КърахьэлIэжыр зыхуэдэр

Кавказ Ищхъэрэм и «Россельхознадзор» IуэхущIапIэм дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш IэнатIэхэм хьэцэпэцэр кIэрыхуншэу кърахьэлIэжащ. Иджыпсту нартыхур, сэхураныр, кIэртIофыр, хадэхэкIыр Iуахыж.
«Россельхознадзор» ФГБУ-м и Къэбэрдей-Балъкъэр референт центрым и лабораторэм щIадзауэ къыщапщытэ 202I гъэм Iуахыжа гъавэр зыхуэдэр. Ар лъэныкъуэ псомкIи техуэн хуейщ УФ-м и Таможеннэ зэгухьэныгъэм гъавэр зэрышынагъуэншэмкIэ игъэува мардэхэм.
Мы зэманым ирихьэлIэу гуэдзым, хьэпцIийм, хьэм я щапхъэу къаIэрыхьа лIэужьыгъуэ I9-р къапщытащ. Хабзэм тету  гъавэу тонн мин I2-м къыхаха а щапхъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, лъэныкъуэ зыбжанэкIэ ахэр   ГОСТ-м и мардэхэм къыщхьэщыкIащ: яжьэ псыIэ зэрыхэлъымкIэ, клейковинэмрэ белокымрэ  здынэсын хуей мардэмкIэ,  гъавэм иIыгъ псыIагъэмкIэ. Хьэцэпэцэр къезыхьэлIэжа мэкъумэш IуэхущIапIэхэм апхуэдэ ныкъусаныгъэхэр ягъэзэкIуэжын хуейщ гъавэр хъумапIэхэм ирагъэшэн е ящэн ипэ.

 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться:

Читать также: