Сыт къызэптмэ, сыбдэкIуэн?Къэзэхъстаным Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэн къыщыхъуащ. Унагъуэ зэдаухуэну мурад зыщIа щIалэрэ хъыджэбзрэ уасэм теухуауэ зэгурыIуэфакъым. Пщэдей хуэдэм хьэгъуэлIыгъуэр дахыну, лъэныкъуитIри нысашэм хуэхьэзыру, щауэмрэ нысащIэ хъу пэтамрэ я нэчыхьыр ирагъэтхыну мэжджытым екIуэлIащ. Я лъэпкъ хабзэм ипкъ иткIэ, щауэр нысащIэм мэхърым теухуауэ – нэчыхь тыгъэр зыхуэдэнумкIэ – еупщIыну къытехуэрт. «Сыт къыпхуэсщэхумэ нэхъ къэпщтэну?» - щIэупщIащ насыпым хуэпIащIэ щауэр. ««Хаммер» машинэщIэ къысхуэщэху!» - куэдрэ гупсысакъым зэрыс машинэжьыр зыIэщIэужэгъуа хъыджэбзыр. ЗэрыжаIэмкIэ, щIалэр апхуэдэ тыгъэ лъапIэ зыхузэфIэкIыну хьэрычэтыщIэт. Ауэ хьэрычэтыщIэхэми гупсысэн я хьэлщ. Арати, щауэм лъэIур игъэзэщIэн идакъым. «Нысашэр щыIэнукъым!» - иукъуэдиящ абы. Тэджри, зыми емыплъу, мэжджытым щIэкIыжащ. «Сэ сыгушыIауэ аращ», - трилъэфэжыну хэтащ хъыджэбзым и нэпсеягъэмрэ и хьэлыншагъымрэ. Зыри къикIакъым. ЩIалэр яхущIегъэгъуэжакъым. «Алыхьым и унэм апхуэдэу щыгушыIэ хъыджэбзыр сэ щхьэгъусэ схуэхъунукъым!» - иужьрейуэ къигъэIуащ щауэм.
Поделиться:
Читать также:
30.04.2024 - 13:00 →
Гъатхэмэ къапех
29.04.2024 - 10:01 →
Дахагъэ къэзыгъэщI
29.04.2024 - 10:01 →
Хэку лъагъуныгъэм теухуащ уэрэдхэр
29.04.2024 - 10:01 →
Зэныбжьэгъугъэм и дамыгъэ
28.04.2024 - 15:02 →
ЦIыху лъэужьыфIэм и фэеплъ
|