Лейуэ зы псалъэ хэттэкъым

Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артист, гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Адыгэ Респуб­ликэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ КъардэнгъущI Зырамыку, цIыхубэ IуэрыIуатэр зэхуэ­хьэсы­нымкIэ, адыгэ уэрэ­дыжь­хэр екIуу гъэIунымкIэ зы­хуэдэ щымыIэ лэжьакIуэ жыджэрым, куэд дыдэ щы­зэфIигъэкIащ лъэпкъ щэнхабзэр джынымкIэ, ар хъу­мэнымкIэ IэнатIэм. Ди республикэм и мызакъуэу, Кавказ Ищхъэрэ псор зэрыгуш­хуэу щыта адыгэлI щэджащэу дунейм тетащ ар.

 

ЗЫРАМЫКУ хужамыIа псалъэ къэзгъуэтыну си гугъэу аракъым мы тхыгъэ кIэщIыр стхыну мурад щIэс­щIар. Сызыхуейр сэ, журналистым, КъардэнгъущIым и Iуэху бгъэдыхьэкIэу, и хьэл-щэну, и дуней тетыкIэу гу ­зылъыстамкIэ сывдэгуэ­шэ­нырщ.
Сэ сыщылажьэ IэнатIэм хуэдэ пэрыт дэтхэнэми зэ­рищIэщи, тхакIуэ псори жьэнахуэкъым, псэлъэф псори тхэным хуэIэкIуэлъакIуэкъым. А тIури зэгъэбыды­лIауэ зыхэлъ цIыхухэр мащIэ дыдэщ, а закъуэтIа­къуэм ящыщт Къардэн­гъущI Зырамыку. Итхыр зэрыхъум и IэдакъэщIэкIхэр зылъэгъуа псори щыгъуазэщ, - лэжьыгъэ IуэхукIэ хуеблагъэу ар къэзыгъэп­сэ­лъа дэ и жыIэм мыгурыIуэгъуэ гуэр дыщыхуэзауэ сщIэркъым.
И тхыгъэу газетым къытехуахэм къыпэкIуа ахъшэ мащIэр хуэтхьыжу дыщыкIуэ щыIэт Зырамыку и деж. Абы къыдэкIуэу езым къыдэ­лэжьахэу, и ныбжьэгъухэу, щэнхабзэм, гъуазджэм и лэжьакIуэу зи махуэр е зи фэеплъыр ягъэлъапIэхэм я гугъу едгъэщIыну делъэIурти, зэи дигъэщIэхъуртэкъым. Къупщхьэуз зып­къ­рыт лIыжьым и щытыкIэмрэ гукъыдэжымрэ елъытауэ тхэми, «диктофоным тре­гъатхэ, хъыджэбз» жиIа иужь, дыкъыщалъхуар махуэ зырызу къызыхуэбжыжыну нэхъыжьым баштекъузэкIэ къалэмыр къебгъэщтэнт?! Сэ сыкъапщ­тэмэ, апхуэдэу жиIэр дик­тофоным зэрытрезгъэтхар нэхъыбэщ.
Зытх куэдым нэхърэ нэхъ гугъэзэгъэгъуэт Зырамыку и псалъэр къытептхыкIыжыну: лейуэ зы псалъэ хэттэкъым, зэблэгъэувыкIын хуэ­мейIауэ гъэхуат, зэпсалъэм и лэжьыгъэми, газетым и зэхэлъыкIэ-зэхэгъэувэкIэми фIыуэ зэрыхи­щIы­кIыр IупщIу.
И адыгэбзэр-щэ?! Жьы хъуа псалъэхэмрэ яIэ­щIэ­хужыпэным нэсахэмкIэ къулейуэ къызэрытIэпIыкI и бзэр псыIэрышэм хуэдэу шкIуэрашкIуэрти, псалъэ ­гугъусыгъуу къыпщыхъухэм зыкIи хьэлъэ ящIыртэкъым. ЖыпIэнуракъэ, уи анэдэ­лъхубзэм уи щхьэр лъагэу ириплъагъужынумэ, ури­пэ­гэнумэ, Зырамыку и псэ­лъэкIэр урикъунут.
И уэрэд жыIэкIэмрэ лэ­жьыгъэу игъэшамрэ ялъы­сын хуей гулъытэм и ­гугъу сщIыххэнкъыми, Зы­рамыку и бзэр къызыгурыIуэн, и псалъэр зыхъумэфын, пщIэ хуэзыщIыфын куэд ди лъэп­къым Тхьэм къыхигъэкI.

Сурэтым: КъардэнгъущIхэ я унагъуэр. Зырамыку лъахъшэу щысщ. Псыгуэнсу къуажэ, 1924 гъэ

ИСТЭПАН Залинэ.
Поделиться:

Читать также:

25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ