Маугли - Хьэндыркъуакъуэ

Адыгэ къэрал университетым иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ адыгэ усакIуэ, тхакIуэ Жанэ Кърымызэ и творчествэм хуэгъэпса дунейпсо зэпеуэ. «УрысыбзэкIэ тха тхыгъэхэр адыгэбзэкIэ зэдзэкIын» унэтIыныгъэмкIэ етIуанэ увыпIэр къихьащ «Адыгэ псалъэ» газетым и корреспондент Фырэ Анфисэ. Инджылыз тхакIуэ Киплинг Редьярд итха, дуней псом щыцIэрыIуэ «Книга джунглей»-м щыщ пычыгъуэ Анфисэ адыгэбзэм къригъэтIэсар ди гуапэу фи пащхьэ идолъхьэ.

 

Пщыхьэщхьэ хуабэр, уигъэмэхыу, Сэней къуршым къытегъуэлъхьат. Шэджагъуэ жей ирихьэкIауэ къызэщыуа Дыгъужь Адэр хущхьэщ, и цы Iувым хэтIахъуэри, и фIалъэ лъакъуитIыр иукъуэдиящ, жей кIыхьым хьэлъэ ищIа и лъэр зэкIэщIихужу. Дыгъужь Анэм и пщэ лъабжьэм шыр цIыкIуиплI кIэщIэлът, ныкъуакъуэрэ зэдэджэгуу. БгъуэнщIагъ ихьэпIэм мазэ нэхур къыдидзырт.

- Гъыр-р-р! - жи Дыгъужь Адэм. - ЩэкIуэгъуэ хъуащ.

Ар бгы задэм къех лъагъуэм теувакIэт, кIэ бацэ гуэрым и ныбжьыр къэсу, бгъуэнщIагъ ихьэпIэм деж къугъыу къыщытIысам:

- Уи Iуэху фIы ирикIуэ, щхъуэжь пашэ! Уи щIэблэ дахэм дзэ быдэ хужьыпскIэ гъащIэр къыхуэупсэну, фIыгъуэр къахуищIэну, мэжэщIалIэхэр гулъытэншэ ямыщIу къыпщIэувэну сохъуахъуэ! - къэубзащ ар.

Табаки жыхуаIэ хьэIуцыдзырт ар, хьэкIэупс цIэрыIуэу хьэIужажэр. Индием дыгъужьу исыр теплъэ хъуртэкъым абы, зым жиIар адрейм Iуридзэжу, мэ зыщыуа ныкъуэшххэмрэ фэ пытхъахуэхэмрэ хэшхыхьу пхъэнкIийм зэрыхэсым папщIэ. Зы лъэныкъуэкIи, мэз псэущхьэхэр къыщышынэрт абы. Сыту жыпIэмэ, хьэIуцыдзхэм техьэгъуэ яIэ я хабзэщ, апхуэдэхэм дежи шынэ ямыщIэжу, хэти зрадзу, къуакIэбгыкIэм къыщаущыхьырт. Уеблэмэ хьэIуцыдзым я нэхъ цIыкIум и щхьэр зэкIуэкIа нэужь, къаплъэным я нэхъ лъэщыр пикIуэтырт! Сыту напэтех ар псэущхьэ Iэлхэм я дежкIэ - делэ ухъуныр! Дэ а узым щхьэкIэ «псышынэ» жыдоIэ, мэзым абы зэрыщеджэр - делэ узщ…

- ЩIыхьи еплъ, ухуеймэ, - щIыIэ-щIыIэу жиIащ Дыгъужьым. - Шхын щыIэкъым.

- Дыгъужьым хуэфащэ щIэлъ хъункъым, - жэуап ет Табаки. - Ауэ сэ схуэдэ псэущхьэ Iэсэхэм дежкIэ къупщхьэ пцIанэри - тхъэгъуэщ. Сытым дыщыщ дэ, хьэIуцыдз лъэпкъыр, хэплъэ-хэдэ тщIыуэ дыщыкIын хуэдэу?!

ЛъапэпцIийрэ бгъунжырыкIуэ хъужауэ бгъуэнщIагъым щIэлъадэщ, къуэгъэнапIэм къуэлъ щыхь къупщхьэр къыкъуилъэфри, и гурыIупсыр къыIурыжу зридзащ.

- ФIыщIэ пхузощI, сыбгъэтхъэжащ! - зэIурыбзаеу жиIащ абы. - Сыту шыр дахащэхэр фиIэ, фхуэфэщэн защIэу! Нэ пащIэ хъужауэ! ЦIыкIущ иджыри. Сыт мыгъуэ мы жысIэхэр?! Пщым и бынхэри щалъхуа махуэм щыщIэдзауэ пщыщ, балигъым хуэдэщ.

Табаки фIы дыдэу ищIэрт щIэжьейм ущытхъуну зэрымыфIыр. Абы хабзэр къызэпиудат. Арами, хьэIужажэм фIэфIыпс хъуат Дыгъужь Адэмрэ Анэмрэ къызэрыгузэвар.

Ар щэхуу щысащ тэлайкIэ, щхъуэжьхэр къызэрытригъэхьам щыгуфIыкIыу, итIанэ гущыкI хэлъу жиIащ:

- Шер Хъан и зекIуапIэр ихъуэжащ. Мазэ къакIуэ мы бгылъэхэм сыщыщэкIуэнущ къызжиIат.

Шер Хъан хъужыр къаплъэнт, бгъуэнщIагъым фIыуэ пэжыжьэу, Венгунгэ псы ежэхым и Iэхэлъахэм щыпсэур.

- Хуиткъым! - къэгубжьащ Дыгъужь Адэр. - Мэз Хабзэм къидэркъым щIэмыупщIауэ, хуитыныгъэ ирамытауэ и зекIуапIэр ихъуэжыну. Абы мэз джэдхэмрэ псэущхьэхэмрэ игъэщтэнущ, сэ… сэ иджыри махуитIкIэ сыщэкIуэн хуейщ.

- Шер Хъан и анэм ауэ сытми ЩIакъуэ фIищатэкъым абы, - гу лъитащ Дыгъужь Анэм. - Ар къызэралъхурэ щIакъуэщи, унагъуэ псэущхьэ фIэкIа ещакIуэркъым. Венгунгэ къуажэм дэсхэр фIыуэ игъэбэмпIауэ, иджы мыбыкIэ къакIуэу аращ, «ди цIыхухэм» я фэ ирихыну. Ар къалъыхъуэу цIыхухэм удзым мафIэ ирадзынущ. ИтIанэ дэ ди щIыпIэр тхъуэжын хуей хъунущ, мафIэсымрэ Iугъуэмрэ защытхъумэу. ФIыщIэр хуэтщI хъунущ Шер Хъан!

- ЖесIэжын фIыщIэ зэрыхуэфщIыр? - къыщылъэтащ Табаки.

- ЗыщIегъэх! - жьэхэлъащ абы Дыгъужь Адэр. - Хъунщ уэ мыхъумыщIэу къэбвар. КIуэи, уи пашэм щIыгъуу щакIуэ.

- СокIуэ, - зыри къэмыхъуа нэхъей, зэпIэзэрыту жеIэ хьэIуцыдзым. - Зэхэфхрэ?! Ар Шер Хъанщ, пабжьэм щыгъуахъуэу аращ. ВжезмыIами хъунут ар къызэрыIэпхъуар, итIанэми…

Дыгъужь Адэр зэщIэдэIукIащ. ПсымкIэ ех къуэм къыдэIукIырт зи кIэн къимыкIа, зыри къэзыхуэмыубыда къаплъэным и гурымыкIэр. Мэзым псэущхьэу щIэсым къащIат Шер Хъан и напэр зэрытекIар, ауэ ар абы зыуи къридзэртэкъым.

- Акъмыкъ! - жиIащ щхъуэжьым. - Апхуэдизу угъуахъуэ хъурэ?! Щыхьыр вы гъэшхам зэрыхуэмыдэр имыщIэу ара абы?!

- Тсс! Щыхьми вы гъэшхами ещэкIуакъым ар нобэ, - жи Дыгъужь Анэм. - Ар зэщэр цIыхущ!

Гурымын щигъэтри, Шер Хъан ину къэгъуэхъуащ. Къыпщыхъурт а макъыр дэнэкIи къыщыIуу, дунеижьыр дэзджызджу. А макъ шынагъуэм делэ ищIырт жыг зыгъауэ мэзылIхэмрэ цыджанхэмрэ.

- ЦIыху, - и дзэ хужьыпсхэр къигъаплъэри, дзэлэшхащ Дыгъужь Адэр. - Фу! Ди щIыпIэхэм цIыху щимышхмэ, псыпцIэм цIыврэ хьэндыркъуакъуэрэ щымащIэ?!

Мэз Хабзэм къидэркъым цIыху букIыну. Сыту жыпIэмэ, абы иужькIэ мэзым щэ бжыгъэкIэ къокIуэ цIыху къамылыфэхэр: пылым тесу, пхъэкъу пыгъэнахэр яIэщIэлъу, мафIэгъэлъатэхэр яIыгъыу. Аращи, мэзым псэущхьэу щIэсыр мэгуIэ. Ауэ языныкъуэ псэущхьэхэм зэрыжаIэмкIэ, цIыху букIыну Хабзэм къыщIимыдэм нэгъуэщI щхьэусыгъуэщ иIэр - ар псэупщхьэу щыIэм я нэхъ махэщ, къарууншэщ, абы уещэкIуэныр икIагъэу щыIэм я нэхъ икIэжщ. КъищынэмыщIауэ, цIыху зышххэр уэд мэхъу, я дзэхэр щIэх дыдэу мэкIуэд…

Гъуахъуэ макъыр нэхъ ин хъущ, зэуэ «гъыр-р-р» кIэщI хъужри, зыгуэр джэлащ.

- IэщIэкIащ! - къыгурыIуащ Дыгъужь Анэм. - Сыту пIэрэ?!

Шер Хъан зэхэзехуэн хъуауэ зы пабжьэм къыхэпкIым адрейм хэлъэу къижыхьырт.

- Мыр апхуэдизкIэ акъылыншэщи, ищIэр имыщIэжу мэзылIым зэщIигъэна мафIэм пэрылъэри, и лъэгур щIригъэжьыкIащ. Табаки щIыгъущ, - жиIащ Дыгъуэжь Адэм.

- Бгым къыдэкIуейр хэт-тIэ?! - и тхьэкIумэр хъейри, щIэупщIащ Дыгъуэжь Анэр. - Умыбэлэрыгъ!

ЗэзыдзэкIар Фырэ Анфисэщ.
Поделиться: