ЗэныбжьэгъуитI

Iуэтэж
(ЕтIуанэ Iыхьэ)

Экзаменхэр зэфIэкIауэ пщыхьэщхьэ зэхуэсышхуэ щащIым, Хъусен щIалитI-щы и гъусэу школым къыщIыхьащ. Еджэныр къызэраухамкIэ щыхьэт тхылъхэр зыIэрыхьа дыгъуасэрей школакIуэхэр нэжэгужэт, зэщыгуфIыкIыжу зэрыубыдауэ къафэхэрт.
- Зэ укъыздэфамэ си гуапэ хъунт, - бгъэдыхьащ Хъусен Марие.
ЩIалэр къызэрыкIуам иджыпсту фIэкIа гу лъызымыта Марие Iэнкун къэхъуауэ щытт, и пIэм ижыхьауэ, и гур къилъэтыным хуэдэу. И гум и къеуэкIэр щIалэм зэхихын къыфIэщIу, и Iэр и бгъэм трилъхьащ, «къэувыIэ, си напэр тепхыу апхуэдизу ину укъемыуэ» жыхуиIэу. Марие и псэр итхьэкъуат щIалэм, ауэ занщIэу игу къэкIыжащ Зое абы егуэкIуауэ къызэрыжриIар, асыхьэтуи къэнэщхъеящ: «Сэ сыгукъыдэмыжщи, сыкъафэркъым». Сыт хуэдизрэ абы Хъусен къемылъэIуами, Марие и пIэм хуикIакъым. И ныбжьэгъум фIыуэ илъэгъуа щIалэр къыIэщIигъэкIыу дауэ ежьэжынт, абы нэхърэ нэхъ напэншагъэ сыт щыIэ?!
Марие зэгуигъэпын щхьэкIэ пщыхьэщхьэ псом Хъусен Зое къыдэфащ. «Уи ныбжьэгъур щхьэ апхуэдизу пагэ?» - жиIэу щIалэр щыщIэупщIэм: «Ар пагэу аракъым, фIыуэ илъагъу иIэщи аращ», - жэуап иритыжащ Зое. А псалъитI-щым яхузэфIэкIащ ныбжьыщIищыр зэпэжыжьэ ящIын…ПцIым насыпыншагъэщ къыпэкIуэр, псом хуэмыдэу ар гурыщIэм щехьэлIам деж. Зое куэд щIауэ къыгурыIуат Марие Хъусен фIыуэ зэрилъэгъуар, щIалэ зэримыIэри ищIэрт, ауэ игу ирихьа щIалэр езым и щхьэ хуфIэхынутэкъым. Арати, Хъусен къыщылъыхъум, еджапIэ гуэри хуэмеижу, епIэщIэкIыу дэкIуащ. «Сыт мы зэманым диплом зэрыпщIынур? Сатум ухэтын папщIэ фIыуэ убжэфу зегъаси аращ», - жаIэри зэлIзэфызыр щэн-къэщэхуным хыхьащ. ПсынщIэуи ахъшэ куэд къаIэрыхьэ хъуащ, машинэ лъапIи къащэхуащ, къалэми унэ зэтет щаухуащ. 
Марие фIы дыдэу экзаменхэр итри университетым щIэхуащ. Ар къиухри аспирантурэм щIэтIысхьащ, университетми егъэджакIуэу къэнэжащ. 
Зое Хъусен дэкIуэу хьэгъуэлIыгъуэр зэфIэкIа нэужь, Мариерэ Зоерэ я зэныбжьэгъугъэм кIэ игъуэтат. Гужьгъэжь зэхуаIэу аратэкъым. Марие Хъусен хуиIэ лъагъуныгъэ щэхур зэрымыужьыхыжар наIуэти, ар зэран къахуэхъункIэ Зое шынэрт, Марии хуейтэкъым унагъуэкъутэ хъуну. Арати, тIури иужь итт зэрызэхуэмызэным. 
Хъусен хущIегъуэжат епIэщIэкIыу унагъуэ зэриухуам, игуми ихуртэкъым Марие. Зы махуэм нэхърэ адрей махуэм щIалэм и гур нэхъ бгъэдэкIырт и щхьэгъусэм - ар егъэлеяуэ нэпсейт, ахъшэ, мылъку фIэкIа тепсэлъыхьыртэкъым, зыкIэлъыплъыжынуи зэман иIэтэкъым. Зое фыз мыкIуэмытэшхуэ къищIыкIат. Махуэм къалэжьар зэрыт тетрадышхуэр иIыгъыу пщыхьэщхьэкIэрэ пIэкум зригъэукIуриерти, къащэхуамрэ ящэжамрэ жэщыбг хъуху зэригъэзахуэрт… 
Марие щIалэ зыбжанэ къылъыхъуат, ауэ езым хуэдэ егъэджакIуэ къыхихри дэкIуащ, щIалэм и псэ къабзэмрэ и хьэл-щэн дахэмрэ дахьэхри. Сабий цIыкIуитIи зэдагъуэтыжауэ ахэр насыпыфIэу зэдэпсэурт. 
Ауэрэ зэманыр екIуэкIыурэ, Зое и бынхэр къэжэпхъащ. Адэ-анэм я мылъкум игъэудэфауэ щхьэрыутIыпщу къэхъу щIалэ нэхъыжьыр афияным дихьэхри лей гуэрхэр зэрихьэри ягъэтIысащ. Зоерэ Хъусенрэ ахъшэшхуэ щIатри я къуэ гъэфIэныр кърагъэутIыпщыжащ. Иджы ахэр нэхъыбэжу лэжьэн хуейт: зэхуахьэсар ямыIэжым и закъуэтэкъым, щIыхуи къатехуат. Арати, зэщхьэгъусэхэр унэм къызэрекIуэлIэж щымыIэу, Урысейм сату щащI хъуащ - абыкIэ я Iуэхур нэхъ къыщикIырт. 
ЦIыхум щIэпхъаджагъэ къыIэщIэщIэрэ абыкIэ ямыгъэкъуаншэу къыщынэм деж, напэр IэщIыб ещI. Зое и къуэм аргуэру щIагъэтIысын илэжьащ. Къэхъуар къыщащIэм, и адэ-анэр къэсыжащ, ауэ иджы я унэ абрагъуэр ящэми, я къуэр къахуемыгъэлыныр хэлът. Унэри псынщIэу пхуэщэнт! Гузэвэгъуэ къалъысауэ къажыхьыху, Iуэхур судым нэсащ.
 СудыщIэр ныбжькIэ щIалэ дыдэт. Ар абы япэу къыхуагъэфэща Iуэхуу арат. ЩIалэщIэр (Заур) Марие и къуэу къыщIокI. Адэ-анэм яхуэшэчакъым я щIалэм къыхиха IэщIагъэм зэрырилажьэр я нэкIэ зрамыгъэлъагъун. Судыр щекIуэкI пэшым ахэр щэхуу щIыхьащ икIи я къуэм къимылъагъун хуэдэу нэхъ пыIудзауэ дурэшым дэтIысхьахэщ. Зи суд ящIэр щIалэ дыдэт, Марие и къуэм и ныбжьми арат, ауэ ищIа щIэпхъаджагъэм илъэс куэдкIэ лъэхъуэщым иригъэсынут. «Сыт мыгъуэ укъезыхуэкIыр, щIалэ? - игукIэ жиIэрт Заур. - Сыт мы дуней дахэм улажьэ-ушхэжу ущIытемытар?» 
Iуэхур зы махуэкIэ зэфIэкIакъым. ЕтIуанэ махуэми пищэнут.
ЦIыхухэр зэбгрыкIыжырт. Мариерэ и щхьэгъусэ Мурадинрэ я къуэм и лэжьэкIэр ягу ирихьат - щIэныгъэ зэрыбгъэдэлъыр IупщIт. Абы тепсэлъыхьу судыр щащIэ унэм къыщыщIэкIыжым, къалъагъу зэщыджэу гъыуэ бжэIупэм Iут цIыхубзыр. «Ар, дауи, ягъэтIысам и анэу къыщIэкIынщ, - жеIэ Марие. - Игу дахэ хуэдгъэщI, дыхуэгъэгузавэ». Марие абы бгъэдыхьэри и Iэр и дамащхьэм трилъхьащ. ЦIыхубзым и Iэхэр и нэкIум Iуихмэ - Зоещ. 
ЗанщIэу зызэрадзри IэплIэ зэхуащIащ. Зое и нэпсхэр Марие и дамащхьэм телъалъэрт. Хъусени Марие къызэрилъагъуу, и пIэм ижыхьащ. Марие зыкIи зихъуэжауэ къапщIэртэкъым, уеблэмэ нэхъ гуакIуэж хъуат. Ар зыкIи ебгъапщэ хъунутэкъым Зое - зи нэкIур пасэу зэлъа цIыхубз пшэрышхуэм. Абдеж Хъусен къыгурыIуащ и гъащIэр мыхьэнэншэу, купщIэншэу зэригъэкIуар, адэкIэ нэхъыфI хъуну хэкIыпIэ гуэри зэрыщымыIэр. Езым и IэкIэ и насыпыр икъутэжащ, ерыщу хущIэкъуакъым а насыпым, ауэ абы нэхърэ нэхъ шынагъуэжыращи, и бынхэми гъэсэныгъэ тэмэм яригъэгъуэтыфакъым, мылъку зэхуэлъэфэсыным къыдэхуакъым. Иджы мылъкуи яIэжкъым, уеблэмэ я унэжь закъуэри ящэжын хуейуэ къапэщылъщ. «Бетэмал, псори щIэрыщIэу къыщIэбдзэж хъуну щытащэрэт! ИтIанэ сэ сщIэнт сызэрыпсэуну щIыкIэр», - егупсысырт зи ныбжь нэмысауэ жьыфэ къызытеуа Хъусен. 
Судыр зыщIэр Марие и къуэрауэ къыщащIэм, зэлIзэфызым лъаIуэу щIадзащ. «Алыхьым хьэтыр иIэмэ, Марие, къыддэIэпыкъу. Ди къуэр къебгъэлмэ, дызыщIэс унэ абрагъуэр уи щIалэм ейщ, быным уимыгъэщIэн щыIэкъым, Алыхьым щхьэкIэ…» - и нэпсыр къожэх Зое. Марие тIэкIурэ щытащ щыму, зэрыхэгупсысыхьыр къапщIэу, итIанэ зыкъищIэжри жиIащ: «Хьэуэ, Зое, сыхуейкъым си щIалэм и гъащIэ гъуэгуанэр пцIыкIэ къыщIезгъэдзэну. Уэ езым къыбгурыIуэн хуейщ апхуэдэм цIыхум къыхуихьыр. Сэри сыанэщ, сигури пщIоуз, ауэ зыри пхуэсщIэфынукъым…» 
Апхуэдэу зэбгъэдэкIыжащ зэгуэрым зэныбжьэгъуфIу щыта цIыхубзитIыр - а тIум я гъащIэ гъуэгур зыкIи зэтехуэртэкъым.
 

 

Бэлэтокъуэ Светэ.
Поделиться: