КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ къэралым и Правительствэм и комиссэм и зэIущIэмКъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Москва щыIэу хэтащ Урысей Федерацэм и Правительствэм щIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ и комиссэм и президиумым и зэIущIэу Хуснуллин Марат видеоконференц зэпыщIэныгъэ мардэм тету щэкIуэгъуэм и 25-м иригъэкIуэкIам. ЗэIущIэм щызэпкърахащ УФ-м и къэрал программэм - «Егъэджэныгъэ IэнатIэм зегъэужьын» жыхуиIэм - хыхьэу школхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыным ехьэлIа Iуэхухэр зэфIэгъэкIа зэрыхъум. Мы зэманым щIыналъэхэм щокIуэкI къэрал бюджетым щыщ субсидиехэр къыдэхыным ехьэлIа лэжьыгъэхэр. Къуажэхэм дэт курыт еджапIэ 50 къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыныр хагъэхьэну я мурадщ программэм ипкъ иткIэ 2022 - 2023 гъэхэм ирагъэкIуэкIыну лэжьыгъэхэм.
Поделиться:
Читать также:
13.04.2024 - 15:23 →
Махуэшхуэм зыхуагъэхьэзыр
13.04.2024 - 13:44 →
ЩытыкIэр я нэIэ щIэтщ
13.04.2024 - 11:18 →
Дзэм ираджэнухэр
13.04.2024 - 10:08 →
Зэгухьэныгъэм зэфIигъэкIар
06.04.2024 - 10:26 →
Театрхэм я ехъулIэныгъэ, я гугъуехь
|