НыбжьыщIэхэм я зэхьэзэхуэ

 «Спортыр узыншагъэщ» къыхуеджэныгъэм щIэту, шахматхэмкIэ сабийхэм я зэхьэзэхуэ Налшык щекIуэкIащ. А зэпеуэм хэтащ КъБР-м и щIыналъэхэм къикIа щIалэрэ хъыджэбзу 80-м нэблагъэ.
Зэхьэзэхуэр я ныбжь елъытауэ Iыхьищу гуэшауэ щытащ, разряд яIэхэми тещIыхьауэ.
Зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Николаевэ Софье, Ахматовэ Аминэ, БжьыхьэлI Каролинэ, УнэлIокъуэ Даниял, Жабоев Имран, Теунэ Амир сымэ.
Машэжь Рустам, Курманаевэ Иссанэ, Iэщыжь Iэдэм Ханукаевэ Елизаветэ, Ульбашевэ Аминэ, Карамазов Къасболэт етIуанэ хъуахэщ.
Ещанэ увыпIэр яубыдащ Джыназ Ритэ, Къалмыкъ Эвелинэ, Мэрзей Лиланэ, Бекъалды Алий, Iэщыжь Мухьэмэд, Жабоев Iэдэм сымэ.
ТекIуахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ къахьа увыпIэхэм елъытауэ, медалхэмкIэ, кубокхэмкIэ, щIыхь тхылъхэмкIэ ягъэпэжащ.

НАФIЭДЗ Мухьэмэд.
Поделиться:

Читать также: