Бэшэчагъым текIуэныгъэм ухуешэ

 

Адыгейм и дамыгъэ нэхъ лъапIэ дыдэр къыщратам.

 

Адыгейм самбист цIэрыIуэ куэд къыщыхъуащ, лъэпкъымрэ къэралымрэ я щIыхьыр лъагэу яIэтауэ. Абыхэм ящыщщ дуней псом и чемпион, ЩIы хъурейм и кубокыр къэзыхьа, СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Мерэтыкъуэ Сэхьид.

- Ещанэ классым сыщеджэу, къыхэтхыну IэщIагъэм теухуауэ сочиненэ къыщыдатым, «Тренер сыхъунущ» жысIэри, истхауэ щытащ, - игу къегъэкIыж иджы республикэми къэралми и ехъулIэныгъэфIхэмкIэ щыцIэрыIуэ Мерэтыкъуэ Сэхьид. - ИлъэситI дэкIри, самбэмкIэ зызыгъасэхэм захезгъэтхэну сыкIуащ, арщхьэкIэ сыкъащтакъым: си хьэлъагъыр килограмм тIощIрэ щырэ хъууэ арат.

Япэ лъэпощхьэпом Сэхьид къригъэкIуэтакъым. Самбэм хуабжьу зэрыдихьэхамрэ и ерыщагъымрэ щалъагъум, гъэсэнхэм хагъэхьащ икIи абы тегушхуахэр зы дакъикъи щIегъуэжакъым. ГъэсакIуэхэм къыжраIэхэр абы псынщIэу къипхъуатэрт, жыIэдаIуэт, гугъуехьхэм къапикIуэтыртэкъым. Къыщыхъуа щыIэкъым ар тренировкэм къыщыкIэрыхуа е къыщымыкIуа. Хьэлэмэтращи, щыгуфIыкIырт хьэрхуэрэгъу лъэщхэр къыщыпэщIэхуэм и деж. ИщIэрт и зэфIэкIыр здынэсыр абыхэм къызэрыщIагъэщынур, и зыгъэсэкIэм ныкъусаныгъэ гуэрхэр хэлъми наIуэ къызэращIынур. И тренерхэу Багъэдыр Къэралбийрэ Хьэпай Арамбийрэ Сэхьид зыхуагъэсэн, дауи, я куэдт икIи апхуэдэ щIалэт яIэну зыщIэхъуэпсыр.
- Спортым сыкъызэрыхэкIыжрэ щIэх-щIэхыурэ зы пщIыхьэпIэ солъагъу: «Зэхьэзэхуэм дыкIуауэ ди хьэлъагъыр яшэч. Зы грамм лейуэ къыщIокIри, сыщыбэнэн хуей гупым сыкъыхадз. Тренерыр губжьауэ мэшхыдэ икIи къызэщIэплъауэ мэдауэ, зы грамм закъуэ щхьэкIэ сызэрамыгъэбанэр фIэхьэдэгъуэдахэу». Абдежым, пщIэнтIэпсыр къыспыхуу сыкъоушри… согуфIэ ар пщIыхьэпIэу къызэрыщIэкIам щхьэкIэ.
И хьэлъагъым зы грамм щIигъун дэнэ къэна, килограмм бжыгъэ хуримыгъэкъуу и сабиигъуэмрэ щIалэгъуэмрэ ирихьэкIащ Сэхьид. Япэу зэхьэзэхуэм щыкIуам килограмм 23-рэ фIэкIа хъуртэкъым. Щыбэнар килограмм 35-рат. Дауи, щытекIуэфакъым, ауэ ещанэ увыпIэр яфIиубыдащ.
ИужькIэ зыкъомрэ зыщIыпIи ягъэкIуакъым, ныбжьыщIэхэм я зэхьэзэхуэм щынэхъ псынщIэ дыдэхэр килограмм 45-м нэсын хуейти. Мерэтыкъуэр абы килограммипщIкIэ пэжыжьэт. Арати, зэпеуэ куэдым хэкIыжащ. Лы зыкIэрилъхьэн щыщIидзар щIалэгъуалэ ныбжьым нэсауэщ.
Сэхьид пасэу зыхищIащ текIуэныгъэм и IэфIагъыр. Зыгъэсэныгъэхэм щIидзэри, илъэситI дэкIауэ арат щIыналъэ зэхьэзэхуэхэм зэкIэлъхьэужьу бжьыпэр щиубыд щыхъуам. ИтIанэ къэралпсо утыку ихьа икIи 1979 гъэм дыжьын медалыр щызыIэригъэхьащ СССР-м и чемпионатым. Абы и кIэух зэIущIэм къыщытекIуащ иужькIэ куэдрэ хьэрхуэрэгъу къыхуэхъуа икIи ныбжьэгъуфIу къыхуэна Къэзахъстаным щыщ Байшулаков Канат.
1981 гъэм адыгэ щIалэр къэралым щынэхъ лъэщ хъуным зымащIэ дыдэщ иIэжар. Владимир къалэм щекIуэкI Совет Союзым и чемпионатым и финалым щызэIущIащ килограмм 52-м нэс зи хьэлъагъхэу Мерэтыкъуэ Сэхьидрэ нэхъапэм къыхэзыгъэщIа Байшулаков Канатрэ.
ЗэпэщIэтыныгъэр гуащIэщ, удэзыхьэхщ. ЗэныкъуэкъуитIым я зыр къикIуэтынукъым. ЛъакъуэпэщIэдз ещIри, Канат зы балл къелэжь. Сэхьид абы и жэуапу хуэдитIкIэ нэхъыбэ зыIэрегъэхьэ. Мерэтыкъуэм ещIэ, зымащIэкIэ япэ ищами, и хьэрхуэрэгъум фIырыфIкIэ текIуэныгъэр зэримыутIыпщынур. Ар адэкIи ерыщу йобгъэрыкIуэ икIи иужь дыдэ секундхэм, и лъакъуэр пэщIегъакъуэри, и ныкъуэкъуэгъур едз. ТIури мэхауэ алэрыбгъум тохуэ. Сэхьид апхуэдизу лъэщу и хьэрхуэрэгъур идзати, езыри джэлэжащ.
Адыгэ щIалэм дэщIхэр мэгуфIэ. Ахэр зохъуэхъуж, IэплIэ зэхуащI. Зыми шэч къытрихьэркъым Мерэтыкъуэ Сэхьид къэралым и чемпион зэрыхъуам. АрщхьэкIэ…
Сыхьэт ныкъуэ дэкIауэ дикторым и макъыр ину къэIуащ. Абы жиIащ судьяхэм я унафэкIэ Байшулаков Канат текIуэныгъэр къызэрихьар. Ар зыхэзыха псори Iэнкун хъуащ - къащыхъуащ къэпсэлъам щыуагъэ IэщIакIауэ икIи мыгувэу игъэзэкIуэжыну. Iуэхур кIыхьлIыхь щыхъум, Адыгейм икIахэр бгъэдыхьащ судьяхэр здэщыс стIолым, къэхъуар къызыхэкIар зрагъэщIэну.
КъызэрыщIэкIамкIэ, Мерэтыкъуэм иужьу и хьэрхуэрэгъур зэридзам Байшулаковым и фейдэ къыхахащ: адыгэ щIалэм - зы балл, къэзахъым баллитI хуагъэфэщат. Ар акъылым къимытIасэт, ауэ судьяхэм я унафэр зыми хуэкъутэжынутэкъым.
Iуэхур зэрыхъуар щилъагъум Байшулаковыр судьяхэм ябгъэдыхьащ икIи быдэу яжриIащ, Мерэтыкъуэр къызэрытекIуар. АрщхьэкIэ абыи къикIа щыIэкъым.
Сэхьид а къекIуэкI псоми лъэныкъуэкIэ къыщыту еплъырт, и нэпсхэр къызэпижыхьауэ. Абы и текIуэныгъэр IэщIаха пэтми зы псалъи жиIакъым, и щхьэр ирихьэха фIэкIа.
Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэр щагъэлъапIэм Байшулаков Канат и дыщэ медалыр зэпщIэхихри, Мерэтыкъуэм къыхуишиящ: «Мыр зейр уэращ!» - жиIэри. АрщхьэкIэ, Сэхьид, ар, дауи, къыIихакъым, фIыщIэ хуищIа фIэкIа. Къэзахъ щIалэми а дыщэ медалыр фIэIэфIакъым, къызэримыхьар ищIэжырти.
Мыгувэу Мерэтыкъуэ Сэхьиди ехъулIэныгъэ инхэр зыIэригъэхьащ. И зэфIэкI лъагэхэр къалъытэри, Совет Союзым и командэ къыхэхам иужькIэ ираджащ. Абы дэщIыгъуу ЩIы хъурейм и кубокыр къихьри, дунейпсо классымкIэ спортым и мастер хъуащ. АрщхьэкIэ аргуэру зы гъэунэхуныгъэ ихуащ - зэхьэзэхуэхэм ящыщ зым и пщэ зэрытыпIэхэр къыщычащ. Шынагъуэ къыкъуэкIащ ар ныкъуэдыкъуэ хъууэ спортым хэкIыжыну.
А лъэхъэнэм бэнэныр иухри, тренер IэнатIэм пэрыуват дуней псом тIэунейрэ и чемпион и лъахэгъу Хьэпай Арамбий. Абырэ Сэхьид и япэ гъэсакIуэ Багъэдыр Къэралбийрэ зэман, къару куэд трагъэкIуэдащ щIалэщIэр къызэфIагъэувэжу, зэпеуэ инхэм хуагъэхьэзырыжын папщIэ. ЯпэщIыкIэ Мэзкуу дохутыр Iэзэхэр къыщыкIэлъагъэплъащ, итIанэ Мейкъуапэ щагъэхъужащ. Дохутырхэмрэ тренерхэмрэ я жыIэм текI имыIэу зэредэIуам, ахэр зэригъэзэщIам я фIыгъэкIэ Мерэтыкъуэ Сэхьид зэхьэзэхуэшхуэхэм къыхыхьэжащ икIи ехъулIэныгъэ инхэр зыIэригъэхьэ хъужащ. Абы игъащIэкIэ и гум ириубыдащ спортми гъащIэми куэд щыхузэфIэкIа Хьэпай Арамбий къыжриIахэр: «Ерыщагъымрэ бэшэчагъымрэ текIуэныгъэм ухуешэ, ахэр узхэми бэлыхьхэми полъэщ».
Япэу утыкушхуэ къыщихьэжа Ленинград (иджы Санкт-Петербург) щекIуэкIа Совет Союзым и чемпионатыр абы и гум зэи имыхужынщ. Нэхъыщхьэр къэралым щынэхъ лъэщ зэрыхъуам и закъуэкъым, атIэ апхуэдэ фэбжь хьэлъэ телъам къызэримыгъэдзыхарщ, фIыуэ илъагъу самбэр IэщIыб зрыримыгъэщIарщ. БэнакIуэ цIэрыIуэ Яшечкинри, Армением щыщ Тутхаляни, къэралым и кубокыр куэдрэ къэзыхьа Агаеври, спортым щIыхь зиIэ и мастерхэу Халиулинри, Джамбул къикIа Мусабековри иригъэкIуэтэкIри, адыгэ щIалэм бжьыпэр хуэфащэ дыдэу иубыдащ. Ар ириудыхыфакъым япэ текIуэныгъэр 1981 гъэм зэрыIэщIахами фэбжь хьэлъэм икIи шынагъуэм зэрыпэщIэтами.
1983 гъэм къэралым и командэ къыхэхар зэхуашэсауэ ягъасэрт. Уэсыр я бгым къэсу щIыбым къыщажыхьырт, упражненэ зэмылIэужьыгъуэхэр ягъэзащIэрт. Нарылъагъут псоми ар къазэрытехьэлъэр. ЩIалэщIэхэр тригъэгушхуэн папщIэ я гъэсакIуэ Борисочкин Юрий яжриIащ, тренировкэ нэужьым нэхъыфIхэм саугъэт къазэрыпэплъэр. Абы нэхъри къызэщIигъэплъа щIалэхэр я фэм къипщынут - хэти хуейт саугъэтыр зыIэригъэхьэну.
Тренировкэр иуха нэужькIэ, псори зэхуашэсри, нэхъыфIу зызыгъэсахэм ящыщу щым я цIэр гуфIэгъуэ щытыкIэм иту Борисочкиным къриIуащ. Абыхэм яхэтт Мерэтыкъуэ Сэхьид. Саугъэту дэтхэнэми кIэнфет цIыкIу зырыз гъэсакIуэм къащритам, къадыхьэшхар пхуэмыIуэтэжынщ. Апхуэдэ Iэмалхэри къагъэсэбэпырт спортсменхэм я зыгъэсэгъуэ хьэлъэхэр щагъэпсынщIэн папщIэ.
Совет Союзым и чемпионатым щытекIуа и ужькIэ, Мерэтыкъуэм ехъулIэныгъэ нэхъ иныжхэри иIащ. А псом ящхьэщ Испанием и Сан-Себастьян къалэм щыIа дунейпсо зэхьэзэхуэр. Хьэл-щэнкIи теплъэкIи зыкъомкIэ дэщхь баскхэр щыпсэу щIыналъэм адыгэ щIалэр лъагэу щаIэтащ. Абы и техникэ лъэщымрэ щыбанэкIэ хэлъ Iэзагъымрэ пщIэшхуэ ягъуэтащ. Сэхьид и дэтхэнэ текIуэныгъэми щIыпIэм и хъыбарегъащIэ IэнатIэхэр дэрэжэгъуэ хэлъу тепсэлъыхьырт икIи дунейпсо чемпион щыхъуам езыхэм ейм хуэдэу щыгуфIыкIат.
ЦIыхум спорт иным щигъакIуэ гъащIэр кIэщIщ. Ар нэхъыбэм зэрыхъур илъэсипщI-пщыкIутхущ. АдэкIэ дунейм щIэрыщIэу хэзэгъэжын хуейщ. А Iуэхугъуэр тыншу къызэхъулIахэм ящыщщ Мерэтыкъуэ Сэхьид. Ар щыбанэ алэрыбгъум спортсмен хуэдэу къытекIыжами, тренеру къытенащ. Иджы абы и къару, зэфIэкI псори и гъэсэнхэм ярехьэлIэ. И гугъуехьхэри пщIэншэ хъуркъым. Къапщтэмэ, Мерэтыкъуэм и нэIэм щIэту Псэун Мурат Европэм и чемпион хъуащ. НэгъуэщI щIалэхэми я текIуэныгъэфIхэмкIэ ягъэгуфIэ.
Спортым езым щиIа ехъулIэныгъэмрэ щIэблэр узыншэу, къарууфIэу къызэрытщIигъахъуэмрэ къалъытэри, Мейкъуапэ дэт СамбэмкIэ зыгъэсэныгъэм и центрым и тренер, дунейпсо чемпион, ЩIы хъурейм и кубокыр къэзыхьа, къэралым щынэхъ лъэща Мерэтыкъуэ Сэхьид 2016 гъэм и кIэухым къыхуагъэфэщащ «Адыгейм и щIыхь» медалыр - аращ республикэм и дамыгъэ нэхъ лъапIэ дыдэр. Абы и Iэзагъ инымрэ зэфIэкI лъагэмрэ дяпэкIи куэд­рэ къахуэсэбэпынущ самбэм дихьэх дэтхэнэ зыми.

дуней псом и чемпион, ЩIы хъурейм и кубокыр къэзыхьа спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Мерэтыкъуэ Сэхьид.

И гъэсакIуэ Хьэпай Арамбий дэщIыгъуу.

Жыласэ Заурбэч.
Поделиться: