Мокаев Магомет

*  *  *

Къосыр уэс, уэсыр къос хужьрэ хужьу.
Си хьэ цIыкIу, гъэбэяут бэнэныр.
УпIейтейщи, щIэбдзауэ нэхущым,
узыхуейр сщIэркъым сэ сыбгъэщIэну,

ПщIантIэ нэщIым урижэ зыпытми,
Уи лъэужьыр уэс хужьым щIелъхьэжыр.
ТIуми ди гур мо куэбжэм деж Iутми,
къэкIуэн хуейр уэс етам егъэщхьэхыр…

*  * *

Хамэбзэ хъуам и псэм хухэмыхт,
игъакIуэрт гъащIэр, ахэр зригъащIэу.
Анэдэлъхубзэр хуэдэт зэхимых,
зи анэм и цIэр зымыщIэжым ещхьу.

АрщхьэкIэ ари узым иIуэнтIащ,
дэIуэщхъуу жьыгъэм, лъыр инащ лъэданэ.
Анэдэлъхубзэ къабзэкIэ еджащ
гъэ Iэджэ хъуауэ мыпсэуж и анэм…

 

ЗэзыдзэкIар Ацкъан Русланщ.
Поделиться: