Къэшэж Иннэ ягу къагъэкIыж

    УсакIуэ цIэрыIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат (1973), «Работница» журналым и саугъэтыр (1983) зыхуагъэфэща Къэшэж Иннэ (1944-2000) къыщалъхуа махуэм, мазаем и 12-м, абы и усыгъэр фIыуэ зылъагъухэр щызэхуэсат Налшык къалэм и Къэбэрдей уэрамым усакIуэм щыхуагъэува фэеплъым деж.
ЗэIущIэм зыкърагъэхьэлIащ республикэм и щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьакIуэхэм. Абыхэм ящыщхэр Иннэ и усэ нэхъыфIхэм къеджащ.
 КБР-м Тхылъыр фIыуэ зылъагъухэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI, Шинкарёвэ Наталье жиIащ:
  - Къарэ Ратмир и жэрдэмыр дэтIыгъыу Къэшэж Иннэ и фэеплъ дгъэувар цIыху кIуапIэ хъуащ.
УсакIуэм и IэдакъэщIэкIхэр зигу дыхьэхэм иджы яIэщ Иннэ и фэеплъ махуэхэм щызэхуэсын, фIыуэ ялъагъу усэхэм къыщеджэн щIыпIэ. Гуапэщ ныбжьыщIэхэми мы усэхэр зэрызыхащIэр, мыпхуэдэ зэIущIэхэм къызэрыкIуэр.
Сабий творчествэмкIэ «ДыгъафIэ къалэ» академием и лIыкIуэ Безрокъуэ Еленэ игу къигъэкIыжащ Къэшэж Иннэ и тхылъ 1972 гъэм Москва япэу къызэрыщищэхурэ, абырэ Кулиев Къайсынрэ я томхэр Iэбэм къищтэу зэрытелъыр.
Апхуэдэу Къэшэж Иннэ къызэрицIыхуам, усакIуэм и тхылъ псори и библиотекэм зэрыщихъумэм, и усэхэр и гъащIэм щыщ Iыхьэ зэрыхъуам, и зы усэ тхылъи я IуэхущIапIэм къызэрыщыдагъэкIам къытеувыIащ лъахэхутэ цIэрыIуэ, тхылъ тедзапIэм и унафэщI Котляров Виктори.
Къэшэж Иннэ уэрэд 300-м нэблагъэ итхащ. Ахэр ягъэзащIэ Хиль Эдуард, Кристалинская Майя, Кобзон Иосиф, Трошин Владимир, Зыкинэ Людмилэ, Шульженкэ Клавдие, Бельды Кола, нэгъуэщIхэми. Иннэ усэ тхылъ 20-м щIигъу къыдигъэкIащ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: