ЦIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэнырщ я мурадыр

Политикэ партхэм я унафэщIхэм
КъБР-м и Iэтащхьэр яIущIащ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек шыщхьэуIум и 30-м лэжьыгъэ IуэхукIэ яхуэзащ политикэ ­партхэм я щIыналъэ къудамэхэм я уна­фэщIхэм.

ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзо­къуэ Мухьэмэд, КъБР-м и Хэха­кIуэ комиссэм и уна­фэщI Джэш Вячеслав, «Граж­данская платформа» политикэ партым КъБР-м щиIэ щIыналъэ къудамэм и гъэзэ­щIа­кIуэ комитетым и уна­фэщI АфIэунэ Аслъэн, ­Урысейм и Либерально-де­мократ партым Къэ­бэр­дей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм и унафэщI Безгодькэ Вла­димир, «Партия роста» Урысейпсо политикэ партым и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Иуаз БетIал, «За­хуагъэ здэщыIэ Урысей - Хэкуп­сэхэр - Захуагъэм и ­телъхьэу» социалист политикэ партым КъБР-м щиIэ щIыналъэ къудамэм и Советым и унафэщI Кебеков Владимир, «Российская объ­единенная демократическая партия «Яблоко» Урысейпсо политикэ пар­-тым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и уна­фэщI Куч­мезов Хьэким, «Урысей Федерацэм и Коммунист парт» политикэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр республикэ къудамэм и япэ секретарь Пащты Борис, «ЩхъуантIэхэр» Урысей экологие партым и щIыналъэ ­къудамэу КъБР-м щыIэм и унафэщI Щхьэгъэпсо Сэфарбий.
ЗэIущIэм щытепсэ­лъы­хьащ 2021 гъэм екIуэкIыну хэхыныгъэхэм партхэм зэ­ры­зы­хуагъэхьэзыр щIыкIэм.
Джэш Вячеслав жиIащ IэIэтыр респуб­ликэм и щIыналъэ хэхакIуэ комиссэу ­13-мрэ участкэ 355-мрэ къы­зэрызэрагъэпэщынур. Хэ­хы­ныгъэхэр зэрекIуэкIыр я нэIэм щIэтынущ кIэлъып­лъакIуэ 710-м, ахэр зэры­лэ­жьэну щIыкIэм щыхагъэ­гъуэзащ КъБР-м и Жыла­гъуэ палатэм. ХэхыпIэхэм шынагъуэншагъэр къыщы­зэгъэпэщыным, санитар-эпидемиологие хабзэхэм ­тетыным ехьэлIа Iуэхухэри зэтраухуащ.
Партхэм я унафэщIхэм къыхагъэщащ республикэм и Iэтащхьэм хэхыныгъэхэм ипэ къихуэу зэрыIущIам, КъБР-м и ХэхакIуэ комис­сэмрэ КъБР-м и Iэтащхьэм и ­Администрацэмрэ сэбэ­пы­нагъ къыдэ­кIуэу, зэIухауэ зэрыпыщIам мыхьэнэшхуэ зэриIэр икIи я лэжьыгъэм щынэхъыщхьэхэмрэ къэ­кIуэну зэманым зэфIагъэ­кIыну я мурадхэмрэ я гугъу ящIащ. КIуэкIуэ Казбек зэIущIэм и кIэм къыхигъэщ­хьэхукIащ республикэм зыкъыщызыгъэлъэгъуа политикэ парт псоми я мурадхэр зы Iуэхум - цIыхухэм я псэу­кIэр егъэфIэкIуэным - зэры­теухуар.

Поделиться: