НОБЭ

Жэпуэгъуэм и 21, махуэку
 
1994 гъэм Къэрал Думэм УФ-м и Граждан кодексыр къищтащ.
1994 гъэм Урысей телевиденэм и академием игъэуващ илъэс къэс ятыну «ТЭФИ» саугъэтыр.
1997 гъэм Солженицин Александр и цIэр зезыхьэ Литературэ саугъэтыр. ягъэуващ
1881 гъэм къалъхуащ адыгэ пшынауэ Iэзэ, къызыхэкIа лъэпкъым и макъамэ щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр гъэбэгъуэным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа Хьэгъэудж Мухьэмэд. 
1937 гъэм къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор ЛъэнкIэпашэ Мусэ.
1963 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и дохутыр КIуэкIуэ Аслъэн.
 
Дыгъэр къыщIэкIынущ сыхьэти 6-рэ дакъикъэ 26-м, къухьэжынущ сыхьэт 17-рэ дакъикъэ 13-м. 
Махуэм и кIыхьагъщ сыхьэт 10-рэ дакъикъэ 47-рэ.
 
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, ди республикэм махуэр уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 11-13, жэщым градус 4-6 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:

Яжьэжь щIахар къыщIахьэжкIэ хуабэ хъужыркъым.

 
 
Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

29.03.2024 - 12:46 НОБЭ
27.03.2024 - 15:00 НОБЭ
26.03.2024 - 08:01 НОБЭ
25.03.2024 - 12:07 НОБЭ