«Урысейм и цIыху цIэрыIуэхэр»

«Урысейм и цIыху цIэрыIуэхэр» лъэпкъпсо конкурсыр зытеухуар нэгъуэщI къэралхэм япыщIа аэропортхэм зи цIэр фIащыну цIыхушхуэхэр къыхэхынырщ.

Конкурсыр егъэкIуэкIыным теухуауэ УрысыбзэмкIэ къэрал зэгухьэныгъэм, Урыс географие зэгухьэныгъэм, Урысей тхыдэ зэгухьэныгъэм, Урысей дзэ-тхыдэ зэгухьэныгъэм къыхалъхьа жэрдэмыр ядиIыгъащ УФ-м и Жылагъуэ палатэм. Нэхъыбэм Iэ щIаIэтыну цIыхушхуэхэм я цIэхэр  фIащынущ псори зэхэту гъэ къэс цIыху мелуани 170-м щIигъу щызэблэкI аэропорту 47-м.
Аэропорт инхэм зи цIэхэр фIащын папщIэ къагъэлъагъуэхэм хагъэхьэ хъунущ Урысейр зэтегъэувэнымрэ абы зегъэужьынымкIэ фIыщIэ егъэлея зыбгъэдэлъхэр, зи зэфIэкIыр дуней псом къыщалъытахэр. Апхуэдэхэм ящыщу къагъэлъагъуэ хъунущ литературэм, музыкэм, щэнхабзэм и нэгъуэщI IэнатIэхэм, щIэныгъэм и IэнатIэм къыщыхэщхьэхукIахэр, текIуэныгъэ инхэр къэзыхьа дзэзешэхэр, нэгъуэщIхэри. Ауэ аэропортхэм фIащын папщIэ къагъэлъагъуэ хъунукъым УФ-м и субъектхэм ящыщу зи цIэр фIащахэр: Дон Iус Ростов (Платов Матвей), Саратов (Гагарин Юрий), Кемеровэ (Леонов Алексей), Магас (Осканов С. С.), Мэхъэчкъалэ (СулътIан Ахьмэд-Хъан), Барнаул (Титов Герман), Ульяновск (Карамзин Н. М.).
Iэ щIаIэтыну цIыхухэр къыщыхалъхьэкIэ япэ ирагъэщын хуейщ УФ-м и субъектым зи лэжьыгъэкIэ, гъащIэкIэ нэхъ пыщIауэ щытахэр.
Дэтхэнэ зыми езым зэрыхуейуэ къыхихыу зы аэропортым щхьэкIэ зы цIыхум и телъхьэу Iэ иIэт хъунущ («Вконтакте», «Одноклассники» социальнэ сетхэм я ВеликиеИмена.РФ сетхэм).

Поделиться: