IэшрыI махуэм и лъапIагъыр

Къурмэн зэрыдукIрэ мазэ дэкIа иужькIэ адыгэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ IэшрыI дощI. А махуэм нартыхум е прунжым къыхэщIыкIа хьэнтхъупс ягъавэурэ хьэблэмрэ Iыхьлымрэ къыщрахьэкI. Ар ди зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэмрэ зэпыщIэныгъэмрэ зыгъэбыдэщ икIи умыгъэзащIэкIэ гуэныхь зыпылъкъым. АтIэ, дауэ къежьа IэшрыIыр икIи сыт абы и мыхьэнэр?

«IэшрыI» псалъэр къызытекIар хьэрып «гъашураI»-ращ («епщIанэ» къикIыу аращ). А махуэр муслъымэнхэм ягъэлъапIэ. Ар къыбгурыIуэн папщIэ, тхыдэм куууэ ухэплъэжын хуейщ. Мы Iуэхугъуэр зэпхар Мусэ бегъымбарымрэ абы и лъэпкъымрэ зэгуэрым къащыщIарщ.

А лъэхъэнэм Алыхьыр зыгъэзакъуэ ХьэзрэIил и бынхэр, иджыпсту «журт»-кIэ дызэджэхэр, пасэрей зэманым Мысырым (Египетым) щыпсэуащ. Ауэ а лъэпкъым и къежьапIэр а щIыпIэратэкъым. Хэхэсу щытми, абыхэм яхузэфIэкIат здэIэпхъуа къэралым къулыкъушхуэхэр щаубыдыну, щIым и нэхъыфIыр зыIэрагъэхьэну. Ар, дауи, зигу иримыхьхэр куэду щыIэт.

Апхуэдэ тепщэгъуэ ХьэзрэIил и бынхэм ягъуэту щилъагъум, Мысырым и фирхьэуным (пащтыхьым) мурад быдэ ищIащ ахэр зэтриукIэну. Абы къыдигъэкIа унафэ ткIийм журтхэм я тетыгъуэр игъэкIуэдырт икIи щIыуэ зыIэрагъэхьари къатрихыжырт. КъищынэмыщIауэ, ХьэзрэIил и бынхэм сабийуэ къащIэхъуэм щIалэ цIыкIуу къахэкIыр яукIырти, хъыджэбзхэр къагъанэрт. А псори фирхьэуным щIищIэр журт лъэпкъыр игъэкIуэдын, щIэблэм я къуэпсыр пиупщIын мурадкIэт.

А лъэхъэнэрат Алыхьым и нэфIыр зыщыхуа Мусэ бегъымбарри къыщалъхуар. Унафэ щыIэмкIэ ари яукIын хуейт, ауэ Тхьэм къихъумащ. Алыхьым Мусэ къэзылъхуам унафэ хуищIащ имытхьэлэн хуэдэу и къуэр гущэм трипхэу псым тригъэтIысхьэну. Анэм а унафэр, дауи, фIэкIыпIэншэу игъэзэщIащ - сабий къалъхуагъащIэр гущэм быдэу трипхэри, гъуэгуанэ мыцIыхум тригъэуващ.

Зы зэман гуэр дэкIри, гущэр пащтыхьым и унэм деж псым Iуихьащ. Ар унэIуэтхэм къыщалъагъум, сабийр гуащэм хуахьащ. Абы езым бын иIэтэкъыми, псым къихьа цIыкIур къигъэнэжащ. Апхуэдэу Тхьэм и IэмыркIэ Мусэ бегъымбарыр пащтыхьым и унагъуэм къыщыхутащ. Ар елIалIэу, зыхуей хуэзэу абы къыщагъэхъуащ.

Мусэ цIыху пэжу, захуэу, лей зезыхьэр имыдэу къыдэкIуэтеящ. Алыхьым и фIыщIэри абы лъысащ икIи бегъымбару цIыхухэм къахихри, ахэр гъуэгу захуэм тригъэувэжыну къалэн щищIащ.

Алыхьталэм къызэрыхихар икIи унафэу къыхуищIар зыхуэдэр абы фирхьэуным и деж нигъэсыжащ. Япэ дыдэу Мусэ бегъымбарым пащтыхьым жриIащ ХьэзрэIил и бынхэм адэкIэ лей яримыхыу хуит ищIыжыну. АрщхьэкIэ а лъэIур игъэзэщIэн пащтыхьым идакъым. Апхуэдэу щыхъум икIи адэкIэ фIы къызэрыпэмыплъэр къыщыгурыIуэм, Мусэ бегъымбарым журтхэр зыщIигъури, жэщым щэхуу ежьащ. Мысырыр ябгынэу Палестинэм Iэпхъуэну я мурадт абыхэм.

Мыгувэу фирхьэуным къищIащ ХьэзрэIил и бынхэр зэрыщIэпхъуэжар. НапIэзыпIэм и дзэр зэщIигъэуIуэри, ар абыхэм якIэлъыпхъэращ.

Мусэ и гупыр тенджыз Плъыжьым нэсауэ бийр къылъэщIыхьэу хуежьащ. Iуэхур хэкIыпIэншэ щыхъум бегъымбарыр Тхьэм елъэIуащ ахэр къригъэлыну. Абы и жэуапу Алыхьым и унафэр Мусэ къыIэрыхьащ - иIыгъ башымкIэ ар псым хэуэн хуейт. Апхуэдэу щищIым, тенджызыр тIууэ зэгуэкIри, ХьэзрэIил и бынхэм лъагъуэ къаритащ. Мусэ и гупыр абы ирикIуащ. Журтхэм я гъуэгуанэр къызэрызэранэкIыу, псыр зэгухьэжащ. Абы хитхьэлыхьащ къызэпрыкIыну хунэмыса къакIэлъыпхъэрахэр.

Апхуэдэ щIыкIэкIэ Алыхьталэм Муси абы и лъэпкъри ахэр зыукIыну хэта фирхьэуным къыIэщIихащ. Ар къыщыхъуа мухьэрэм мазэм и епщIанэ махуэр муслъымэнхэм ягъэлъапIэ икIи абы и щIыхькIэ нэщI зыIыгъхэр мащIэкъым.

Дауи, ар яIэт ХьэзрэIил и щIэблэ журтхэми. АрщхьэкIэ, абыхэм ящхь дымыхъун щхьэкIэ, ди ЛIыкIуэ ЛъапIэм унафэ къытхуищIащ зы махуэ абы и пэкIэ е иужькIэ щIыгъун хуейуэ. Аращи, журтхэр мухьэрэм мазэм и епщIанэ махуэм и закъуэ нэщIмэ, муслъымэнхэм ебгъуанэр е епщыкIузанэр абы дыщIагъу. Махуищми унэщIмэ, нэхъыфIыжщ, ауэ ар Iэмал зимыIэу щыткъым, псапэ нэщIу аращ. Мухьэмэд бегъымбарым жиIащ: «IэшрыI махуэм къэбнэщIам илъэс блэкIам и гуэныхьыр егъэгъу». НэгъуэщI зы хьэдиси щыIэщ. Бегъымбар лIыкIуэ лъапIэм жиIащ: «Шэч хэмылъу, нобэ IэшрыIщ. Фэ а махуэр къэвнэщIыну фи къалэну щыткъым. Ауэ сэ сонэщI. Хэт хуейми нэщI иреIыгъ».

Къызэрыхэдгъэщащи, IэшрыIыр муслъымэн махуэрыбжэм и мухьэрэм мазэм и епщIанэ махуэм тохуэ. Мы гъэм ар ирохьэлIэ шыщхьэуIум и 19-м. Абы къыкIэлъыкIуэ махуитIри лъапIэщ. Аращи, хуейхэм псапэ нэщI ирахьэкI хъунущ шыщхьэуIум и 18 - 19-м е 19 - 20, 18 - 20 махуэхэм. Тхьэм къабыл ищI! ЕтIанэгъэ пIалъэ гуфIэгъуэкIэ Алыхьым дынигъэс!

ЖЫЛАСЭ Маритэ.
Поделиться: