Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ВетеринариемкIэ и управленэм и унафэм щIэт къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм лэжьапщIэ зэрырат отраслевой хабзэм и IуэхукIэ
2018 гъэм дыгъэгъазэм и 25-м

Налшык къалэ №261-ПП

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал кIэзонэ, бюджет IуэхущIапIэхэм, IуэхущIапIэ къыхэгъэщхьэхукIахэм я лэжьакIуэхэм лэжьапщIэ зэрырат отраслевой хабзэхэр къэгъэсэбэпыным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм 2008 гъэм шыщхьэуIум и 19-м къыдигъэкIа унафэ №196-ПП-м ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм  и Правительствэм унафэ ещI:
1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ВетеринариемкIэ и управленэм и унафэм щIэт къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм лэжьапщIэ зэрырат отраслевой хабзэм теухуауэ мы унафэм щIыгъу Положенэр къэщтэн.
2. Мы унафэр зэрагъэзащIэм кIэлъыплъыну и пщэ илъхьэн Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ -  Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Говоров С.А.
3. Мы унафэм къару егъуэт 2019 гъэм щIышылэм и 1-м щегъэжьауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
Правительствэм и УнафэщI Мусуков  Алий

Поделиться: