«Пушкин и картэр» мэлажьэ

Зы мазэ хъуауэ Урысей Федерацэм щолажьэ «Пушкин и картэ» къэрал программэр. Ар УФ-м и Президент Путин Владимир къыхилъхьащ, щIалэгъуалэр диIыгъын папщIэ. Илъэс 14-м щегъэжьауэ 22-рэ зи ныбжь щIэблэм я щэнхабзэ зыхэщIыкIым зиужьын щхьэкIэ къагупсыса IэмалыфIщ мы Iуэхур.

Сабийхэр, еджакIуэхэр, студентхэр урысейпсо псэкупсэ къулеягъэм хуэгъэIущыным, макъамэр, театрыр, изобразительнэ гъуазджэр, лъэпкъ творчэствэр абыхэм егъэцIыхунымкIэ, щэнхабзэ лъагэм щIэпIыкIынымкIэ хуабжьу сэбэп хъунущ щIалэгъуалэр пщIэншэу а IуэхущIапIэхэм щIыхьэну хуит зэращIар.

Театрым, музейм, гъэлъэгъуэныгъэхэм, галереехэм щIыхьэн папщIэ ныбжьыщIэм иIыгъ картэм 2021 гъэм къэрал бюджетым къыхэкIыу сом мини 3 къыхуралъхьащ, 2022 гъэм ар сом мини 5 хъунущ. Картэм илъ ахъшэр спектаклхэм, концертхэм, фестивалхэм, гъэлъэгъуэныгъэхэм фIэкIа тебгъэкIуадэ хъунукъым, нэгъуэщI IуэхукIэ къыпхуэгъэсэбэпынукъым.

Картэр пластикыуи, виртуальнэуи зэбгъэпэщ мэхъу. Нэхъыбэм виртуальнэ Iэмалращ къыхахар, ар «Госуслуги» гуэдзэным тыншу къыщыпхудэхынущ. ИтIанэ телефоным «Госуслуги.Культура», «Культура. РФ» гуэдзэнхэр тету щытмэ, билетщэху укIуэни хуэмейуэ, сайтым къыщыпхуэщэхунущ. Билетыр зыIэрыбгъэхьа нэужь, уи Iуэху хуэмыкIуэрэ пхъуэжын хуей хъумэ, гугъуехьыншэу пхуахъуэжынущ, е ебгъэгъэзэжмэ, уи ахъшэр картэм къихьэжынущ.

КъищынэмыщIауэ, зи гугъу тщIы сайтхэм сытым дежи итынущ «Пушкин и картэмкIэ» уздэкIуэ хъуну щэнхабзэ зэхыхьэхэмрэ а программэм хэт щэнхабзэ IуэхущIапIэхэмрэ. Къыхэгъэщыпхъэщ IуэхущIапIэхэм, псалъэм къыдэкIуэу, музейхэм, «Пушкин и картэмкIэ» ущыкIуэну махуэ хэхахэр зэраIэр.

Урысей Федерацэр къапщтэмэ, щэнхабзэ IуэхущIапIэу 1500-рэ хэтщ мы программэм, абыхэм илъэсым икIэ хъуху Iуэхугъуэ мини 10 щекIуэкIынущ, картэмкIэ укIуэ хъуну. Псоми ящIэн хуейщ циркымрэ киномрэ мы картэр къызэрыщымысэбэпыр.

Мыдрей псоми уэ уи хэгъэгум и мызакъуэу, Урысейм и дэнэ щIыпIэ щыIэ IуэхущIапIэми урищIыхьэфынущ. Гукъыдэжыр къызэпызыудыфынкIэ хъунур коронавирус уз зэрыцIалэм щхьэкIэ щIыналъэхэм пIалъэкIэ къыщагъэув жыпхъэхэращ, абы къыхэкIыу щэнхабзэ IуэхущIапIэхэм я бжэр зэрызэхуащIырщ, е щIэсын хуей цIыху бжыгъэр зэрагъэмащIэрщ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэми фокIадэм и 1 лъандэрэ щолажьэ «Пушкин и картэр». Ар зыIыгъ щIалэгъуалэр щэнхабзэм и IухущIапIэ 11-м пщIэншэу кIуэфынущ. Псалъэм папщIэ, урыс, адыгэ, балъкъэр театрхэм, Изобразительнэ гъуазджэмкIэ музейм, Лъэпкъ музейм, концерт щекIуэкI «Кабардика», «Балкария», «Терские казаки» ансамблхэм я унэхэм, Темыркъаным и цIэр зезыхьэ къэрал филармонием. Ди республикэм щыщу цIыху мини 9-м зыIэрагъэхьащ «Пушкин и картэр» икIи жыджэру музейхэм, театрхэм кIуэн щIадзащ.

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
Поделиться: