Тхьэрыкъуэ цIыкIуитI

Бжьыхьэ мазэщ. ФокIадэм дунейр уэшхырилэ хъу и хабзэми, зы пшэ закъуи уафэгум щыгъуэщатэкъым, къытхуеблагъэ бжьыхьэм и фащэ дыщафэр къызэкъуихыни щIидзатэкъым. Дыгъэм и гуащIагъым жьыр мащIэу щIэпщэрти, Iэпкълъэпкъым гурыхь щыхъуу, махуэфIт. 
ЩIылъэ щхъуантIэм къыщыгъэгъэжа удзхэм къапих мэ гуакIуэм си псэр ятхьэкъуарэ дыгъэпсми зезгъэууэ, «Псей щхъуантIэ» зыгъэпсэхупIэм и пщIантIэ Iэхуитлъэхуитым сыдэст, тIэкIуи сыхэгупсысыхьауэ. 
Сыздэщысым си пащхьэм тхьэрыкъуэ пщэхуитI къыщетIысэхащи, хъурейуэ сыкъафыхь. Зыр жанщ, адрей цIыкIум зыгуэр зэрилажьэр IупщIу дыболъагъу. Удын зытелъ тхьэрыкъуэм узыншэр хуэсакъыпэурэ щIэгъэкъуэн зыхуещIри, бгъурыту къежыхь, зэрытегузэвыхьыр имыгъэпщкIуу. ГъэщIэгъуэн сщыхъуащи, сызыхуэмей гупсысэхэр лъэныкъуэ езгъэзауэ а тIум сакIэлъоплъ, адэкIэ кърикIуэнум сыпэплъэу.
Шэджагъуэ хуегъэзэкIщи, пщIантIэри цIыхуншэщ, сэри сыщысщ. Зэран къахуэхъун зэрыщымыIэм игъэгушхуауэ хуиту къыщажыхь. Гъуэгум сэхуран кIэрылъэлъахэр къыщищыпурэ, узыншэм лажьэ зиIэ цIыкIум жьэделъхьэ, мыдрейри хуэжыIэщIэщи, зыхуигъафIэурэ ирегъэлъэтэх. 
Махуэ бжыгъэ хъуауэ сакIэлъыплъырти, лажьэ зиIэр нэхъыфI зэрыхъужым сигъэгуфIэрт. Си псэр зыхьэхуа цIыкIуитIым щыкъун яхуэзгъэтIылъурэ, сэри сахуэгуапэрт. ИтIанэ тIури си тIысыпIэр зыбгъэдэт жыг баринэм тетIысхьэжти, я бзэкIэ щызэдэуэршэрхэу тест. Ар, зэкIэ, я унапIэу къыщIэкIынт. 
Зы махуэ гуэрым, хабзэ зэрахуэхъуауэ, си Iуфэр къафыхьащ. ИтIанэ зыIэзыбжьэу тIуми заIэтщ, уафэгум зыщагъэнщIыху къыщалъэтыхьри, зэсэжа жыгым тетIысхьэжащ. Сэри сфIэтелъыджэу, езыхэми зыкъысхуагъэщIагъуэу, къысхуоплъыхри тесщ. «Къызэплъыт, сыхъужащ!» - жиIэу къысфIощI дыркъуэ зытелъа тхьэрыкъуэ пщэху цIыкIум. 
Абыхэм сатхьэкъуауэ сыздэщысым, щэхуу сыхъуапсэрт икIи зыфIэзгъэщIт зы зэман гуэр дунейм фIыуэ щызэрылъэгъуа зэпсэгъуитIым, тхьэрыкъуэ хъужу, къагъэзэжахэу. 
Сегупсыст, языр, къеузыр щхьэщихыу, гъащIэм щIэрыщIэу къыхэзышэжар я зэхуаку дэлъ гумэщIагъ, гу щэбагъыр зэрыарам, лъагъуныгъэр зэрытыгъэ лъапIэри хьэкъ сщыхъуауэ.
ГукъэкIыж дахэхэм сахыхьэжарэ гухэхъуи къызату, зыгъэпсэхугъуэ махуэхэр и кIэм нэзгъэсащ. 
КЪУМЫКЪУ Лерэ.
Поделиться: