Псыежэх зэпрыкIыпIэ

1950 гъэм, Накъыгъэм и 9 махуэ лъапIэм техуэу, Хэку зауэшхуэм хэту къэзыгъэзэжа ди адэ Хьэзрит си къуэш нэхъыщIэмрэ сэрэ къытхуищэхуащ шэрхъитI зыщIэт лъакъуэрыгъажэ. Сэ а тыгъэм икъукIэ сыщыгуфlыкlат.
Ауэ къэжыхьыкIэ тщIэртэкъыми, пщэдджыжьыпэм къыщыщIэдзауэ жэщ къыттехъуэху, хьэблэм дэс си ныбжьэгъу щIалэ цIыкIухэр ди гъусэу, лъакъуэрыгъажэр къетлъэфэкIырт, зыдгъасэу. Сыт дымыщIэми, ди Iуэхур къыдэхъулIэртэкъым: лъакъуэрыгъажэр дэркIэ иныIуэу къыщIэкIат, лъакъуэтегъэувапIэм ди лъакъуэхэр нэсыртэкъым, дыкъехуэхырт.
Апхуэдэу гугъу дехьу накъыгъэ мазэр блэкIащ, махуэкIэ Курпыпс дыхэсу, къаз шырхэр дгъэхъуу. Зэгуэрым къазхэмрэ Iэщымрэ унэм къетхулIэжри, дыгъуэлъыжащ. Пщыхьэщхьэр даущыншэт. Зыми ягу къэкIынтэкъым а жэшым ди къуажэм гузэвэгъуэ къыдэхъуэну. Зыри пэмыплъауэ, уафэгъуагъуэмрэ щыблэмрэ укъагъащтэу уэлбанэшхуэ хъуащ. Сунжэ мэз лъэныкъуэмкIэ къыщIихри, къуацэ-чыцэхэр хэлъу гужьеигъуэу псыдзэр къехащ. Курп псыежэхым и зэпрыкIыпIэм телъа лъэмыж закъуэр ятIэпсым икъутэри, Тэрч псышхуэ лъэныкъуэмкlэ Iуихащ. Курпыпсым метритху-метрихкIэ зыкъиIэтати, псыбэкъум дэмыхуэжу къиуащ, гъунэгъуу щыс унагъуэхэм я пщIантIэхэм дэлъадэу. Нэхущым ини цIыкIуи къуажэм дэсыр щызэхуэсащ псыежэх зэпрыкIыпIэм деж. Курпыпсым и ижьырабгъу бгы лъэныкъуэмкIэ Iэщ мин бжыгъэ зытет колхоз фермэр, абы нэмыщl бригадэкlэрэ щIым щелэжь щIыпIэхэр щыIэт. Фермэм лэжьакIуэ мыкIуэфу утыку къина цIыхубзхэр гузавэрт, къамышу къанэ жэмхэр сымаджэ хъунущ, шкIэхэр зэтелIэнущ, жаlэу. АрщхьэкIэ ахэр цIыхухъухэм ягъэсабырыжащ, зыгуэр къэдгупсысынщи, псым дызэпрыкIынщ, жэмхэм шкIэхэр щIэдгъэфынщ, псори тэмэм хъунщ жаIэри.
Пщэдджыжьыр сыхьэтибгъум щыхуэкIуэм, дзэ машинэу тIу, зыр Мэздэгу лъэныкъуэкIэ, адрейр Грознэ къалэмкIэ къикIауэ псыежэх зэпрыкIыпIэм къыIухьащ. Сэлэтхэм я нэхъыщхьэхэм унафэ ящIащ, махуэ зытIущым къриубыдэу зэпрыкIыпIэм деж лъэмыжыщIэ щагъэувыжыну. Ауэ, ди адэм и къуэш нэхъыщIэм ар зэрымыхъунур занщIэу яжриIащ. Хьэжпагуэ, Хэку зауэшхуэм хэту нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр Берлин нэс зыхужам, зэпрыкIыпIэ куэд зылъэгъуам, а Iуэхум и пIалъэ ищIэрти, яхуигъэлъэгъуащ, лъэмыжыщlэр бгы нэхъ теIэтыкIам хуэзэу ягъэувмэ, зэрынэхъкъабылыр. КъагуригъэIуащ, Курп зэжэх псыбэкъум зэпрыкIыпIэм деж зыкъызэрыщигъэшыр икIи, псыдзэ къакIуэмэ, лъэмыжым еныкъуэкъуурэ, и лъабжьэр аргуэру зэрыщIилъэсыкIынур, зэрикъутэжынур. Зэхуэсым къекIуэлIа къуажэдэс лIыжьхэми Хьэжпагуэ жиIэр даIыгъырт, ауэ къедэlуакъым, зэрыжаIам хуэдэу ухуэныгъэм щIадзащ.
Япэ махуэм бульдозерхэмрэ экскаваторхэмрэ машинэшхуэкlэ абдеж кърашэлIащ, етIуанэ махуэм псыр зэрыжэну бжьамийхэр далъхьащ. АпщIондэху псыдзэ къежэхари чэнж хъужати, цIыхухэри нэхъ мамыру я лэжьыгъэ IэнатIэм пэрыувэ-жащ. Сабийхэр Курп и джабэ лъэныкъуэм дытету, лъэмыжыщIэр зэраухуэр тфIэгъэщIэгъуэну дыкIэлъыплъырт. Ди лъакъуэрыгъажэри зэрытIыгът, зыр тедгъэтIысхьэрэ, адрей тIур абы и бгъуитIымкIэ Iуту къетшэкIыу. Псыр къыздиуа лъэныкъуэм гъунэгъуу декIуэлIэну дышынэрт. Абы гу лъызыта щIалэ нэхъыжьхэм, къытщIэнэкIэн щхьэусыгъуэкIэ, дытрагъэгушхуэу щIадзащ, джабэ егъэзыхыгъуэм, псыдзэр здежэх лъэныкъуэмкIэ дыкъыщежэхыну. Дыкъагъэгугъэрт псым дынэмысу дыкъаубыдыжыну. Псыдзэр нэхъ мащIэ хъуами, абы и псынщIагъыу ехым тепщIыхь-мэ, илъэсищ зи ныбжь сабийр зыуи къыщымыхъуу ихьыфынут, лъакъуэрыгъажэри щIыгъуу. Си ныбжьэгъухэм зыми ядакъым. Сэ сызэрыарэзыр щалъагъум, зэхэлъадэри лъакъуэрыгъажэм сытрагъэтIысхьащ, асыхьэтуи зыгуэр къысщIэрыIэри, джабэм сыкъригъэжэхащ. Си лъакъуэрыгъажэм зы псынщIагъ къищтати, сыщтауэ сыкIийрт: «Сыкъевгъэл!» - жысIэу.
АрщхьэкIэ сыкъэзыубыдыжыну жызыIахэр шынэжри, зэбгрыжыжауэ къыщIэкIащ. ЯтIэпсыр зрихьэх псыбэкъум сынэсыным метрипщI хуэдиз иIэжу арагъэнт, ди гъунэгъу щIалэ МуIэзин, къэхъур къызэрилъагъуу, къыпэщIэхуа зы бжэгъу къипхъуатэри, джэрэзу си лъакъуэрыгъажэм и шэрхъхэм къыкIэщIидзащ. Лъакъуэрыгъажэр тIууэ зэпыудри, удзыпцIэм сыхэхуэу сэри сыщхьэпридзащ. ГъэщIэгъуэну фэбжь зыри згъуэтакъым, ауэ лъакъуэрыгъажэр зэрыкъутар апхуэдизкIэ си жагъуэ хъуати, сызэщыджэу сыгъырт. Абдеж къызбгъэдэлъэдэжащ псори, си гур фIы къысхуащIыну, псыежэхым сыхэмыхуэу си насыпу сыкъызэрелар къызгурагъаIуэу.
АпщIондэху военнэхэм зэрыжаIам хуэдэуи, махуэ зытIущым лъэмыжыр зэфIагъэувэжащ, ежьэжахэщ. Ауэ, мазэ зытIущ дэкIауэ арат, къуажэдэсхэр аргуэру псыхъуэм щызэрыхьам. Си адэ къуэшым и гум ищIат - СунжэкIэ псыдзэ къикlри, тхуащIыжа лъэмыжыщIэр трихат, и лъэужьи умылъагъужу.
Апхуэдэу щыхъум, Налшык къалэм нэхъыщхьэхэр къикIри, къуажэдэсыр къагъэгугъащ Курп псыежэхым зэрызэпрыкIыну лъэмыжитI хуащIыну - япэ лъэмыжыр колхоз правленэм хуэзэу, адрейр - «Водокачкэ» псыхъуэм деж. А Iуэхум мазэ зыбжанэкIэ елэжьащ. Колхоз правленэм хуэзэу ящIа лъэмыжыр илъэс зытIущ щытауэ аращ, псыдзэм щIилъэсыкIри, ари Тэрч псышхуэмкIэ ирихьэхыжащ. Водокачкэм и гъунэгъуу ягъэувыжа лъэмыжыр иджыри къэс щытщ.
Ауэ япэм хуэдэу псыдзэ шынагъуэхэри СунжэкIэ къехыжыркъым, Курп псыри апхуэ-дэжкъым, къуажэ цIыкIур мамырщ. Къаншыуей и гъуэгу зэхэкIыпIэм щызэблож Мэздэгу, Грознэ, Беслъэн, Прохладнэ, Налшык къалэхэм кIуэ-къэкIуэж машинэхэр. Абы къыхэкIыу къуажэдэсхэм жаIэ: «Дунейм тет гъуэгухэр Къаншыуей къокIуалIэ». А жыIэгъуэр ирагъэщхьу къыщIэкIынщ, зэман куэд-кIэ узэIэбэкIыжмэ, цIыху Iущхэм жаIауэ къащIэнам: «Дунейм тет гъуэгухэр Рим йокIуалIэ» жыхуаIэм.
Си къегъэлакIуэ МуIэзин и ныбжыр илъэс бгъущIым нэсащ, узыншагъэ быдэ иIэну сохъуэхъу. Сэ зэи сщыгъупщэнукъым илъэс блыщl ипэкlэ псыдзэ шынагъуэм сыхэмыхуэу абы сыкъызэригъэлар, фIыщIэ ини хузощI.

КIЭРАШЭ Михаил.
 

 

ЗэзыдзэкIар Багъэтыр Луизэщ.
Поделиться:

Читать также: