Литературэм зи лъагъуэ пхызышаПасэу, и гуращэ псоми хунэмысауэ, дунейм ехыжащ усакIуэ цIэрыIуэр, ауэ абы къызэринэкIащ ди литературэм лъэужьыншэ щымыхъуа, цIыхухэм къабыл ящIа тхыгъэ хьэлэмэтхэр - усэхэр, поэмэхэр, рассказхэр, повестхэр. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми щызыхыбощIэ усакIуэм гу пщтыр зэрыкIуэцIылъар. Мухьэз и усыгъэхэр гъэнщIащ гурыщIэ куукIэ. Абыхэм ущеджэкIэ, щIылъэ щхъуантIэми уафэ бзыгъэми уепсалъэ къыпщохъу, уи гупсысэр яшэщI, уи лъыр нэхъ уэру зежэ хъуауэ къыпфIощI. Апхуэдэ къару зыхэлъ усэр зи гущIэм къиIукIыр, дауи, усакIуэ нэсырщ. Апхуэдэ усакIуэущ сэ Мухьэз зэрыслъытэр, апхуэдэущ ар ди литературэм къызэрыщацIыхур.
ИжьымкIэ къыщыщIэдзауэ: Елгъэр Кашиф, КIэщт Мухьэз, Хьэх Сэфарбий, Мысачэ Пётр, Щхьэумэжь БетIал, Уэрэзей Афлик сымэ загъэпсэху. 1979 гъэ
Поделиться:
Читать также:
24.04.2024 - 15:23 →
ФIыуэ флъагъухэм закъевгъащIэ!
24.04.2024 - 11:41 →
Бэм пэгъунэгъу IэдакъэщIэкIхэр
23.04.2024 - 14:56 →
ФIыуэ флъагъухэм закъевгъащIэ!
22.04.2024 - 17:16 →
ПащIэ Бэчмырзэ теухуа пшыхь
22.04.2024 - 17:00 →
Адакъэпщрэ Купраузрэ
|