цIыхур - щызэхуэдэщ дэнэ щIы­пIэ ар къыщымыхутами. Зэрепх цIыхугъэ лъагэу зэрахьэм, ар хэту щытми нэгъэсауэ зэрыкIэлъызэрахьэм, я гуа­щIэдэкIым, дунейр нэхъыфI щIыным зэрыхуагъазэм, я гуращэм, адыгэгур къеуэу псэуху я гъащIэр зэрырахьэкIым. «ФIы зыхэмылъ жагъуэ щыIэкъым», ауэ сытми жаIакъым. Адыгэбзэм КъалэкIыхьым уфIимыхыну жызы­Iам IэщIэкIа пцIыр IупщI дыдэ ещI адыгэ дунейм и гъунэ зэлъыIукIуэтам. ХэкIуэдэжыну шынагъуэр къытщ­хьэщыхьауэ ренэу дрипсалъэми, абы къыхэнэнум гъуэзэджэхэр къызэ­рищIыкIынум урегъэгупсыс къэнауэ су­рэт щIэнгъуазэм ди пащхьэ кърилъ­хьэхэм.

ЖыпIэ хъунур мащIэкъым, зыгуэри къэнэнщ…

ЩIэнгъуазэ щыхъукIэ, куэдыр зэрыгъуэзэн хуей лэжьыгъэ мэхъу. Абы хуэныкъуэнущ анэдэлъхубзэр езы­гъаджэхэри, щIэблэр зыгъасэхэри, жылэр зыущийхэри. Апхуэдэу щыт пэтми, убых щIалэм сытыт жиIар: щIэ­ныгъэ захуэр зэрыуэзэрыбг хъуркъым, ар сыт щыгъуи зэшхуэзэесщ. Тхылъыр зи Iэдакъэ къыщIэкIахэм ар зыIэ­щIы­хьэнухэр къыхураджэ щIэнгъуазэр лъэпкъ зэхэгъэж ящIын гукъыдэжым тегъэ­щIапIэ хуащI зэрымыхъунум. ЦIыху лъэпкъ щхьэхуэу дунейм ущытеткIэ, къыбдалъхуа фIыр хэбгъэкIуэ­дэжыныр захуагъэкъым. УкъызэрацIыхужыну да­хагъэр къыбдалъагъуу, уи фIыр текъузауэ къызыхэбгъэщу, «адыгэ» щIыжаIа щэнхабзэхэмкIэ уи гугъу ебгъэщIу адрей лъэпкъхэм пщIэ зыхуебгъэ­щIыфмэ, уи адэжьхэм я хьэкъ птелъыр зэщIа мэхъу, ди пащхьэ къралъхьа щIэнгъуазэми зыхуигъэувыж пщэ­рылъыр аращи, къызыхуриджэм тоIэбэ. «Мамырыгъэм, зэныбжьэгъугъэм къыхуедджэнырщ, щхьэж и пщэ дэлъ къалэнымрэ кърита Iэмалымрэ темыплъэкъукIыным тедгъэгуш­хуэ­нырщ мы тхылъыр къыщыдэдгъэкIым диIа плъапIэр. Кавказым къыщалъ­хуахэм зыщыщыр ябзыщIын хьэзыру щыпсэу нобэрей дунейм цIыхухэм ягу къэдгъэкIыжыну дыхуейт зэгуэр а ­хэгъэгур зы унагъуэшхуэ хуэдэу зэ­рыщытари, Къэбэрдей щIыналъэ махуэр зи нэр плъэм щапхъэу зэриIари. Тхылъеджэм а «зэхэгъэж» тIэкIур къыт­хуидэмэ, адрей псомкIи дэ тIэщIэкIа щыуагъэхэр зэзыгъэ­зэ­хуэжымрэ къыкIэлъыкIуэ лъэба­къуэр зычымрэ фIыщIэ яхуэтщIынущ», - щетх пэублэм деж Къанокъуэм.
Сурэт щIэнгъуазэ диIэщ, жыпIэныр, пэж дыдэу, гушхуэныгъэщ. Ар къызэгуэзых дэтхэнэми, шэч хэлъкъым, езым и уасэ хуигъэувыжынущ абы. Куэдым зыхуэныкъуэр ирагъуэтэнущ, зыщIэупщIэм и жэуап кърахыфынущ. Нахуэр аращи, жыпIэ хъунур мащIэкъым, зыгуэри къэнэн хуейщ, щIэн­гъуа­зэм хуэфащэ псалъэ хузэIупщэну. Дыщогугъ къалэн зыщащIыжу лъэп­къым гугъу зыдезыгъэхьа ди нэхъыжьыфI ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ цIыху гуащIафIэ, тхакIуэ Чэрим Марианнэрэ я IэдакъэщIэкIым дызыщыгугъ фIымкIэ ди щIэблэр иунэтIыну.

 

 

 

 

ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ

 

 

 

 

 

 

 

 

 

Мысырым и тет Къанщауэ Гъур

 

 

 

 

 

 

 

 

Адыгэ зауэлIхэр

 

 

 

 

 

 

 

Актрисэ Шорэ Туркан

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

Къаит-бей и мэжджытыр

 

 

 

 

 

 

 

 

Фараон гуащэ Нефрурэ

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

Самбист Хьэсанэ мурат

 

 

 

 

 

 

 

 

 

Хьэтхэр

ТАБЫЩ Мурат, «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэныгъэ обозреватель.
Поделиться:

Читать также: