Щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я кIыщ

СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, щагъэлъагъуэ «Радуга талантов» выставкэр. Абы ­утыку къыщрахьащ ГъуазджэхэмкIэ сабий школ Къэзанокъуэ Жэбагъы и цIэр зезыхьэм и егъэджакIуэхэмрэ и гъэсэнхэмрэ я лэжьыгъэхэр.

Гъэлъэгъуэныгъэр теухуащ ГъуазджэхэмкIэ сабий школ №2-р къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 30 зэрырикъум. Абы зыкърагъэхьэ­лIащ щэнхабзэмрэ егъэджэныгъэмрэ я лэжьакIуэхэр, гъуазджэм ­дихьэххэм. 
Декоративно-прикладной гъуазджэм и хьэпшыпхэм ящыщу ягъэлъагъуэ адыгэ арджэнхэр, фащэхэмрэ абы кIэрылъ пкъы­гъуэхэмрэ, дыщэидэ, уагъэ хьэпшыпхэр, пхъэм, ятIэ гъэжьам къыхэщIыкIа хьэкъущыкъухэр, графикэ лэжьыгъэхэр, сурэтхэр. Музейм и пэшищым щыщу тIум - егъэджакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр, адрейм - ныбжьыщIэхэм иужьрей илъэсхэм ящIа лэжьыгъэхэр щагъэлъагъуэ.
КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзор выставкэр къыщызэIуихым жиIащ ди зэманым щIэблэр щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ щIэпIыкIыным, абы дегъэхьэхыным мыхьэ­нэшхуэ зэраIэр. Министрым и псалъэм щIигъужащ дахагъэм зыхигъэгъуэзэну зэхыхьэм зэрызыкъригъэхьэлIар икIи егъэджакIуэхэмрэ абыхэм я гъэсэнхэмрэ фIыщIэ яхуищIри, дяпэкIи заужьыну, ефIэкIуэну  ехъуэхъуащ ар.
Техникэ щIэныгъэхэмкIэ  кандидат, философие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, Урысей Академием социальнэ егъэджэныгъэмкIэ и академик, ГъуазджэхэмкIэ сабий школ №2-р къызэIузыха Хъурей Феликс къекIуэлIахэм яхутепсэлъыхьащ IуэхущIапIэм и тхыдэмрэ къикIуа гъуэгуанэ дахэмрэ. Абы Музыкэ школ псори ГъуазджэхэмкIэ школу зэрахъуэкIыжыну къыхуриджащ, ГъуазджэхэмкIэ сабий школ №2-м IэщIагъэ 35-м зэрыщыхурагъаджэр къыхигъэщри.
Налшык къалэм и Бзылъхугъэхэм я советым и унафэщI Дыджэш Лидэ я зэгухьэныгъэм хэтхэм къабгъэдэкIыу егъэджакIуэхэмрэ абы екIуалIэ ныбжьыщIэхэмрэ ехъуэхъуащ я школыр илъэс 30 зэрыри­къумкIэ. 
КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэрэ КъБР-м художественнэ егъэджэныгъэмкIэ и Методикэ центрым и унафэщI Бэрбэч Беслъэнрэ я псалъэм къыхагъэщащ Сабий школым и егъэджакIуэхэм щIэблэм я гъэсэныгъэм, цIыхубэ IэпщIэлъапщIагъэм, IэпэIэсагъэм хэлъхьэныгъэфIхэр зэрыхуащIыр, республикэм и щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ зэрагъэбейр, зэпеуэхэм пашэ зэрыщыхъур. 
Зэхыхьэм къыщыпсэлъащ ГъуазджэхэмкIэ Сабий школ №1-м и унафэщI Темыркъан Людмилэ, Нарткъалэ гъуазджэм щыхура­гъаджэу дэт «Лэгъупыкъу» сабий школ №1-м и унафэщI Къардэн Равидэ, ГъуазджэхэмкIэ сабий школ №2-м и егъэджакIуэхэу Тхьэгъэлэдж Агнессэрэ Гацолаевэ Светланэрэ, нэгъуэщIхэри.
ГъуазджэхэмкIэ Сабий школ №2-м и унафэщI Къуныжь Айшэт жиIащ лъэпкъ щэнхабзэм зегъэужьыным  мыхьэнэшхуэ зэриIэр, республикэм и художник, IэпщIэлъапщIэ куэдым а школыр къызэрау­хар. Абы фIыщIэ яхуищIащ выставкэм къекIуэлIахэмрэ псалъэ гуапэ­хэр къахужызыIахэмрэ. 
Выставкэр жэпуэгъуэм и 15 пщIондэ лэжьэнущ. Республикэм щыпсэу лъэпкъхэм лIэщIыгъуэхэм къыпхаха я щэнхабзэ, гъуазджэ хъугъуэфIыгъуэхэм зыщыщыбгъэгъуэзэфынущ абы. КъыжыIапхъэщ гъэлъэ­гъуэныгъэм къриубыдэу абы мастер-классхэр къызэры­щызэрагъэпэщынур.
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: