IэщIагъэ дахэ

    «Илъэсым и цIыху», «Илъэсым и цIыхубз» цIэхэр зиIэ модельер Сэралъп Мадинэ къыхуагъэфэща дамыгъэхэр хуэфащэ дыдэщ, япэрауэ, лъэпкъ щэнхабзэмрэ IэпщIэлъэпщIагъэмрэ зи лъабжьэ и IэщIагъэм хуэIэижьщи. Апхуэдэ цIыхухэм махуэ къэс уатетхыхьми лей хъунукъым.    
    Сэралъпым къиухащ Ставрополь технологие техникумымрэ Герцен И. и цIэр зезыхьэ Санкт-Петербург университетымрэ. Иужьрейм абы психологиер щиджащ, зы зэман гуэркIи егъэджакIуэу лэжьащ. ЗэманкIэ Сэралъпыр егъэджакIуэуи лэжьащ. ЦIыхур и IэщIагъэ хъунум зэрылъыхъуэм хуэдэу, езы IэщIагъэми цIыхур къыщыхих щыIэу къыщIэкIынщ. 2002 гъэм бзылъхугъэм и япэ IэдакъэщIэкIхэр зыхуихьэсри, зыми емыщхь щыгъынхэр зыщIэлъ тыкуэн къызэIуихащ. Мадинэ ядолажьэ дизайнер хьэпшыпхэр щIэлъу Санкт-Петербург дэт тыкуэн зыбжанэм. Абы «Черкесский круг» проектым хэтхэм я фащэхэр игъэхьэзыращ. Модельерым и зэфIэкIыр зыхуэдэр къигъэлъагъуэу къытщохъу ар кинорежиссер Сокъур Александр зэрыдэлэжьами.
    2009 гъэм Сэралъп Мадинэ егъэхьэзыр хьэгъуэлIыгъуэ лъэпкъ фащэхэр, пасэрей жыпхъэм тIэкIу къытекIауэ. Апхуэдэ коллекцэм абы фIещ «Пщащэ пщIыхь». Куэдым ягу къинэжащ абы Иорданием и пащтыхьыпхъу Рим хуида лъэпкъ фащэр, уеблэмэ «Hello» журналым абы щхьэкIэ «дэрбзэр IэщIагъэм и щапхъэщ» итхат.
    Сэралъп Мадинэ и IэдакъэщIэкI бостейхэр Урысей Этнографие музейм (Санкт-Петербург) тIэу щагъэлъэгъуащ. Япэ дыдэу ар абы щрагъэблэгъам «в реке времени…» и проектыр къалэшхуэм ишащ (2009 гъэм). Выставкэм ирихьэлIэу, Сэралъпым къыдигъэкIащ адыгэ бзылъхугъэм и фащэмрэ ар зэманым къызэрыдэгъуэгурыкIуэмрэ теухуа тхылъ. Абы лъандэрэ Мадинэ и фащэ зыбжанэ Урысейм и музей нэхъыфIхэм щахъумэ.  
    Модельерым и IэдакъэщIэкIхэр, «Шэрджэс щIэинхэр» зыфIища фащэ гупыр, етIуанэу Этнографие музейм и мрамор пэшым  щигъэлъэгъуащ 20I2 гъэм. КъыкIэлъыкIуэу, фащэхэр Рим, Истамбыл, Москва къалэхэм яшащ. 20I2 гъэм къызэIуихауэ ноби щIэращIэу мэлажьэ Сэралъп Мадинэ и Арт-Центрыр. Абы Iуэху дахэ, гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэнхэр щокIуэкI. лъэпкъым апхуэдэ унэ иIэныр фIыгъуэщ.
    Пасэрей адыгэ унэм ущIыхьауэ фIэкI умыщIэну, цыкIуэкIыр, Iэнэ лъакъуищыр, фэтыджэн уэздыгъэр, арджэнхэр, шыкIэпшынэхэр, нэгъуэщI куэди щызэхуэхьэсащ абы. «Адыгэ унэ» тыкуэныр зей IутIыж Мэжид зэхуихьэсыфа хьэпшыпхэр Сэралъпым и деж мы гъэм щигъэлъэгъуащ. МынэхъыкIэу, адыгэ усыгъэм и пшыхьхэми МодэмкIэ унэм цIыхур куэду щызэхуешэс. Апхуэдэ лъэпкъ утыку уиIэныр фIыгъуэщ.
    Адыгэ фащэм и махуэм ирихьэлIэу Мейкъуапэ къыщызэрагъэпэща фестивалым хэтащ Мадинэ и IуэхущIапIэр. И фащэхэр тхьэмахуитIкIэ щагъэлъэгъуащ КъуэкIыпIэм и музейм и къудамэ Мейкъуапэ щыIэм. Сыт хуэдэт ахэр жыпIэмэ, махуэ къэс зепхьэ хъуну, «стилизованнэ»  жыхуаIэ фащэхэрт…
    Сэралъпыр псапэ зыпылъ IуэхухэмкIи жыджэрщ. Псалъэм папщIэ, республикэм илъэс къэс щекIуэкI «Мир в ладошке» Iуэхум и жэрдэмщIакIуэщ. Илъэсибл хъуауэ дизайнер ныбжьыщIэхэм я щIыналъэ зэхьэзэхуэ ирегъэкIуэкI.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: