НОБЭ

Жэпуэгъуэм и 22

Мэрем

♦ЩыпсалъэкIэ зэIынэ цIыхухэм я дунейпсо махуэщ

♦УФ-м IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм и финанс-экономикэ IэнатIэм и махуэщ

♦1841 гъэм къалъхуащ адыгэ узэщIакIуэ цIэрыIуэ ХьэтIохъущокъуэ Къазий.

♦1929 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къэрмокъуэ Мухьэмэд.

♦1933 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессор, КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Уэлджыр Мушэхьид.

 

Дыгъэр къыщIэкIынущ сыхьэти 6-рэ дакъикъэ 27-м, къухьэжынущ сыхьэт 17-рэ дакъикъэ 12-м. Махуэм и кIыхьагъщ сыхьэт 10-рэ дакъикъэ 45-рэ.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, ди республикэм махуэр уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 16 - 19, жэщым градус 8 - 9 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Ажалыр бжэщхьэIум нэхърэ нэхъ благъэщ.

 

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ