Уэгур зыгъэбжьыфIэхэр

(къыпыдощэ Къашыргъэ Назир зэхуихьэсыжа вагъуэцIэхэм)
Вагъуэдамэпс – Лебедь вагъуэ гупым щыщ Iыхьэщ. Дамэпсыр фэ кIапсэщ, гъущI тхьэгъу хъурей цIыкIу дамэкъуэр икIыу и кIапэм пыщIауэ, выр бжьым ирищIапхэу. Вагъуэдамэпсыр экваторым и ищхъэрабгъумкIэ щыIэщ, абы уIуоплъэ къыум и пщэмрэ и дамэмрэ иукъуэдияуэ есу хьэуам хэт хуэдэу. Вагъуэ гупыр IупщIу уолъагъу мэкъуауэгъуэ – щэкIуэгъуэ мазэхэм.
Гъэмахуэ Гублащхьэдэсэ – Треугольник вагъуэ гупырщ. Зэпэщимэу щыт вагъуэхэр гублащхьэдэсэм ирагъэщхьауэ аращ.
ВагъуэкIапсэ - Андромеда вагъуэ гупым щыщу зэкIэлъыкIуэу узыIуплъэ вагъуэ наIуиплIымрэ Большой Квадрат вагъуэ гупым ящыщ вагъуитIрэщ. Вагъуэгублащхьэдэсэмрэ ВагъуэкIапсэмрэ гупсэхуу уолъагъу фокIадэ – щIышылэ мазэхэм. Жэпуэгъуэм и 24-м къыщыщIэдзауэ щэкIуэгъуэм и 23-м нэсыху дэлъ зэманым щIым елэжьхэр Мэкъушэжыгъуэ мазэкIэ еджэрт.
Вагъуэбэ – Дельфин вагъуэ гупырщ. Вагъуэбэ псалъэм къыбжеIэ ахэр куэд зэрыхъур. Мы вагъуэ гупыр Iуву зэхэтщ, я бжыгъэр 30 мэхъу. Вагъуэбэр щIым и экваторым и ищхъэрабгъу лъэныкъуэмкIэ щыIэщ. Мэкъуауэгъуэ мазэм и кIэм уи щыгу дыдэм иту уолъагъу.
Вагъуэур – Дубинка Ориона. Урыр зи кIапэм токъмакъ фIэс бжэгъу кIэщIщ, удын хьэлъэ ирадзу. Орион иIэта урым (дубинкэм) ирагъэщхь мы вагъуэ гупым къагъэхъу сурэтыр. Аращ Вагъуэур щIыфIащари.
Вагъуэшабзэ (ВагъуэмэIу) – Щит Ориона. Орион иIыгъ мэIум (щитым) шабзэм ещхьу уIуоплъэ. Шабзэ сурэт къэзыгъэхъу а вагъуэхэм ВагъуэшабзэкIэ йоджэ.
ВагъуэлIыжьбаш – Орион и бгырыпхымрэ и джатэмрэ къызэщIаубыдэ вагъуэ зыщыплIырщ. ЛIыжь башым ещхь сурэт къэзыгъэлъагъуэ вагъуэхэм зэхэту зэреджэр ВагъуэлIыжьбашщ. Вагъуэ гупыр IупщIу уолъагъу дыгъэгъазэ - гъатхэпэ мазэхэм.
Журтыр хьэм езыгъэшха вагъуэ – Большой Пес вагъуэ гупым щыщ Сириусым апхуэдэу йоджэ. ЩIымахуэм абы нэхърэ нэхъ ину плъагъу вагъуэ уафэм искъым. ЩIымахуэ пщыхьэщхьэм уафэм япэ къиувэр Сириус вагъуэшхуэрщ. Сириус вагъуэм теухуауэ мыпхуэдэ хъыбар щыIэщ. ЩIымахуэ жэщым журт гуэр и унэм къыщIэкIри уафэм дэплъеящ. Нэху щымэ, гъуэгу теувэн хуейуэ арати, уэгум щилъагъу вагъуэшхуэр Нэхущвагъуэрауэ къилъытэри ежьащ. АрщхьэкIэ, иджыри жэщыбг фIэкIа мыхъуауэ къыщIэкIри, журтыр дыгъужьым ишхащ. Мы хъыбарыр къыщежьа зэманым къыщыщIэдзауэ Сириусым Журтыр хьэм езыгъэшха вагъуэкIэ еджэ хъуащ.
Вагъуэпхъэщку – Телец вагъуэ гупым хыхьэхэм ящыщу Плеяда жыхуаIэ вагъуихырщ. Ар ирагъэщхь мэкъугу зэракъуз фэ кIапсэшхуэм и кIапэм пыщIа пхъэщкум. Шогуэгъагъ вагъуэм хуэдэу, ВагъуэпхъэщкумкIи цIыхум и нэм тэмэму илъагъурэ имылъагъурэ къращIэу щытащ. Вагъуэпхъэщкур IупщIу илъагъумэ, цIыхум и нэхэм лажьэ ямыIэу ягъэувырт.
Вагъуэдамэкъуэ – Малый Пес вагъуэ гупым щыщщ. Выр гум щыщIащIэкIэ бжьым иIэ гъуанэм ирагъэж дамэкъуэм ирагъэщхьри, а цIэр фIащауэ аращ. Мы дамэкъуэм и дамэкъуащхьэр Процион вагъуэрщ. Вагъуэдамэкъуэр – экваторым и ищхъэрабгъу вагъуэ гупщ. Малый Песыр гупсэхуу уолъагъу дыгъэгъазэ – накъыгъэ мазэхэм.
Вагъуэарэфыпс – Рис вагъуэ гупырщ. Мы вагъуэхэр зрагъэщхьа арэфыпсыр фэ кIапсэшхуэм нэхърэ нэхъ кIэщIщ икIи нэхъ псыгъуэщ, пхъэщку пыщIауэ. АрэфыпсымкIэ иракъуз мэкъугупхэмрэ мэкъугуплIэмрэ. Вагъуэарэфыпсри экваторым и ищхъэрабгъу вагъуэ гупщ. Рисыр гупсэхуу уолъагъу щIышылэ - накъыгъэ мазэхэм.

Зыгъэхьэзырар НэщIэпыджэ Замирэщ.
Поделиться:

Читать также:

25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ