Мы гъэм щIадзэнущ

ЩIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ правительствэ комиссэм хэтхэм я зэIущIэу УФ-м и Правительствэм и Уна­фэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иригъэ­кIуэкIам хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. 

ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ щIыналъэхэм лъэпкъ проектхэр зэрыщагъэзащIэм, псэупIэ ухуэныгъэхэр зэрыщекIуэкIым. 
«БлэкIа мазийм къриубыдэу, хэгъэгухэм дызэрыщагъэгъуэзамкIэ, псэупIэ метр зэбгъузэнатIэ мин 70 и кIэм нагъэсащ. Къат куэду зэтет унэхэр проценти 9-кIэ нэхъыбэ хъуащ, ар и фIыгъэщ Урысейм и щIыналъэхэм ухуэныгъэ лэжьыгъэр зэтеублауэ зэрыщекIуэкIым. ДяпэкIи къалэм щекIуэкI ухуэныгъэхэр фи нэIэ щIэвгъэтыну сыныволъэIу», - жиIащ Хуснуллиным. 
УФ-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэмкIэ и министр Файзуллин Ирек къыхигъэщащ ухуэныгъэхэм яхухэха ахъшэр яубзыхуам ипэ къихуэу хурагъэхьыфыныр къызэгъэпэщыным мыхьэнэшхуэ зэ­риIэр.
Къэбэрдей-Балъкъэрыр къапщтэмэ, 2024 гъэм зэрагъэпэщыжыну я гугъауэ, Ислъэмей дэт ЩэнхабзэмкIэ унэр, Бахъсэн щIыналъэм щыIэ Щэнхабзэ-нэгузегъэужьыпIэ центрыр, Налшык дэт Сабий художественнэ школыр зыхуей хуэгъэзэныр мы гъэм щIадзэнущ.

Поделиться: