Удз гъэгъам дэгъужхэр

рассказ

Ещанэ Iыхьэ

- Зыри къызгурыIуэркъым. КхъыIэ, делэ сумыщIу, къызжеIэ Iуэхур зыIутыр.

- Сэ… Сэ уэ нэхърэ фIыуэ сынэхъыжьщ, Хьэсэн. Си жагъуэ зэрыхъунти, зэманыр къысщыдыхьэшхри, нэхъапэIуэкIэ сыкъалъхуат. ДяпэкIэ сэ жьы сыхъунущ. Жьы дыдэ. Уи нэхъапэ сыжэбзэнущ, сызэлъэнущ, къыбгурыIуэрэ? Сэ сыхуейкъым уэ ар плъагъуну. Апхуэдэу сыкъэплъэгъуну! УкъыстеукIытыхьу. Уи анэ срагугъэу псоми, - и дамэщхьитIыр дэуейуэ, зэщыджэу магъ. - Сыхуейкъым пфIэгуэныхь сыхъуу, си жагъуэ къыумыщIын щхьэкIэ, укъызбгъэдэсыну, уи зэман, уи гъащIэ, уи щIалэгъуэ дахэр сэ къыстебгъэкIуэдэну.

- Сэ уэ фIыуэ узолъагъу, Даринэ. НэгъуэщIми сыхуейкъым. ИкIи сыптеукIытыхьыркъым, икIи сыптеукIытыхьынукъым. Мы жыпIэхэр къызгурыIуэххэкъым, сыхуейкъым седэIуэну. ПсэкIэ укъыхэсхауэ, сыпхуэныкъуэу, си гъащIэр уэрыншауэ си нэгу къысхущIэмыгъэхьэу аращ, армыхъумэ, уэ къэбгупсысхэм зэи си щхьэр хуэкIуакъым!

- Сэри фIыуэ узолъагъу! Аращ ущIэзутIыпщыр, Хьэсэн. ФIыуэ узолъагъури, сыхуейкъым уи гъащIэ дахэр, уи фIыгъуэр сэркIэ бгъэкIуэдыну. Уэ бын ухуейщ, сэ сыпхуэлъхуэжыфынукъым, блэкIащ си зэманыр. ЦIыху згъэдыхьэшхыу, си ныбжь хэкIуэтам сылъхуэжыну къекIуркъым. Зэ лIэгъуэщ сщIэлъри, уи гъащIэр зэрызмыуцIэпIар сщIэуэ сылIэмэ нэхъыфIщ, уи закъуэ дыдэу укъэзгъанэ нэхърэ. Си гур къыумытIэщI, Хьэсэн, армырми си щхьэ мыгъуагъэ зэрыхуэсхьыжын куэд къызжьэдэкIащ. Уи щыгъынхэр зэщIэкъуэжи, афIэкI зэи укъэмыкIуэ, - жеIэ хэкъузауэ, ауэ и нэпсыр къызэрежэхым хуэдэу.

- Даринэ! Сэ…

- Уэ адэкIэ жыпIэным сыхуейкъым! Сэ сощIэ закъуэныгъэр зищIысыр, сощIэ быныншэу унэ нэщIым ущIэсыныр зыхуэдэр, сощIэ уэ нэхърэ фIыуэ нэхъыщIэ гъусэ уиIэныр цIыхум къызэрыбдалъагъу нэр, фэ къуаплъыр. Аращ иджыри илъэс тIощI къыстебгъэкIуадэрэ, сэ уи япэ сищмэ, зыри уимыIэу, утыку укъинэну сыщIыхуэмейр! КъыбгурыIуэрэ?! - и макъым зрегъэIэт.

Зыкъегъазэри, и щIыбым къыдэт, гъунэгъу дыдэу къыбгъэдэт щIалэщIэм и нэ фIыцIэм щIоплъэ.

- КъыбгурыIуэрэ?!

- Си гум щыщIэр къыпфIэIуэхукъым, дауи! Сэ а псоми сызэреплъым ущIэупщIэркъым. Ди лъагъуныгъэм узэрелъэпауэр, си гум укъызэреуэр зыми щыщкъым, - и жагъуэ хъуауэ, мащIэуи къэгубжьауэ къокIуэтыж Хьэсэн.

- Сэ нэхъыбэ къэзгъэщIащи, гъащIэм нэхъ хызощIыкI жысIэмэ, сыщыуэнукъым.

- Иджыри зэ фIыуэ егупсысыж бжесIэми…

- Зыри къикIынукъым. Пэжщ. Уи хьэпшыпхэр зэщIэкъуэжи…

- Тэмэмщ! - зыри къимыщтэжу, зэмыплъэкIыжыххэу, зы IэплIэ закъуи хуимыщIыжу, къэгубжьарэ и пкъым имызэгъэжу къыщIокIыж.

Даринэ нетIэ щетIысэха дзакIэм мэтIысыж. Хоплъэ. Гупсысэм хошыпсыхь.

«СыпыкIащ. СыпыкIащ Хьэсэн. Зэи къигъэзэжынукъым. СощIэ. Ар цIыху пагэщ. Абы хуэдэхэр фIы защIэкIэ пIыгъыфу аращ. Сэ си щхьэм илъу хъуар хуэсIуэтащ, си ныбжьым сызэрытеукIытыхьыр фIыуэ къыгурызгъэIуащ, и гур къысщыкIауи къыщIэкIынщ. Сыту сыделэ! Ар щхьэ апхуэдэ дыдэу къыхэзгъэща?! ЦIыхубз псоми ди зэхуэдэ щэхур наIуэ къэсщIащ… Сыхуитт? СыпыкIащ. СыпыкIащ. СыпыкIащ…»

Гур пызылъэсыкI гупсысэхэм хэтурэ, мо еша, зи лъэм имыIыгъыж цIыхубзыр Iурех. Куэдрэ жея, мащIэрэ жея. ИщIэркъым. ИщIэнуи хуейкъым. Зэм зэ къызэщоу. Пщэдджыжь хуэдэщ. Пшэплъыр зэщIетхъ. Аращ, пщэдджыжьщ. Къотэдж, и напэр къабзэу етхьэщI, креми щихуэркъым, зилэркъым, и щхьэци ижьыркъым. Ебэнынукъым афIэкI жьыгъэм. Куэдщ. Зэран хуэхъунукъым. Дэтхэнэми и лэжьыгъэр ищIэжу тетын хуейщ мы дунейм. Шхэнуи хуеиххэкъым, уеблэмэ и къэжьын къокIуэ шхыным, гъащIэм зэрегупсысу. ЛэжьапIэм псэлъэнщ, зы тхьэмахуэкIэ зыкъригъэутIыпщынщ. Мыпхуэдэу цIыхухэм закъригъэлъагъуну хуейкъым. Шынагъуэщ. Езыри и гум щыщIэри. Жеинщ, зигъэпсэхунщи, гъащIэщIэ иублэнщ. И ныбжьым къекIу гъащIэ. Хьэсэн хэмыту. ЗипIыт-зихузу, дэнэ деж сэхусэплъыр текIауэ пIэрэ, си нэкIум аргуэру зэлъагъэ къытридзауэ пIэрэ жиIэу мыгуIэу. Жып телефоныр егъэункIыфI, унэ телефонри къреч, бжэр егъэбыдэ, Iупхъуэхэр зэхуещI, пэшхэр кIыфI ещIри, и лэгъунэм зыщIеубыдэж.

Мэжей. Махуэ. МахуитI. Махуищ. Зэзэмызэ къотэдж, дауи, ауэ ищIи ишхи щымыIэу мэгъуэлъыж. Унэр фIейми къыфIэIуэхукъым. КъыфIэIуэхужкъым. Япэхэм зэи игъэфIеякъым и унэ, здэщымылъыпхъэ зыри щигъэлъынутэкъым. Иджыпсту… Щрырелъ хуейми. Дунейр ирекъутэж.  Абы Хьэсэн иIэжкъым. Ар и акъылым нэсащ, къыкIэлъэщIыхьащи, еукI. Хьэсэн… Хьэсэн и щыгъынхэр къищтэжакъым! Къищтэжатэкъым! Къыщолъэт, уэздыгъэр пегъанэри, делэ хъуам ещхьу къыдэгъэжхэр къыдетхъу. Мэлъыхъуэ. Хьэсэн и щыгъын мэлъыхъуэ. НэгъуэщI мыхъуми, и мэ гуакIуэр зэ закъуэ къыщIихьэжынщ. Мис и джанэр. ИжьыщIыну хунэсатэкъым. Сыту фIыт! Сыту фIыуэ имыжьыщIарэт! Махуэ зыбжанэ хъуауэ зыщимыха хъэлатыр лъэныкъуэкIэ иредзэкIри, Хьэсэн и джанэр щетIагъэ, и пщампIэр дришейуэрэ, йопэм. И нэпсыр къожэх.

«Сыту сыделэ, сыту сыделэ дыдэ! Мы зэрызысщIыр сыт? Хъыджэбзыжь цIыкIу нэхъей…».

Къызыхуогубжьыжри, джанэр щихыжыну хуожьэ. ИтIанэми, и псэм идэркъым, псэм зигъэнщIакъым, акъылыр къэуш хуэдэу хъуами. Щимыхыу, мэгъуэлъыж. ШхыIэн лъабжьэм зыщIеуфэ аргуэру. Гъыурэ. Гъуэгыурэ. Гъунэгъухэм зэхахыу пIэрэ? КъыфIэIуэхукъым ари. Зыри къыфIэIуэхужкъым. ИгъащIэм псоми егупсысу, езым зыри къемыгупсысыжу екIуэкIащ. Иджы хуитщ зэрыхуейуэ зищIыну, зыми щхьэкIэ мыгузавэу. Хьэлыншэнуми, щIыкIеинуми, гъынуми, кIиинуми хуитщ. Адрейхэр хуити! Дарини хуитщ! Бжэм зэ-тIэу зыгуэр къетIыркъауэ къыщыхъуащ. НтIэ, сыт? Сыхуейкъым зыми. Сыхуейкъым зыри слъагъуну.

Махуэхэр ибжыжыркъым Даринэ, сыхьэтми еплъыжыркъым. СыткIэ ищIыну? Абы Хьэсэн иIэжкъым. И гъащIэ псом къриубыдэу зэ закъуэ, зэ закъуэ цIыхухъу фIыуэ илъэгъуат. ИгукIи и псэкIи фIыщэу илъэгъуат, илIыкIыным хуэдэу. Ари, мис, IэщIыб ищIын хуей хъуащ. Зэи зыри иIакъым Даринэ. Хы Iуфэм зыщигъэпсэхунуи кIуакъым, къэрал гъунапкъи зэи ебэкъуакъым, мы дунейм илъэгъуаи щыIэкъым. Къритатэкъым гъащIэм апхуэдэ тыншыгъуэрэ фIыгъуэрэ. Зы лъагъуныгъэ закъуэ къыIэщIэкIати, ари цIыхум яфIэдыхьэшхэну къыщIэкIащ. Напэтехыу. ГъащIэкъутэу.

Гъунэгъухэр… Ахэр къыкIэлъыплъырт Даринэ. ГуфIэнщ. Я псэр тыншыжынщ хьэблэ хъыджэбзхэм. Я гур къытезэгъэнщ «фызыжь делэм». Хьэуэ-тIэ! Апхуэдэ тхъэгъуэ абы яримытын. И нитIыр къыщихуауэ къыщолъэт Даринэ. Хьэсэн и щыгъыну къигъэнауэ хъуар зэщIекъуэри, зэрыжьыщIэ машинэм иредзэ, еутIыпщ. ЩхьэгъубжэIупхъуэхэр Iуехыж. Ахэри ижьыщIынщ, нэхъ нэхутхьэху къищIынщи, къыфIидзэжынщ. Унэри зэлъыIуихынщ, къабзэу. Лы игъэжьэнщ, пщэфIапIэ щхьэгъубжэр Iуихынщи, жьэрымэ IэфIыр уэрамымкIэ ихун хуэдэу. Зигъэкъэбзэнщ, зыкъилэнщи, тыкуэным ехынщ. Иджыри къэс сыту удмылъэгъуарэ жаIэрэ, гъунэгъухэр къыщеупщIкIэ, Хьэсэнрэ сэрэ зыгъэпсэхуакIуэ дыщыIащ дызэгъусэу яжриIэнщ. Зыхуей дыдэр ираIуатэ итIанэ.

Игу зэрырилъхьам хуэдэу, унэр зэлъыIуех, лы егъажьэ (щхьэгъубжэр зэIухауэ), зегъэпскI, зыкъегъэдахэри, Хьэсэн и щыгъын жьыщIахэр кIапсэм иредз. Абы хэту, бжэм зыгуэр къытоуIэ…

КъыкIэлъыкIуэнущ.

ФЫРЭ Анфисэ.
Поделиться:

Читать также: