Зэгъэщтокъуэ Людэ и усэщIэхэр

ЗэшыпхъуитI

Зэхуэзащи зэшыпхъуитI,
Зыр ГъащIэщ, адрейр Ажалщ.
Я цIэм ящIыркъым гуитI-щхьитI,
ЯIэкъым тIуми Iэмал.

ЯгъэзащIэ я къалэн,
Тхьэ унафэхэм пэрытщ,
ЦIыхухэм хуащIми губгъэн,
Я пщэрылъыр япэ итщ.

ГъащIэм нурыр къыщхьэщех,
Щысщ Ажалыр, зыкърех,
Я къалэнхэр зэщхьэщокI,
Тхьэм и лъабжьэми щIэмыкI.

ГъащIэ зиIэм псэ ирет,
Къэсым пIалъэр хьэршым ехь,
Псори Тхьэм дриIумэтщ,
Дызытетыр - жэщ и пщIыхьщ.

ЗэхуогуфIэ, зэбгъэдэсщ,
ЗыхуэкIуэнур хэт ищIэн?
ЗэшыпхъуитIыр шурылъэсщ,
Тхьэм къуимытыр хэт къуитын?

*   *   *
Къащыхъужу дуней псор я лъэгу щIэтын,
Нобэ къэжэпхъахэр мэхъур куэд,
Лъахэм щхьэкIэ зи псэр зыхуэтын,
Зы къысфIэщIкъым абыхэм яхэт.

Лъахэу ябжыр я мылъку щагъэтIылъщ,
Ныбжьэгъугъэр щхьэж и жып кууагъщ,
Ахэм унафэшхуэ яIэщIэлъщ,
Я гъуэгу и кIыхьагъри и бгъуагъщ.

МэжэщIалIэм ахэр хуэгунэфщ,
Махуэ Iус зимыIэм щодыхьэшх,
Я акъылыр хъуащи къаплъэнэф,
Мылъку хьэрэмыр ямыщI мыхьэмышх.

МакIуэр гъащIэр, цIыхур къалъху, мэлIэж,
Псори зэщхь щIы фIыцIэми ещIыж,
Мылъкур къонэ, тщIар дэ ди Iэужьщ,
Ди дэфтэрыри Iэ ижькIэ ятх.

*   *   *
Гъатхэ щIэращIэ,
ПсэщIэ гумащIэ,
Гум и нысащIэу,
КъэгъэщI уэ псэщIэ.

ЩIылъэ дахащэ,
Сэ си гуращэ,
КъызэIущащэ
Насып зэIупщэу.

Дыгъэ бзий гуапэ,
Убыд си Iэпэр,
Сишэ сэ япэ,
Утыку и бжьэпэм.

Удзыпэ щхъуантIэ,
Гуапэщ уи жьантIэр,
Псоми я пщIантIэр,
Ухъу насып натIэ.

*   *   *
Зэгуэрым хъуаскIэ ину къэлыдауэ,
Щыта си лъагъуныгъэр ужьыхащ,
И мафIэ бзийм силыпщIу къысщIидзауэ,
Схуэбла гурыщIэр гъащIэм хэжыхьащ.
Хэжыхьри мывэ дзакIэу щIыIэ хъуащ,
Мыл къищым си пси, си гуи ныдэтхъуащ.

Си гукъэкIыжым къыхиху бахъэ пщтырым
СегъэткIури, псы Iэрышэу сырешажьэ,
ЩыхупIэм щхьэщолъадэ, мэхъу псыкъелъэ,
Къыхихуу сытхъур джабэ нэкIум къолъэ…
Лъагъуныгъэм - е дахэу удогъагъэ,
Е уес, уелыпщIри, сахуэр ехьыр жьыбгъэм.

*   *   *
Илъэс къэскIэ ягъеиж адыгэр,
Хышхуэм хэкIуэдахэр, Истамбыл яхуахэр.
Ар зи ягъэм псори якIэлъыбгэу,
Яхуощыгъуэр кIуэдыкIейуэ кIуэдахэм.

Къраш гъыбзэ, усэхэр зэхалъхьэ,
Илъэс щитI екIуэкIми, ягу щIэузу.
УIэгъэжьи я Iэпкълъэпкъхэр ису,
Лъэпкъ кIуэдахэр кърабжэкI зырызу.

Пэжщ, ди тхыдэр дыджщ узэригъалъэу,
Пэжщ, ящIари лъэпкъхэр лъэрыщIыкI,
Пэжщ, дыдыхьэшхыфкъым зэрылъэлъу,
ГукъэкIыжхэм нэпсхэр къыщIегъэкI.

Нобэ диIэщ тхыдэр къэзыIэтхэр,
Нобэ диIэщ ди блэкIам еджэж,
Нобэ диIэщ ди ныпыр зыIэтхэр,
Ди къэкIуэнум зи псэр пэджэж.

Ауэ ноби мащIэ тфIагъэкIуэдыр?
Щхьэусыгъуэ защIэкIэ яукIыр?
Ди бзи, хабзи, ноби тфIагъэпудыр,
Ягъэпудыну ди бзэр итщ яужь.

Сроплъэ гъащIэм

КъэзгъэщIам нобэ сыхоплъэж,
Ар налъэ-налъэу зэхызох…
СлъэкIынут сэ зыгуэр схъуэжын?
Си гъащIэм ежьужь удз хэсхын?

И Iеи, и фIи зэхэпщау,
Мы дунеишхуэр къигъэщIащ,
И гуауи-гуапи зэхилъхьау,
Псом щыщи Iыхьэ къытхуищIащ.

Сроплъэр гъащIэм, нэр мэплъыз…
ГуфIэгъуэм пещэр гуIэ макъкIэ
Псэр догызыр гъащIэм и гуэшэкIэм
Къэсам ажалыр, хуейми сакъ.

Дыгъэпс дыгъуасэ къыстепсащ,
Нобэ пшэр Iуву сщхьэщыхьащ,
Сэ сыт схуэщIэну си къару?
Си Iыхьэр Тхьэм къызитыжащ.

Аргуэру дыгъэ къыщIэкIащ,
ЩIэжьейм и гуфIэ макъ къэIуащ,
Удз цIыкIухэр щIэуэ къыхэжащ,
ЦIыху гъащIэм адэкIэ пищащ.

ЩIымахуэ

Уэсыр Iэрамэурэ къос,
Дунейр хужьыбзэ ищIащ,
Ди Iуащхьэ цIыкIум сынос,
Си Iэжьэм лъагъуэ хишащ.

Ди уэсыщIэр щIэращIэу,
Зэхолъадэ пщIыпщIыжу,
ИлъэсыщIэ къыздишэу,
Уэредадэ кърешыр.

Ди илъэсыжьри йокIыр,
ЩIымахуэ жьыбгъэм зэдехь,
ГъитIыр гуфIэжу зэблокI,
КъакIуэм насыпыр къыздехь.

Си Хэку макъамэри къоIу,
ЦIыхухэм я лъэгур щIолъэт,
ГуфIэгъуэ макъым зеIэт,
Хъуэхъур ди щIыгум щаIэт.

*   *   *
Дэжащ ди зэхуакум псы,
И бгъуитIым тIури дыщытщ,
ИIэжкъым лъэмыжи псэм,
Гукъанэр и нитIым щIэтщ.
Сэ жысIэр уэ зэхуумых,
Уэ жыпIэр жьыбгъэм сэ зблех,
Дгъуэтыжкъым дэ зэхэщIыкI,
Гуапагъэр тIуми тIэщIокI.

ПситIыр зэхамэ тфIэхъуащ,
Къуаншэм улъыхъуэкIэ сыт?
Гур архъуанэм ихуащи,
КъокIэрэхъуэкIри, плъэт…

Солъыхъуэр уи зэхэщIыкI,
Псышхуэр Iущащэу йожэх,
Зэманыр сфIызэгуощIыкI
Псэ зэхуэзэшхэр зэблех…

Пшэбэм зэдихьащ

НапIэдэхьеигъуэм
Къысщыхъуар сэ фIыгъуэу,
Iугъуэм ихьыжащ.
Ихьыжащ - сигу лъащIэм
ХъуаскIэр нытещащэу.
Щатэу, зэгуэуду, гуауэр
Къысхуигъанэу.
ФIыгъуэу къэслъытахэр
Пшэбэм зэдихьащ,
Нэпсыр къыIэпыхури
Псэр пхрисыкIащ.
КъигъэщIам еплъыжри,
ГъащIэри къэскIащ,
Псэм зыхуигъэгусэри
Ар етIысэхащ.
ГъащIэр псэм хуоплъэкIыр,
Псэри гъащIэм йоплъ,
Къащыхъуахэр фIыгъуэу,
ТIуми яIэщIокI.

Уи гур

 Къызолъыхъуэр уи гур,
Ар сэ сIэщIэкIащ,
Лэрыгъу хъуащ си лъэгур,
Жейри сфIэкIуэдащ.

ДыщIэсщ дэ зы унэ,
Дэ дызэролъагъу,
Гур зыщIэс щIыунэм,
Сыхуэмыхъу гъунэгъу.

Укъызэплъу щытми,
Уи нэм симылъагъу,
Уи гур сIэщIэкIащи,
Псэм схуимыщI гущIэгъу.

Согупсыс щIэмычэу,
Щхьэ апхуэдэу хъуа?
Мы си бгъэгур къачэу,
Щхьэ IэщIыб сыпщIа?

Сэ укъызопсалъэ,
Сэ укъызбгъэдэтщ,
Ауэ лъагэу уэгум,
Уи гур щесу итщ.

Щомахуэ Залинэ.
Поделиться:

Читать также: