Гёнени адыгэ дэсщ

«Хамэ хэку сыщытхъэ нэхърэ си хэкужь сыщылIэ», - жиIащ хэхэс гъащIэр зыгъэунэхуа гуэрым. А псалъэхэм я купщIэмрэ мыхьэнэмрэ нэрылъагъу сщыхъуащ лэжьыгъэ IуэхукIэ Тыркум дыщыщыIа махуэхэм. Дэ дахуэзащ зрагъэгъуэта IэщIагъэм гупсэхуу ирилажьэ цIыху щэджащэхэм, зи хьэрычэтыщIэ Iуэхур тэмэму зэтраублауэ хэхъуэ яIэу псэу щIалэхэм, тхакIуэ цIэрыIуэхэм, хасэ тхьэмадэхэм… Я Iуэху докI, я шхынрэ ящIэнрэ ягъуэт, я щхьэкIи, я унагъуэкIи гукъеуэншэхэщ, ауэ я адэжьхэр залымыгъэкIэ зрахуа адэжь лъахэм къыхуаIэ пыщIэныгъэр апхуэдизкIэ куущи, жэщи-махуи псэхупIэ къаритыркъым. ГъащIэм щогуфIыкI, ауэ псэр щэхуу иронэщхъей хэкужьым зэрыпэIэщIэм, щIэблэ дахэ къащIохъуэ, ауэ гур егъэгумэщI я бзэмрэ хабзэмрэ IэщIыб зэращIым, континентитIым тес, зи дахагъэр таурыхъым хуагъадэ Истамбыл дэсщ, ауэ зи хъыбар я адэшхуэхэм къыхуаIуэтэжа жэнэт щIыналъэр я нэгу щIэкIыркъым. Дауэ мыхъуми, ди лъэпкъэгъухэр мэпсэу адыгэ жьэгум и мафIэр зэхамыгъэкIыжу, адыгагъэм и купщIэр хуэсакъыпэу яхъумэу. Апхуэдэ гупсысэхэр къыдэзыта Iуэху дахэхэмрэ цIыху гъуэзэджэхэмрэщ си тхыгъэр зытеухуар.
Тыркум щыдгъэкIуа махуэхэм ящыщ зыр зытедухуар, тырку литературэм и новеллэ жанрым и лъабжьэр зыгъэтIылъа, зи IэдакъэщIэкIхэм дунейпсо литературэм увыпIэшхуэ щиубыд тырку тхакIуэ цIэрыIуэ, адыгэ лъэпкъым къыхэкIа Сейфеддин Омер (Хьэткъуэ Умар) Гёнен къалэ дэт и фэеплъыр зэдгъэлъэгъунырт.
Истамбыл брам (паром) абрагъуэм дыщитIысхьэри, Мрамор хым сыхьэтитIым щIигъукIэ дызэпрысыкIащ. ЦIыху 800-рэ машинищэм щIигъунрэ къызэщIикъуэу псыщхьэм теува кхъухьым техникэ и лъэныкъуэкIэ и лъэщагъым уемыгупсысынкIэ Iэмал иIэкъым брамым ущискIэ. Хы щхьэфэр зэгуипхърэ лъэужь къэукъубеяр къигъанэу кIуэцIрыкI паромым ис цIыхухэр зэшыркъым, балигъхэр тхылъ йоджэ, щхьэгъубжэм доплъ, мэуэршэр, сабийхэр щыджэгун плIанэпэ хэха иIэщи, я унэ щIэсыж хуэдэщ – мэкъакъэ-мэпщIыпщI. ШхапIэр щхьэхуэщ, тыкуэн хэтщ, кIэщIу жыпIэмэ, сыхьэтищым нэблагъэр щыбгъэкIуэныр гугъукъым икIи зэшыгъуэкъым.
Брамыр Бандырма кхъухьтедзапIэм есылIэри, щхьэж и машинэ исыжу щIым къытелъэдэжащ я Iуэху здэщыIэм кIуэну. Дэ километр 44-кIэ Бандырма пэIэщIэ Гёнен къалэ дыкIуащ. Абы къыщытIущIащ а къалэм щылажьэ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ГъущI Гюролрэ (убыхщ) абы и къуэдзэ Аслъэн Гъазмирэ (къэбэрдейщ). Хасэм драгъэблагъэри я Iуэху зыIут, я зэхыхьэкIэ-зэхэтыкIэм дыщагъэгъуэзащ. Тхьэмадэр щылажьэ, цIыхухэр щызэхэс, шей щефэ пэшхэр къэтплъыхьащ, адыгэм и тхыдэр къызэрыщ сурэтхэр, картэхэр блынхэм фIэдзати, зэдгъэлъэгъуащ, Хасэм и тхьэмадэу щытахэм я сурэтхэр фIэлъти, абыхэм я цIэри зэдгъэщIащ.
- Унагъуэ щитI хуэдиз дэсщ Гёнен, къуажэ I5 къепхащ, - къыддогуашэ Аслъэн Гъазми. – Абыхэм нэхъыбэу абазэхэхэр, шапсыгъхэр, убыххэр щопсэу. Сэ схуэдэу нэхъ жыжьэ къикIауэ, къэбэрдей унагъуэ зытхух дэсу аращ. Сэ сыкъыщыхъуар Къайсэрщ, мыбы сыкъэIэпхъуауэ илъэс 20-м щIигъуауэ сыщопсэу, сыщолажьэ.
 Гупыж зиIэ псори мы Хасэм къыщызэхуосри, я бзэр зэрагъащIэ, сабийхэр адыгэ къафэм щыхуагъасэ. ЦIыху нэхъыбэ къыщызэхуэсыр щэбэт, тхьэмахуэхэрщ, адрейхэм мэлажьэри, щIалэгъуалэ куэд ущрихьэлIэнукъым. Ауэ зи ныбжь хэкIуэтахэр сыт щыгъуи къыщIыхьэу, щызэдэуэршэру, псом нэхърэ нэхъыщхьэращи, я анэдэлъхубзэкIэ щызэпсалъэу апхуэдэщ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, илъэс 40-м нэхърэ нэхъыщIэхэм бзэр апхуэдэу фIыуэ ящIэжкъым, ауэ адыгэбзэр зэзыгъэщIэжыну хуей щIалэгъуалэ куэд щыIэщи, егъэджакIуэр ядолажьэ.
Гюролрэ Гъазмирэ ди зэманыр тхузэрагъэзахуэу дыщIэкIуа псори зэрытхузэфIагъэкIыным егугъуащ. Хасэм щедгъэкIуэкIа зэпсэлъэныгъэ кIэщIым къыкIэлъыкIуэу ди бысымхэм дашащ Сейфеддин Омер и фэеплъым деж. КъызэрыщIэкIымкIэ, ар зэрыт утыкуми, абы бгъурыкI бульварми ди лъэпкъэгъу тхакIуэм и цIэр зэрахьэ.
Сейфеддин Омер (I884-I920 гъ.гъ.) и тхылъхэр зэрадзэкIыурэ къэрал куэдым къыщыдэкIащ, урысыбзэкIэ тедза тхылъ зыбжани УФ-м дунейм къыщытехьащ. Омер и адэ Хьэтыкъуэ Сафудин истамбылакIуэр зи натIэ хъуахэм ящыщащ. ЩIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыпсэуа нэужь, Мрамор хым пэмыжыжьэ Гёнен Iэпхъуауэ щытащ, аращ Омери къыщалъхуар. Илъэс 36-рэщ къигъэщIар тхакIуэм, ауэ а зэман кIэщIым къриубыдэу абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ хъыбари I50-рэ, повесть зыбжанэ, зы пьесэ, и кIэм нимыгъэсауэ романитIи къэнащ. Абы и новеллэхэм тырку жылагъуэм и зэхэтыкIэр нэсу къыщигъэлъэгъуащ, къищынэмыщIауэ, езым и гъащIэм, и къекIуэкIыкIам, и лъэпкъэгъухэм ятриухуащ «ШытхъунщI», «Япэ мыхъумыщIагъэ», «Зэшхэр», «Фыгъуэнэд», «Бгырыпх», нэгъуэщIхэри.
АдэкIэ лъэсу дыкIуащ Сейфеддин Омер и цIэр зэрихьэу къалэм дэт библиотекэм. Абы студентхэр щоджэ, щолажьэ, Омер и IэдакъэщIэкIхэр иту къыдэкIа тхылъ псори, нэгъуэщI куэди щыбгъуэтынущ. Мы жылэм къыщыхъуа щхьэкIэ, Омер и гъащIэм и нэхъыбэр щигъэкIуар, щылэжьар Истамбылщ, щыщIалъхьари аращ. Истамбыл дгъэзэжа нэужь, дэ зэдгъэлъэгъуащ Зинджирликуйу хьэблэм дэт кхъэм щыIэ и кхъащхьэри.

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться:

Читать также: