«Сыринэ» ныбжьыщIэ театр диIэнущ

Зэи щымыIауэ ныбжьы­щIэ театр ди республикэм иIэнущ. «Сыринэ» зыфIаща театр-студиер «Адыгэ дуней» лъэпкъ фондым къы­зэрегъэпэщ артист ныбжьыщIэхэм зыщагъэсэн папщIэ, адыгэбзэр зыгъэIу­рыщIэхэр, утыку итыным дихьэххэр ирагъэблагъэ.                                                                                                                                    
IэщIагъэм и щэхухэм зыхэ­зыгъэгъуэзэну, спек­такл­хэм щыджэгуну хуейхэр къыхахынущ фокIадэм и ­12-м. Къэпщытэныгъэ зэIущIэр щекIуэкIынущ Налшык къалэм, Нэгумэм и цIэр зезыхьэ уэрамым тет 45-нэ унэм. Ар сыхьэти 10-м щIи­дзэнущ. Ныб­жьыщIэхэр литературэ тхыгъэ (усэ кIэщI, Iуэтэжым щыщ пычыгъуэ) е гъащIэм къыщыхъуа зы теплъэгъуэ къеджэн хуейщ.
Студием зыщызыгъэсэну­хэр илъэс 14 хъухэм щегъэ­жьауэщ. Ахэр тхьэмахуэм тIэу щызэхуэсынущ Кэнжэ ­къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм. Зыгъэсэнур режиссёр, актёр Къанкъул Ислъамщ. НыбжьыщIэхэм яхуэкIуэ тхыгъэ зэрыщымыIэм къыхэкIыу, ягъэувыну спектаклхэм я ­лъабжьэ хъуну пьесэхэр сабийхэм яхуитхынущ усакIуэ, драматург Къаныкъуэ Заринэ. Апхуэдэуи нэгъуэщIхэм я ­къалэмыпэм къыпыкIIамэ, ягъуэтмэ, ахэри ягъэувынущ.
Дызэрыт илъэсым и гъатхэм зы спектакль игъэува­кIэщ Ислъам. Къаныкъуэ Заринэ итха «МафIэгу» пьесэм къытращIыкIа лэжьыгъэм щы­джэгуахэр Шэджэм школым щеджэ сабийхэр арат. Иджы зэпымыууэ лэжьэну студием зыщагъэсэнущ ныбжьыщIэхэм.
IэщIагъэр нэхъыфIу къызэхъулIэхэр спектаклхэм хагъэхьэнущ, Кавказ Ищхъэ­рэм хиубыдэ республикэхэм, Тырку къэралыгъуэм ахэр яшэнурэ щагъэлъэгъуэнущ.
Студием зыщызыгъэсахэм зэреджам щыхьэт техъуэ тхылъхэр (сертификат) иратынущ, «Сыринэм» щагъуэта щIэныгъэр IэщIагъэ яхуэхъуфынущ. Артист IэщIагъэр фIыуэ зылъагъухэм я хъуэп­сапIэм япэ лъэбакъуэхэр ­хуачынымкIэ ар IэмалыфIщ.
УпщIэ зиIэхэр фыпсалъэ хъунущ 8-967-418-09-53, 40-55-70 телефонхэмкIэ.

ИСТЭПАН Залинэ.
Поделиться: