Лъэпкъхэм я спорт лIэужьыгъуэхэмрэ щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэмрэ яхъумэ

Урысейм и Ипщэ щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэм щэнхабзэмрэ спортымкIэ я фес­тиваль иджыблагъэ Къры­мым щекIуэкIащ. Абы екIуу хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и лIыкIуэхэри. Спорт лIэужьыгъуэ зэмыщ­х­ь­хэмкIэ зэфIэкI лъагэхэр зыбгъэдэлъ щIалэхэмрэ пщащэ­хэмрэ, «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблыр, ­къулыкъущIэхэр я пашэу, Алуш­тэ щыIащ ди щэнхабзэ дахэмрэ спортсменхэм я зэ­фIэкI­хэмрэ ягъэлъагъуэу. Зэхыхьэм и ныкъуэр Севастополь къалэм щекIуэкIащ.

Хуабжьу гъэщIэгъуэнт икIи удэзыхьэхт мы гъэм ебланэу ирагъэкIуэкI фестивалым и программэм и зэхэлъыкIэр. Спортсменхэр лIэужьыгъуэ ­13-кIэ зэпеуащ. ЩэнхабзэмкIэ Iы­хьэм хэтащ Урысей Федерацэм и Ипщэ щIыналъэмрэ ­Кавказ Ищ­хъэрэ федеральнэ щIы­налъэм­рэ я къафэмрэ уэрэдхэмкIэ къэрал ансамблхэр, уры­сейп­со, дунейпсо, лъэпкъ фес­­тивалхэм щытекIуа гуп­хэр.
Кърым Республикэм щып­сэухэм я дежкIэ гурыфIы­гъуэшхуэт Кавказ Ищхъэрэм и ансамбль цIэрыIуэхэу «Кабар­дин­ка», «Налмэс», «Алан», «Вай­нах», «Ингушетия», «Къа­р­­ча», «Ставрополье» ансамбл­хэм­ я зыкъэгъэлъэгъуэныгъэ­хэм еплъыну.
Фестивалыр Алуштэ къалэм и «Крымский» стадионым ще­кIуэкIащ. Ар къыщызэIуахым хэтащ Урысей Федерацэм спор­тымкIэ и министрым и къуэ­дзэ Байсултанов Одес, Кърым Республикэм и Iэтащхьэ Аксенов Сергей, хэгъэгу пщыкIуплIым щэнхабзэмрэ спортымкIэ я министрхэр.
Къызэхуэсахэм фIэхъус псалъэкIэ защыхуигъазэм, Байсултанов Одес Кърымым и Iэтащхьэм фIыщIэ хуищIащ Iуэху дахэр я лъахэ къыщызэрагъэ­пэщыныр къазэрыдиIыгъам­ папщIэ.
- УФ-м СпортымкIэ и министерствэм къыбгъэдэкIыу фIэхъус гуапэ фызох фес­ти­валым къекIуэлIахэми, и хьэ­щIэхэми. Иджы япэу щекIуэкIыу аращ мы зэхьэзэхуэр Кърым Респуб­ликэм. Си гугъэщ зэхыхьэш­хуэм спортым цIыхум дежкIэ иIэ мыхьэнэр, гъащIэ узыншэ къэб­гъэщIэнымкIэ абы и сэ­бэ­пынагъыр цIыхубэм я деж нихьэсыну, иджыри зэ ягу къигъэкIыжыну. Апхуэдэуи лъэпкъ зэгурыIуэныгъэмрэ зэныбжьэгъугъэмрэ нэхъри зэригъэ­быдэнум шэч къытесхьэркъым, - жи­Iащ министрым и къуэ­дзэм.
Ар зэхьэзэхуэм хэт псоми ехъуэ­хъуащ ­ехъулIэныгъэ яIэну.
Фестивалыр къыщызэIуахым я хэгъэгу ныпхэр яIыгъыу, я къэфакIуэхэр фащэ дахэхэмкIэ зэщыхуэпыкIауэ, спортсменхэм фэилъхьэгъуэ зэщхьхэр ящыгъыу дахэу утыку кърашащ, дэтхэнэри зыщыщ республикэр жаIэу. А махуэм утыку нэхъыщхьэм зэхьэзэхуэм и ­дамыгъэр, спорт ехъулIэныгъэм и мафIэ бзийр щыщIа­гъэнащ. ­Ар стадионым кърихьэну хуагъэ­фэщащ Токио щекIуэкIа Олимп Джэгухэм жэз медаль ­къы­щызыхьа, боксёр цIэрыIуэ ­Бакши Глеб.
Фестивалым гъэщIэгъуэну къыщыхъуахэм ящыщщ Урысейм рекордыщIэ зэрыщагъэувар. УФ-м Къару экстримымкIэ и федерацэм и унафэщI ­Грищенкэ Василий килограмм щитI­ хъу мывэ къиIэтащ.
2022 гъэм Урысейм и Ипщэ щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэм щэнхабзэмрэ спртымкIэ я фес­тивалыр Шэшэн Республикэм щекIуэкIынущ, абы и спортс­мен­хэр япэ зэрищам ипкъ иткIэ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, мы фес­тивалыр я нэIэ щIэту йокIуэкI Урысей Федерацэм СпортымкIэ, ЩэнхабзэмкIэ я министерствэхэм. Щэнхабзэ Iыхьэм и къызэгъэпэщакIуэр «Росконцерт» компаниерщ. Илъэс зыбжанэ и пэ мы Iуэху дахэр Кавказ Ищхъэрэм къыщрахьэжьащ, итIа­нэ Байсултанов Одес и фIы­гъэкIэ нэхъри зиубгъури, хэт­ ­хэгъэгухэм я бжыгъэм хэхъуащ.
Фестивалым и мыхьэнэ нэ­хъыщ­хьэр лъэпкъхэм къаде­кIуэкI­ спорт лIэужьыгъуэхэм­рэ щэ­н­­хабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм­рэ хъумэнырщ, Урысей Ипщэм ис лъэпкъ­хэм я зэныбжьэгъугъэр гъэ­быдэнымрэ дяпэкIи зэ­ху­щы­ты­кIэфIхэр я зэхуаку ­дэ­лъу къэ­гъуэгурыкIуэ­нымрэ хуэу­­нэ­тIы­нырщ.

 

 

 

Къэбарт Мирэ.
Поделиться: