ЩIыналъэ нэхъ пашэхэм хабжэ

КъБР-м и Iэтащхьэр хэтащ УФ-м и Правительствэм щIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ и комиссэм и штабым и зэIущIэм. Ар иригъэкIуэкIащ УФ-м и вице-премьер Хуснуллин Марат.

ЗэIущIэм щыхэплъащ школхэр капитальнэу зэгъэпэ­щыжынымкIэ программэр гъэзэщIэным пыщIа Iуэхухэм. Программэр гъэхьэзырынымкIэ зэфIагъэкIхэм ятеухуауэ къэ­псэлъащ «Урысей зэкъуэт» партым и Совет Нэхъыщхьэм и ­секретарь Турчак Андрей, «Сириус» егъэджэныгъэ центрым и унафэщI, Урысей Федерацэм и Президентым и деж ЩIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмкIэ щыIэ советым и президиумым хэт Шмелевэ Еленэ, УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Кравцов Сергей, щIыналъэ зыбжанэм я Iэтащхьэхэр.
Хуснуллин Марат зэIущIэм щыжиIащ япэ илъэситIым къриу­быдэу Урысейм курыт еджапIэ минищ нэхърэ мынэхъ мащIэ нэгъэсауэ зэрыщызэрагъэпэщыжынур. Урысейм и Президент Путин Владимир мэкъуауэгъуэм и 19-м «Урысей зэкъуэт» партым и съездым къыщыщыпсалъэм къигъэувахэм япкъ иткIэ илъэситхум тещIыхьа зыхуэфащэ программэ мы зэманым ягъэхьэзыр. Къэрал Советым и президиумым и зэIущIэм Президентым щыдиIыгъащ школхэр капитальнэу зэгъэпэ­щыжынымкIэ программэр комплекснэу егъэкIуэкIыным теу­хуауэ Шмелевэ Еленэ къыхилъхьар. НэгъуэщIу жыпIэмэ, еджапIэхэм я унэхэр зэрызэрагъэпэщыжынум къыдэкIуэу пэшхэри зыхуеину унэлъащIэкIэ, иджырей IэмэпсымэхэмкIэ къызэрагъэпэщынущ.
«Урысей зэкъуэт» партым бадзэуэгъуэ мазэм и кIэухым ­УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм и унафэщIхэм ­яхуигъэхьащ капитальнэу зэгъэпэщыжын хуей школ 7200-рэ зэрыт реестр. ЕджапIэхэр зэгъэпэщыжыным и лъэныкъуэкIэ проектхэр зэрызэхалъхьэм щегъэжьауэ IуэхущIапIэхэр нэсу зыхуей хуагъэзэху кIэлъыплъынущ министерствэмрэ адэ-анэхэмрэ ящIыгъуу партым и къудамэхэм къызэрагъэпэща лэжьакIуэ гупхэр. Мы программэм хэхуэн папщIэ бжыгъэ ­псори щыгъэтэмэмыжа заявкэхэр щIыналъэхэм жэпуэгъуэм и ­10-м фIэмыкIыу зэхалъхьэн хуейщ.
ЩIыналъэм и бюджетым, «Къуажэ щIыналъэхэм комплекснэу ­зегъэужьыныр» программэм и хьэкъкIэ мы гъэм республикэм Дзэлыкъуэкъуажэ поселкэмрэ Пролетарскэ къуажэмрэ я еджапIэхэр капитальнэу щызэрагъэпэщыжащ, апхуэдэу мы илъэсым къриубыдэу Шэрэдж Ищхъэрэ, Малкэ къуажэхэм я школхэр зыхуей хуагъэзэну я мурадщ. Иджыпсту ухуакIуэхэр йолэжь Каменномост къуа­жэм и школым и унащхьэр зэгъэпэщыжыным. Абы зэраныгъэ иритащ иджыблагъэ щыIа жьапщэшхуэм.
ЗэIущIэм зэпкърыхауэ щытепсэлъыхьащ лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэнымкIэ щIыналъэхэм щызэфIагъэкIхэм. КъызэрагъэлъэгъуамкIэ, «ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым ехьэлIа контрактхэр гъэхьэзырынымкIэ, ­гъуэгу ухуэныгъэхэр егъэкIуэкIынымкIэ, къалэ псэупIэхэр егъэфIэкIуэнымкIэ, къуажэ щIыналъэхэм гъуэгу инфраструктурэм зыщегъэужьынымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр щIыналъэ нэхъ пашэу 5-м яхэтщ. Республикэр апхуэдэу яхэтщ 2019 - 2021 гъэхэм унэ кхъахэм щIэсхэр гъэIэпхъуэнымкIэ программэр нэхъ нэгъэсауэ зыгъэзэщIахэм, къалэ хьэблэхэр зэIузэпэщ щIынымкIэ урысейпсо конкурсым щытекIуахэм. Апхуэдэу ди республикэр псэупIэ ухуэнымкIэ ипотекэр нэхъыфIу щат щIыналъэу 10-м яхэтщ. Дызэрыт илъэсым щыщу блэкIа зэманым ­ипотекэ щIыхуэу республикэм сом меларди 7-м нэблагъэ щатащ икIи блэкIа илъэсым и апхуэдэ зэманым елъытауэ ар процент 77,5-кIэ нэхъыбэ ящIащ.

Поделиться: