Хьэтхэмрэ адыгэхэмрэ

Хама къалэм и бэзэрыр мывэ сэрейкIэ къэщIыхьащ. Абы зы мы­вэ пхъэбгъу хэлъащ. Мывэ пхъэбгъум и щIыфэм тхыпхъэщIыпхъэ хьэлэмэтхэр телъти, арагъэнт ар хьэрыпхэм тхьэм и пащхьэм къи­кIауэ къыщIалъытэр. Зыми ищIэртэкъым ар къыздикIари тхыпхъэ­щIыпхъэ тезыдзари; хами трагъа­плъэртэкъым, езы хьэрыпхэм фIэ­кIа.

Европэм къикIа зыплъыхьакIуэ гуэрым, Иоганн Людвиг БуркхардкIэ зэджэм, XIX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм Сирием кIуауэ, гу лъитащ мывэ пхъэбгъум. Буркхард, дауи, и пщIыхьэпIи къыхэхуакъым Хама бэ­зэрым зыщрихьэлIа мывэ пхъэбгъур пасэрей къэралыгъуэм зэрикъутахуэр. Буркхард и ужькIэ илъэс Iэджэ дэкIауэщ Хама мывэ пхъэбгъур щIэ­ныгъэлIхэм щапэщIэхуар. Епщы­кIуб­гъуанэ лIэщIыгъуэм икухэм деж мывэ пхъэбгъум и гипс копие Британ ­музейм къыщIэхутащ.
Апхуэдэ щIыкIэкIэ «дунейм къыте­хьэжащ» Хетт къэралыгъуэр.
Хетт къэралыгъуэр дунейм зэрытетар зэращыгъупщэжрэ илъэсищэ Iэджэ блэкIат. Зыми игу къэкIыххэртэкъым апхуэдэ къэралыгъуэ щыIауэ. Ауэ ар пасэрей КъуэкIыпIэм щынэхъ лъэщ дыдэ къэралхэм ящыщ зыуэ щытащ зэгуэр.
Хетт къэралыр илъэс миниплI ипэ­кIэ зэфIэуващ, щызэфIэувар Азэ­жьейм (иджырей Тыркум) и гупсэрщ, илъэс щитху нэблагъэкIэ псэуащ. Къэралыгъуэм и къалащхьэр, ХьэтушашкIэ зэджэу щытар, иджырей ­тырку къуажэ Богъазкъуей деж щысащ (Анкъэрэ и къуэкIыпIэмкIэ, километр щитI хуэдизкIэ пэжыжьэу). Хеттхэм я къэралым жыжьэ зиубгъурт, къэблэмкIэ Сирием нэсырт, ищхъэрэкIэ тенджыз ФIыцIэм еуалIэрт. Хетт пащтыхьхэм я гъунэгъу къэралхэм иращIылIэу щыта зауэхэр щыхьэт тохъуэ абыхэм къаруушхуэ зэрабгъэдэлъам. Ди эрэм и пэкIэ 1600 гъэм хетт пащтыхь МуршылI Езанэм Ва­вилоныр иубыдыгъащ. Пасэрей Мысырым и фирхьэун нэхъ лъэщ дыдэ Рамзес ЕтIуанэр, хеттхэм зауэ къарищIылIэри къапэмылъэщауэ, икIуэ­тыжыгъащ. Рамзес хеттхэм закърип­щытыжакъым абы и ужькIэ.
Апхуэдэ къару ябгъэдэлъащ хеттхэм, абыхэм я хэкур хым къызэпры­кIа лъэпкъ хъыжьэ гуэрым иубыдыху. Хым къызэпрыкIа лъэпкъым иубыда нэужь, Хетт къэралым кIэ игъуэтащ, иужькIи зыкъиIэтыжакъым.
Хэт хъуну хеттхэр, дэнэ ахэр къыздикIар, я кIуэдыжыпIэ хъуари сыт?
ЩIэныгъэлIхэр Iэджэрэ елIэлIащ хеттхэр Азэжьейм къыщыхъуарэ нэгъуэщI щIыпIэ къикIарэ къахуэмы­щIэу. Абы и щхьэусыгъуэ нэхъыщ­хьэ­ри хеттхэм я бзэм зыри зэрыщымы­гъуазэрт.
ЕтIуанэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм чех щIэныгъэлI Б. Грознэм, икIэм-икIэжым, къихутащ куэд щIауэ дунейм темытыж хеттыбзэр. Къызэры­щIэ­кIам­кIэ, а бзэр индоевропей бзэ­хэм ящыщт. Хеттыбзэр иужькIэ зыджа щIэныгъэлIхэри акъылэгъу ­дэ­хъуащ Грознэм. Иджы зыми шэч къытрихьэжыркъым хеттыбзэр индоевропей бзэхэм зэраблагъэм. Абы ­къикIыр гурыIуэгъуэщ: хеттыбзэр индоевро-пей бзэхэм щаблагъэкIэ, абы ирипсалъэу щытахэр, Хетт къэралы­гъуэр зыу­хуахэр, Азэжьейм къыщы­хъуакъым, атIэ нэгъуэщI щIыпIэ къикIащ.
Ар пэжщ. Хеттхэр нэгъуэщI щIыпIэ къикIри (къыздикIар зыми ищIэркъым), Азэжьейм къэралыгъуэ щаухуащ. Абы шэч къытрихьэркъым иджырей щIэныгъэм.
НэгъуэщI щIыпIэ къикIа хеттхэр Азэжьейм къыщихьам щыгъуэ абы зыри имысауэ пIэрэ, хьэмэрэ хеттхэр абы кIуэн и пэ ар нэгъуэщI лъэпкъ гуэрым и псэупIэу щыта?
Нэмыцэ щIэныгъэлI Г. Винклер 1906 гъэм Богъазкъуей къуажэм и ­Iэгъуэблагъэр, хеттхэм я къалащхьэр здиса щIыпIэр, къитIэщIыжащ. А ­къуажэм деж къыщагъуэтащ хетт ­пащтыхьхэм я тхылъхэр, пасэрей бзэжь зыбжанэкIэ тхауэ. Абыхэм зы бзэ гуэр къахэкIащ, иужьым къызэ­рахутамкIэ, хеттхэм я пэ Азэжьейм (Азие цIыкIум) иса лъэпкъ ирипсалъэу щытауэ. ЩIэныгъэлIхэр а бзэм йоджэ протохеттыбзэкIэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, хеттхэм я пэ псэуа лъэпкъым и бзэкIэ. Хеттхэм я пэ Азэжьейм исар хьэткIэ зэджэ лъэпкъырт. Хьэтхэм я бзэм щIэныгъэлIхэр нобэ прото­хеттыбзэкIи хьэтыбзэкIи йоджэ.
Хьэтыбзэм ирипсалъэ лъэпкъыр Азэжьейм исащ абы хеттхэр кIуэн ипэкIэ. КъызэралъытэмкIэ, хьэтхэм я лъэпкъыцIэр нэгъуэщI щIыпIэ къикIыу Хетт къэралыгъуэр зыухуахэм зы­фIащыжауэ щытащ. Хьэтхэм я бзэр къэхута хъуакъым иджыри къэс. Ауэ шэч хэлъкъым: ар индоевропей бзэхэми семитыбзэхэми хыхьэркъым.
Сыт хьэтыбзэм и щэхур иджыри къэс къащIыхуэмыщIэр? Ар нэхъыбэу къызыхэкIыр хьэтыбзэкIэ тхауэ къэнар зэрымащIэрщ, а мащIэри пы­чахуэщ (хетт тхыгъэхэм хэзэрыхьауэ). А бзэм ирипсалъэу щыта хьэтхэм я лъэужьыр кIуэдащ абыхэм я хэкум ­хеттхэр, индоевропей лъэпкъхэр къи­зэрыхьа нэужь. Хеттхэр езыхэр зэры­зэджэжу щытар неситщ.
ЩIэныгъэлIхэм къахутащ хьэтхэм яжь хеттхэм (неситхэм) зэращIихуар. Абы щыхьэт тохъуэ мы зы щапхъэ­ри: хеттхэм (неситхэм) культурэ, дин псалъэхэу къагъэсэбэпу щыта псори хьэтхэм я бзэм къыхахащ. Аркъудейкъым. Хеттхэм (неситхэм) цIэуэ зы­фIащу щытар хьэтыцIэщ.
КIэщIу жыпIэмэ, хьэтыбзэм и щэхур къэпхутэн папщIэ, Iэмал гъуэзэ­джэхэр щыIэщ. Иджыри зэ гу лъывыдогъатэ: хетткIэ зэджэр нэгъуэщI щIыпIэ къикIа (Азэжьейм изэрыгуа) индоевропей лъэпкъщ, ахэр езыхэр зэрызэджэжу щытар неситщ; хьэтхэр абыхэм я пэкIэ зи гугъу тщIы ­ хэкум иса лъэпкъщ.
ИщхьэкIэ зэрыщыжытIащи, хьэтыбзэр индоевропей бзэхэми семы­тыбзэхэми екIуалIэркъым. Хьэтыбзэр зыджахэм къахутащ абы дежкIэ ­эргативнэ псалъэуха ухуэкIэр зэрыхабзэр, хьэт глагол псалъэхэр зэрып­рефиксыбэр, а префиксхэм сыт ­щыгъуи увыпIэ белджылы псалъэм зэ­рыщаIэр. Абы къыхэкIкIэ щIэны­гъэлIхэм хуагъэфэщащ а хабзэхэр щы­зекIуэ кавказыбзэхэм хьэтыбзэр я благъэу щытынкIэ зэрыхъунур. Па­сэрей Азэжьейм иса лъэпкъхэм я бзэхэр зыдж щIэныгъэлIхэм я нэхъыбэр акъылэгъущ абыкIэ. А бзэхэр нэхъ куу дыдэу зыджахэм ящыщ зым, болгар щIэныгъэлI В. Георгиевым, шэч лъэпкъ къытримыхьэжу, хьэтыбзэр хебжэ кавказыбзэхэм. (Еплъ ж. «Вопросы языкознания», 1954, №4, 71-нэ нап.) Абы зэритхымкIэ, хьэтыбзэмрэ кавказыбзэхэмрэ зэмыбла-гъэу жыпIэн папщIэ, щхьэусыгъуэ бгъуэтынукъым. Ар дэнэ къэна, щхьэу­сыгъуэ псори щыхьэт тохъуэ а бзэхэр зэрызэIыхьлым, зы лъабжьэ зэраIэм, абыхэм зылъ зэращIэтым.
Мыбдежым гу лъытэн хуейщ: хьэ­тыбзэр джыным пылъа щIэныгъэлIхэр, къанэ щIагъуэ щымыIэу, акъы­лэгъу мэхъу кавказыбзэхэм щыщу хьэтыбзэм нэхъ благъэ дыдэу бгъэдыхьэр адыгэбзэр ару зэры­щытымкIэ.
Академик Арн. Чикобавэ етх: ­«Ямы­лейуэ зыри хэлъкъым пасэрей Азэ­жьейм щыIа хьэтыбзэмрэ иджы­рей адыгэбзэмрэ зэблагъэу къыщIэ­кIы­ным». (Еплъ: Ученые записки Ады­гейского научно-исследовательского института языка, литературы и истории. Мейкъуапэ, 1963, т. 2, 24-нэ нап.) В. Георгиевым 1954 гъэм итхащ: «Хьэтыбзэр, шэч лъэпкъ хэмылъу, кавказыбзэхэм я Iыхьлыщ. Хьэтыбзэм и хабзэ нэхъыщхьэм - префиксацэм - узыщрихьэлIэр а бзэхэрщ. Хьэтыбзэм узыщрихьэлIэ уашхаб (тхьэ) псалъэр адыгэбзэм хэт уащ­хъуэ псалъэр ару зэрыщытыр нэры­лъагъущ». (Еплъ: ж. «Вопросы языкознания», 1954, №4, 70-нэ нап.)
Профессор Г. А. Меликишвили, хьэтыбзэмрэ адыгэбзэмрэ зэрызэ­благъэм щыхьэт техъуэу, етх: «Гъэ­щIэгъуэнкъэ мыр: хьэтыбзэмрэ иджы­рей адыгэбзэмрэ куэдкIэ зо­кIуалIэ, псалъэм папщIэ, «тхьэ» мыхьэнэ къызэрыкI псалъэр хьэтыбзэми адыгэбзэми я зэхуэдэщ (хьэ­тыбзэкIэ - уашхаб, адыгэбзэкIэ - уащ­хъуэ). (Еплъ: Г. А. Меликишвили, ­Наири-Урарту. Древневосточные материалы по истории народов За­кавказья. Тб., 1954, 71-72-нэ нап.)
«О структурном сходстве хаттского языка с языками северо-западного Кавказа» статьям профессор И. М. Дунаевскэм щитхащ: «Структурэ и лъэныкъуэкIэ хьэтыбзэмрэ абхъаз-адыгэбзэмрэ зэбгъэпщэныр и чэзууэ икIи захуагъэу къэлъытэн хуейщ». (Еплъ: Исследования по истории ­культуры народов Востока. Сборник в честь академика И. А. Орбели. М.-Л., 1960, 75-нэ нап.).
Абы къыщымынэу, Дунаевскэм адэкIи къыпещэ: «ЗыхуэIуа щыIэкъым, хьэт тхыбзэхэм абхъаз-адыгэ­бзэхэр зыджхэм гулъытэ нэхъ хуащI­мэ, а бзитIыр я структурэ и мыза­къуэу, материальнэкIи зэблагъэу къы­­щIэ­кIыныр». (Ардыдэм, 77-нэ нап.)­.
А. Кондратовымрэ В. Шеворошкинымрэ мыпхуэдэу ятхащ: «Иужь­рей илъэсхэм щIэныгъэлIхэм трагъэчыныхь КъухьэпIэ Кавказым ис лъэпкъхэм (адыгэхэм, абхъазхэм, абазэхэм) я бзэхэмрэ хьэтыбзэмрэ зэблагъэу зэрыщытым. ЩIэныгъэлI зыбжанэм ялъытэ пасэрей адыгэ­хэмрэ абхъазхэмрэ я лъэпкъэгъу Азэжьейм исауэ». (Еплъ: ж. «Знание - сила», 1964, №3, 24-нэ нап.).
Хьэтыбзэмрэ адыгэбзэмрэ зэблагъэнкIэ хъуну зэрыщытым гу зэры­лъатэрэ зыбжанэ щIащ. Япэ дыдэ абы гу лъызытар нэмыцэ щIэныгъэлI ­Эмиль Форрерщ. Ар къэхутэным елIэлIащ Ю. Мессароши (абы 1934 гъэм убыхыбзэм теухуа тхылъышхуэ къыдигъэкIащ; убыхыбзэмрэ адыгэ­бзэмрэ зэблагъэ дыдэщ, убыххэр Тыркум Iэпхъуэри, адыгэхэм яхэшып­сыхьыжащ).
ИщхьэкIэ зэрыщыжытIащи, хьэтхэм я лъэужьыр тхыдэм хокIуэдэж, абыхэм я хэкур индоевропей лъэпкъхэм - хеттхэм (неситхэм) - яубыда нэужь. Дэнэ кIуэнкIэ хъуну щыта ахэр, я хэкур хеттхэм яубыда нэужь?
Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, хьэтхэм ящыщ куэд я хэкур зыубыда ­хеттхэм яхэшыпсыхьыжащ. Ауэ ар псоми къащыщIакъым.
Индоевропей зэрыпхъуакIуэхэм хьэтхэм я хэкур яубыда нэужь, Азэ­жьейм и ищхъэрэ щIыналъэхэм, тенджыз ФIыцIэм и благъэу, лъэпкъ лъэщ гуэрым, кашкэкIэ зэджэу щытам, и цIэ къыщыIуащ. Кашкэхэр Хетт (несит) къэралыгъуэм хыхьэу щытакъым; ахэр Галис (иджы Къы­зыл-Ирмакъ) псым и тенджыз хэхуэ­жыпIэм тесащ, тенджыз Iуфэр яIыгъыу.
Кашкэхэм Азэжьейм и тхыдэм увыпIэшхуэ щаубыд; хетт пащтыхьхэм абыхэм зауэ иращIылIэрейуэ ­щытащ, ахэр я лъэгу щIагъэувэн щхьэкIэ, ауэ ар хеттхэм зэи къе­хъулIакъым. КъехъулIэн дэнэ къэна, езы кашкэхэр Хетт къэралыгъуэм дежкIэ сытым щыгъуи шынагъуэу щытащ. Ахэр хеттхэм ятеуэрт, я къалащхьэ Хьэтушаш щаубыди къэхъуу. Абыи къыщынэркъым: кашкэхэрауэ ялъытэ Хетт къэралыгъуэр зэтезы­къутэжар.
ЩIэныгъэлIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, кашкэхэр хеттхэм (неситхэм) ­хэкум кърахуа хьэтхэращ.
«Кашкэхэмрэ Азэжьейр зыIыгъа хьэтхэмрэ лъыкIэ зэблагъэщ», - етх Г. Г. Гиоргадзе. (Еплъ: Г. Г. Гиоргадзе. Из истории племён, проживавших к северу и северо-востоку от Хеттско­го государства (кашки). Автореферат. 1956, 3-нэ нап.)
Нэхъ белджылыуэ ардыдэр жеIэ профессор Г. А. Меликишвили: «ЩIы­пIэцIэхэр щыхьэт тохъуэ кашкэхэр хьэтыбзэкIэ псалъэу зэрыщытам».
Абы къикIыр зыщ: хьэтхэмрэ кашкэхэмрэ щызэблагъэкIэ, дауи, кашкэхэр адыгэхэм я благъэщ. Абы шэч къытрахьэркъым щIэныгъэлIхэм. Профессор Меликишвили етх: ­«Кашкэхэм я лъэпкъыцIэмрэ адыгэ­хэм я лъэпкъыцIэмрэ куэд щIауэ зэрагъапщэ: пасэрей грузинхэр адыгэхэм кашагкIэ еджэу щытащ, пасэрей урысхэр - касогкIэ; хьэрып тхакIуэхэм, псалъэм папщIэ, Масуди, адыгэхэм щхьэкIэ кашак жаIэу ­щытащ. (Еплъ: ж. «Вестник древней истории», 1962, №1, 64-нэ нап.)
Абы щIыгъужын хуейщ: адыгэхэм, псалъэм папщIэ, къэбэрдейхэм, лъэпкъ зыбжанэ (осетинхэр, сонэхэр) иджыри къэс а пасэрей цIэмкIэ ­(кашкэ) къоджэ.
Дигу къэдгъэкIыжыпхъэщ: курыт лIэщIыгъуэхэм грекхэмрэ римлянхэмрэ адыгэ лъэпкъ гуэрым апшилкIэ къеджэу щытащ.
Г. А. Меликишвили а псалъэр ­ирегъапщэ пасэрей ассирий, хетт ­документхэм узыщрихьэлIэ абешлэ цIэм; а цIэр «кашкэм» и синонимщ е, нэгъуэщIу жыпIэмэ, «кашкэми» «абе­шлэми» къарыкIыр зыщ - а тIури адыгэхэм я благъэ пасэрей хьэт лъэпкъыжьым и цIэщ. Ар тегъэщIа­пIэ ищIурэ, профессор Меликишвили мыпхуэдэу итхащ: «Ар щыхьэт ­тохъуэ кашкэхэр Кавказ Ищхъэрэм щыщ лъэпкъхэм зэраблагъэм икIи, шэч хэмылъу, кашкэхэм Кавказ Ищхъэрэ хэкIыпIэ яIэу къыщIэкIынущ. Кашкэхэр хьэтхэм я благъэу зэрабжым къикIыр а кашкэхэр кавказ лъэпкъхэм зэраблагъэрщ. А благъагъэр аргуэру зэ щыхьэт тохъуэ а лъэпкъхэр (зи гугъу ищIыр адыгэхэмрэ абхъазхэмрэщ. - Къ. Хь.) Азэжьейм пасэ дыдэу иса хьэтхэм я благъэу зэрыщытым». (Еплъ: Г. А. Меликишвили. Наири-Урарту, 77-нэ нап.)
Азэжьейм (Азие цIыкIум) адыгэхэм я благъэ лъэпкъ зэрисам щыхьэт ­тохъуэ абы узыщрихьэлIэ щIыпIэ­цIэхэри. Г. А. Меликишвили зэритхымкIэ, а щIыпIэцIэхэм «хьэкъыу уи фIэщ ящI абыхэм адыгэхэм благъагъэ къахузиIэ лъэпкъ зэрисар». Азэ­жьейм ита пасэрей къалэжь гуэрым АрипсэкIэ йоджэ; Меликишвили зэ­ритхымкIэ, а къалэм и цIэр адыгэ ­псалъэ «псым» къытекIащ (къалэр псы Iуфэм Iусащ).
АдыгэцIэ куэд къинащ КъухьэпIэ Грузиеми. И. Джавахишвили, С. Джанашиа, Г. Рогавэ сымэ, нэгъуэщIхэми зэратхымкIэ, ар щыхьэт тохъуэ ­КъухьэпIэ Грузием адыгэ лъэпкъ зэрисам. А щIыпIэр - КъухьэпIэ Гру­зиер - профессор Меликишвили ­къелъытэ адыгэхэр зэрысу щыта ­щIы­налъэхэр - Азэжьеймрэ Ищхъэрэ Кавказымрэ - зэзыпхыу щытауэ. (Еплъ: ж. «Вестник древней истории», 1962, №1, 36-нэ нап.).
1960 гъэм Мейкъуапэ и Iэшэлъашэм мывэ пхъэбгъу гуэр къыща­гъуэтыгъащ. Абыи, Хама бэзэр мывэ пхъэбгъум ещхьу, тхыпхъэщIыпхъэ­хэр хэщIыхьащ. А тхыпхъэщIыпхъэхэр джыным и ужь итащ Г. Ф. Турчаниновыр. Мейкъуапэ мывэм тет ­хьэрфхэр библскэ псевдоиероглифическэ тхыбзэкIэ зэджэм зэры­щыщыр нэрылъагъущ, ауэ гурыIуэ­гъуэтэкъым а хьэрфхэм сыт хуэдэбзэм щыщ псалъэ къаIуатэми. Зыбжанэрэ елIэлIа нэужь, Турчаниновым къихутащ Мейкъуапэ мывэ пхъэб­гъум и ныбжьыр ди эрэм и пэкIэ ХII - ХIII лIэщIыгъуэхэм зэрынэсыр икIи абы тетхар зэрыабхъаз псалъэр (абхъа­зыбзэмрэ адыгэбзэмрэ зэблагъэ дыдэщ, тIури зэгуэрым зы бзэм къытепщIыкIащ).
Ди къэралым иджыри къэс къы­щагъуэтакъым Мейкъуапэ мывэ пхъэбгъум тет тхыгъэм ныбжькIэ пэхъун тхыгъэ. Ауэ аракъым нэхъ гъэ­щIэгъуэныр. Нэхъ гъэщIэгъуэныр... ар хетт хьэрфкIэ зэрытхарщ. ГурыIуэгъуэу ди гугъэщ ар щыхьэт зытехъуэр.
1963 гъэм Шэшэн-Ингуш тхылъ те­дзапIэм къыщыдэкIащ профессор Ю. Д. Дешериевым и лэжьыгъэшхуэ гуэр. Лэжьыгъэм и цIэ къудейми куэд къыбжеIэ: «Сравнительно-истори­ческая грамматика нахских языков и проблемы происхождения и исторического развития горских кавказских народов».
Нахыбзэхэм (шэшэныбзэмрэ ингушыбзэмрэ) я тхыдэр щIиплъыкIа нэужь, профессор Дешериевым и фIэщ хъуащ, япэрауэ, Кавказ бгы­рысыбзэхэр (дагъыстаныбзэхэр, шэ­шэн-ингушыбзэхэр, абхъаз-адыгэбзэхэр) зэрызэблагъэр, етIуанэрауэ, а бзэхэм ирипсалъэхэр пасэрей Азэ­жьейм иса лъэпкъхэм зэрагухьэр, ещанэрауэ, кавказ бгырыс лъэпкъ­хэмрэ пасэрей Азэжьейм иса лъэпкъ­хэмрэ зэхуаIэ благъагъэр нэхъ хэкъузауэ джын хуейуэ и чэзу зэрыхъуар, абы IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щы­лажьэ щIэныгъэлI куэдым я къару ехьэлIэн зэрыхуейр.
Зэрытлъагъущи, зи гугъу тщIы ­Iуэхугъуэр джыным мыхьэнэшхуэ иIэщ. Академик Арн. Чикобавэ зэритхымкIэ, «а Iуэхугъуэр щIэныгъэлI куэ­дым къаIэт, къэрал куэдым щадж. Ар щыхьэт тохъуэ мы Iуэхугъуэр зи чэзууэ зэрыщытым».
Кавказ бгырыс лъэпкъхэм, псалъэм папщIэ, адыгэхэм, я пасэрей тхыдэм дызыщымыгъуазэ куэд хэлъщ, абы и гугъу щащIкIэ грек, рим тхакIуэхэм къызэранэкIа псалъэ ­пычахуэхэм фIэкIыр мащIэщ. Грек ­сатуущIэхэр тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм къесылIэн и пэ сыт я нэгу щIэкIа ди лъэпкъымрэ ди бзэмрэ - ар ­къазэрыфIэIуэху щыIэкъым. Нэ­гъуэщI­хэм къафIэмыIуэхуми, дэ къытфIэIуэхужын хуейт, ауэ абы хуэ­хьэзыр щIэныгъэлI нобэми диIэкъым.

Поделиться: