Гуауэм и гъунапкъэр

Ди адэжьхэм джаур зауэжьым щагъэвар къэтщIэн щхьэкIэ, дэ дэлэл дыхуейкъым. Адыгэшхэм фынэшэс, шыныбэпххэр щIэфкъузи, лъэрыгъыпсыфэхэр нэхъ кIэщI дывгъэщI, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ди гуауэм и гъунапкъэр къэтлъагъун щхьэкIэ, уанэгум зитIэтыкIыу тенджызым дызэпрыплъын хуейщ… Хэхэс хъуа ди нэхъыжьыфIхэм я щIалэгъуэмкIэ дывгъэгъэзэжи езыхэм жаIэм девгъэдаIуэ. Дэнэ щызэхэтхыжынур абыхэм я макъыр? Шэч хэмылъу, адыгэ IуэрыIуатэрщ. КъэдвгъэтIэщIыжыт ар дызэгъусэу.
Хэтыт дэ зауэр къыдэзыщIылIар?
- «Урысым и пщышхуэхэр ди щIыгум къыхуолIэ,
ЛIыгъэр зэтрахыу жаIэурэ, зауэр къыдащIылIэ,
Ар къыдэзыщIылIэ гущэри мелуанищэм щIегъур,
ЗращIылIа лъэпкъыр Iэбжьыб хуэдиз мэхъу».

Дэ къыдгурыIуэрт къэрал псо, къэралышхуэ къызэрытпэщIэтыр:
«Къэралыр ди ныкъуэкъуэгъуи, къыдащIэр дэ ди мылажьэ».
Мы джаур зауэжьым дэ тIэунейрэ дыщаукIащ. ДытIэулIэт. Дапхуэдэ щIыкIэу япэу даукIа? Адэжь щIэину дызытепсэукI щIыгур пабзыкI зэпытурэ, фалъэшхуэм итыр фалъэ цIыкIум Iэмалыншэу ирыдагъакIэурэ къыдэхуэр ирыдагъэфыжащ. Гъавэ щытщIэну щIыгу къытхуагъэнакъым, ныбжьрей IэщIагъэу дэ къыддэгъуэгурыкIуэхэрати, шыр, мэлыр, бжьэр зытехъукIын хъупIэ драгъэIэжакъым, жыг Iэрысэхэр щыдгъэкI джабэ нэкIу дыгъафIэхэр ирагъэсыкIащ. Псом нэхъыщхьэрати, адыгэр бэгъуэну, щIэблэ къыщIэхъуэну гъуэтыгъуэ ирагъэIэжакъым, дыкъэзыухъуреихь лъэпкъхэм щапхъэ зытрахыу цIыху зэхэтыкIэ дахэм – хабзэм – дытрагъэтыжакъым.
ИкIэм – икIэжым, илъэсищэ зауэр (I763-I864 гъ.гъ.) екIуэкIыху, хъулъхугъэу лIэужь (поколение) зыбжанэ къэхъуащ зэуэн фIэкIа нэгъуэщI IэщIагъэ щыIэу ямыщIэу. Мыр фIы дыдэу къагурыIуэрт ди адэжьхэм, «щIым и пIалъэ гущэ зыщамыщIэжым» жаIэу я щIыгум щыхужаIам.
Клинген Н. Н. етх: «Адыгэхэм фIыщэу я хэкур ялъагъурт, ауэ ахэр тафэ псыпцIэхэм темытIысхьэу хуадэртэкъым. Я хэкум нэхърэ нэхъыфIыжу, егъэлеяуэ абыхэм щхьэхуитыныгъэр фIыуэ ялъагъурт. Абыхэм къапэщылът е сыткIи арэзы хъунхэу, е загъэлIэну. Абыхэм лIэныгъэр къыхахащ. Я гъусэу лIащ илъэс минкIэрэ зэфIагъэува щэнхабзэри».
Арати, лIэным Iуэхур щынэсым, гуузщ мыр жыпIэну, ауэ а зэманым екIурэ ещхьу ди псэр зэрыттын щэнхабзэшхуэ зэфIэдгъэувакIэт. Дривгъаплъэт псалъэжь къудейхэм: «ЛIэным лIыгъэ хэлъщ»; «ЛIэныгъэм нэхърэ емыкIум нэхъ фIэлIыкI»; «УлIын – зы, улIэн – тIу»; «ЛIыгъэр ажалым щыщтэркъым»; «ГъащIэр зы напIэщ, напэ уимыIэу улIэжмэ, упсэхэлIэщ»; «Ныбжьрей хъуэн нэхърэ зы махуэ гъащIэ»; «Псэр тыи напэр къащтэ».
Адыгэм напэр ихъумэн щхьэкIэ, куэдрэ емыгупсысу гъащIэр итынут.
ЦIыхум къыхужаIэнум куэд трищIыхьу щытащ адыгэм. Зауэ IэнатIэми мы хабзэр «щылажьэрт».
«ДыIуохьэри, даукI, дыIуокIри, дауб,
Даубынущ жыдоIэри, дыIуохьэри – зыкъыдогъэукI».
Мыпхуэдэ зауэлI, зекIуэлI-зекIуэшым и дуней тетыкIэмрэ еплъыкIэмрэ щIэбгъэбыдыхьыж хъунущ а гъащIэм къыхэкIа псалъэжькIэ: «Уи ажалкIэ дунейм уехыжыныр – лIэныгъэщ, лIэгъуэджэу гъащIэр бухыныр – уахътыншэщ».
…Арати, теуващ псэууэ къэнар Истамбыл кIуэ гъуэгум.
Тырку щIыналъэм нэсахэр лъэпощхьэпоуэ зыIууахэр, лейуэ къатехьахэр къеттхэкIыну щIэддзэмэ, ар тхыгъэ щхьэхуэ хъунущ. I995 гъэм Иорданием, щыщ илъэс бгъущIым зи ныбжьыр щхьэдэха Ервас Ибрэхьим къызэрызжиIамкIэ, ахэр зыIууар зы псалъэухауэ къыпхуэIуэтэнущ: «Ди щIыгу кхъуэ щагъэхъунущ, жытIэри дыкъыщIэпхъуэри, кхъуэ ныбэм дыкъихуащ».
…Адыгэм бий нэсым ныбжьэгъу нэсым хуэдэу пщIэ хуищIырт. Дэратэкъэ щIэупщIэр «бгъэныбжьэгъумэ, уигъэныбжьэгъужыфыну, бгъэбиймэ, уигъэбиижыфыну лIы дэс мыбы?», - жытIэу. ЦIыхугъэшхуэрэ лIыгъэрэ яхэлъу, цIыху нэс куэд къыхэкIащ Урысейм а зэманым.
Зы щапхъэ закъуэ. Тенджыз ФIыцIэ Iуфэм Iут быдапIэхэм я нэхъыщхьэ генерал-лейтенант Раевскэм дзэм и министр граф Чернышев 1841 гъэм мазаем и 28-м хуитхащ: «Сэ япэу икIи си закъуэу сыпэщIоувэ дэ Кавказым етщIылIа зауэмрэ абы кърикIуэхэмрэ. Абы къыхэкIыу сэ мы щIыгур собгынэ. Дэ Кавказым щыдлэжьым уигу къегъэкIыж испанхэм Америкэр къыщазэуа зэманыр. Ауэ сэ мыбы хэслъагъуэркъым лIыгъи, къэдзэуа и лъэныкъуэкIэ, ехъулIэныгъи».
И блэкIам зэпIэзэрыту хоплъэжыф, тхыдэм дерс къыхехыф дэтхэнэ къэралыгъуэ зэтеубыдами, дэтхэнэ лъэпкъ Iущми. Апхуэдэ IуэхубгъэдыхьэкIэрауэ къытщохъу лъэпкъ зэхущытыкIэ тэмэмым и нобэмрэ пщэдеймрэ лъабжьэ хуэщIыпхъэр.

ЦIыпIынэ Аслъэн, 2006 гъэ.
Поделиться:

Читать также: